Лэжьыгъэр зэпыуакъым

Бахъсэн районым щыпсэухэр илъэхъэфакъым дуней псор зэ­щIэзыщта уз зэрыцIалэм и зэранкIэ унэм укъыщIэкI зэрымыхъум. ЩIыналъэ администрацэм щэнхабзэмкIэ, щIалэгъуалэм я Iуэхумрэ спортымкIэ и къудамэхэм хъыбар къы­зэрыдагъащIэмкIэ, ахэр къуажэхэм щыпсэу ныбжьыщIэхэм ядолажьэ интернетым и Iэмалхэр къагъэсэбэпурэ.
НыбжьыщIэхэм чэнджэщхэр ират, я гукъэкIхэр даIыгъ, къаIэт Iуэхухэм ехьэлIауэ онлайн-зэIущIэхэр ирагъэ­кIуэкI.
Щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм къа­фэмкIэ, сурэт щIынымкIэ, макъамэмкIэ видео дерсхэр къызэрагъэпэщ. Библиотекэ IуэхущIапIэ нэхъыщхьэм и IэщIагъэлIхэм соцсетыр къагъэсэбэпу щIалэгъуалэр къыхураджэ зауэм, Хэкум теухуа усэхэм къеджэну, ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ зэрырикъуам папщIэ ирагъэкIуэкI, хэкум хуаIэ лъагъуныгъэр къэзыгъэлъагъуэ Iуэхухэм къыхашэ. Волонтёрхэр зэи Iуэхуншэ хъуакъым. Узыфэм зэрызыщахъумэ Iэмалхэр къагъэ­сэбэпу, ахэр жыджэру хэтащ сабий куэд щапI унагъуэхэмрэ хуэмы­щIахэмрэ щадэIэпыкъум, УФ-м и Конституцэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэ­ным теухуа IэIэтыр щекIуэкIым.
Къуажэдэс спортсменхэми хэкIыпIэ къагъуэтащ: я унэхэм, пщIантIэхэм спорт пэшхэр къыщызэрагъэпэщауэ я Iыхьлыхэм ящIыгъуу я Iэпкълъэпкъыр япсыхь. Псалъэм и хьэтыркIэ, КъБР-м и щIалэгъуалэ гуп къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Жолдащ Зэчрейрэ и къуэхэмрэ я уней спортзалым зыщагъасэ. «ФIыуэ плъагъу Iуэхум ухуэлэжьэну гукъыдэж уиIащэрэт, сыт щыгъуи хэкIыпIэ къэб­гъуэтынущ», - жаIэ абыхэм.
Администрацэм щэнхабзэмкIэ, щIа­лэгъуалэм я Iуэхухэмрэ спортымкIэ и къудамэм и лэжьакIуэхэм къыхагъэщ коронавирус уз зэрыцIалэм гъащIэм зэхъуэкIыныгъэ инхэр зэрыхилъхьар, ауэ пIалъэкIэ дызыIууа ­гугъуехьым щIалэгъуалэр зэры­зэ­къуигъэувар, дэзы­хьэх Iуэхум зэман нэхъыбэ трагъэкIуэдэф зэрыхъуар.

ЧЫЛАР Аринэ, Бахъсэн район администрацэм и пресс-IуэхущIапIэм и унафэщI.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.