КIуэкIуэ Казбек яIущIащ еджакIуэхэм я «Зыгъэпсэхугъуэ ин» Урысейпсо зэпеуэм щытекIуахэмрэ абы и кIэух Iыхьэм хэтахэмрэ

Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щэкIуэ­гъуэм и 26-м яхуэзащ школакIуэхэм я «Зыгъэпсэхугъуэ ин» Урысейпсо зэхьэ­зэхуэм щытекIуахэм, кIэух Iыхьэм нэсахэм, апхуэдэуи абыхэм я гъэсакIуэхэм. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуа­лэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Езауэ А. Къ.
Къызэхуэсахэм захуи­гъа­зэри, щIыналъэм и Уна­фэщIым зэпеуэм и кIэух Iы­хьэм нэсахэм ехъуэхъуащ ехъулIэныгъэфIхэр зэрызы­IэрагъэхьамкIэ, ныбжьы­щIэ­хэм фIыщIэ яхуищIащ щалъхуа республикэм и щIы­хьыр къэрал утыкуш­хуэм екIуу зэрыщаIэтам ­папщIэ, егъэджакIуэхэмрэ гъэ­сакIуэхэмри гулъытэ щхьэ­хуэ яхуищIащ щIалэ­гъуалэм егугъуу щIэныгъэ зэ­рыратым, ахэр зэраунэ­тIым щхьэкIэ.
КъБР-м и Iэтащхьэм зэIухауэ щепсалъэм еджакIуэ- х­эмрэ егъэджакIуэхэмрэ абы дэгуэшащ зэпеуэр къа­зэ­рыщыхъуамкIэ, зыгъэ­пIей­тей IуэхухэмкIэ, я жэрдэмхэри къыхалъхьащ.
КъаIэта Iуэхухэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрым курыт щIэныгъэ, щIэныгъэ гуэдзэ ныбжьыщIэхэм щагъуэтыным ехьэлIахэр, Iэ­щIагъэ яхуэхъунур къызэ­рыхахыну щIыкIэр, туризм IэнатIэм, гъащIэм къыхыхьэ технологиещIэхэм зегъэу­жьыныр, нэгъуэщI зыбжани.
КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ технологиехэм щIэгъэ­хуэбжьауэ зыщаужь мы зэманым щIалэгъуалэр гъащIэщIэм, дунеймрэ жылагъуэмрэ къыщыкъуэкI гу­г­ъуехьхэм пэщIэтыфыным хуагъэхьэзырыну КъБР-м и властым и органхэм зэра­къалэныр, апхуэдэуи дэтхэнэ зыми бгъэдэлъ зэчийр, зыми емыщхь я зэфIэкIхэр къызыкъуахынымкIэ щIэгъэкъуэн яхуэхъуныр я пщэ къызэрыдэхуэр, ныбжьы­щIэхэм хьэрычэт яхэлъу щы­тыным, проектхэр зэхалъхьэм и мызакъуэу, ахэр гъэ­зэщIэнми щызэкъуэувэным хуаущиин зэрыхуейр.
«Дэ тхузэфIэкI псори тщIэн хуейщ къэкIуэну щIэб­лэхэр гъащIэщIэм хуэ­дгъэ­хьэзырыным хуэунэ­тIауэ. Нобэ фэ щIэгъэкъуэн фыкъытхуохъу а къалэныр ­къы­дэхъулIэнымкIэ», - къыхигъэщхьэхукIащ КIуэкIуэ К. В.
ЩIыналъэм и Iэтащхьэм ап­хуэдэуи жиIащ, зэпеуэм зэрыхэтар, зэрытекIуар, абы щызрагъэгъуэта Iэзагъэр, щIэныгъэр я тегъэщIапIэу школакIуэхэмрэ унэтIа­кIуэ­хэм­рэ къыдэкIуэтей щIэб­лэм щапхъэ дахэ зэры­ра­гъэлъагъур икIи ахэр зэхъуэ­кIыныгъэфIхэм зэры­хуэ­­лажьэр: «ФIыщIэ фхузощI фи жыджэрагъым, фе­джэ­ну гукъыдэж фызэ­риIэм, фи унагъуэхэм, еджа­пIэхэм, республикэм, къэралым яфI къызыхэкIын Iуэхухэр дэ­гъэкIыным яужь фызэритым папщIэ!» - къыхигъэщащ КIуэкIуэ Казбек.
ЕгъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ тепсэлъыхьащ зэпеуэм зэрыхэтынум сабийхэр зэрыхуагъэхьэзыра щIыкIэм, ныбжьыщIэхэр ­дихьэхыу, яфIэгъэщIэгъуну а Iуэхум къызэрыхыхьам, егъэ­джэныгъэ IэнатIэм ­проектхэм щелэжьыным ­зе­гъэужьыным, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм еджакIуэхэмрэ студентхэмрэ я проектхэр щып­хагъэкIынымкIэ защIэгъэкъуэным, егъэджакIуэхэм пап­щIэ зэпеуэхэр республикэм къыщызэгъэпэщыным, къапщтэмэ, егъэджакIуэ IэщIагъэ щрагъэгъуэт ­еджа­­пIэ нэхъыщхьэхэм я студентхэм «КъэкIуэну зэманым и егъэджакIуэ» зэпеуэр щегъэкIуэкIыным мыхьэнэшхуэ зэраIэр.
ЕгъэджакIуэхэм КъБР-м и Iэтащхьэм фIыщIэ хуащIащ зэIущIэ гуапэ зэрыригъэ­кIуэкIам папщIэ икIи къыхагъэщащ зыхэта зэпеуэм ныбжьыщIэхэм я лъэр нэхъри жан зэрищIар, а лэжьыгъэр къагъэтIэсхъэнуи зэ­рамымурадыр. «Зыгъэп­сэхугъуэ ин» зэпеуэм и кIэух Iыхьэм хэта пщащэ цIы­кIухэм ящыщ зым зэIущIэм кърихьэлIахэм яхуиIуэтащ зэхьэзэхуэр къызэрыщы­хъуар, щIалэгъуалэр проектхэр зэхэлъхьэным, ахэр пхыгъэкIыным къыхэшэным мы­хьэнэшхуэ зэриIэр икIи апхуэдэ предмет школ программэм хагъэхьэныр зэры­фIэтэмэмри къыхигъэщащ.
ЗэIущIэм и кIэм КIуэкIуэ Казбек жиIащ егъэджа­кIуэ­хэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ къы­халъхьа жэрдэм псоми зэрыхэплъэнур, зи гугъу ящIа Iуэхухэм ящыщ зыбжанэм министерствэхэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ жыджэру зэрыщелэжьыр икIи зэIущIэм хэтхэм ехъуэхъуащ адэкIи ехъулIэныгъэфIхэр зы­Iэрагъэхьэну, текIуэныгъэщIэхэр къахьыну.
«Зыгъэпсэхугъуэ ин» зэ­пеуэм гъатхэпэм и 28-м щIидзауэ щытащ. Абы еджа­кIуэ мелуаным щIигъу хэтащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу мини 6-м щIигъум я къарур здэнысыр щагъэунэхуащ. Зэпеуэм и кIэух Iыхьэм, «Артек» лагерым щэкIуэгъуэм и 1 - 5-хэм къриубыдэу щызэ­хэ­там, кIуат къэралым и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэ­хэм икIа ныбжьыщIэ 1200-рэ - абыхэм ящыщу 9-р ­КъБР-м и лIыкIуэт. Ахэр Аба­зэ Мурат (текIуащ), Айбазэ Феликс (текIуащ), Асановэ Жаннет (кIэух зэпеуэм хэтащ), Белоусовэ Ладэ (кIэух зэпеуэм хэтащ), БетIрожь Сабинэ (текIуащ), Кулиевэ Танзиля (текIуащ), ПщыхьэщIэ Инал (кIэух зэпеуэм хэтащ), Цой Викторие (кIэух зэпеуэм хэтащ),Шыкъ Уэзырмэс (текIуащ).
11-нэ классым щIэсхэм дэт­хэнэми сом мелуан иратынущ, адэкIи я щIэныгъэм хагъэхъуэным трагъэкIуэдэну, абы нэмыщI баллитху къыхущIагъунущ еджапIэ нэхъыщхьэм щы­щIэ­тIысх­ьэ­кIэ хухабжэн папщIэ. 9 - 10-нэ классхэм щеджэхэм сом мин щитI-щитI ират. А ахъ­шэр щIэныгъэ гуэдзэ зрагъэгъуэтыным, абы папщIэ зыхуеину Iэмэпсымэхэр ­къащэхуным трагъэкIуадэ хъунущ.
Проектыр «Урысейр зэ­фIэкI инхэм я къэралщ» плат­формэм хохьэ икIи гъащIэм жыджэру хэт школакIуэхэр къэгъэнэIуэным, зи Iуэху еплъыкIэхэр нахуэу къэзыгъэлъэгъуэф, зи зэ­фIэкI­хэр хэIущIыIу зыщIыну мышынэ, щIэм хуеджэну, къэзыухъуреихь дунейр, жы­лагъуэр, зыхэт гупыр, еджапIэр, къэралыр егъэ­фIэ­кIуэным хуэпабгъэ ныбжьыщIэхэр а Iуэхум тегъэгушхуэным, ахэр зэщIэгъэу­Iуэным хуэгъэпсащ. «Зы­гъэп­сэхугъуэ ин» зэпеуэм щытекIуа, кIэух зэпеуэм нэ­сыфа ныбжьыщIэхэм я бжы­гъэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым КИФЩI-м етIуанэ увы­пIэр щиIыгъщ.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)