КъБР-м и УнафэщIыр епсэлъащ республикэм и санитар-эпидемиологие къулыкъум и лэжьакIуэхэм

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек Санитар-эпидемиоло­- гие IэнатIэм пэрытхэм я махуэм и пэ къихуэу яIущIащ «Роспотребнадзор»-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэм.

Видеоконференц мардэм тету ахэр теп­сэлъыхьащ IэнатIэм мы зэманым къы­пэщыт къалэн нэхъыщхьэхэм зэрехъу- лIэм, щIыналъэм и къэрал властым и органхэм ящIыгъуу лэжьыгъэр щIэгъэхуэбжьэным хуэунэтIа Iуэхухэм.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и санитар-эпидемиологие IэнатIэм хохьэ Iуэ­хущIапIэу плIы, псори зэхэту IэщIагъэлI 450-м щIигъу щылажьэу. Ахэр «Рос­пот­ребнадзор»-м КъБР-м щиIэ Управленэрщ, Къабзагъэмрэ эпидемиологиемкIэ центру КъБР-м щыIэрщ, емынэ узыфэм пэщIэ­ты­нымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр станцырщ, Налшык къалэм дезинфекцэмкIэ и центрырщ.
Управленэм къызэритамкIэ, зэрыщыту къапщтэмэ, республикэм санитар-эпи­де­миологие щытыкIэр иужьрей илъэсхэм зэ­пIэзэрыту щыщытащ. 2020 гъэм и япэ ­мазихым узыфэ зэрыцIалэу, хьэпIацIэ зэмы­лIэужьыгъуэхэм къапкърыкI нэгъуэщI узы­фэхэу 50305-рэ щатхащ. 2019 гъэм елъы­тауэ, апхуэдэ узыфэхэр зэуалIэхэм я бжы­гъэр проценти 3,2-кIэ нэхъ мащIэ ­хъуащ.
Ныбажэуз, дифтерие, столбняк, паротит, щIыфэкъилъэлъ, нэгъуэщI узыфэ зэры­цIалэ шынагъуэхэм хуэдэхэр къайуэлIауэ наIуэ къащIакъым. Апхуэдэуи узыфэ лIэу­жьыгъуитхум хиубыдэхэм ягъэсымаджэ-хэм я бжыгъэри нэхъ мащIэ хъуащ, абыхэм энтеровирус, сальмонеллёз, фэрэкI, мэлхьэпIатIэхэр къазэредзэкъам къыхэкIа узы­фэхэр зэуалIэхэри яхэту.
ЗэIущIэм кърихьэлIахэм защыхуигъазэм КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ «Рос­пот­ребнадзор»-м зэфIигъэкI лэжьыгъэм къып­­хуэмылъытэным хуэдиз мыхьэнэ зэриIэр - абы елъытащ цIыхухэм я гъа-щIэр, я узыншагъэр, я зэIузэпэщ псэукIэр, фIагъ лъагэ зиIэ хьэпшыпхэр къращэ­нымкIэ, Iуэхутхьэбзэхэр къыхуащIэнымкIэ яIэ хуитыныгъэхэр хъума хъуныр, зы­хуей хуэза псэупIэ яIэнымкIэ шэсыпIэхэр.
Республикэм и УнафэщIым жиIащ эпи­демиологием ехьэлIа IэщIагъэм мыхьэ­нэшхуэ зэриIэр мы илъэс дызэрытым нэсу зэрызыхэтщIар, ар псом я дежкIи гъэу­нэхуныгъэу зэрыувар: «Роспотребна­д­зор»-м и лэжьакIуэхэр, ди эпидемиолог­хэр щIэуэ къежьа коронавирус узыфэ зэ­рыцIалэм пэщIэтыным ехьэлIа гугъуехь-хэм  я куупIэм къыхэхутащ икIи щIыхь пылъу я къалэнхэм пэлъэщащ.
Фи IэщIагъэм фIыуэ зэрыхэфщIыкIым, узын­шагъэр хъумэн IэнатIэм пэрытхэр ­псори зэдэууэ фызэрылэжьам я фIыгъэкIэ узыфэм егъэлеяуэ земыгъэубгъуныр фху­зэфIэкIащ, цIыхухэм я гъащIэхэр фхъумащ. Санитар-эпидемиологие къулыкъум пэрытхэм ипэжыпIэкIэ я пщэ къыдэхуащ къэралым и шынагъуэншагъэр хъумэн, ди республикэм щыпсэухэм я шынагъуэншагъэр хъумэн къалэныр», - къыхигъэщхьэхукIащ КIуэкIуэ К. В.
КъБР-м и Iэтащхьэр «Роспотребна­д­зор»-м и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм, санитар-эпидемиологие IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм-рэ а IэнатIэм и ветеранхэмрэ я IэщIагъэм ехьэлIа махуэмкIэ ехъуэхъуащ, я Iэзагъи, я къаруи емыблэжу зэрылажьэм папщIэ фIыщIэ яхуищIащ, узыншагъэ быдэ, я лэ­жьыгъэ мытыншым ехъулIэныгъэхэр ща­Iэну зэригуапэр къыхигъэщащ: «Фэ фохъумэ цIыхухэм я зэIузэпэщыгъэри, дэтхэнэ зыри зэIузэпэщу фыпсэуну си гуапэщ!» - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
КъБР-м и къэрал санитар дохутыр нэхъыщхьэ Пагуэ Жыраслъэн КIуэкIуэ Казбек фIыщIэ хуищIащ и нэIэ къазэрытетым, я IуэхущIафэхэр нэгъэсауэ къызэрилъытэм папщIэ икIи къыхигъэщащ Управленэм и лэжьакIуэхэм я лъэр абы жан зэрищIыр, нэхъри егугъуу я къалэнхэр ягъэзэщIэным, абы коронавирус узыфэм КъБР-м зыщемыгъэубгъуным хуэгъэпса Оперативнэ штабым щызэфIагъэкIын хуейхэри хыхьэу, зэрытригъэгушхуэр.

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.