Къэрал ныпым и къарур

Урысей гвардием Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм Налшык къалэ ведомствэм щIэмыт и хъумакIуэ IэнатIэм и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ, полицэм и полковник КIарэ ­Заур шыщхьэуIум и 22-м къулыкъум пэрыхьэну гуп щхьэхуэр щигъэгъуэзащ а махуэм ягъэлъапIэ Урысей Федерацэм и къэрал ныпым теухуауэ Конституцэм къыщыгъэлъэгъуам.
Офицер нэхъыщхьэм я лэжьакIуэхэм ягуригъэIуащ плъыфищу зэхэт Урысейм и ныпым и мыхьэнэр, апхуэдэуи ягу къигъэкIыжащ хабзэр къызэпызыуду ар къэзыгъэсэбэпхэм УФ-м и законхэм къызэрыщыгъэлъэгъуам тету жэуап зэрихьынур.
- Къэралыгъуэм и сыт хуэдэ махуэшхуэри мыхьэнэ ин зиIэщ, лIыгъэм, Хэкум худиIэ пэжыгъэмрэ фIылъагъуныгъэмрэ я нэ­щэнэщ, лъэпкъхэм и псэкупсэ къарумрэ ­зэкъуэтыныгъэмрэ я лъабжьэщ. Апхуэдэ махуэшхуэхэм къэралымкIэ диIэ гушхуэ­ныгъэм хегъахъуэ, Урысейм и къэкIуэнум фIыкIэ дыхуегъаплъэ. УФ-м и къэрал ны­пым и махуэм къуаншагъэ зезыхьэхэм, ­хабзэр къызэпызыудхэм екIурабгъуншэу ­фахущыт, хэкупсэ гурыщIэхэр фымыгъэпщкIуу хэкум и дамыгъэ лъапIэхэм пщIэ зэрахуэщIыпхъэм и щапхъэ къэвгъэлъа­гъуэ, - захуигъэзащ Урысей гвардием ­къулыкъу щызыщIэхэм КIарэ Заур.

Тхьэхущынэ Ланэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.