КIуэкIуэ К. В. иригъэкIуэкIащ щэнхабзэ IэнатIэм зегъэужьыным теухуа зэIущIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек КъБР-м и Прави­тельствэм хэтхэм яIущIащ. Абы къри­хьэ­лIащ КъБР-м и Премьер-министр Мусуков А. ТI., КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзо­къуэ М. М., КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий М. Б., ­КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къу­махуэ М. Л., КъБР-м финансхэмкIэ и ­министр Лисун Е. А., КъБР-м и Iэтащ­хьэм и чэнджэщэгъу Тюбеев А. И., Налшык къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и унафэщI Ахъуэхъу Т. Б.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ «Щэнхабзэ» лъэпкъ проектым къыщыгъэлъэгъуа­хэр гъэзэщIа зэрыхъум, щыхэплъащ ­щэнхабзэ IэнатIэм и бюджет IуэхущIапIэхэм щылажьэхэм я улахуэхэм хэгъэхъуэ­ным, цIыхухэм ябгъэдэлъ зэчийм зегъэу­жьыным теухуа Iуэхухэм.
Гулъытэ щхьэхуэ хуащIащ КъБР-р къы­зэ­рызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрыри­къур гъэлъэпIэным зыхуэгъэхьэзырыным хуэунэтIауэ зэфIагъэкIыну зэхалъхьахэм зэрехъулIэм, апхуэдэуи Къэбэрдей-Балъкъэрым музейхэм, гъэлъэгъуэныгъэхэм  я лэжьыгъэр щегъэфIэкIуэным.
КIуэкIуэ Казбек зэIущIэр къыщызэIуихым и гугъу ищIащ эпидемиологие щы-­ты­кIэр дэнэ щIыпIи зэрыщымыщIагъуэм къыхэкIыу иджыпсту дуней псом япэ ­щрагъэщыр коронавирус узыфэм еб­э­ны­ным пыщIа Iуэхухэрауэ зэрыщытыр, абы къыхэкIыуи щэнхабзэ Iуэху куэдым я ­пIалъэхэр ягъэIэпхъуэн хуей зэрыхъуар е зэрырамыгъэкIуэкIыххар.
Апхуэдэу щытми, къыхигъэщащ щIы­налъэм и Iэтащхьэм, COVID-19-м пы­щIауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ щы­тыкIэр я нэIэ щIэтщ, гъуэлъыпIэ 300-м щIигъу нэщIу яIэщ. ГъащIэм пещэ икIи сыт щыгъуи гулъытэ хэха зыгъуэтхэм ящыщу къонэж республикэм и жыла­гъуэм зегъэужьыным ехьэлIа Iуэхухэр. Абыхэм ящыщ зыщ щэнхабзэри. Щэнхабзэм ехьэлIа лэжьыгъэм и мыхьэнэм нэ­хъ­ри хохъуэ мы зэманым - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъур гъэ­лъэ­­пIэным зыщыхуэдгъэхьэзыр лъэхъэнэм.
«Щэнхабзэр хуолажьэ къэкIуэну щIэблэхэми икIи аращ нэхъыщхьэр. Дэ и гугъу дощI ди лъэпкъ хабзэхэр тхъумэ-жын зэрыхуейм, ауэ апхуэдэуи къыдгуроIуэ ди щIалэгъуалэр ди щэнхабзэм и закъуэкIэ гъэнщIа зэрымыхъунур, атIэ ­дунейпсо хъугъуэфIыгъуэхэми щыдгъэ­гъуэзэныр ди къалэну зэрыщытыр, ахэр улъэщIэмыхьэу зызыужь дунейм де­кIуэ­кIыфын, лъагапIэхэм лъэIэсыфын, урысейпсо, дунейпсо мыхьэнэ зиIэ Iуэхухэм пэлъэщыфын папщIэ», - къыхигъэщащ КIуэкIуэ К. В.
ЗэIущIэр зытеухуа Iуэхухэр зэпкърихыу къызэхуэсахэм я пащхьэ къыщыпсэлъащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин. Абы къыхигъэщащ «Щэнхабзэ» лъэпкъ проектым хыхьэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и IэнатIэ псори къы­зэ­щIэ­зыубыдэ, Iуэху зэмылIэужьыгъуэ ­куэ­­дым хуэгъэпса план зэрагъэзащIэр. Лъэпкъ проектым 2019 - 2020 гъэхэм ­псори зэхэту хухахащ сом мелуан 317-м щIигъу.
2019 гъэм а мылъкумкIэ республикэм щаухуащ Щэнхабзэм и унэу плIы, тIу сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэзэу зэрагъэ­пэщыжащ. 2018 гъэм Нартан къуажэм къыщрагъэжьауэ щыта щэнхабзэ Iуэ­хущIапIэм и ухуэныгъэм пащащ. Бгъэ­Iэпхъуэ хъу, Iуэху куэдым тещIыхьа ­щэнхабзэ центру (автоклубу) 8 къащэ­хуащ - ПсыкIэху, Светловодскэ, Лэскэн ЕтIуанэ, Шэджэм ЕтIуанэ, Екатериноградскэ, Псыкуэд, Бабугент, Былым къуа­жэхэм къы­щагъэсэбэпыну. Гъуазджэ­хэмкIэ еджа­­пIэ 23-м ди къэралым щащIа пианинэхэр къыхуащэхуащ.
Лъэпкъ проектым и щIыналъэ Iыхьэм хыхьэу 2020 гъэм зэфIагъэкIыну лэ­жьыгъэхэм ящыщщ Нартан къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и ухуэныгъэр и кIэм нэгъэсыныр, ПсыкIэху дэтыр къэгъэ­щIэрэщIэжыныр, щэнхабзэ, цIыхухэм зыщагъэпсэху IуэхущIапIэхэу Гундэлэн, Эльтюбю, Пролетарскэ, Светловодскэ, Шордакъ, Акъбащ Ипщэ, Кыщпэк, Урыху ­къуа­жэхэм дэтхэр къызыхуэтыншэу зэ­гъэ­пэщыжыныр. Ухуэныгъэ лэжьыгъэ­хэр ягъэува пIалъэм изагъэу йокIуэкI. Щы­зэфIагъэкIын хуейуэ яубзыхуар дызэ­рыт илъэсым и дыгъэгъазэ мазэрщ.
Апхуэдэуи дызэрыт илъэсым яужь ихьащ НыбжьыщIэхэм я театрыр зэгъэ­пэщыжыным, а лэжьыгъэхэр 2022 гъэм ирихьэлIэу зэфIагъэкIыну я мурадщ, ­къащэхуащ гъуазджэхэм щыхуагъасэ школищым папщIэ макъамэ Iэмэп­сы­мэхэр, оборудованэхэр, еджэн папщIэ зыхуей-зыхуэфIхэр, грант дэIэпыкъу­ныгъэ иратащ зи лэжьыгъэр фейдэ къы­хэхыным пымыщIа организацэ 11-мрэ дэзыхьэх Iуэхухэм нэхъри зезыгъэужьыну хуейхэр зыхэт гупитIымрэ.
Краснодар къалэм ЩэнхабзэмкIэ и ­институтым егъэщIылIауэ лажьэ, творческэ, унафэщI кадрхэм я IэщIагъэм хагъэхъуэнымкIэ центрым я зэфIэкIым нэхъ- ри зыщрагъэузэщI республикэм щыщ Iэ­щIагъэлI, егъэджакIуи 122-м.
«Щэнхабзэ» лъэпкъ проектым хиубы­дэу 2021 - 2022 гъэхэм ЩэнхабзэмкIэ унэхэр щаухуэну я мурадщ Приречнэ, Совхознэ жылэхэм, зэрагъэпэщыжынущ республикэ Гуащэ театрым, Дзэлыкъуэ­къуажэ дэт музыкэ школым, Дзэлыкъуэкъуажэ, Дальний, Джэрмэншык, Балъкъэр Ипщэ, Дыгулыбгъуей, Аруан, Сэр­макъ къуажэхэм ЩэнхабзэмкIэ я унэхэр, гъуазджэмкIэ сабий школхэу Зеикъуэрэ Анзорейрэ дэтхэр, къагъэ­щIэ­рэщIэжыныущ Къып М. и цIэр зэрихьэу Къулъкъужын Ищхъэрэм дэт, сабийхэр гъуазджэм щыхурагъаджэ школыр.
Урысей Федерацэм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и проекткIэ Налшык ­къалэм щаухуэнущ Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центр. Абы хэтынущ концерт з­ал, музей-гъэлъэгъуапIэ щIыпIэхэр, биб­лиотекэ, творчествэм дихьэх сабийхэмрэ балигъхэмрэ щылэжьэну пэшхэмрэ ки­нозалхэмрэ.
АдэкIи я мурадщ сабийхэр гъуазджэм щыхурагъаджэ школхэр макъамэ Iэ­мэп­сымэхэмкIэ, зыхуеину нэгъуэщI хьэп­шып­хэмкIэ, зэреджэнухэмкIэ къызэгъэпэ­щы­ным пащэну. Краснодар къалэм щэнхабзэмкIэ и институтым зи IэщIагъэм щы­хэзыгъэхъуахэм я бжыгъэр лъэпкъ проек­тыр зытещIыхьа пIалъэм и кIэм ири­хьэлIэу цIыху 940-рэ хъуну къалъытэ. «Щэнхабзэм и волонтёрхэр» програм-мэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, 2024 гъэм ирихьэлIэу апхуэдэхэм я бжыгъэр республикэм цIыху 600 хуэдиз щыхъу-нущ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къы­зэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрыри­къур щагъэлъэпIэну 2022 гъэм я му-радщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и фIагъ­хэр, ­Урысей Федерацэм нэхъ зызыужь и щIыналъэхэм ар зэращыщыр къагъэ­лъагъуэу, абы ущыпсэун папщIэ тыншы-пIэ псори зэрыщыIэр, зыбгъэпсэхуну, уи нэгу зыщебгъэужьыну зихуэдэ щымыIэу зэрыщытыр хэIущIыIу щIыным хуэгъэза Iуэхухэр зэфIагъэкIыну.
Яубзыхуахэм хэтщ КъБР-м и щэнхабзэ IэнатIэм и къэрал, муниципальнэ IуэхущIапIэ 38-рэ зэрагъэпэщыжыныр, абыхэм ящыщщ театррэ концерт щат утыкуу 4, библиотекэу 7, музейуэ 6, ЩэнхабзэмкIэ унэу 18, ЦIыхубэ IэпщIэлъапщIагъэм щыхуагъасэ центрыр, нэгъуэщIхэри.
Апхуэдэуи музейхэм я материально-­техникэ лъабжьэр егъэфIэкIуэным хуэу­нэтIа Iуэхухэри зэфIагъэкI. КъБР-м и Лъэпкъ музейр сыткIи зыхуей хуэзэу зэ­гъэ­пэщыжыным ехьэлIа лэжьыгъэхэр зэ­фIагъэкIащ. Республикэ бюджетым и мылъкукIэ къызыхуэтыншэу зэрагъэ­пэ­щыжащ ЗыхъумэжыныгъэмкIэ музейуэ Iуащхьэмахуэ лъапэ щыIэр.
Гъэлъэгъуэныгъэхэр къызэгъэпэ­щы­ным, музейхэм я лэжьэкIэр егъэфIэ­кIуэ­ным я лъэныкъуэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалэн нэхъыщхьэхэу къонэж ­щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр цIыхухэм нэсу къагъэсэбэпыфу щытыныр, абы ­папщIи IэнатIэм бжыгъэр зи лъабжьэ ­Iэмалхэр щыхэпщэн хуейщ, къэрал ­музейхэм я материально-техникэ лъабжьэр гъэбыдэныр, щIэныгъэ-къэхутэ­ныгъэ, егъэджэныгъэ Iуэхухэр, зэпы­мыууэ лажьэ экспозицэхэр тэмэму зэ­теухуэныр, абыхэм я лэжьыгъэм Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм я музейхэм ­я мызакъуэу, хамэ хэкухэм исхэми зыщагъэгъуэзэфыныр, ягъэIэпхъуэ выставкэхэр къалэ мыинхэм, ику итхэм щагъэлъэгъуэныр, музейхэр творчествэм и адрей унэтIыныгъэхэми быдэу япыщIауэ щытыныр зэтраухуэныр, щэнхабзэ-щIэ­ныгъэм ухуэзышэ туризмэм ахэр къы­хэшэныр.
ЗэIущIэм и кIэухым КъБР-м и Iэтащ-хьэм къыхигъэщащ зэманым псынщIэу зэрызихъуэжыр икIи республикэм и уна­фэщIхэм къекIуэкI Iуэхухэм зыдрагъэ­кIуфу щытыным мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Ауэ сытми декIуэкI къудей мыхъуу, мы­хъумыщIагъэхэм япэщIэтыфынми, мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхухэр гулъытэншэу ­къамыгъэнэнми я нэIэ тетыпхъэщ. Щэнхабзэм зрагъэужькIэрэ, ар даIыгъкIэрэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и жылагъуэм зра­гъэужьын зэрыхуейр къыхигъэбелджылыкIащ республикэм и УнафэщIым. КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ апхуэдэ мурадым тещIыхьа зы концепцэ щIы­налъэ щэнхабзэм иIэн зэрыхуейр.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.