«Шэрджэс дерби» зэпеуэр йокIуэкI

ФокIадэм и 1-м щегъэжьауэ и 10 пщIондэ КъБР-м «Шэрджэс дерби» зыфIаща шы зэхьэзэхуэ щокIуэкI. Дунейпсо мыхьэнэ зиIэ а зэпеуэм адыгэш фIэкIа хэткъым.

Шууей 11 хэту ежьа зекIуэ-зэпеуэм хэтхэм махуипщIым и кIуэцIкIэ километр 1000 зэпачыну къалэн зыхуагъэувыжащ. Пщэдджыжьым сыхьэтихым щегъэжьауэ пщы­хьэщхьэм 18 пщIондэ Нартан къуажэм ихъуреягъкIэ километр 25-рэ хъууэ пхаша лъагъуэм махуэм плIэнейрэ ирокIуэ шухэмрэ шыхэмрэ. А гъуэгуанэр зэпача нэужь, пщыхьэщхьэм километри 100 якIуауэ къыщIокI. Шухэр ежьэн и пэ сыхьэт иIэу, шы псоми Iэщ дохутырхэр йоплъ, къекIуэлIэжа нэужьи, щхьэж и километри 100-м тригъэкIуэда зэманыр яубзыху.
«Адыгэшым и фонд»-м игъэлажьэ напэкIуэцIхэм щы­гъуазэ дызэращIымкIэ, зэхьэзэхуэм хэтынухэм хуагъэува мардэм ипкъ иткIэ, шу узэдам и хьэлъагъыр килограмм 75 - 90-м я зэхуаку дэтыпхъэщ, езыхэр ныбжькIэ илъэс 18 нэхъ­рэ нэхъыщIэ хъунукъым. Зэхьэзэхуэм хэтыну хуитыр илъэси 7 нэхърэ мынэхъыщIэ, паспорт зиIэ адыгэшхэрщ. Зэпеуэм пыщIа лэжьыгъэхэр зэфIэзыхыр Мыз Исмелщ, къызэзыгъэпэщар Егъэн Ибрэхьимрэ Сибэч Артуррэщ.
Шухэр гъуэгу щытехьа япэ махуэм зэхьэзэхуэм хыхьащ: Зыхъуэ Замир, Абрэдж шым тесу; Алижан Анзор, Адмирал шым тесу; Къунаш Алимбэч, Горец шым тесу; Батырдэгу Рустам, Джахар шым ­тесу; Къуныжь Роберт, Инал шым ­тесу; Сибэч Артур, Нарт шым тесу; Къардэн Къазбэч, Уэщро шым тесу; ШэрыIужь Мурат, Тибард шым тесу; Джатэ Щамил, Шагъдий шым ­тесу.
Гуапэщ зэпеуэм балъкъэр щIалэ зэрыхэтри. Ар Буран шым тес Ураев Аристанщ.
Махуэ ещанэм ирихьэлIэу шым е шум я узыншагъэм и зэранкIэ, шу зэтесхэм я бжыгъэр 7-м къеIэбыхащ. ЗэкIэ псынщIагъкIэ япэ итыр Къуныжь Роберт зытес Иналщ.
ФIыщIэ лей хуэфащэщ мы зэхьэзэхуэм теухуа хъыбархэм езым и гукъыдэжкIэ щыгъуазэ дызыщI адыгэ блогер КIуэкIуэ Мурат. И интернет напэкIуэцIхэм зэхьэзэхуэр зэрекIуэкIыр къыщигъэлъагъуэм къыщымынэу, Мурат Iуэхум хэзыщIыкIхэр къигъэпсалъэурэ, адыгэшми абы елIалIэ шухэми я пщIэр еIэт. Мурат и фIыгъэщ, псалъэм папщIэ, къызэрытщIар «Шэрджэс дерби»-р зэрекIуэкIам теухуа фильм убгъуа ЕмкIуж Анзор игъэлажьэ «Кавказ-фильм» IуэхущапIэм зэригъэхьэзырыр. «Фыкъыдогъэблагъэ адыгэшымрэ адыгэлIымрэ я тхыдэщIэр щатх Налшык къалэ къыбгъэдэт Нартан къуажэм», - гуапэу захуегъазэ режиссерым дунейпсо цIыхубэм.
КIуэкIуэ Мурат зэпеуэр щекIуэкI губгъуэм къыщигъэпсэлъа тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Мэрзей Аслъэнбэч цIыхухэр зыщIэупщIэхэм жэуап иритащ. «Шыхэр гугъу ирагъэхь жаIэ щхьэкIэ, адыгэш лъэпкъым зиужьын папщIэ, мыпхуэдэ зэхьэзэхуэхэр щымыIэу хъунукъым, - жеIэ Аслъэнбэч. - Адыгэшыр адрейхэм къахэзыгъэщыр, зэрыбэшэчым и мызакъуэу, псынщIэу зэрыщытырщ. БэшэчагъымкIэ абы къытекIуэфынущ монголышхэр. Ауэ адыгэшыр псынщIагъэкIэ япэ йощ. Ар наIуэ къыщыхъур мыпхуэдэ зэпеуэхэрщ».
Зэхьэзэхуэм хэт дэтхэнэ зыми и зэфIэкIыр IэщIагъэлIхэм щхьэхуэ-щхьэхуэу къагъэлъагъуэ щхьэкIэ, Нартан къэ­пщытэныгъэм хэта дэтхэнэ зыми и цIэр адыгэшымрэ адыгэ лъэпкъымрэ нобэ къызэIуах напэкIуэцIыщIэм дыщэпскIэ итынущ.

Пщэдей, фокIадэм и 6-м, Мэзкуу щекIуэкIынущ Урысей Федерацэм и Президентым и саугъэтым папщIэ зэпе­уэнухэр зыхэтыну шыгъажэр. Ар къызэрегъэпэщ УФ-м ­мэкъумэшымкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Хьэту Жамболэт. Адыгэ лIыщхьэр иджыблагъэ КъБР-м щыхьэщIа ­къудейщ. ШыщхьэуIум екIуэкIа «Урысейпсо дерби» шы­гъажэм текIуэныгъэр зыIэрыхьауэ щытар Сыжажэ Руслан зытеса Людовикырт.

 

ЧЭРИМ Марианнэ. Гу зылъытапхъэ: Нобэ махуэ етхуанэ гъуэгу теувэну «Шэрджэс дерби» зэпеуэм и саугъэт фондыр сом 500. 000 мэхъу.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.