Къэралым и чемпионищ зэуэ

Владимир къалэм щекIуэкIащ зи ныбжьыр илъэс 21-м щIимыгъуахэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ Урысей Федерацэм пашэныгъэр къыщыхьынымкIэ я зэхьэзэхуэ. Абы фIы дыдэу зыкъыщагъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ щIалэхэм.
Зэхьэзэхуэм и япэ махуэхэм ди бэнакIуэхэм медалиплI къахьащ. Килограмм 82-рэ зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм Гъуэныбэ Iэуес къыщыпэлъэщын къыхэкIакъым. Нэхъ хьэлъэ дыдэхэм, килограмми 130-м нэблагъэхэм, я дежи тепщэныгъэр щызыубыдар КIэмпIарэ Маратщ.
Килограмм 67-рэ зи хьэлъагъхэмрэ нэхъ хьэлъэ дыдэхэмрэ я «финал цIыкIуми» пашэныгъэр щызыIэрагъэхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэу ГуэIужьей Iэдэмрэ Шыбзыхъуэ ­Къантемыррэ. Абыхэм домбеякъ медалхэр ялъысащ.
Зи ныбжьыр илъэс 21-м щIимы­гъуахэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ Урысей Федерацэм пашэныгъэр къы­щыхьынымкIэ зэхьэзэхуэм и кIэух ­махуэми ехъулIэныгъэхэр къытхуихьащ. Килограмм 72-м нэс зи хьэ­лъагъ Бэлэтокъуэ Уэсмэн финалым щефIэкIащ Краснодар крайм щыщ Цаканян Нвер икIи дыщэ медалыр зыIэригъэхьащ. БищIо Астемыр килограмм 63-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм ещанэ щыхъуащ.

Жыласэ Замир.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 09:03

КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ