«Iуащхьэмахуэ и уэрдыхъу»

ФокIадэм и 5-м Iуащхьэмахуэ лъапэ щызэхуащIыжащ «Эльбрусское коль­цо-2020» альпинизмэмкIэ зэхьэзэхуэм и дунейпсо Iыхьэр. Абы щагъэлъэпIащ зэпеуэм щытекIуахэмрэ къы­щыхэжаныкIахэмрэ.

ГуфIэгъуэ зэIущIэм хэтащ Урысей Федерацэм зыхъумэжыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Панков ­Николай, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, УФ-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм физическэ зыгъэ­хьэ­зырыныгъэмрэ спортымкIэ и управленэм и унафэщI, полковник Зыков Андрей, судьяуэ зэхьэзэхуэм щыIахэм я лIыкIуэхэр, зэпеуа гупхэм хэтахэмрэ абыхэм я унафэщIхэмрэ.
ЗэIущIэм щIидзэн и пэ Iуащ­хьэмахуэ лъапэ щызэ­хуэсахэм удз гъэгъахэр ­тралъхьащ ДзэлI альпинис­тым - Хэкум и хъумакIуэм и фэеплъ сыным.
- Си гуапэу Къэбэрдей­-Балъкъэрым и щIыгужьым фIэхъус щывызох, дунейпсо зэхьэзэхуэр ехъулIэныгъэ­-кIэ зэриухам щхьэкIи сыны­вохъуэхъу, - захуигъэзащ КIуэ­кIуэ Казбек къызэхуэсахэм. - Мыхьэнэшхуэ зиIэ мып­хуэдэ зэпеуэр ди лъахэм зэрыщекIуэкIар къытхуэфщI пщIэмрэ къыдэвгъэз дзыхьымрэ я щыхьэту къыдолъытэ. Абы папщIэ фIыщIэ хэха хуэсщIыну сы­хуейщ Урысей Федерацэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм.
КъБР-м и Iэтащхьэм ­къыхигъэбелджылыкIащ мып­хуэдэ зэхьэзэхуэхэм хэтахэр текIуарэ хагъэщIакIэ зэ­ры­зэ­­щхьэщамыгъэкIыр. «Псом­ нэхъыщхьэу къэс­лъытэр фэ нобэ фызэрызэкъуэтырщ, ныбжьэгъу фы­зэ­рызэхуэхъуарщ, фи Iэзагъымрэ зэфIэкIымкIэ фызэ­рызэдэгуэшарщ. А псори лъабжьэ хуэхъунущ Урысей Федерацэм и мызакъуэу, дуней псом къыщекIуэкI ­мамырыгъэмрэ шыIэныгъэмрэ», - дыщIигъуащ КIуэ­кIуэм.
Урысей Федерацэм зыхъу­мэжыныгъэмкIэ и минист­рым и къуэдзэ Панков Николай жиIащ КъБР-м щекIуэ­кIа джэгухэр къэрал зэ­мылIэужьыгъуэхэм IэщэкIэ ЗэщIэузэда я Къарухэм я зэдэлэжьэныгъэм, зэгуры­Iуэныгъэм шэсыпIэ лъэщ зэрахуэхъуар.
Зэхьэзэхуэм кърихьэлIахэм тхьэмахуитIым къриубыдэу къалэн хэхауэ 15 ягъэ­зэщIащ. Къапщтэмэ, ахэр километри 100-кIэ къы­зэдэжащ, бгыщхьэхэр, мы­лы­лъэхэр, псы ежэххэр къызэ­ранэкIыну, Европэм и щыгу нэхъ лъагэ дыдэ Iуащхьэ­махуэ дэкIащ.
А псоми ехъулIэныгъэхэр яIэу пэлъэща гупхэм ящыщу япэ увыпIэр хуагъэфэщащ УФ-м и Хьэуа-десант дзэлI гупым. ЕтIанэ увыпIэр Узбекистаным и щIалэхэм къахьащ. Ещанэр Ипщэ дзэ округым и командэ къыхэхам лъысащ.
 

НэщIэпыджэ Замирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.