Iуэрытхым лъэпкъхэр зэкъуегъэувэ

Илъэс етхуанэ хъуауэ Урысейм щокIуэкI «Этно­графие Iуэрытх ин» щIэныгъэ Iуэхур. Мы гъэм ар онлайн мардэм тету къызэ­рагъэпэщащ, ауэ щIыналъэ къэс хэщIапIэ зырыз яIащ диктант зытхыну ­гукъыдэж зиIэхэр екIуэлIэну. Къэбэрдей-Балъ­къэ­рым щыпсэухэм Мэлба­хъуэм и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ библиотекэм щэкIуэгъуэм и 3-м диктантыр щатхащ. Абы кърихьэлIат къэрал IуэхущIапIэхэм, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэу, щIэныгъэм, гъуазджэм, спор­тым я лэжьакIуэу, студенту цIыху 50-м нэблагъэ. А Iуэхум хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI, Урысей тхыдэ зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и советым и унафэщI Его­ровэ Татьянэ. Къызэхуэсахэм защыхуигъазэм, абы жиIащ:
- Мыпхуэдэ Iуэрытхыр къызэрыхалъхьэрэ илъэ­ситху мэхъу. Къэбгъэ­лъа­гъуэ­мэ, ар гъэ къэс дунейм и щIыналъэ псоми щокIуэкI. А Iуэхум къыхыхьащ космонавтхэри. Абы къегъэлъа­гъуэ Iуэрытхым и мыхьэнэр мы зэманым зэрыиныр, - пищащ Егоровэм. - Ди гуа­пэ мыхъуу къанэркъым а ­жэрдэмыр ди къэралым къызэрыщыхалъхьар. Урысейр куэду зэхэт къэралы­гъуэщ икIи абы щопсэу лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэу 190-м щIигъу. Абы къыхэ­кIыу нобэ щхьэж и тхыдэрэ щэнхабзэрэ зэрищIэжым хуэдэу, адрейхэми я хабзэхэм щыгъуазэу щытыпхъэщ - ар лъэпкъхэр зэкъуэт дызыщI Iуэхущ. Iуэрытхыр Лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм и махуэм ирихьэлIэу зэрыттх­ми и мыхьэнэр лъагэ ещI. Дэтхэнэми Iэмал иIэщ и щIэныгъэр здынэсыр къиху­тэжыну, апхуэдэуи си фIэщ мэхъу щIэ куэди мыбдеж къызэрыщащIэнур. Гу зэ­ры­лъыттэщи, гъэ къэс мып­хуэдэ Iуэрытхым хэтыну хуей­хэм я бжыгъэм хохъуэ, сэри сфIэфIу абы сыкърохьэлIэ.
Диктантыр зытхыну къе­кIуэлIахэм яхэтт лъэпкъ ­фащэхэр зыщыгъ щIалэ­гъуалэ куэд, «Кабардинка», «Балкария», «Тэрч къэзакъ­хэр» ансамблхэм я артистхэр.
Iуэрытхым упщIэ 30-м нэс къызэщIеубыдэ, дакъикъэ 45-м къриубыдэу жэуап етын хуейуэ. УпщIэхэм ящыщу 10-р щхьэж и щIыналъэм хухэхащ.
Диктантым хэтыну цIыху­хэм Iэмал яIэщ щэкIуэгъуэм и 8 пщIондэ. Онлайн тестыр къыщыхьащ «Большой этнографический диктант»-м и сайтым - www.miretno.ru.
Iуэхум и къызэгъэпэща­кIуэр Лъэпкъ IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэмрэ Удмурт Республикэм лъэпкъ политикэмкIэ и министерст­вэмрэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым ар щезыгъэкIуэ­-кIыр ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэ­гъуалэм я IуэхухэмкIэ и ми­нистерствэращ.

Белгъэрокъуэ Марьянэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)