Зэрызэмыщхьыр я беягъэщ

ШыщхьэуIум и 9-р щIыпIэдэлъху лъэпкъхэм - щалъхуа щIыналъэм щыпсэужхэм - я махуэщ. Ар гъэ­лъэ­пIэнымкIэ унафэр 1994 гъэм и дыгъэгъазэм ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм къыщащтащ (Interna­tio­nal Day of the World‘s Indigenous People).
ЩIыпIэдэлъху лъэпкъхэм заужьынымкIэ, я хуитыныгъэм ­зегъэубгъунымкIэ Iэмалхэм нэхъ ­убгъуауэ лъыхъуэн щыщIадзар XX лIэ­щIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэрщ - а лэжьыгъэм мыхьэнэшхуэ зэриIэм, жылагъуэм, властым пэрытхэм лъэпкъ цIыкIухэм хуащI гулъытэр ­нэхъыбэ щIын зэрыхуейм ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм щытеп­сэ­лъыхь хъуа иужькIэщ.
ЕкIуэкIащ лъэхъэнэ псо, щIыпIэ­дэлъху лъэпкъхэм ящыщу нэхъ цIыкIухэр къазэрыфIэIуэху щIагъуи щымыIэрэ гулъытэу хуащIри мащIэ дыдэу щыщыта. БжыгъэкIэ ебэкIхэм къакIэрыхуауэ (я зыужьыныгъэкIэ) къалъытэрти, къахэкIахэр политикэ Iуэхухэми хамыгъэхьащэу, я хуитыныгъэкIи нэхъ дакъузэу ягъэпсэуащ. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм, хабзэ щыхъужами ярейуэ, щеувэлIат ЩIы Хъурейм тет къэралхэм ящыщ куэ­дым (Урысейри абыхэм яхэту), юридическэ къару зыгъуэт унафэхэр къыщащтэкIи, хабзэщIэхэр къыщрахьэжьэкIи.
Тхыдэ мыжыжьэм дриплъэжынщи, 1982 гъэм ООН-м Экономикэмрэ социальнэ IуэхухэмкIэ и советым деж гуп щхьэхуэ щызэхашат, зи бжыгъэкIэ мащIэ лъэпкъхэм я Iуэхухэр зэри­гъакIуэрэ абыхэм яхуэгъэзауэ дэ­къузэныгъэ къэмыгъэхъуным тела­жьэу. Апхуэдэуи, 1985 гъэм ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм деж фонд щхьэхуэ къыщызэрагъэпэщат, щIы­пIэ­дэлъху лъэпкъхэм я жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм пыщIэныгъэ яхуиIэн, зыхуей-зыхуэфIхэр зэхигъэкIын, хуей хъумэ ядэIэпыкъун папщIэ.
АрщхьэкIэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, Iуэхум зэрызихъуэжа щIагъуи щы­мыIэу, ди нобэрей гъащIэми щIы­пIэ­дэлъху лъэпкъхэр, я щэнхабзэ, я бзэ яхъумэжын и лъэныкъуэкIэ, лъэпощ­хьэпо Iэджэми щыIуоуэ. Властыр зы­Iы­гъхэр зэрелIалIэ щымыIэу, къарууэ трагъэкIуадэр мащIэ дыдэщ, лъэпкъ цIыкIухэм, я дуней еплъыкIэ-хущы­тыкIэ елъытауэ, зрагъэужьыным, я лIыкIуэхэр политикэ Iуэхухэм ирикъуу хэшэным ехьэлIауэ.
Мы зэманым зи гугъу тщIы лъэп­къ­хэм ящыщ цIыхухэр къэрал 90-м щопсэу, бзэ зэмылIэужьыгъуэхэм ироп­салъэ, я щэнхабзэкIи зэтемыхуэщ, я бжыгъэр мы зэманым, псори зэхэту, мелуан 370-м ноблагъэ. ЩIы Хъурейм проценти 5 фIэкIа щымыхъуми, нэхъ тхьэмыщкIэрэ хуэмыщIауэ щыпсэум я процент 15-р ахэращ.
УФ-м ис лъэпкъ цIыкIухэм уащы­хуозэ Сыбырми, КъуэкIыпIэ Жыжьэми, Кавказ Ищхъэрэми, нэгъуэщI щIыналъэхэми.
Этнографхэм зэрытрагъэ­чы­ны­хьым­кIэ, зи бжыгъэкIэ мащIэхэм я щыIэкIэ-псэукIэр, дуней еплъыкIэр, хабзэ-бзыпхъэу зэрахьэхэр адрей къэ­­зыухъуреихьхэм ейм къазэрыщ­хьэ­щыкIырщ ахэр ямылейуэ щIэщыгъуэ зыщIри, ди планетэм и нэхъ ­къулеягъэ дыдэхэм щIахэлъытапхъэри.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.04.2024 - 12:35

ХЬЭЦIЫКIУ БАШИР И ЗЭФIЭКI

Ди республикэми гъунэгъу щIыналъэхэми къыщацIыху уэрэджыIакIуэ щIалэщ ХьэцIыкIу Башир.

16.04.2024 - 08:21

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭР ЯПЭ ИРАГЪЭЩУ

Налшык къалэм дэт «Каисса» шахмат центрым иджыблагъэ республикэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ. КъызэрыгуэкI шахмат джэгукIэмкIэ абы щызэпеуащ зауэ зэпэщIэувэныгъэхэм, дзэ Iуэху хэхахэм хэтахэр.

16.04.2024 - 08:19

КIЫЩ АСЛЪЭНБЭЧ И ДЫЩЭХЭМ КЪЫХЕГЪАХЪУЭ

Мэлыжьыхьым и 9 - 10-хэм Орёл къалэм щекIуэкIащ тэмэму зэхэзмыххэм я деж пашэныгъэр алыдж-урым бэнэкIэмкIэ къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

16.04.2024 - 08:18

СОЧЭ КЪАЩЫПОПЛЪЭ

«Белая Ладья» фIэщыгъэр зэрихьэу Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ курыт еджапIэхэм я командэхэм шахматымкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ зэIуха.

16.04.2024 - 08:18

КЪЫЩIАГЪЭКIЫМ И КУЭДАГЪЫМ ХОХЪУЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ -мазаем къриубыдэу республикэм къыщыщIагъэкIа IэфIыкIэхэкIхэм я куэдагъым процент 24-кIэ, н