Коронавирус узыфэм КъБР-м зыщемыгъэубгъуным хуэгъэпса Оперативнэ штабыр мэлажьэ

КIуэкIуэ Казбек видео­конференц мардэм тету фокIадэм и 8-м иригъэ­кIуэкIащ коронавирус уз зэрыцIалэм Къэбэрдей-­Балъкъэр Республикэм зы­ще­мыгъэубгъуным хуэу­нэтIа лэжьыгъэхэр къызэ­рызэ­ра­гъэпэщымрэ а узы­фэм зэрыпэщIэтымрэ теу­хуа Iуэхухэр зэкIэлъы­зыгъа­кIуэ Оперативнэ штабым и зэIущIэр.

Абы щыхэплъащ щIыналъэм мы зэманым щы­щы­Iэ санитар-эпидемиологие щытыкIэм, КъБР-м и медицинэ IуэхущIапIэхэм я ­лэ­жьэ­кIэм, апхуэдэуи «Рос­пот­ребнадзор»-м къигъэув мардэхэр республикэм и егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм зэрыщагъэзащIэм.
КъБР-м щыIэ санитар дохутыр нэхъыщхьэ Пагуэ Жы­раслъэн зэрыжиIамкIэ, щытыкIэр щIыналъэм зэпIэзэрыту къыщонэж, нэхъыкIэ хъуркъым, зэуэ куэдым а узыфэр къеуалIэркъым. IуэхущIапIэ зэхуэщIахэм щылажьэхэм узыфэр къапкърыхьакъым. А псом къадэкIуэу, коронавирусыр зэуэлIахэм, сымаджэщым щIэмылъу зи тхьэмбылыр уз хъуахэм я бжыгъэм мащIэу къыхэхъуащ.
COVID-19-р къапкърыхьауэ фокIадэм и 8-м ирихьэлIэу къахутахэм я бжыгъэр цIыху 6757-рэ мэхъу, абыхэм ящыщу 6512-р хъужащ, а узыфэм цIыху 79-рэ илIыкIащ. Тест къэпщытэныгъэу псори зэ­хэту мини 156-м щIигъу ирагъэкIуэкIащ. Госпиталхэм сы­маджэ 536-м щоIэзэ, абыхэм ящыщу 27-р реанимацэм щIэлъщ. Узыфэр зэуэ­лIахэм я процент 13-м ар ­къазэрефыкIым и нэщэнэ­хэр мынаIуащэу япкърокI, ­къемыхьэлъэкIыу процент 49,3-м ящхьэщокI.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и медицинэ IуэхущIапIэхэр COVID-19-м зыщиубгъуа лъэхъэнэм зэры­лажьэм и гугъу ищIу къэп­сэлъащ КъБР-м узыншагъэр хъумэ­нымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам. Министрым жиIащ коронавирус зыпкъ­рытхэр щагъэхъужу республикэм госпиталу щы зэ­рыщыIэр, сымаджэщхэм псори зэхэту гъуэлъыпIэ 662-рэ зэрыщIэтыр, абыхэм ящы­щу 481-м цIыхур кислородкIэ зэрагъэбауэ Iэмэп­сымэхэр зэрешэлIар. Пыху­сыхум е респираторнэ вирус узыфэ зэрыцIалэм игъэсымаджэхэр зэуэ куэд дыдэ ­хъууэ хуежьэмэ, Iэмалхэр щыIэщ узыфэ зэрыцIалэхэр зыпкърытхэм щеIэзэ, гъуэ­лъыпIэ 1037-рэ зыщIэтыну медицинэ IуэхущIапIэхэр къы­зэIухынымкIэ. Узыфэ зэ­рыцIалэ шынагъуэхэм щапэщIэт госпиталхэм мы зэманым щыIэщ дохутыр 98-рэ, курыт, нэхъыщIэ медицинэ лэжьакIуэу 197-рэ.
КъБР-м цIыхухэр егъэджэ­нымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Езауэ Анзор къы­щыпсалъэм къыхигъэщащ республикэм курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт и IуэхущIапIэ псори мы зэманым махуэрыеджэ мардэм зэрытетыр, нэхъапэм зэрызэхалъ­хьам ипкъ иткIэ, дерсхэм щыщIадзэ зэманыр зэщ­хьэщыгъэкIуэтауэ ахэр зэры­лажьэр, сабийхэр щагъашхэ зэманри абы къыхэлъытауэ зэрыщытыр.
Урысейм ЦIыхухэр егъэ­джэнымкIэ и министерствэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэр къагъэсэбэпурэ кIэлъоплъ егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм узыфэ зэрыцIалэхэм зыщемыгъэубгъунымкIэ щыIэ Iэмалхэм. Коронавирусым, пыхусыхум е ОРЗ-м зэрызиубгъуам къыхэкIыу школхэр, классхэр щызэхуащIа къэ­хъуакъым мы зэманым ирихьэлIэу. «Роспотребна­д­зор»-м къызэригъэувым тету, егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм пщэдджыжь къэс цIыхум и пщтырагъыр къыщапщ, класс къэс езым пэш щхьэхуэ егъэбыдылIащ. Дерс­хэр щрагъэкIуэкI, ахэр щызэпагъэу зэманхэр зэ­темыхуэу, класс къэс сыхьэт бжыгъэ хэхам тету ирагъа­джэ, сабийхэм зыщагъэп­сэху, ахэр щеджэ пэшхэм жьы къабзэ щызэпрагъэху.
КъБР-м и Iэтащхьэм Оперативнэ штабым хэтхэм защыхуигъазэм жиIащ мардэ пыухыкIахэр щIэбгъэувын щхьэусыгъуэ нобэм ирихьэлIэу зэрыщымыIэр. Апхуэдэу щытми, эпидемиологие щытыкIэр къэлъытауэ, «Роспотребнадзор»-м и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и чэнджэщхэм тету, КIуэкIуэ Казбек КъБР-м и властым и гъэзэщIакIуэ органхэм, щIы­пIэ унафэр зегъэкIуэ­нымкIэ органхэм я унафэщIхэм пщэрылъ ящищIащ санитар мардэхэм къагъэувхэм тетын зэрыхуейр цIыхухэм ягурыгъэIуэным, абыхэм я узыншагъэр яхъумэжыным къыхуеджэным хуэунэтIа лэжьыгъэхэр щIагъэхуэбжьэну.
 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым. 

17.04.2024 - 16:05

ДУНЕЙПСО ЩIЭИНЫМ И МАХУЭ

«Тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэр дывгъэхъумэ» къыхуеджэныгъэм щIэту а махуэр гъэ къэс гъэлъэпIэным теухуа унафэр 1982 гъэм ЮНЕСКО зэгухьэныгъэм Фэеплъхэмрэ щIыпIэ хьэлэмэтхэмрэ хъумэнымкIэ и дунейпсо

17.04.2024 - 09:01

ЩIЫХЬЫЦIЭ КЪЫХУАГЪЭФАЩЭ

Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ, Ингуш, Осетие Ищхъэрэ - Алание республикэхэм я цIыхубэ артист, «Адыгейм и ЩIыхь» медалыр зыхуагъэфэща уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Нэхущ Чэрим иджыблагъэ къра

17.04.2024 - 09:01

ДУНЕЙ ПСОМ ЩЫЦIЭРЫIУЭ АДЫГЭ БЗЫЛЪХУГЪЭМ ТЕУХУАУЭ

Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ дунейм щыцIэрыIуэ бзылъхугъэ Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан теухуа «Черкешенка» тхылъыр.

17.04.2024 - 09:00

ВАГЪУИЩЫМ Я НЭХЪ ЦIЫКIУМ

Астрономхэм къызэрахутауэ, ди Дыгъэм хуэдгъэдэну нэхъ тпэгъунэгъуу уахэм зыщызыгъазэр вагъуищу зэхэт Альфа Центаврэ гуэрэным хыхьэ Проксимэ Центаврэщ.