КIуэкIуэ К. В. КъБР-м и Правительствэм хэтхэмядригъэкIуэкIащ «щытыкIэр къыщапщытэ сыхьэт»

КIуэкIуэ Казбек Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм хэт­хэм, къэрал властым и гъэзэщIакIуэ органхэм я унафэщIхэм дыгъуасэ яIущIащ «щытыкIэр къыщапщытэ сыхьэт» мардэм тету.
ЗэIущIэм щыхэплъащ къэрал Iуэхутхьэбзэ цIыхухэм яхуэщIэным теухуа лэ­жьыгъэр къызэгъэпэщыным, абыхэм я фIагъым, сэбэпынагъыу къахьым хэгъэхъуэным ехьэлIа къалэнхэм.
КъБР-м и Iэтащхьэм зэIущIэм кърихьэ­лIахэм ягу къигъэкIыжащ щIыналъэм и къэрал властым и гъэзэщIакIуэ органхэм я лэжьыгъэм щынэхъыщхьэ дыдэу щы­тыпхъэр къэрал Iуэхутхьэбзэхэр и чэзум икIи фIагъ лъагэ иIэу абы къыщIэупщIэ­хэм яхуэщIэныр арауэ зэрыщытыр. Абы елъытащ цIыхухэм я псэукIэм и фIагъыр зыхуэдэнури, жылагъуэм щыIэну зэпIэ­зэрытагъри, социально-экономикэ зыу­жьыныгъэри.
КъБР-м и министерствэрэ ведомствэу 24-м ящыщу 19-м мы зэманым къэрал Iуэхутхьэбзэ лIэужьыгъуэу 200-м нэблагъэ щызэфIагъэкI.
Республикэм и УнафэщIым къыхигъэщащ коронавирус узыфэ зэрыцIалэм ­зыщиубгъуа зэманым къэралым и цIыху куэд щытыкIэ гугъу зэрихуар. Ар къилъытэри, къэралым и Президентым, нэхъапэм апхуэдэ зэи къэмыхъуауэ, унафэ ищIащ цIыхухэм къэрал дэIэпыкъуныгъэ ягъуэтыным теухуауэ икIи куэд дыдэм ахъшэкIэ зыщIагъэкъуащ. Хухаха мылъкур яIэрыгъэхьэн и лъэныкъуэкIэ Iуэхур щызэблэу къэхъумэ, цIыхухэм абы псалъэмакъышхуэ иращIэкI. Зэрыщыту къапщ­тэмэ, мы зэманым республикэм щып­сэухэм ящыщу цIыху мин 300 хуэдизым социальнэ ахъшэ хэхахэр яIэрохьэ.
ЛъэIу тхылъхэр нэхъыбэ зэрыхъуам, лэжьакIуэхэм къалэн куэдыщэ я пщэ къы­зэрыдэхуам къыхэкIыу а Iуэхур яхузэ­кIэ­лъымыгъакIуэу щызэблэу, а Iуэхутхьэбзэхэр и чэзум щызэфIамыгъэкI ­къохъу.
А Iуэхухэр зэфIыхьэнымкIэ мыбдежым къыщощхьэпэ электрон Iэмалхэр къэбгъэсэбэп зэрыхъур. «Бжыгъэр зи лъабжьэ къэрал унафэ щIыкIэр» лъэпкъ проектыр зэрагъэзащIэм къэрал (муници­пальнэ) Iуэхутхьэбзэхэр цIыхухэм яхуэ­щIэн лэжьыгъэр къащегъэпсынщIэ, МФЦ-хэм я пщэ къыдэхуэ къалэнхэр нэхъ псынщIэу зэфIагъэкIынымкIэ Iэмал ­къарет, тхылъымпIэ зэIэпамыхыу Iуэхур зэфIохьэ икIи ар сэбэп хъунущ Iуэху­тхьэбзэхэм я фIагъым хэгъэхъуэнымкIэ, Iулъхьэ зэIэпыхыныр къэмыгъэхъунымкIэ.
Къэрал, муниципальнэ Iуэхутхьэбзэхэр щыхуащIэ зыуэ щыт порталым (ЕПГУ) иджып­сту щызэгъэуIуащ а Iуэхутхьэбзэхэр цIыхухэм яхуэзыщIэ къэрал IуэхущIапIэхэм ятеухуа хъыбархэр, апхуэдэуи абыхэм ятеухуа регламентхэр, мардэ ­хабзэ актхэр къытрадзэ. Республикэм щып­сэухэм Iуэхутхьэбзи 190-м щIигъу элект­роннэ мардэм тету кърагъэщIэфынущ, абыхэм я Iуэхур здынэсамрэ я лъэIухэм кърикIуахэмрэ езыхэр кIэ­лъыплъыжу. 2017 гъэм къыщыщIэдзауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр пы­щIащ «Мультирегиональность ЕПГУ» федеральнэ проектым. Ар тегъэпсыхьащ ­Iэмал зэриIэкIэ Iуэхутхьэбзэ нэхъыбэ электроннэ мардэм иту зыуэ щыт сервисхэмкIэ цIыхухэм яху­зэ­фIэгъэкIыным. 2020 гъэм и шы­щхьэу­Iум и 10-м ирихьэлIэу ЕСИА-м щатхащ рес­публикэм щыщу цIыху мин 674,16-рэ.
Урысейм СтатистикэмкIэ и къэрал комитетым къызэритымкIэ, КъБР-м щып­сэухэм ящыщу къэрал Iуэхутхьэбзэхэм папщIэ Интернетыр къэзыгъэсэбэпхэм я бжыгъэр 2019 гъэм процент 79,3-рэ ­хъуащ. Абы и лъэныкъуэкIэ КИФЩI-м ­хыхьэ щIыналъэхэм я деж Къэбэрдей-Балъкъэрым бжьыпэр щиIыгъщ. ­КИФЩI-м ар процент 63,6-рэ, УФ-м - процент 77,6-рэ щыхъуу аращ.
КъБР-м и Iэтащхьэм зэIущIэм и кIэм аргуэру зэ къыщыхигъэщащ къэрал муни­ципальнэ Iуэхутхьэбзэхэр цIыхухэм фIы­уэ яхуэщIэным, IэнатIэхэр зэдэууэ ­зэ­дэлэжьэным мыхьэнэшхуэ зэриIэр. ЩIыналъэм и УнафэщIым гулъытэ хэха хуи­щIащ зи ныбжьыр илъэсищым къы­щы­щIэдзауэ илъэсибл хъухэм хуагъэува ахъшэхэмрэ лэжьапIэншэхэм хухаххэм­-рэ и чэзум тыным пыщIа Iуэхум икIэ­щIы­пIэкIэ унафэ тещIыхьын зэрыхуейм.
«Дэ абыкIэ жэуап дохь икIи тхьыни ­хуейщ. Iуэхутхьэбзэхэм я фIагъырщ властым хуащI дзыхьым и къежьапIэр. Ди лэжьакIуэхэр, а IэнатIэхэм пэрытхэр цIыхухэм гуапэу, зэхэщIыкI яхэлъу епсэ­лъы­лIэн, зыщIэупщIэхэм жэуап пыухы­кIахэр иратын хуейщ. Шэч къытесхьэркъым ди цIыхухэм ар зэрызэхахынум икIи зэрызэхащIыкIынум. Дэ къэрал властым и гъэзэщIакIуэ органхэм я лэжьакIуэхэм фIыщIэ яхудощI нобэ я пщэ къыдэхуэ лэжьыгъэшхуэр зэрызэфIагъэкIыфым папщIэ. Ауэ цIыхухэм тэмэму епсэлъэкIэ зымыщIэхэр я IэнатIэхэм IугъэкIын хуейщ икIи а Iуэхум къыщIытебгъэзэжын щы­Iэкъым», - жиIащ КIуэкIуэ К. В.
Республикэм и Iэтащхьэм апхуэдэуи къыхигъэщащ КъБР-м и властым и органым и лэжьыгъэм и фIагъымкIэ а IэнатIэхэм я унафэщIхэм я щхьэкIэ жэуап зэрахьыр.
Зи гугъу ящI Iуэхухэр зэпкърахыу зэ­IущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м эконо­микэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Ра­хаев Б. М., Къэбэрдей-Балъкъэрым лэ­жьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэ­ныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и ми­нистр Асанов О. У., республикэм ­мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Сыжажэ Хь. Л. сымэ

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.