КIэрэф Тимур США-м щытокIуэ

Америкэм и Штат Зэгуэтхэм я Детройт къалэм ди лъахэгъу КIэрэф Тимур хэгъэрейхэм ящыщ Меткалф Келвин рейтинг зэпеуэм щыхигъэщIащ.
Детройт и «Kronk Gym» пэш цIэрыIуэм профессионал боксым и пщыхьэщхьэ ­дахэ щекIуэкIащ. Абы щызэхэта зэIущIихым языхэзым КIэрэф Тимур щытекIуащ хэгъэрейхэм ящыщ Меткалф Келвин. ­Раундийми тепщэныгъэр щызыIыгъа ди лъахэгъум зыми шэч къызэтрамыхьа текIуэныгъэр зыIэригъэхьащ. Апхуэдэ щыкIэкIэ адыгэ щIалэм профессионал рингым епщIанэ зэIущIэр щригъэкIуэкIати, псоми я хьэрхуэрэгъухэм щефIэкIащ.
Иужьрей ехъулIэныгъэм и фIыгъэкIэ, курыт хьэлъагъ зиIэ боксёрхэм я рейтингым КIэрэф Тимур нэхъри зыкъыщиIэтащ. Абы иджыри зы лъэбакъуэ лъэщ щичащ профессионалхэм я деж дунейпсо чемпионыгъэм щIэбэныным хуэзышэ гъуэгуанэ гугъум. Ар ягъасэ КIэрэфхэ ­Залымрэ Арсенрэ.

Жыласэ Замир.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 12:25

АЖЭГЪУЭМЭ - УЭСХЭКIЫКI - УЭСЧЭСЕЙ

Къэрал куэдым мэлыжьыхьым и 19-р «Ажэгъуэмэм и махуэу» щагъэлъапIэ. Абы гулъытэ хэIэтыкIа хуэщIыпхъэу къалъытэу, япэ дыдэу, I984 гъэм, Iуэхур къыщрахьэжьар Инджылыз къэралыгъуэрщ.    

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж