КъБР-м и Iэтащхьэр лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ Бахъсэн, Iуащхьэмахуэ щIыналъэхэм

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек шыщхьэуIум и 16-м лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ республикэм и Бахъсэн, Iуащхьэмахуэ районхэм.
ЩIыналъэм и УнафэщIым зригъэлъэ­гъуащ ХьэтIохъущыкъуей кIуэ гъуэгур, мы гъэм и накъыгъэм зыщIадзэу зэрагъэпэщыжар. Абы ехьэлIа лэжьыгъэ ­псори зэфIагъэкIащ «КъБР-м транспорт IэнатIэм зыщегъэужьын» къэрал прог­раммэм зэрыщыубзыхуам тету.
КIуэкIуэ Казбек апхуэдэуи щыгъуазэ зищIащ къуажэ амбулаторэм и Iуэху зыIутми. 1936 гъэм ящIа унэр зэгъэ­пэщыжын хуейщ. Республикэм и Уна­фэщIым абы ­теухуа лъэIукIэ зыкъыхуа­гъэзащ къуа­жэдэсхэмрэ медицинэ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэмрэ.
ЩIыналъэм щызэгъэпэщыжын хуейхэм ящыщт Зеикъуэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэр. Мыбы иджыпсту лэжьыгъэхэр ­щокIуэкI КъБР-м «Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэр» и къэрал программэм щыубзыхуахэм тету икIи Къэбэрдей-Балъкъэрыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъум зыхуэгъэхьэзырыным ехьэлIауэ зэфIагъэкIхэм ящыщщ.
КъыкIэлъыкIуэу Iэтащхьэр щыIащ Iуа­щхьэмахуэ щIыналъэм хыхьэ ЛашкIутIэ къуажэм. Жылэм и унафэщIым абдежым и гугъу щищIащ япэ игъэщыпхъэу къапэщыт къалэнхэм. Ар цIыхухэр псыкIэ къызэгъэпэщынырщ, спортзалыр зэгъэ­пэщыжынымрэ къуажэ уэрамхэр къэгъэнэхунымрэщ.
КIуэкIуэ Казбек еплъащ къуажэм и уэрам нэхъыщхьэм и гъуэгур, километрищым щIигъур, зэрызэрагъэпэщыжам. А лэжьыгъэр зэфIагъэкIащ «ФIагъ лъагэ зиIэ автомобиль гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым зэрыхагъэхьам и фIыгъэкIэ. Гъуэгур зэрагъэпэщыжам и мызакъуэу, псы щIэжыпIэхэр хуащIащ, абы ­къедза щIыпIэхэри зыхуей хуагъэзащ.
КIуэкIуэ Казбек апхуэдэуи щыгъуазэ зищIащ Бахъсэн псым и Iуфэхэр гъэ­быдэным теухуауэ екIуэкI лэжьыгъэхэм. Республикэм и Iэтащхьэм гулъытэ нэхъыщхьэ мыбдежым зыщыхуэщIыпхъэу къилъытащ Тырныауз къалэм деж хуэзэу иIэ ятIэпс щIэжыпIэр и чэзум гъэкъэбзэн зэрыхуейр. Iэтащхьэм зи гугъу ищIа лэжьыгъэхэм мыгувэу щIадзэну я мурадщ.
ЩIыналъэхэм зыщыщиплъыхьым гу зылъитахэм япкъ иткIэ КъБР-м и Iэтащхьэм гъэзэщIакIуэ властым и зыхуэфащэ органхэм я унафэщIхэм пщэрылъхэр яхуищIащ социальнэ, инженернэ инфраструктурэм хыхьэ ухуэныгъэхэр щIыным, зыкIэлъыIэбапхъэхэр зэгъэпэщыжыным теухуа проект-сметэ тхылъ зыхуэны­къуэхэр ягъэхьэзырыну, ахэр щIыналъэ, къэрал программэхэу зэман благъэм ягъэзэщIэнухэм хагъэхьэн хуэдэу.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Прави­тельствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.