Табыхъу Мадинэ къыхилъхьа жэрдэмыр

ШыщхьэуIум и 17-м ­КъБР-м и профсоюз Iуэ­ху­­щIапIэхэм я зэгухьэныгъэм и пэшышхуэм ще­кIуэкIащ щIалэгъуалэр я щIэныгъэкIэ щызэпеуа «Сыт? Дэнэ? Дап­щэщ?» джэгур.
Абы хэтащ республикэм и еджапIэ нэхъыщ­хьэ­хэм­рэ курыт щIэныгъэ щрат еджапIэхэмрэ щIэс ныбжьыщIэ 50-м нэблагъэ.
Джэгу-зэпеуэр къызэрагъэпэщащ студентхэм я щIэныгъэмрэ къэухьымрэ храгъэгъэхъуэн, зрагъэу­жьын мурадкIэ.
Акъыл зэпеуэм и уп­щIэ-хэр теухуауэ щытащ ­пса­лъэжьхэм, цIыху цIэ­рыIуэхэм я жыIэгъуэхэм, тхыдэм, спор­тым, псалъэ шэрыуэхэм, нэгъуэщI куэдми.
А Iуэхур зи жэрдэмыр Табыхъу Мадинэщ. Ар къы­зэригъэпэщын щхьэкIэ 2019 гъэм абы ахъшэ саугъэт къыщыхуагъэфэщащ Кавказ Ищхъэрэм ис щIалэ­гъуалэм я «Мэшыкъуэ» зэпеуэм. Абы къыхилъхьа ­проектыр даIыгъащ Къалэн куэд щызэфIагъэкI цент­рым, «КъБР-м волонтёр Iуэхум зыщезыгъэужь ресурс ­центрым», Къэ­рал, жылагъуэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я урысейпсо профсоюзым и ­къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм.
Проектыр Iыхьищу гуэ­шауэ гъэзэщIэным теухуат. Япэр - ищхьэкIэ зи гугъу тщIа «Сыт? Дэнэ? Дап­щэщ?» акъылжан зэпеуэр республикэм курыт щIэ­ныгъэ щрагъэгъуэт и еджапIи 6-мрэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрату щымрэ я студентхэм ятещIыхьауэ егъэ­кIуэ­кIын­ырт. ЕтIуанэ Iыхьэм деж абыхэм ящыщу текIуахэм я щIыналъэ зэ­хьэ­зэхуэр къызэрагъэ­пэ­щы­нущ. Апхуэдэуи проектым ипкъ иткIэ «Интеллект в игре» щIалэгъуалэ клуб къы­зэIуахыну я мурадщ. Псори зэхэту мы Iуэхум щIалэгъуа­лэ 535-рэ къызэщIеубыдэ.

БаГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.