Хъуащ Кэнжэ къуажэр щэнхабзэм и утыку

«Адыгэ пщащэ» республикэ зэпеуэр 2016 гъэм ещанэу Кэнжэ дэт ЩэнхабзэмкIэ и унэм щекIуэкIащ. Ар къызэрагъэпэщащ Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Ха­сэхэм, Налшык къалэ администрацэм ЩэнхабзэмкIэ и къудамэм, Кэнжэ Щэн­хабзэмкIэ и унэм, «Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм.
Абы хэтащ ди щIыналъэм и ­районхэм къикIа хъыджэбзий. Пщащэхэр дахэт, ауэ ар мащIэщ мыпхуэдэ зэпеуэм ущыте­-кIуэн папщIэ: узэрыакъылыфIэр, узэры­жьакIуэр, анэдэлъхубзэр зэрыбгъэ­шэ­рыуэр, Iуэхум узэрыхуэIэкIуэлъа­кIуэр, хабзэм зэрыхэпщIыкIыр, нэгъуэщI­хэри къэбгъэлъэгъуэн хуейт.
Абыхэм я зэфIэкIыр къэзыпщытэну гупым хэтт «Адыгэ унэ» тыкуэн-музейм и унафэщI IутIыж Мэжид, «Кабардинка» къэ­рал академическэ ансамблым и балет­мейстер нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэ, КъБР-м и цIыхубэ артист Битокъу Аслъэнбэч, Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым и егъэджа­кIуэ, режиссёр, сценарист, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЕмкIуж Анзор, ХьэрычэтыщIэхэр щагъэ­хьэ­зыру Москва и Правительствэм иIэ академием и доцент, пщафIэ Iэзэ Бжьэдыгъу ­Оксанэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и вице-президент, «Адыгэ псалъэ» газетым политикэмкIэ, жылагъуэмрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщI НэщIэпыджэ Замирэ, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал филармо­нием и уэрэджыIакIуэ Хьэкъул Оксанэ, Кэнжэ дэт сабий сад №20-м и етIуанэ къу­да­мэм и унафэщI, дэрбзэр Iэзэ, лъэпкъ фес­тиваль зыбжанэм я лауреат Балэ Марьянэ, Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрым и актёр Къанкъул Ислъам, «Адыгэ пщащэ-2014» зэпеуэм «Гран-при» саугъэтыр къыщызыхьа Сейн Аидэ сымэ. КъэпщытакIуэ гупым и унафэщIт Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ Хьэ­фIыцIэ Мухьэмэд.
Зэпеуэр езыгъэкIуэкIар Къуэныкъуей Залинэрэ Мамий Аслъэнрэщ. IуэхугъуихкIэ ­зэпеуа хъыджэбзхэм къызэхуэ­сахэм зыкърагъэцIыхуащ япэщIыкIэ. Пщащэхэм жа­Iащ къызыхэкIа унагъуэр, лъэпкъыр, зы­щыщ къуажэр, щеджэр, дэзыхьэхыр, гъащIэм хуаIэ еплъыкIэмрэ я мурадхэмрэ. А псори видео теплъэгъуэхэмрэ сурэтхэмкIэ экраным къыщагъэлъагъуэрти, утыкум ит пщащэм и дуней тетыкIэм зыщыбгъэ­гъуэзэнымкIэ Iэмал хъарзынэт.
КъэпщытакIуэ гупым хэтхэмрэ къызэхуэсахэмрэ пщащэхэр нэхъ зрагъэцIыхун му­радкIэ, пэшым щIэсхэм упщIэ тIурытI абыхэм хуагъэхьэзырат. Пщащэхэр хъарзынэу пэлъэщащ а упщIэхэм, адыгэбзэм зэры­хуэ­шэрыуэхэмрэ зэрыакъылыфIэхэмрэ къагъэлъагъуэу. КъыкIэлъыкIуэ зэпеуэр адыгэ шхыныгъуэхэм я пщэфIыкIэмрэ я сэбэпынагъымрэти, дэтхэнэми балл нэхъыбэр хуэбгъэув хъуну пщэфIащ. КъэпщытакIуэ­хэм я пащхьэ кърагъэува ерыскъыхэр зэ­рапщэфIа щIыкIэр видеокIэ къагъэлъа­гъуэурэ тепсэлъыхьащ. ТхьэмщIыгъуныбэ, матэ кхъуейрэ хьэлывэрэ, хьэлыуэ, нартыху лэкъумрэ кхъуейжьапхъэрэ, джэш лыбжьэ, жэмыкуэ, щIакхъуэзэтеупIэщIыкI, джэд лыб­жьэрэ пIастэрэ ягъэхьэзырати, адыгэ Iэнэм и берычэтагъымрэ ерыскъым и къэ­уатымрэ наIуэ къащIырт.
«Щэнхабзэм и лъахэм» хъыджэбзхэм ­щагъэлъэгъуащ я къэфэкIэр, уэрэд жы­Iэ­кIэр, усэ къеджэкIэр, пшынэ еуэкIэр. УсакIуэ куэдым я гурыщIэр усэбзэкIэ зыхуаIуэта, хамэ щIыпIэхэм щыщу Кавказым зыплъы­хьакIуэ щыIахэм псалъэ дахэ куэд зыхуатхыжа ди хъыджэбзхэм я дахагъри гуа­-кIуагъ­ри къыщагъэлъэгъуар етхуанэ теп­лъэ­гъуэрщ - «Адыгэ пщащэм и пшыхь фа­щэрщ». Лъэпкъ тхыпхъэщIыпхъэхэмкIэ гъэщIэрэщIа бостей дахэхэр ящыгъыу ­ утыку къихьащ зэпеуэм хэтхэр, дыжьын бгырыпххэр ящIэлърэ я фащэм хуэфэщэну щIыкIафIэу зекIуэу. Адыгэ хъыджэбзым и Iэпкълъэпкъыр фащэм зэригъэдахэр, абы лъэпкъым хуэфащэ цIыхуу фэ къызэрыт­ригъауэр умылъагъункIэ Iэмал иIэтэкъым.
Зэпеуэм и кIэухыр хъуэхъум лъагъэсащ. Хъыджэбзхэр дахэу хъуахъуэри, абыхэм я гъусэ щIалэхэм махъсымэбжьэр нэхъыжь­хэм иратащ.
А псоми гупсэхуу кIэлъыплъа жюрим и ­къалэныр тынштэкъым, ауэ зэпеуэ щыхъу­кIэ, увыпIэхэр ягуэшын хуейти, щхьэж къигъэлъэгъуахэр зэпалъытыжри, мыр кърикIуащ:
Гран-при - Дыгъужь Сарэ (Иорданием ­къикIыжауэ Налшык щопсэу, щоджэ);
Япэ адыгэ пщащэ - ЛIыгуащIэ Радимэ (Дыгулыбгъуей);
ЕтIуанэ адыгэ пщащэ - Къумахуэ Элинэ (Лэскэн ЕтIуанэ);
Ещанэ адыгэ пщащэ - Шыдакъ Роксанэ (Инарыкъуей);
Къафэм и гуащэ хъуащ Шэру Анжелэ ­(Къармэхьэблэ);
Пщащэ акъыл жану къыщIэкIащ Мэлей Iэминэ (Сэрмакъ);
Пщащэ щIыкIафIэу къалъытащ Мамхэгъ Миланэ (Шэджэм Езанэ);
ПщафIэ Iэзэу къыхахащ КIэщт Альбинэ (Кэнжэ).
Гран-при къэзыхьамрэ япэ увыпIищыр зыхуагъэфэщахэмрэ Дунейпсо Адыгэ Ха­сэм и ЩIыхь тхылърэ саугъэтхэмрэ ира­тащ. Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд пщащэхэм ехъуэхъури, КъАХ-м къыбгъэдэкI щIыхь тхылъхэмрэ саугъэтхэмкIэ яхуэупсащ. Налшык къалэ администрацэм и щIыхь тхы­лъ­хэмкIи ягъэгуфIащ зэпеуэм хэтахэр. Ап­хуэ­дэуи япэ увыпIэр зыхуагъэфэщахэм «Адыгэ унэ» тыкуэн-музейм и саугъэтхэр яритащ абы и унафэщI IутIыж Мэжид.
Зэпеуэр къызэгъэпэщынымкIэ сэбэп ­хъуащ хьэрычэтыщIэхэу Балэ Аслъэнбий, Мамийхэ Аскэрбийрэ Леонидрэ. Хъыджэбзхэм ахъшэ саугъэтрэ кином и билетхэмкIэ яхуэупсащ «Дея» хьэрычэтыщIэ IуэхущIапIэм и унафэщI Шыбзыхъуэ Мухьэмэд, IэфIыкIэхэр яритащ «Жако» IуэхущIапIэр зей ЖьэкIэмыхъу Аслъэнбий.
ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ IутIыж Мэжидрэ дахэу екIуэкIа зэпеуэр къызэгъэпэщыным зи гуащIэ хэзылъхьахэмрэ абы хэтахэмрэ фIыщIэ хуащIащ, Кэнжэ дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и унафэщI Мамий Заретэрэ абы и ­къуэдзэ Балэ Людмилэрэ псалъэ гуапэ жраIащ, тыгъэхэри иратащ.

Дыгъужь Сарэ

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.