Кливленд пцIэгъуэплъымрэ адыгэшымрэ зэхуаIуэхур сыт?

Инджылыз пащтыхь ­гуащэ Елизаветэ ЕтIуа­нэм куэд щIауэ игъэныбжьэгъу, илъэсибл зи ныбжь,­ кливленд шы лъэп­къым щыщ Арлекин егъашхэ.
Тхыдэ
Лъэрызехьэхэм кхъухьлъатэ щызэрагъэ-пэщ ди лъэхъэнэм шы зехуэныр пасэрей хьэлу къащохъу нэхъыбэм. КуэдкIэ нэхъ гъэщIэгъуэнщ а зэман дыдэм адыгэшым и пщIэр езым и хэкум нэхърэ и гъунэгъухэм; ­гъунапкъэм уикIмэ - цивилизацэм и курыкупсэм ис европей лъэпкъхэм я деж зэры­щынэхъ лъагэр.
«Адыгэхэр, хьэрыпхэм ещхьу, шы лъэп­къыр къабзэу къэнэным ямылейуэ хуо­сакъ, абы утеплъэкъукIыныр къуаншагъэшхуэу ­къалъытэ», - етх епщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм Кавказым щыIа нэмыцэ ботаник Кох Карл.
Шы гъэхъунымкIэ урысейпсо щIэныгъэ­ры­лажьэ институтым и Налшык къудамэм и уна­фэщI Амщокъуэ Хьэжысмел мис а нэмыцэм зи гугъу ищI, шы лъэпкъым и къабзагъым ­теплъэкъукIыныр зымыдэ, «щымыIэж адыгэ­хэм» ящыщщ.
Хьэжысмел и Iэнэм Инджылызым кърагъэ­- ха тхыгъэ телъщ «Кливленд пцIэгъуэплъым-рэ адыгэшымрэ зэрызэблагъэм и генетикэ ­тегъэщIапIэхэр» и псалъащхьэу. Ар зи IэдакъэщIэкI Эдмундс Генри зи цIэ къриIуэ инджы­лыз шы лъэпкъыр хъумэныр пщэрылъ зы­щызыщIыж зэгухьэныгъэм и унафэщIщ. Тхы­дэмрэ генетикэмрэ и тегъэщIапIэу, Эдмундс уи фIэщ ещI кливленд пцIэгъуэплъкIэ зэджэ инджылызышымрэ адыгэшымрэ зы лъэпкъым и къуэпс зырызу зэрыщытыр. Инджылыз пащ-тыхь гуащэ Елизаветэ ЕтIуанэм зи тхыдэр лIэщIыгъуэ жыжьэхэм Iэбэж а пасэрей шы лъэпкъым гулъытэ зэрыхуищIыр къигъэнаIуэу, кливлендыр и гуимэм щIрегъащIэ, и нэIэ зэрытетри хэIущIыIущ.
- 1990 гъэм шыгъажэ тщIыуэ, Инджылызым къикIри хьэщIэ гуп къэкIуауэ щытащ республикэм, - игу къегъэкIыж Амщокъуэ Хьэжысмел. - Малкэ шы заводым щедгъэблагъэм, шыгъажэ кIыхь зэпеуэ (километр 80) тщIауэ щытат. А зэхьэзэхуэм Инджылызым щыщу шууеищ ­хэтащ. Абы щыгъуэм Инджылыз гупым яхэтащ Iэщ дохутыр Паворд Тони, Лондон къы­щыдэкI «Райдинг» журналым и редактор нэхъыщ­хьэ Скотт Хеллен, Инджылызым шы­гъажэ кIыхьымкIэ и гуп къыхэхам щыщ, Шотландием къикIа Камерон Кенди сымэ, нэгъуэщI­хэри. Ахэр къыщIэкIуар адыгэшым и зехуэкIэр, и гъэхъу­кIэр зрагъэщIэнырт. Паворд Тони си ­гъусэу зэхьэзэхуэ екIуэкIым и хеящIэу дыщытащ абы щыгъуэ.
Куэд хэтащ а зэхьэзэхуэм, ауэ щхьэхуэу зэпе­уахэщ Инджылызымрэ ди республикэмрэ щы-щу шууей щырыщ, псори адыгэш тесахэщ, пхъэидзэкIэ къыхахауэ. Япэ увыпIэр шыгъажэм къыщихьат адыгэ хакIуэ Каро. Мазэ хъуауэ арат ар Стокгольм къызэрикIыжрэ, километри 160-рэ зи кIыхьагъ гъуэгуанэр зэпычынымкIэ япэрей Дунейпсо олимп шыгъэджэгу зэпеуэм хэтауэ. Шыгъажэ нэужьым ди хьэщIэхэм къыджаIащ ипэжыпIэкIэ Каро и фIыгъэкIэ къызэрыкIуар, адыгэш нэхъыбэу зрагъэцIыхуну хуейуэ. ЗэрыжаIэжамкIэ, а хакIуэм Стокгольм занщIэу гу щылъатат зэхьэзэхуэр здекIуэкIым. Япэрауэ, шууейм зыри дэIэпыкъуэгъу и гъусэтэкъым, адрей къыпеуэхэм тIурытI-щырыщ зи­мыгъусэ яхэттэкъым: хэт псы иригъафэрт, хэт шыр ­игъэупщIыIурт, псы трикIэурэ, хэт игъаш­хэрт. Километр 80-м япэ увыпIэм иту нэсащ ­Каро, чемпион хъуа американкэм и гъусэу. Абы и ужькIэ налыр мывэ гъуэгум щыщIэхури, ар щIэзылъхьэжын имыгъуэтурэ, шууейм сыхьэтым нэс фIэкIуэдащ. ЯфIэгуэныхь хъури, гъуэгум къытена шум шведхэм нал гуэр къыхуа­гъуэтщ, Каро ар хущIалъхьэри зэхьэзэхуэм хыхьэжащ. Зэхьэзэхуэм хэту къыпеуэ шыхэр ­километр 15-20-кIэ япэ ищакIэт. Шыгъажэр щиу­хым, апхуэдизу къыкIэрыхуа Каро шы 89-м ­ящыщу 31-нэ увыпIэр иубыдащ. Ар зылъэ­гъуахэм ягъэщIагъуэри, Каро къызыхэкIа шы лъэпкъыр зрагъэцIыхуну къэкIуауэ арат. Малкэ щекIуэкIа шыгъажэ кIыхьыр иуха нэужь, хьэщIэхэр къы­дэлъэIури, Малкэ заводым щагъэхъухэми, нэ­гъуэщI къуажитI-щым я шы гуартэхэми едгъэ­плъащ, хуабжьуи ягу ирихьат адыгэшыр. ШыбзипщIрэ зы хакIуэрэ ящэхуну мурад ящIри, ­зейхэми ягурыIуахэт. Къыхаха шыхэм ятеухуауэ ира­гъэкIуэкIыпхъэ лэжьыгъэр Iэщ дохутырхэм ящIэри, шыхэр зэрашэным хуа­гъэхьэзырауэ щы­тащ, ауэ 1992 - 1993 гъэхэм ди къэралым ще­кIуэкIа Iуэхухэм я щхьэусыгъуэкIэ яшэфакъым. Малкэ заводым и шы гуартэм ­дыщеплъым, ­инджылызхэм я Iэщ дохутыр ­Паворд Тони, сэри сыдэIэпыкъуурэ, шыбз 50-м я сокухэм щыщ ­налъэхэр къыхэтчащ. Ахэр пакет цIыкIу зырыз иралъхьэри яхьащ: «Генетическэ анализ тщIынущ», - жаIэри. Зэман дэкIауэ, ­Паворд къитхащ адыгэшхэр зэрамышэфар игу къызэреуэр, ­къащта сокухэри Макс Планкэ и цIэр зезыхьэ­ ­институтым зэрыратари жиIащ. А институтым ­дуней псом псэущхьэуи къэкIыгъэуи щыIэм я ДНК-хэм я гъэтIылъыпIэр ­щы­зэхуэхьэсащ. Клив­лендхэр нэхъ зытехуэ лъэпкъ щылъы­хъуэм, ДНК щапхъэхэр къыщащтари а институтращ.
КъызэрыщIэкIымкIэ, зи къежьапIэр къалъыхъуэ кливлендым и къудамэ мыхьэнэ нэхъ зиIэм и ДНК-мрэ адыгэшым еймрэ зэтехуащ. Мыбы бгъэщIэгъуэнур зы упщIэщ: кливленд шы лъэпкъым и лъабжьэр Инджылызым щыкIуар (тхыдэм зэрыжиIэмкIэ) 173 гъэращ. 1990 гъэм Малкэ заводым адыгэшым къыщыIаха сокухэм къыхаха ДНК-р щхьэ техуэн хуей 173 гъэм Инджылызым икIа шы гупу «кливленд» зыфIа­-щам ейм?! Уегупсыс хъунущ: дэ тхузэфIэкIыну пIэрэ ди шы лъэпкъым и тхыдэр здынэсымрэ уи лъэпкъыцIэр зезыхьэ апхуэдэ хъугъуэфIы­гъуэ уиIэнымрэ я уасэр къыдгурыIуэжыну?! А Iуэхум щIэныгъэлIхэр нэхъ куууэ елэжьын зэрыхуейр гурыIуэгъуэщ. Инджылызхэм нэ­мыщI, адыгэшым и геномыр къэгъэнэIуэным илъэсищ-плIы хъуауэ йолэжь Берлин Гум­больдт и цIэр зэрихьэу дэт университетым я генетикхэ-ри икIи а къэхутэныгъэм теухуауэ къыддэлэжьэну хуейхэщ. КъыдэхъулIэмэ, иджыри къэс дымыщIауэ хъыбар гъэщIэгъуэн куэд ди лъэп­къышым теухуауэ нэрылъагъу хъунущ.
Адыгэшым тесу 2013 - 2014 гъэхэм Грус­сельберг и Iэгъуэблагъэм щрагъэкIуэкIа шузе­кIуэм хэта нэмыцэ пщащэ.
Гумбольдт и цIэр зэрихьэу Берлин дэт университетымрэ
Германием щыIэ «Адыгэшыр фIыуэ зылъагъухэм
я зэгухьэныгъэмрэ» я къыхуеджэныгъэ
Совет зэманым хэкIуэдэжыным нэсыпа «къэбэрдей» шы лъэпкъыр Кавказ Ищхъэрэм къыщызэфIагъэувэж, адыгэшым и къэрал тхылъхэр къыдагъэкIын иджы дыдэ щIадзэжащ, шыхъуэхэми гу лъатэ а шы лъэпкъым щIэрыщIэу цIыхубэ гулъытэр къызэрихьэхужыр.
Адыгэшыр Германиеми Европэми щIэупщIэшхуэ щызиIэ шы лъэпкъщ, ар зезыхуэ шыхъуэхэм я лэжьыгъэхэм я пщIэр хигъахъуэу. Шэч хэлъкъым адыгэшым драгъэкIуэкI гъэунэхуныгъэщIэхэм мыхьэнэ зэраIэм, ауэ дэ ди мурад нэхъыщхьэр адыгэш къабзэр зэ­рыщыта дыдэм хуэдэу къызэфIэгъэувэжынырщ - ­блэкIа лIэщIыгъуэхэм ар зезыхуахэм яIа плъапIэхэм техуэу.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)