Дапщэщи хуэдэу, сыт щыгъуи ещхьу

Абхъаз щІыналъэм 1992-1993 гъэхэм къыщыхъея зауэм лажьэншэ цІыхур щахъумэну, ди къуэшхэм я щхьэхуитыныгъэм щІэзэ­уну Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ республикэхэм, Урысейм и Ипщэ щІыналъэхэм, хамэ къэралхэм икІыу езыхэм яфІэфІу абы кІуа щІалэхэм (доброволецхэм) я махуэр Іэтауэ Апсны къэралыгъуэм щагъэлъэпІащ.
ИЛЪЭС 28-кІэ узэІэбэ­кІыжмэ, 1992 гъэм шы­щхьэуІум и 15-м, Абхъазым къытепсыха гузэвэгъуэм къыІэщІэхын гуращэкІэ, Урысейм и гъунапкъэр зэпичри, и щІым ихьауэ щытащ полковник Сосналы ­СулътІан зи пашэ япэ гупыр, занщІэуи зауэм и курыкупсэм хыхьат. ЦІыху минитІым нэблагъэ адыгэ щIалэ хэтащ зауэм. Абыхэм ящыщу цІыху 51-м «Абхъазым и ЛІыхъужь» цІэ лІапІэр къыхуагъэфэщащ, зауэлІ 250-м «Леон и цІэкІэ щыІэ орденыр» зэрахьэ, «Лыхъу­жьыгъэ зэрихьам папщІэ» медалыр цІыху 600-м щІигъум иратащ. Жагъуэ зэрыхъунщи, хэщІышхуи щыІащ - Куржы-Абхъаз зауэм щы­зэуэну кІуахэм ящыщу цІыху 302-р хэкІуэдащ.
2013 гъэ лъандэрэ абхъаз махуэгъэпсым хэту ягъэ­лъапІэ, Іуэхугъуэ зэхуэмы­дэхэмкІэ гъэнщІауэ дах мы махуэр. ПэкIушхуэ щекІуэ­кІащ лІыхъужьыцІэр зезы­хьэ Гудаутэ къалэ дэт, Кавказ лъэпкъхэм я Конфедерацэм и штабыр зыщІэса унэм и гупэм къит фэеплъ сыным деж.
ПэкІум кърихьэлІащ Абхъаз къэралыгъуэм и президент Бжание Аслъэн, вице-президент Гунбэ Бадрэ, Парламентым и лІыкІуэ­-хэр, Къэбэрдейм, Шэрджэсым, Адыгейм, Шэ­шэным, Осетие хэгъэгуитІым, Урысейм и Ипщэ щІыналъэхэм щыщу зауэм хэтахэм я лІыкІуэ гупхэр, Конфедерацэм и штабым щылэжьахэр, жы­лагъуэ лэжьакІуэхэр.
ЗэІущІэм къыщызэхуэсахэр дакъикъэкІэ яхуэщы­гъуащ Куржы-Абхъаз зауэм зи псэр щызыта щІалэхэм, Конфедерацэм и япэ Іэтащхьэу щыта, Абхъазым и ЛІыхъужь Щэныбэ Мусэ сымэ. Псалъэ зратахэм зэкъуэтыныгъэм нэхъапэ зэ­рыщымыІэр, лъэпкъхэр щы­Іэныр абы къызэ­ры­мыкІуэу зэрелъытар къыхагъэщащ.
КъБР-м, Адыгейм, КъШР-м икIа ди щІалэхэр щхьэхуэ-щхьэхуэу Абхъазым ще­кІуэкІыну Іуэхугъуэхэм къе­кІуэлІами, ІуэхущІафэу зэхашэм зэдэарэзыуэ, зы адыгэ гупу зэхэту хыхьащ, Къэбэрдейм щыІэ «Куржы-Абхъаз зауэм хэтахэм я зэгухьэныгъэм» и тхьэмадэ Щэрдан Тимур я пашэу. «Узэкъуэтмэ, улъэщщ, улъэщмэ, убгъэжьщ», - жеІэ адыгэ псалъэжьым. Ар зэрыпэжыр, гупсысэ­шхуэ­кІэ зэрыузэдар къигъэлъэгъуащ адыгэхэр зэ­щІыгъуу дэнэ утыкуи зэрихьэр зы­лъагъухэм кІэлъы­плъу­рэ «Дапщэщи хуэ­дэу, сыт щыгъуи ещхьу!» зэрыжаІэм. Ар пщІэт гупымкІэ, ар щІыхьт езы адыгэхэм дежкІэ.
«Адыгэ псалъэ» газетым мыгувэу шэщІауэ дыщы­тепсэ­лъыхьыжынущ езы­хэм яфІэфІу Абхъазым и щхьэхуитыныгъэр къазэуну кІуахэм я махуэр зэре­кІуэкІам теухуа тхыгъэхэр.

ТАБЫЩ Мурат, «Адыгэ псалъэ» газетым и щІэныгъэ обозреватель.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.