Москва Iэ щытрадзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ Урысейм щIэныгъэхэмкIэ и академиемрэ зэрызэдэлэжьэнум теухуа зэгурыIуэныгъэм

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ Москва щыхуэзащ Урысейм щIэныгъэхэмкIэ и академием и президент ­Сергеев Александр.

ЗэIущIэр теухуауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэ­рымрэ РАН-мрэ къэралым и щIэныгъэ-техникэ зыужьы­ныгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм хуэщхьэпэну проектхэр гъэхьэзырынымрэ ахэр гъэзэщIэнымрэ я лъэныкъуэкIэ адэкIи зэрызэдэлэжьэну щIыкIэм, апхуэдэуи РАН-м и Ипщэ центрым и IуэхущIафэхэр егъэфIэкIуэ­ным хуэунэтIауэ щыIэ Iэмалхэм.
Лэжьыгъэ IуэхукIэ зэIущIахэм Iэ традзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ Урысейм щIэныгъэхэмкIэ и академиемрэ зэрызэдэлэжьэнум теухуа зэгурыIуэныгъэм.
Дэфтэрым щыубзыхуащ РАН-мрэ КъБР-м и Пра­вительст­вэмрэ щIэныгъэ, щIэныгъэ-техникэ и лъэны­къуэкIи, IуэхущIэхэр къыхэлъхьэным ехьэлIа унэтIыныгъэхэми зэрыщызэдэлэжьэну щIыкIэр, а IэнатIэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщиужьыным щIэгъэкъуэн хуэхъуну Iуэхухэр.
Зэгъусэу зэфIагъэкIыну лэжьыгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэу къагъэлъэгъуащ - щIэныгъэ, щIэныгъэ-техникэ программэхэм къыщыгъэлъэгъуахэр гъэзэщIэныр; щIэныгъэ, IуэхугъуэщIэхэр къыхэлъхьэным елэжь IуэхущIапIэхэр КъБР-м и экономикэм къыхуэщхьэпэну Iуэхухэм къыхэшэным сэбэп хуэхъуну проектхэр зэхэлъ­хьэныр, ахэр гъэзэщIэнымкIи защIэгъэкъуэныр; республикэм Iуэху щызыщIэ субъектхэм, щIэныгъэ, Iуэху­гъуэщIэхэр къыхэлъхьэным хуэгъэпса IуэхущIапIэхэм заужьын папщIэ ахэр щIэныгъэ-техникэ IэнатIэм дзей щызэхуэхъунымкIэ защIэгъэкъуэныр; технологие ­лъагэхэр, щIэныгъэ къэхутэныгъэхэр зи лъабжьэ IэнатIэхэм проектхэр къыщыхэхыным, щыпхыгъэкIыным хуэунэтIауэ зэдэлэжьэныр; щIэныгъэ-педагогикэ, уна­фэщI кадрхэр щIэныгъэмрэ инновацэмкIэ IэнатIэхэм папщIэ гъэхьэзырыныр.

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.