Къэбэрдей-Балъкъэрым хэщIыныгъэшхуэ игъуэтащ. Куэдрэ сымэджа нэужь, 2018 гъэм жэпуэгъуэм и 25-м и ныбжьыр илъэс 82-м иту дунейм ехыжащ совет, урысей дирижёр, композитор, Урысей Федерацэм и цIыхубэ артист, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыщ музыкант Iэзэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ Темыркъан Борис Хьэту и къуэр.
Борис Хьэту и къуэр 1937 гъэм мэлыжьыхьым и 6-м Зэрэгъыж къуажэм къыщалъхуащ. МакъамэмкIэ пэщIэдзэ щIэныгъэ щызригъэгъуэтащ Налшык къалэ и музыкэ школым, ар къиуха нэужь и щIэныгъэм щыпищащ гъуазджэхэм щыхурагъаджэу Орджоникидзе дэт училищэм.
1965 гъэм Борис Хьэту и къуэм Собинов В. Л. и цIэр зэрихьэу Саратов дэт консерваториер къиухри, Налшык къигъэзэжащ икIи симфоние оркестым виолончелым еуэу лэжьэн щыщIидзащ, абы къыдэкIуэу дирижёр IэщIагъэм, композитор гъуазджэм зыхигъэгъуазэу хуежьащ.
Симфоние оркестр зэмылIэужьыгъуэхэм зэрыщылэжьам, къэралым щыщ музыкант, дирижёр цIэрыIуэхэм япыщIа зэрыхъуам мыхьэнэшхуэ иIащ езым и гъащIэр дирижёр гъуазджэм триухуэну унафэ къищтэнымкIэ. 70 гъэхэм якухэм Темыркъан Борис и Iэзагъэм щыхигъахъуэу щыIащ Ленинград къалэм оперэмрэ балетымкIэ и Театр цIыкIум, абы и ужькIэ республикэм къигъэзэжри, Музыкэ театрым и симфоние оркестрым и унафэщIу лэжьэн щIидзащ. 1978 гъэм ар Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэрал филармонием и симфоние оркестрым и дирижёр нэхъыщхьэу икIи и художественнэ унафэщIу ягъэув. А зэманым оркестрым игъэзащIэу республикэм япэу щыIуащ дунейпсо гъуазджэм и хъугъуэфIыгъуэу къалъытэ макъамэхэр.
Борис Хьэту и къуэр набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъырт къыщалъхуа республикэм и композиторхэм я творчествэм, абыхэм я IэдакъэщIэкIхэр зэпымыууэ хигъэхьэрт оркестрым игъэзащIэхэм.
Илъэс къэс къахэхъуэрт дирижёрым зыкъыщигъэлъагъуэ щIыналъэхэм, абы и репертуарым хэтт европей, урыс классикхэм, иджырей композиторхэм я IэдакъэщIэкIхэр. Ар ирагъэблагъэрт Урысейм, Армением, Украинэм я симфоние оркестр цIэрыIуэхэм ядэлэжьэну.
Темыркъан Борис бгъэдэлъ зэчийр наIуэ къэхъуащ макъамэ гъуазджэм и нэгъуэщI лъэныкъуэкIи - и композитор творчествэмкIи. Абы и лирикэ уэрэдхэр цIэрыIуэ хъуащ, макъамэ Iэмэпсымэхэм папщIэ итхахэр къыщоIу музыкэм щыхурагъаджэ IуэхущIапIэхэми концертхэр щат утыкухэми. Аращ зи Iэдакъэ къыщIэкIар симфоние оркестрым щIыгъуу адыгэ пшынэкIэ ягъэзэщIэну япэ лэжьыгъэхэр.
90 гъэхэм я пэщIэдзэм Борис Хьэту и къуэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и унафэщIу ягъэуващ. А къулыкъум щытета пIалъэм къриубыдэу абы куэд зэфIигъэкIащ къыщалъхуа республикэм щэнхабзэм зыщегъэужьыным хуэунэтIауэ.
Апхуэдэуи Борис Хьэту и къуэр жыджэру хэтащ республикэм щекIуэкI жылагъуэ гъащIэм: 2002 гъэм къыщыщIэдзауэ Композиторхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIу щытащ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм хэтащ, Путин В. В. Урысей Федерацэм и Президентым и кандидату щыщытам абы и дзыхь зригъэзахэм ящыщащ.
ЗыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэмрэ здынэса творческэ лъагапIэхэмрэ къэралым пщIэшхуэ къыхуищIащ. Абы къратащ Лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэ орденыр, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденыр, къыхуагъэфэщащ «Урысей Федерацэм и цIыхубэ артист», «Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и артист», «Къалмыкъым и цIыхубэ артист» цIэ лъапIэхэр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэрал саугъэтыр.
Борис Хьэту и къуэм и гъащIэ псор триухуащ щэнхабзэм хуэлэжьэным. И творческэ зэчийм щIыгъу щыпкъагъэм, зэпIэзэрытагъым, псэкIэ къулейуэ зэрыщытам, гъащIэм къыхиха Iущагъхэм абы къыхуахьащ жылагъуэм щиIа Iулыджымрэ пщIэмрэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуэ пэж Темыркъан Борис Хьэту и къуэм и фэеплъыр сыт щыгъуи ди гум илъынщ.
КIуэкIуэ К. В., Егоровэ Т. Б., Мусуков А. ТI., Канунников В. А., Къуэдзокъуэ М. М., Алътуд Ю. Къ., Амщыкъуэ Ф. Къ., АфэщIагъуэ М. Хь., Аттаев Ж. Ж., Ахъуэхъу Т. Б., Ахъуэхъу М. Хь., Быкъыш Р. Хь., Берд Хь. А., Беппаев М. А., Быф А. Ж., Бозий Н. М., Бэлэтокъуэ В. Хь., Вэрокъуэ В. Хъ., Геляхов А. С., Геккиев З. Д., Говоров С. А., Губин Г. С., Дзэмыхь Къ. ФI., Жанатаев С. А., Залиханов М. Ч., ЗэшэкIуий ТI. Ш., Зумакулов Б. М., Зумакуловэ Т. М., Иуан П. М., Къалэ З. А., Къанокъуэ А. Б., Канунников А. Д., Къардэн М. Н., Къармокъуэ Хь. М., КIэрэф М. А., Чэт Ю. М., Клевцов М. М., КIуэкIуэ Ю. А., Къумахуэ М. Л., Марьяш И. Е., Мовсисян Г. О., Молэ В. Л., Нэхущ З. А., Опрышкэ О. Л., Рахаев А. И., Сэхъурокъуэ Хь. Хь., Тау П. Къ., Тхьэгъэзит Ю. М., Ульбашев М. М., Федченкэ Л. М., Фырэ Р. Б., Хьэжу В. Ш., Хьэщхъуэжь А. Б., ХьэIупэ Дж. Къу., ХьэфIыцIэ М. М., Шыхъуэстэн Б. К., Щхьэгуэш А. Л.