«Шу хасэм» и зи чэзу зэхуэс екIуэкIащ

Шы Iуэхум епхауэ иужьрей зэманым лэжьыгъэ щхьэпэ куэд республикэми абы и щIыбкIи зэрыщекIуэкIыр ди нэгум щIокI. Псом ­нэхърэ нэхъыщхьэр а жэрдэмхэр щIыпIэ-щIыпIэкIэ щызэбгрыдза лъэпкъыр зэрыубыдыжынымкIэ, адыгэшым и пщIэм къэралми дунейми зыщиубгъунымкIэ зэ­рыщ­хьэ­пэрщ.
ХыIуфэIус Шапсыгъым ит Лазаревскэ къуажэм щэкIуэгъуэм и ­14-м щызэхэтащ щIыналъэ зыбжанэ къызэщIэзыубыдэ «Шу хасэ» зэгухьэныгъэм и зэхуэс. ЗэIущIэр хыIуфэIус шапсыгъхэм я «Адыгэ Хасэм» и хэщIапIэм ДАХ-м и вице-президент КIэкIыхъу Мажид и нэIэ щIэту щекIуэкIащ.
«Шу хасэм» и лэжьыгъэм хэтащ Адыгейм, КъБР-м, КъШР-м, хыIуфэIус шапсыгъхэм (Краснодар крайм) къикIа лIыкIуэхэр. Абы къыщащта унафэхэр епхат гъэ блэкIам зэфIаха лэжьыгъэхэм, илъэсыщIэ зытехьэнум зыхуагъэувыж мурадхэм, щIэуэ «Шу хасэм» хагъэхьэхэм, ­къинэмыщIхэм.
ЩэкIуэгъуэм и 21 - 22 махуэхэм ­КъБР-м щекIуэкIынущ Нартан и Iэ­гъуэблагъэм ит «Гуэрэн» шы зехуа­пIэм УФ-м Шы спортымкIэ и феде­рацэмрэ Адыгэшыр хъумэным-кIэ фондымрэ къыщызэрагъэпэщ, дунейпсо, урысейпсо мыхьэнэ зиIэ шыгъажэ кIыхьхэмкIэ зэхьэзэхуэ.

Чэрим Марианнэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.