Гугъэ мыушэ щыIэкъым

И лэ игъуэр къеIэтыж, жаIэ адыгэхэм, Iуэхум псэ хэзылъхьэжхэм папщIэ. Лъэпкъым и щIэжым зыкъыщиIэтыж лъэхъэнэм ирихьэлIэу къэхъея Куржы-Абхъаз зауэм хэта ­щIалэхэм лIыгъэм, къуэ­шыгъэм, напэм я уасэр зыхуэдизыр зэрып­сэе­мыб­­лэжымкIэ къагъэлъэгъуат, а псор цIыхугъэм и пкъощIэсэу зэрыщытри цIыхум я фIэщ ящIыжат. Зи лIыгъэ щIагъэ зыущэхуа куэдым, фIы зыщIэу псым хэзыдзэжа ди лъэпкъэгъухэм я къэгъуэ­тыным, я цIэр фIыкIэ иджыри зэ къиIуэным, лъы­тэным хуэгъэзат Куржы-Абхъаз зауэм хэта щIалэхэм я зэгухьэныгъэм иужьрей лъэхъэнэм иригъэкIуэкI Iуэхугъуэхэр. ­Зауэм абхъазхэм текIуэ­ныгъэр къызэрыщахьрэ илъэс 25-рэ зэрырикъум ирихьэлIэу къыдагъэкIа медалыр зейхэм зэрыратыжым Куржы-Абхъаз ­зауэм и ветеран, пащтыхь ­Лиуан ЕтIуанэм и цIэр зе­зыхьэ дамыгъэр зыхуа­гъэфэща, зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Щэрдан Тимур Зеикъуэ къуажэм дыщеп­сэлъащ.

- Тимур, дызэрыщыгъуа­зэщи, жылэ-жылэкIэ къы­зэ­хэфкIухьурэ унагъуэ куэ­дым фахохьэ, гъэфIэж зэIущIэ­хэр ивогъэкIуэкI. КIэщIу укъыт­хутеп­сэ­лъы­хьамэ ди гуапэт зи ужь фит Iуэхур зы­хуэдэм.
- Псом япэрауэ, «Адыгэ псалъэ» газетым фIыщIэ хуэсщIыну сыхуейт и нэIэ къыттету, едгъэкIуэкI Iуэхугъуэхэм мыхьэнэ ириту, фIэ­гъэщIэгъуэну къызэ­рыткIэлъыплъым папщIэ. ЕтIуанэрауэ, къыхэзгъэ­щынут унагъуэхэм дащIы­хыхьэ,  цIыхур  щIызэхуэс ­мы медалыр Абхъаз къэ­ралыгъуэм и унафэкIэ 2018 гъэм ящIауэ зэрыщытар, ар иджы илъэс 25-рэ ирикъуа ТекIуэныгъэр къэхьыным зи гуащIэ хэзылъхьа псоми зэ­рыхуагъэфэщар.
Нэгъабэ, иджы хуэдэхэм, Абхъазым сыщыкIуам, а ­хэкум и къулыкъущIэхэм ­медаль 364-рэ къызатыжат, ди республикэм къэсшэжу зи цIэ къраIуахэм зэхуэсыш­хуэ­кIэ еттыжыну. Абхъаз къэ­ралыгъуэм и лIыкIуэ­хэри, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал Iуэ­хущIакIуэхэри хэту къызэдгъэпэщыну зытедухуа мы гуфIэгъуэ зэхуэсыр зы махуэкIи махуитIкIи зы щIы­пIэм деж зэрыщытхуемы-гъэ­кIуэкIынури, зэхуэсы­гъуэ пIалъэ кIэщIым дызэ­ри­мы­тIэсэнури зэуэ наIуэ хъуат. Абы и пIэкIэ а Iуэ­хугъуэ­хэр щIыналъэхэм щедгъэ­кIуэ­кIыну тедубыдащ. Пэжыр жыпIэмэ, ап­хуэдэ Iуэху бгъэ­дыхьэкIэр нэхъ тэрэзу къы­щIэкIащ. И егъэ­кIуэ­­кIыкIэкIи, и зэхэты­кIэ­кIи.
Апхуэдэу, псалъэм папщIэ, цIыхуми гукъинэж ящыхъуу, дэри арэзы ды­къищIу зи гугъу тщIы зэIущIэхэм хуэдэ купщIафIэу щекIуэкIащ Бахъсэн, Шэ­джэм, Аруан, Лэскэн, Тэрч щIыналъэхэм, Куржы-Аб­хъаз зауэм хэтахэри, я Iыхь­лы­хэри, щIыпIэ уна­фэщI­хэри, жылагъуэ лэжьакIуэ­хэри, щIалэгъуалэри кърихьэлIэу.
- Тимур, медалыр зейхэм еты­жыныр хэмыкIэсауэ пIэрэт?
- Дэ ди гугъащ едгъэ­кIуэкIа зэIущIэхэм я Iэщ­хьэIулIэжу фIыщIэтыж пшы­­хьышхуэ зэхуэтшэсу Iэ­тауэ Налшык къалэ щедгъэ­кIуэкIыну. АрщхьэкIэ дунейр зэщIэзыубыда узы­фэм и зэранкIэ тхуемыгъэ­кIуэкIыу къэнэжащ. Iуэхур апхуэдэу къэувыIа хъуа щхьэ­кIэ, дэ дыкъэувыIэ ­хъунутэкъыми, медалхэр зы­Iэрыдгъэхьэжын хуейхэр къэдгъуэтым, я унагъуэ-   хэм дихьэурэ яхуэдгуэшыжу едгъэжьащ. Ди Iуэхур кIыхьлIыхь зыщIар мып­хуэ­дэ медалхэр зэтыжын хуейхэм щыщу цIыхуи 100-м нэблагъэр дымыцIыхуу, зыщыпсэур дымыщIэу ­къы­зэрыщIэкIаращ.
Ар гъэщIэгъуэнкъым, сы­ту жыпIэмэ, щIалэр зэуа­пIэм Iухьэщ, зы зэуэгъуэ ирихьэкIри, щхьэусыгъуэ зэ­хуэмыдэхэм къыхэкIыу и унэ игъэзэжащ, зэрихьа лIыгъэм и хъыбарри хэIущIыIу имыщIыщэу и щхьэ Iуэху зэрихуэу ежьэжащ. Зэрахьа лIыгъэм темып­сэлъыхьу я пщIантIэ дэтIыс­хьэжахэр къыдогъуэтыж, фIыщIэ тхылъхэр щIыгъуу медалхэр ядотыж. Медалыр пхъуантэдэлъ пщIы ­хъунукъым, ар къэзы­лэ­жьам Iэмалыншэу Iэрыгъэ­хьэжын хуейщ.
КъинэмыщIауэ, ТекIуэныгъэр абхъазхэм къызэ­рахьрэ илъэс 25-рэ ирикъуа нэужьщ ар гуэшын щыщIа­дзар. Дапхуэдэу щымыт-ми, ар ди деж къэсыхукIэ цIыху 12 дунейм ехыжащ. Псэу щIыкIэ яIэрымыхьэжами, ар зейм и Iыхьлыхэм я дежкIэ апхуэдэ гулъытэр куэд и уасэщ. Абыхэм я ­адэ-анэхэм, къыдалъ­хуахэм, я бынхэм медалыр щеттыжым деж гуфIэнэп- су щIагъэкIым длэжьым и пщIэр зэрымыцIыкIур зы­хыдегъащIэ. ДэркIэ Iэджэ и уасэщ «фщыгъупщакъым», «фигу илъщ» жаIэу дигу къызэрыдрашейр.
- Тимур, зэрыжыпIащи, мы Iуэхугъуэр къэрал уна­фэ­кIэ къежьа хъуащ. Фэ зэв­гъэуIужа списокым къы­­зэ­щIиубыдэр Iэщэ иIыгъыу зэуапIэм Iухьа къудейхэра хьэмэрэ мащIэ зи куэда ­Абхъазым щекIуэкIа зауэм зыгуэр-кIэ зыщIэзыгъэкъуа, зи псалъэ щызыгъэIуа, сом хэзылъхьа, хущхъуэ, ерыскъы яхуезыгъэшахэри ­хиубыдэрэ?
- Пэжу гу лъыптащ, Му-рат. Iэщэ зыIыгъыу зауэм хэтахэр дэркIэ къэгъуэты­гъуейкъым, ауэ, зы зэуэгъуэ ирихьэкIыу и унэ кIуэжахэр, зи гугъу пщIауэ, гугъуехь хэхуа абхъаз цIыхухэм ядэ­Iэпыкъуахэр, щтапIэ ихьэжу зэбгрыкIахэр зи унэ щIэ­зыгъэсахэри, шхынрэ хущхъуэкIэ я нэIэ тету къе­кIуэкIахэри а списокым хэ­лъыта хъуащ. Ахэр гугъу ­зыдехьа цIыхухэм, дауи, къы­­хуащIахэр ящыгъупщакъым. ФIыщIэхуэщIэуи мо списокыр щызэрагъэ­пэщым храгъэтхащ. Аб­хъазым сэ къисшыжа медалхэм нэхърэ фIыуэ нэхъыбэт списокым ит бжыгъэр зэрыхъуу щытар. Ауэ ди зэхуакум зэпыщIэныгъэ­хэр дэлъщ, куэд зэкIэлъокIуэри, Абхъазым кIуэм къыздишэжми, къакIуэхэм къыздахьыжми, нобэ дэ къытхуэнам хуэдизщ щыIэ­жыр. Арыххэуи мы списокым дэIэпыкъуэгъу, щIэгъэкъуэн хъуахэри хэтщ.
- Дауэ къащыхъурэ фы­зы­хы­хьэхэм мы Iуэху­гъуэр?
- ПщIэрэ, Мурат, дэнэ дымыкIуами, ди зэIущIэхэм щIалэгъуалэ кърохьэлIэ.  Ди ужькIэ къэнэну ныбжьы­щIэхэр ди IуэхущIафэхэм щыгъуазэу, ар щапхъэ яхуэхъуу щытыныр зауэм хэтахэм псоми ди хъуэпсапIэщ. Дэнэ щIыпIэ дымыкIуами, Абхъазым щекIуэкIа лъы­гъажэм ехьэлIауэ трахауэ щыта кинофильм кIэщIхэр ягъэлъэгъуащ, щIалэгъуа­лэм уэрэдхэр, усэхэр жа-Iащ, зауэм хэтахэм я гукъэ­кIыжхэмкIэ щIэблэм ­дэгуэшащ. Псалъэм къару иIэщ. Абы  уиузэщIынущ,  абы икIи уигъэжэкъуэнущ. ­Игъуэу жыIа хъуам фIагъыу къимышэ щыIэкъым. Аб­хъаз щIыналъэм щекIуэкIа зауэр абы исхэм я щхьэхуитыныгъэр, я жьэгу пащхьэр хъумэным хуэунэтIауэ зэ­рыщытыр, я Iыхьлыхэм ­къащыжыным зэрыхуэгъэзар тегъэчыныхьауэ ябгъэ­дэплъхьэмэ, щапхъэкIэрэ яхузэпкърыпхмэ, езыхэри щалъхуа щIыпIэм и лъа- пIэ­ныгъэм хуигъэушынущ, Хэку хъумэным къикIым ­епха гупсысэхэм хуишэ-нущ. Арыххэуи, мы медаль тыжыныр къызэрыкIуэ зэ­хуэсу мыхъуу, гъэсэныгъэ мыхьэнэ зиIэ лэжьыгъэуи къэплъытэ хъунущ. Абы и IуэхукIэ упсалъэмэ, дэ, яхы­хьэхэми, дызыхыхьэхэми тщIэр къызэрытщыхъур гу­ры­Iуэгъуэ хъу къысщохъу.
- Тимур, зым и дежкIи щэ­ху­къым адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ я зэхущы­ты­кIэм щIыIэ гуэр дэлъ зэрыхъуар. Мыпхуэдэ гулъытэ щIыныр ди зэхущыты­кIэхэм хуэщхьэпэну пIэрэ?
- Узахуэщ, Iуэхум жыжьэ ды­дэу фIэкIа хэзымыщIыкIми ещIэ а щIыIагъыр зэры­щыIэр. Абхъаз щIыналъэм и щхьэхуитыныгъэм щIэ­зэуну езыхэм яфIэфIу кIуа щIалэхэм я махуэр, шыщ­хьэуIум и 15-р, Iэтауэ щагъэ­лъэпIащ Абхъазым. Зауэм хэта щIалэхэм ящыщ куэд абдеж къыщынащ, я псэу­ныгъэри а щIыналъэм епха хъуащ. КъыдэхъулIэмэ, ахэ­ри дэри дызэхуэсу ди Iуэ-хум дрипсэлъэнущ, абы хэлъ зэхэмыбзхэр зэрыдгъэ­кIуэдыным шэщIауэ я щхьэ­фэ диIэбэнущ. Ди гукъеуэ­хэм унафэ пыухыкIа тещIыхьауэ, лъэныкъуэ псо-ми ди псалъэр зэтес хъуауэ Абхъаз къэралыгъуэм и Iэтащхьэм деж дыщIыхьэну ди гугъэщ. Абы мис а зи ­гугъу пщIы щIыIагъэр къэ­зышэ щхьэу­сыгъуэхэмкIэ деп­сэ­лъы­лIэнущ, ахэр гъэ­кIуэда зэрыхъунум и гугъур къэ­тIэ­тынущ. ДэркIэ гуры­Iуэгъуэщ ди пщIэр дымы­Iыгъыжмэ, ди Iуэхур дэ ды-мыгъэкIуатэмэ, дэIэпы­къуэгъу щIагъуэ дызэримыIэнур. Iэщэр къэзыщтэу зауэ Iухьа щIалэхэр псори - Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэ­рэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Шапсыгъым икIахэр - дызэрызэ­къуэ­тыр, ди акъыл зэрызэтехуэр ялъагъумэ, мыкIуатэр зэ­ры­кIуэтэнум шэч хэлъкъым. Дызэрызэхущытыр нахуэ ящытщIмэ, ди гуныкъуэ­гъуэхэми кIуэрабгъу гуэр яIэну къыщIэкIынщ. Ди зэхуаку дэлъ щIыIагъэр ап­хуэдэурэ къэдгъэувыIэу зэтес зэрытщIыным, ди зэ­хущытыкIэр зэредгъэфIэ­кIуэ­ным делэжьынущ. Сыт хуэдэ Iуэхури гуращэ дахэм къыхэкIын, гуращэ дахэкIэ зэблэхын хуейщ. Ди щIалэхэр псори зи ужь дитыр аращ. Мы етхьэкI IуэхущIа­фэхэри апхуэдэ гулъытэщ къэзыгъэщIари, Iэхъуэгъуэ­тегъэкI дымыщIу дыщIы­пылъри аращ.
Гугъэ мыушэ щыIэкъым, фIыщ псори дызыпэплъэр.
 

Епсэлъар ТАБЫЩ Муратщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.

08.05.2024 - 09:03

ЗИ НАПЭ ЕМЫПЛЪУ ЛЪЭБАКЪУЭ ЗЫМЫЧА

ТхакIуэ, журналист Къудей Владимир илъэс 70 ирокъу

08.05.2024 - 09:02

РАДИОМ И МАХУЭМ ТЕУХУА ТЕЛЕЧЭЩАНЭ ДЖЭГУ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэгъэгушхуэм къызэрацIыхуж телечэщанэ цIэрыIуэр Радиом и махуэм ирихьэлIэу нурыбэу къызэщIагъэблэнущ, идз нэхум хэлъ тхыпхъэхэр макъамэрэ уэздыгъэ джэгуу зэхэту яутIыпщынущ.

08.05.2024 - 08:10

ЛIЫГЪЭР ЗЫГЪЭУНЭХУАР

(Нарт тхыдэжь)

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI