Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеоконференц мардэм тету дыгъуасэ иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Правительствэм хэтхэмрэ республикэм и муниципалитетхэм я унафэщIхэмрэ зыхэта зэIущIэ. Абы кърихьэлIащ «Роспотребнадзор»-м и Управленэм и унафэщI Пагуэ Ж. А., Урысейм и МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм и тхьэмадэ Надежин М. В.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ щIыналъэм и егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэр 2020 - 2021 гъэ еджэгъуэщIэм зэрыхуагъэхьэзыр щIыкIэм, абыхэм мафIэс къыщымыгъэхъуным, нэгъуэщI шынагъуэхэм ахэр щыхъумэным, санитар мардэхэмрэ щапхъэхэмрэ тетыным зэрыхуэщIам теухуа Iуэхухэм.
2020 гъэм Зыуэ щыт къэрал экзаменхэр республикэм зэрыщекIуэкIам, абы зэкIэ кърикIуахэм я гугъу ищIу къэпсэлъащ КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Езауэ Анзор.
Абы къызэригъэлъэгъуамкIэ, Зыуэ щыт къэрал экзаменхэр зэраубзыхуам тету, технологие и лъэныкъуэкIи ныкъусаныгъэхэр къыхэмыкIыу ирагъэкIуэкIащ. Санитар-эпидемиологие, хъыбарегъащIэ шынагъуэншагъэм ехьэлIа зыхуэфащэ хабзэхэм тету щытащ: экзамен щат щIыпIэ псори зыхуей технологие IэмалхэмкIэ, цIыхум узыфэм зэрызыщихъумэфыну Iэмэпсымэхэмрэ антисептикхэмрэ ирикъуу яIэт, цIыхухэр гъунэгъуу зэбгъэдэмыхьэн хуэдэу Iуэхур къызэгъэпэщат. Къэпщытэныгъэхэр щекIуэкI щIыпIэхэм щIыхьэхэм я температурэр къапщащ, дэтхэнэри щхьэхуэу псы зэрефэ яIащ, пIалъэ хэхам тету пэшхэр дезинфекцэ ящIащ, узыншагъэр хъумэн IэнатIэм и лэжьакIуэхэри, хуей хъужыкъуэмэ, дэIэпыкъуэгъу хъуну хьэзыру щысахэщ. Къэпщытэныгъэм хэта IэщIагъэлI псоми COVID-19 узыфэр къызэрахутэ тестхэр ирагъэтащ.
ЩIыпIэ 27-м ЕГЭ-р еджакIуэ 10778-м щатащ. Я узыншагъэм къызэримыхьым къыхэкIыу и пIалъэр къэмысу экзаменхэм къыщIэкIыжын хуей хъуащ ныбжьыщIэ 408-рэ. Зыуэ щыт къэрал экзаменхэр абыхэм иужькIэ ирагъэтыжынущ махуэ хэхахэм. Мы зэманым ирихьэлIэу наIуэ къэхъуащ ныбжьыщIэхэм географиемкIэ, литературэмкIэ, информатикэмрэ ИКТ-мкIэ, урысыбзэмкIэ, математикэмкIэ, тхыдэмкIэ, физикэмкIэ, химиемкIэ, обществознаниемкIэ ята экзаменхэм кърикIуахэр.
Урысейм и МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Надежин М. В. зэIущIэм хэтхэр щигъэгъуэзащ мафIэс шынагъуэншагъэм къигъэув хабзэхэм зэрытетыр къапщытэу ведомствэхэм зэдай комиссэхэм ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм кърикIуахэм.
ЩIыналъэм и егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэр гъэ еджэгъуэщIэм зэрыхуэхьэзырым щытепсэлъыхьым, зэIущIэм къыщыхагъэщащ Урысей Федерацэм и Санитар дохутыр нэхъыщхьэм и унафэкIэ зэрагъэувар коронавирус узыфэ зэрыцIалэм зыщиубгъукIэ зытетыпхъэ санитар-эпидемиологие мардэ хэхахэр икIи егъэджэныгъэ IэнатIэм хыхьэ IуэхущIапIэхэм, сабийхэм, ныбжьыщIэхэм папщIэ щыIэ нэгъуэщI социальнэ IэнатIэхэм я лэжьыгъэр а хабзэхэм 2021 гъэм щIышылэм и 1 пщIондэ тетын хуейуэ къызэрагъэувар. Абы хохьэ термометрие къэпщытэныгъэхэр егъэкIуэкIыныр, цIыху куэд щызэхуэс Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыну хуит мыщIыныр, эпидемием пэщIэтыным сэбэп хуэхъу нэгъуэщI Iуэхугъуэхэр егъэкIуэкIыныр, дэтхэнэ зы классми зы пэш щхьэхуэ егъэбыдылIауэ щытыныр, дерсхэр зэрырагъэкIуэкIыну щIыкIэ хэха зэхэлъхьэныр, еджакIуэхэр Iэмал зэриIэкIэ нэхъ мащIэрэ зэхуэзэн хуэдэу.
«Егъэджэныгъэ», «Демографие» лъэпкъ проектхэр, «КъБР-м егъэджэныгъэ IэнатIэм зыщегъэужьыныр», «Псоми зэхуэдэ Iэмал къахузэгъэпэщыныр» къэрал программэхэр зэрагъэзащIэр щIэгъэкъуэнышхуэ мэхъу егъэджэныгъэ IэнатIэм епха IуэхущIапIэхэр гъэ еджэгъуэщIэм тэмэму хуэгъэхьэзырынымкIэ. Апхуэдэу я ухуэныгъэр зэфIэкIащ икIи къызэIуахыну хуит ящIащ зи ныбжьыр илъэсищым нэсхэм щакIэлъыплъыну, сабий 940-м ятещIыхьа яслъэ блок 21-р, зэрагъэпэщыж еджапIэхэм я спорт залу 18, еджапIэ 42-м я материально-техникэ лъабжьэр ягъэбыдэ. А псори хуэгъэпсащ иджырей зэманым къигъэув щапхъэхэм тету ныбжьыщIэхэм технологие, гуманитар щIэныгъэфI ягъуэтыным. ЗэхъуэкIыныгъэфIхэр къохъу «Зыужьыныгъэр къыщежьэр» центрхэр къызэрызэрагъэпэщым и фIыгъэкIэ. И кIэм нагъэблэгъащ Налшык къалэм щащIа курыт школ №33-м сабийхэм бжыгъэр зи лъабжьэ щIэныгъэ етыным хуэгъэпсауэ «IT-куб» къыщызэгъэпэщыным ехьэлIа лэжьыгъэхэр. Зи узыншагъэм сэкъат иIэхэм папщIэ щыIэ 3-нэ еджапIэ-интернатым щызэфIагъэкI ар материально-техникэ и лъэныкъуэкIэ зыхуейхэмкIэ къызэгъэпэщыным ехьэлIа Iуэхухэр, пэшхэр зыхуей хуагъазэ.
Пащэ еджакIуэхэр КъБР-м и бюджетым и хьэкъкIэ тхылъхэмкIэ пщIэншэу къызэгъэпэщыным хуэунэтIа лэжьыгъэми. Дызэрыт илъэсым а Iуэхум трагъэкIуэдэну хухахащ сом мелуан 46,5-рэ.
А псом къадэкIуэу, Iуэху зыбжанэ щыIэщ икIэщIыпIэкIэ унафэ ятещIыхьыпхъэу.
КъБР-м и Iэтащхьэм къыхигъэщащ фокIадэм и 1-м сабийхэр школхэм зэрекIуэлIэжынум хуэгъэхьэзырыным теухуа лэжьыгъэр къэнэжа зэманым къриубыдэу республикэ властым и органхэм и кIэм нагъэсын зэрыхуейр: «Ар нобэрей IуэхукIэ къэув къалэнхэм я нэхъыщхьэщ икIи дэ ар проценти 100-кIэ къызэдгъэпэщын хуейщ. Мыбдежым къэпщытэныгъэ лъэжьыгъэр къыщытIасхъэ хъунукъым».
ЗэIущIэм щхьэхуэу щытепсэлъыхьащ пэщIэдзэ классхэм щIэс еджакIуэхэр ерыскъы пщтыркIэ пщIэншэу къызэгъэпэщыным ехьэлIа къалэнми.
Зи гугъу ящI Iуэхухэм ятеухуа докладхэр ящIу къэпсэлъащ КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Езауэ А. К., Урысейм и МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Надежин М. В., «Роспотребнадзор»-м и Управленэм и унафэщI Пагуэ Ж. А. сымэ, республикэм и муниципалитетхэм я унафэщIхэр.