Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеоконференц мардэм тету щэкIуэгъуэм и 18-м иригъэкIуэкIащ Коронавирус узыфэм щIыналъэм зыщемыгъэубгъуным хуэунэтIа Iуэхухэр зэрырагъэкIуэкIым кIэлъыплъ оперативнэ штабым и зи чэзу зэIущIэр.
Абы щыхэплъащ щIыналъэм щыщыIэ санитар-эпидемиологие щытыкIэмрэ COVID-19-м пэщIэтыным хуэгъэзауэ медицинэ IуэхущIапIэхэм щызэфIагъэкI лэжьыгъэмрэ.
Коронавирус узыфэ зэрыцIалэм дуней псом зыщыщиубгъу мы лъэхъэнэм ди щIыналъэм абы и лъэныкъуэкIэ и Iуэху зыIутым и гугъу щищIым, КъБР-м и Iэтащхьэм жиIащ эпидемиологие щытыкIэр гугъуу зэрыщытыр, абы къыдэкIуэу фIы и лъэныкъуэкIэ зэхъуэкIыныгъэхэри зэрыщыIэр. Апхуэдэу, хэпщIыкIыу нэхъыбэ хъуркъым сымаджэу махуэ къэс къахутэхэм я бжыгъэр, махуищ зэкIэлъыкIуэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, ягъэхъужахэм нэхърэ нэхъ мащIэщ узыфэр зэуэлIахэм я бжыгъэр. Госпиталхэм щIэлъхэр тхьэмахуищым щIигъуауэ цIыху 1500 - 1530-м тетщ. КТ-къэпщытэныгъэхэм наIуэ къызэращIамкIэ, сымаджэщым щIэмылъу зи тхьэмбылыр уз хъуахэм я бжыгъэри йох.
А зэхъуэкIыныгъэфIхэм адэкIи къыхагъэхъуэн папщIэ КъБР-м и къэрал, муниципальнэ властым и органхэм, щытыкIэмкIэ жэуап зыхь IэнатIэхэм пщэрылъ щащIащ профилактикэ мардэхэм тетын зэрыхуейр цIыхухэм гурагъэIуэным теухуа лэжьыгъэм пащэну.
«Роспотребнадзор»-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Пагуэ Жыраслъэн зэрыжиIамкIэ, 2020 гъэм щэкIуэгъуэм и 18-м ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм коронавирус узыфэр цIыху 11629-м къащеуэлIауэ къахутащ, абыхэм ящыщу 8541-р хъужащ, 186-рэ илIыкIащ. Тест къэпщытэныгъэу мин 267-м щIигъу ирагъэкIуэкIащ. Госпиталхэм медицинэ дэIэпыкъуныгъэ цIыху 1531-м щагъуэт, абыхэм ящыщу 88-р реанимацэхэм щIэлъщ, 13-р ИВЛ IэмэпсымэхэмкIэ ягъэбауэ.
КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, коронавирус узыфэ зэрыцIалэр зыпкърытхэм щеIэзэ госпиталу республикэм бгъу щолажьэ, псори зэхэту гъуэлъыпIэ 1852-рэ щIэту, абыхэм ящыщу 1048-м цIыхур кислородкIэ зэрагъэбауэ Iэмэпсымэхэр ешэлIащ. Урысейм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм къалэну къахуигъэувахэр, абыхэм сымаджэхэр гъуэлъыпIэхэмкIэ ирикъуу къызэгъэпэщынри яхэту, процент 214,1-кIэ ягъэзэщIащ.
Узыфэ зэрыцIалэ нэхъ шынагъуэхэр зэуэлIахэр щагъэхъуж госпиталхэм я лэжьыгъэр къызэрагъэпэщ дохутыр 360-м, курыт, нэхъыщIэ медицинэ лэжьакIуэу 991-м. COVID-19-р япкърыту къахута сымаджэ 1548-м мы зэманым амбулаторнэу йоIэзэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыпсэухэу амбулаторнэу ягъэхъужхэм чэнджэщхэр ягъуэтынымкIэ щIэгъэкъуэн яхуэхъун къалэныр зи пщэ дэлъ республикэ телемедицинэ центрым и лэжьыгъэми пещэ. Абы и IуэхущIафэхэр нэхъыщхьэу унэтIыныгъищым хуэгъэпсащ - телефонкIэ закъыхуэзыгъазэ сымаджэхэм жэуап етыныр, поликлиникэхэм я терапевтхэм видеозэпыщIэныгъэкIэ чэнджэщэгъу яхуэхъуныр, апхуэдэуи амбулаторнэу зыкIэлъыплъ сымаджэхэм я щытыкIэм кIэлъыплъыныр, ахэр зэрагъэхъуж Iэмалхэм набдзэгубдзаплъэу я нэIэ тетыныр. 2020 гъэм щэкIуэгъуэм и 9-м къыщыщIэдзауэ центрым и лэжьакIуэхэм видеозэпыщIэныгъэ IэмалкIэ цIыхуи 124-м епсэлъащ, телефонкIэ 455-м я упщIэхэм жэуап иратащ, амбулаторнэу зэIэзэ цIыху 182-м я щытыкIэм щыгъуазэ защIащ.
Оперативнэ штабым хэтхэм захуигъазэри, КIуэкIуэ Казбек гулъытэ хэха хуищIащ коронавирус узыфэм теухуауэ щыIэ щытыкIэр щызэпкърахыу УФ-м и Правительствэм хэтхэм къэралым и Президентым щэкIуэгъуэм и 18-м ядригъэкIуэкIа зэIущIэм мыхьэнэшхуэ зиIэ къалэну къыщигъэувахэм.
Къапщтэмэ, къэралым и УнафэщIым къалэн зэращищIам тету, хагъэхъуэнущ хущхъуэу къыщIагъэкIым, къэрал, щIыналъэ аптекэхэм ахэр ирикъуу яIэрыхьэн папщIэ. Апхуэдэуи нэхъыбэ ящIын хуейщ махуэ къэс ирагъэкIуэкI тест къэпщытэныгъэхэр икIи КъБР-м щыпсэухэм абы кърикIуахэр нэхъ псынщIэу къащIэн щхьэкIэ а лэжьыгъэм зэману трагъэкIуадэр ягъэмэщIапхъэщ.
ЩIыналъэм и Iэтащхьэм гулъытэ щхьэхуэ хуищIащ поликлиникэхэр транспорткIэ къызэгъэпэщыным. КIуэкIуэ К. В. абыкIэ жэуап зыхь IэнатIэхэм къалэн ящищIащ поликлиникэхэр зыхущыщIэ транспорт къахуэщэхуным теухуа Iуэхур икIэщIыпIэкIэ зэфIагъэкIыну.
Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Голиковэ Татьянэ къэралым и Президентым иригъэкIуэкIа зэIущIэм зэрыщыжиIамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрыр ящыщщ амбулаторнэу зэIэзэ сымаджэхэр хущхъуэхэмкIэ пщIэншэу къызэгъэпэщыным хуэунэтIа зэгурыIуэныгъэ лIэужьыгъуэ псори нэсу (процентищэкIэ) щызэращIылIа щIыналъэхэм. КIуэкIуэ Казбек КъБР-м и гъэзэщIакIуэ властым и органхэм фIыщIэ яхуищIащ а Iуэхум жыджэру яужь зэритым папщIэ икIи амбулаторнэу ягъэхъуж сымаджэхэр зыхуей хъу хущхъуэхэмкIэ и чэзум къызэгъэпэщыным ткIийуэ я нэIэ трагъэтыну ахэр къыхуриджащ.
Республикэм и Iэтащхьэм зэIущIэм щхьэхуэу фIыщIэшхуэ щахуищIащ узыфэ зэрыцIалэ нэхъ шынагъуэхэр зыпкърытхэм щеIэзэ сымаджэщхэм я лэжьакIуэхэм. КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ республикэм и цIыху куэдым дохутырхэм, сымаджэщхэм я лэжьакIуэ псоми социальнэ сетхэмкIэ фIыщIэ зэрыхуащIыр.