ЩIэблэр дыщэидэм, жьакIуагъэм хуагъасэ

Урысейпсо цIыхубэ фронтым (ОНФ) и «Равные возможности - детям» проектым хыхьэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым и волонтёрхэм ныбжьыщIэхэмрэ гупыж зиIэ балигъхэмрэ хуагъасэ дыщэидэ, дыщэкI, IэпэIэсагъэм ехьэлIа пасэрей IэщIагъэ дахэхэм. ЩIэблэр а унэтIыныгъэхэм хэгъэгъуэзэным теухуа мастер-класс гъэщIэгъуэнхэр махуищкIэ ирагъэкIуэкIащ. Абы жыджэру хэтащ зи ныбжькIэ зэщхьэщыха пщащэхэр.
ЦIыхуиблым щыщIэдзауэ пщIым нэблагъэу къызэрагъэпэща ныбжьыщIэ гупхэм ядэлэжьащ КIэбышэ Алинэрэ ­Къущхьэ Iэсиятрэ. ПщIэншэу къызэрагъэ­пэща дерсхэм ятеухуа хъыбархэр интернетым щызэбграгъэкIащ, гукъыдэж зиIэ псори IэпэIэсагъэм хэзыгъэгъуазэ Iуэхугъуэхэм екIуэлIэну Iэмал яIэн папщIэ.
А зэхыхьэхэм я щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэ хъуар хъыджэбзхэм зэрызагъэдахэ цIу­гъэ­нэхэмрэ хьэпшып цIыкIуфэкIухэмрэ езыр-езыру ящIыфу, дыщэидэ, уагъэ, хэ­дыкI IэпэIэсэ IэщIагъэхэр зрагъэщIэну зэ­рыщIэхъуэпсырщ. Бзылъхугъэхэм зэрызагъэдахэ цIугъэнэ зэмылIэужьыгъуэхэр гъущIым къыхэIущIыкIыным ехьэлIа дэтхэнэ зы художественнэ дерсри сыхьэ­ти­щым щыщIэдзауэ тхум нэблагъэкIэ екIуэ­кIащ, дыщэидэм хухахахэми хуэдэу. А зэхуэсхэм пщащэхэм щIэ куэд къыщащIащ.
Иужьрей мастер-классхэр езыгъэ­кIуэкIар проектым и волонтёр Къущхьэ ­Iэсиятщ. Абы зэрыжиIамкIэ, щIыналъэм ис щIалэгъуалэр лъэпкъхэм къадекIуэкI дыщэидэ IэщIагъэм куэд щIауэ дахьэх икIи а IэпэIэсагъэм республикэм исхэр хэгъэгъуэзэныр, абы зыщрагъэужьыныр щхьэпэу къалъытэ. Аращ унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ мастер-классхэр иджыри къызэрагъэпэщыну щIаубзы­хуар. Апхуэдэ дерсхэр зыфIэгъэщIэгъуэну екIуэлIа дэтхэнэми ехъулIэныгъэхэр зы­Iэрагъэхьащ. Псом хуэмыдэу ахэр къахуэсэбэпынущ а пасэрей IэщIагъэхэм ­хуеджэну зи мурадхэм.
КъищынэмыщIауэ, Урысейпсо цIыхубэ фронтым (ОНФ) и «Равные возможности - детям» проектым хыхьэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым и волонтёр жыджэр­-хэм жьакIуагъэмкIэ мастер-класс къы­ху­зэрагъэпэщащ Налшык къалэм и гимназие №4-м и гъэмахуэ лагерым зыщызыгъэпсэху ныбжьыщIэхэм.
Зэхыхьэр ирагъэкIуэкIащ 2 - 8 классхэм щIэс еджакIуэхэм папщIэ. Абы къриу­быдэу ныбжьыщIэхэр Iуэху зэIумыбз зэ­мылIэужьыгъуэхэм «хэхуащ» икIи дипломат Iэмалыр къагъэсэбэпурэ хэкIыпIэхэр къагъуэтащ. Апхуэдэт цIыху акъы­лы­фIэ­хэм я жыIэгъуэхэр зэпкърыхыныр, театр теплъэгъуэ гъэщIэгъуэнхэм щыджэгу­ныр, жьакIуагъэмкIэ и лъабжьэхэм зыхэгъэгъуэзэныр.
НыбжьыщIэхэм къыхузэIуахащ жьакIуа­гъэм и щэхухэр - цIыху гупым я пащхьэм умышынэу икIи зэхуэсахэр уи псалъэхэм дахьэхыу укъызэрыщыпсэлъэну Iэмалхэр. Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэу 25-м ящыщ еджакIуэхэр зэкIуалIэ гимназием щынэхъыщхьэу къагъэлъэгъуар ныбжьы­щIэхэм яку ныбжьэгъугъэрэ зэгуры­Iуэрэ дэлъу къызэдекIуэкIынырщ.
Дерсхэр езыгъэкIуэкIахэм къыхагъэщащ пэщIэдзэ, курыт классхэм екIуа­лIэ­хэм щIэныгъэр занщIэу «зыщIашэ» икIи жьакIуагъэм хуеджа ныбжьыщIэхэм класс нэхъыжьхэм ар IэщIагъэ ящIыну мурад ящIмэ, къахуэщхьэпэжынущ.
НыбжьыщIэхэм дерсхэр щIэщыгъуэ ящыхъуащ, псалъэухахэм я къэпсэ­лъы­кIэр егъэфIэкIуэным, цIыхухэм я пащ­хьэм къыщыпсэлъэным ехьэлIа лэжьыгъэхэр яфIэгъэщIэгъуэну ирагъэкIуэкIащ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Урысейпсо цIыхубэ фронтым и «Равные возможности - детям» проектыр 2017 гъэм и гъат­хэпэ мазэм къыхалъхьащ, гупжьей зэмы­лIэужьыгъуэхэм екIуэлIэну дэтхэнэ зы ­сабийми Iэмал иIэн папщIэ. КъыжыIапхъэщ, ар гъэзэщIэным къэралым и щIы­налъэ псоми иджыри зэрыщыпащэр икIи абы хыхьэу еджакIуэхэр республикэм и IуэхущIапIэхэм яшэну, творческэ мастер-классхэр, прикладной гъуазджэм и Iэп­щIэ­лъапщIэхэм я зэIущIэхэр къыхузэрагъэпэщыну зэраубзыхуар.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.