КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Хабзэр къызэгъэпэщынымкIэ сыт щыгъуи лажьэ зэщIэзыгъэуIуэ гупымрэ КъБР-м Экономикэ, жылагъуэ шынагъуэншагъэмкIэ и советымрэ я зэIущIэ зэхэт

Хабзэр къызэгъэпэщынымкIэ сыт щыгъуи лажьэ зэщIэзыгъэуIуэ гупымрэ КъБР-м Экономикэ, жылагъуэ шынагъуэншагъэмкIэ и советымрэ я зэIущIэ зэхэт КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и унафэм щIэту вэсэмахуэ екIуэкIащ.

Абы и лэжьыгъэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Т., Правительствэм и УнафэщI Мусуков А., федеральнэ инспектор нэхъыщ­хьэу КъБР-м щыIэ Мэкъуауэ Т., республикэм и гъэзэщIакIуэ властым и IэнатIэхэм, хабзэхъумэ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр, щIыналъэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэр. Iуэхухэм тепсэ­лъыхьыным и пэ къихуэу Урысей Федерацэм и Следственнэ комитетым кадр IуэхухэмкIэ и управленэм и уна­фэщI Горяйнов С. къызэхуэсахэм ­къаригъэцIыхуащ Урысей Федерацэм и Следственнэ комитетым Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ следственнэ управленэм и унафэщIу ягъэува, юстицэм и генерал-майор Потапов Андрей.
ЗэIущIэм къыщаIэта Iуэхугъуэхэм япкъ иткIэ тепсэлъыхьащ щIыналъэм и гъуэгухэм шынагъуэншагъэу щызе­кIуэным и щытыкIэмрэ ар къызэгъэпэщынымкIэ къалэнхэмрэ.
КъБР-м щыIэ Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэм къызэритамкIэ, 2020 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм республикэм щатхащ гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэу 265-рэ. Абыхэм щыхэкIуэдащ цIыху 65-рэ, 322-м фэбжь ­хахащ. Нэгъабэ и апхуэдэ лъэхъэнэм тепщIыхьмэ, чэфу рулым дэсхэм я зэранкIэ къэхъуа гъуэгу-транспорт нэщхъеягъуэхэр процент 23,8-кIэ, илъэситI иримыкъуауэ транспорт зе­зыгъэкIуахэр зыхэтхэр процент 32,6-кIэ нэхъ мащIэ хъуащ. Сабийхэр зы­хэхуа апхуэдэ Iуэхугъуэхэм проценти 8,3-кIэ, пассажир транспортыр зезыгъакIуэхэр зыхэтахэм процент 23,5-кIэ хэщIащ.
Гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм я щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщу къалъытащ гъуэгум зэрыщызекIуэ ­хабзэхэр уэим зэращIыр - къыхуэкIуэ лъагъуэм зэрытехьэр, зым адрейм зэрыхудимычыхыр, зэрызекIуэ псын­щIагъым зэрыщIрагъэгъур, ефауэ ру­лым зэрыдэсыр, къищынэмыщIауэ, уэрам гъуэгу сетхэм я щытыкIэр зэ­рымыхьэнэншэр.
БлэкIа мазихым къриубыдэу ­КъБР-м щыIэ МВД-м и ГИБДД-м и управленэм итхащ гъуэгум зэрыщызекIуэ хабзэр къызэрызэпаудам папщIэ административнэ тезыру мин 300-м щIигъу, абыхэм ящыщ мин 200-м щIигъур ­къахутащ автоматическэу ахэр зытх Iэмэпсымэхэм.
КъБР-м и Iэтащхьэм къыхигъэщащ, ялэжь Iуэхугъуэм щхьэкIэ къэмынэу, гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм я бжыгъэр куэду къызэрынэр. Абы и щхьэусыгъуэр зэхэгъэкIауэ, нэхъ хэ­къузауэ пэрытыпхъэщ. Япэ игъэщыпхъэхэм КIуэкIуэ К. къахигъэбелджы­лыкIащ профилактикэр. Ар зи пщэ къыдэхуэ IэнатIэ псори зэщIэгъэуIуауэ фIы къыпэкIуэу зэдэлэжьапхъэщ, ­гъуэгум зэрыщызекIуэ щэнхабзэмрэ законым хуащI пщIэмрэ къэIэтынри хэту.
ЩIэпхъэджащIэхэмрэ гъуэгум зэры­щызекIуэ хабзэхэр къызэпызыудхэм­рэ, къыхигъэщащ КIуэкIуэ К., жы­лагъуэм нэмыплъ къаритын хуейщ. Абы и щапхъэу щытыпхъэщ властым и щIыналъэ IэнатIэхэр.
КъищынэмыщIауэ, зэIущIэм щы­хэплъащ «ХьэрычэтыщIэ мащIэмрэ курытымрэ, щхьэзакъуэ хьэрычэ­ты­щIэм и жэрдэмхэр дэIыгъын» лъэпкъ проектымрэ «ХьэрычэтыщIэ Iуэху­гъуэхэр щрагъэкIуэкIкIэ административнэ къыпэубыдыныгъэхэр IухынымкIэ ебгъэтIылъэкI мыхъуну лэжьыпхъэхэм ятеухуауэ» УФ-м и Президентым и Указымрэ зэрагъэзащIэ щIы­кIэм.
Мы Iуэхум дыщIытепсэлъыхьым и щхьэусыгъуэщ, жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэм, пандемием и лъэхъэнэм ­къыхалъхьа къыпэубыдыныгъэхэм я зэран нэхъыбэу хьэрычэтыщIэ мащIэмрэ курытымрэ зэрекIар. Абы къыхэкIыу кIэлъыплъ, къэзыпщытэ IэнатIэхэм я лэжьыгъэр яубзыхун хуейщ быдэу хабзэм тету, республикэм ще­кIуэкI лэжьыгъэр зэрызэтеувэжыным хущIэкъуу.
КъБР-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, 2020 гъэм и мэкъуауэгъуэм ирихьэ­лIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щатхауэ ­щытащ хьэрычэтыщIэ мащIэмрэ куры­тымрэ я субъектхэу 19142-рэ, ­абыхэм ящыщу 5292-р юридическэ лицоуэ, 13850-р щхьэзакъуэ хьэры­чэтыщIэхэу. 2019 гъэм и апхуэдэ лъэхъэнэм елъытауэ хьэрычэтыщIэ мащIэмрэ курытымрэ я субъектхэм ­403-рэ яхэщIащ. Абы щыгъуэми юридическэ лицохэм 14 къахэхъуащ, щхьэзакъуэ хьэрычэтыщIэхэм 417-рэ якIэрыхуащ.
Республикэм и налог органхэм щагъэзащIэ коронавирусым и зэран зэкIа хьэрычэтыщIэ IэнатIэхэм щыла­жьэхэм защIэгъэкъуэнымкIэ Iуэху­гъуэхэр. 2020 гъэм накъыгъэм и 1-м щыщIэдзауэ налог къулыкъум къы­щыIахыу хуежьащ хьэрычэтыщIэ мащIэмрэ курытымрэ щылажьэхэм субсидие етынымкIэ лъэIу тхылъхэр. Абыхэм япкъ иткIэ 2020 гъэм и мэ­лы­жьыхьым хуэзэу сом мелуан 87,5-рэ, накъыгъэм - сом мелуан 93,6-рэ  ятащ.
КъБР-м и Iэтащхьэм къыхигъэщащ хьэрычэтыщIэхэм грантхэмрэ субсидиехэмрэ, къапщтэмэ, мэкъумэш ­хозяйствэм зэрыхухах щIыкIэр зэрегъэфIэкIуапхъэр, бжыгъэр зи лъабжьэ Iэмалхэри тегъэщIапIэ ящIу, ­Iулъхьэ тын-къеIыхыныр щамыгъэIэн папщIэ.
2020 гъэм зи пIалъэ икI лицензэ лIэужьыгъуэ 17-мрэ хуит къэзыщI лIэужьыгъуэ 27-мрэ, къищынэмы­щIауэ, IэщIагъэлIхэм я сертификат, аккредитацэ, хуит къэзыщI нэгъущI документхэм зы илъэс къыхупащэ.
Зытепсэлъыхьа IуэхугъуэхэмкIэ док­лад ящIащ КъБР-м щыIэ МВД-м и ­министр Павлов В., Транспортым кIэлъыплъынымкIэ КИФЩI-м щыIэ щIыналъэхэм зэдай щIыпIэ управ­ленэм и унафэщIым и къуэдзэ Пщыгуэш А., Бахъсэн муниципальнэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и ­Iэтащхьэ Балъкъыз А., КъБР-м эко­номикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Б. сымэ.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Прави­тельствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.