ПроектыщIэм гъуэгу егъуэт

ЕджакIуэхэм IэщIагъэ къыхахынымкIэ дэIэпы­къуэгъу яхуэхъу­ным ехьэ­лIа «Шаг в будущее» урысейпсо проектым хыхьэ Iуэхугъуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым жыджэру щокIуэкI. Мы махуэхэм электрон хэщIапIэр (http://bilet-help.worldskills.ru/) къагъэсэбэпурэ проектым хэтыну гукъыдэж зиIэхэр зэхуашэс. Апхуэдэу ди республикэм щыщу еджакIуэ 5186-рэ къыхыхьащ Iуэху щхьэпэм, абыхэм ящыщу 174-м зэман кIэщIым къриубыдэу лэжьыгъэм жыджэру зыкъыщагъэлъэгъуащ.
Проектым хыхьэ Iуэху­гъуэхэр ирагъэкIуэкI онлайн е зэIущIэ щIыкIэу. А лэжьыгъэр къыщызэрагъэпэщащ Налшыкрэ ­Прохладнэ къалэмрэ дэт колледжибгъум, «ДыгъафIэ къалэ» еджапIэм. 6 - 11-нэ классхэм щIэс еджакIуэхэр тест щIыкIэкIэ Iуэхум хаша нэужь, ягу ирихьа IэщIагъэм теухуауэ зэхаубла гъэлъэгъуэныгъэхэм щыгъуазэ ящI. Апхуэдэу, еджакIуэ цIыкIухэм Iэмал ягъуэт IэщIагъэлIхэм я гъу­сэу Iуэхум нэхъри гъунэгъу зыхуащIыну. Псалъэм папщIэ, 3D-принтеркIэ макет гуэрхэр ящI, гъущIым ста­ноккIэ сурэт къыхауIукI, IэфIыкIэ щIэщы­гъуэхэр япщэфI, парикмахер IэщIагъэм щыхуагъасэ. ШколакIуэхэм дзыхь хуащI Iуэхугъуэхэр егуэш тынша­гъ-гугъуагъ, зэман трагъэкIуа­дэ елъытакIэ. Адэ-анэхэм хъыбар ира­гъащIэ я бынхэм къыхаха Iуэхум теухуауэ икIи адэкIэ лэжьыгъэм зэры­хэтыну щIыкIэм щы­гъуазэ ящI. ЦIыху къэскIэ тращIыкI зэрырагъаджэ планыр проектыр зэриух Iуэхугъуэщ. Онлайн къэпщытэныгъэм кърикIуахэр дэтхэнэми и интернет кабинетым къралъ­хьэж, апхуэдэ щIыкIэкIэ хъы­бар ­кърагъащIэ IэщIагъэм хэзышэ Iуэхугъуэхэр зэрагъэзэщIэфам теухуауэ. Проектым къыщыгъэлъэ­гъуащ IэщIагъэ 26-рэ икIи гъэзэщIа мэхъу къэрал субсидиекIэ. Абы къыхэкIыу Iуэхум ныбжьыщIэхэр пщIэн­шэу къыхохьэ.
ИщхьэкIэ къэдгъэлъэгъуа сайтым хыхьэрэ тестхэр ­игъэзэщIа нэужь, школа­кIуэм чэнджэщ щхьэпэхэр щигъуэтынущ абы.
«Шаг в будущее» проектым жыджэру хэтыну къыхудоджэ ди еджакIуэ цIыкIу­хэр: http://bilet-help.worldskills.ru/

ЩОДЖЭН Iэминат.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)