Урысейм и хабзэубзыхухэм я зэIущIэм

УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Фёдоров Николайрэ Къэрал Думэм и Уна­фэщIым и къуэдзэ Яровая Иринэрэ видеоконференц жыпхъэм иту ирагъэкIуэкIащ Урысей Федерацэм и Хабзэубзыхухэм я советым и президиумым и зэIущIэ. Абы хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI, Урысей Федерацэм и Хабзэубзыхухэм я советым Социальнэ поли­тикэмкIэ и комиссэм щыщ Егоровэ Татьянэ.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ хьэрычэт мащIэмрэ куры­тымрэ дэIэпыкъунымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэмрэ Урысей Федерацэм и къэрал кIуэцI туризмэм зэрызегъэужьыпхъэ Iэмалхэмрэ. КъулыкъущIэхэм къыхагъэщащ а IэнатIэхэм пандемиер нэхъ куууэ зэрызыхащIар.
Фёдоров Николай жиIащ къэрал властхэм нобэкIэ япэ ирагъэщыр псоми я дежкIэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхухэр зэры­арар - цIыхухэм лэжьапIэ яфIэмыгъэкIуэдыныр, я хэхъуэр къызэтемыувыIэныр, экономикэм и зыужьыныгъэр къы­зэгъэпэщыныр. Абы къызэрыхигъэщамкIэ, Федерацэм­кIэ Советымрэ хэгъэгухэмрэ зэгъусэу хуабжьу лэжьыгъэшхуэ зэфIахащ, абы хохьэ хьэрычэтыщIэхэм ядэIэпыкъунри.
-ЩIыналъэхэм я нэхъыбэм налогхэр щагъэмэщIащ, щIыхуэу къащтэ ахъшэм процент лей темыхьэу ящIыфащ, лэжьыгъэ щекIуэкI IуэхущIапIэхэмрэ сату центрхэмрэ ехьэлIауэ мылъкум техьэ налогыр ягъэмэщIащ. ДэIэпы­къуныгъэ лъэщ хъуащ хьэрычэтыщIэ псоми я лэжьыгъэр къапщытэу, мылъкукIэ тезыр тралъхьэныр Федеральнэ налог IэнатIэмрэ нэгъуэщI къулыкъущIапIэхэмрэ къызэ­ры­зэтрагъэувыIар, - жиIащ Фёдоров Николай.
Къэрал кIуэцI туризмэм и зыужьыныгъэм и гугъу пщIы­мэ, экономикэр зэпIэзэрыт щIыжынымкIэ лъэпкъпсо пла­ным ари зэрыхагъэхьам гу лъаригъэтащ япэ вице-спикерым.
Къэрал Думэм и УнафэщIым и къуэдзэ Яровая Иринэ игъэбелджылащ пандемием къытхуихьа гугъуехьхэр ягъэ­зэкIуэжын папщIэ хэкIыпIэщIэхэр къэгупсысын зэры­хуейр. Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэщ хьэрычэт Iуэху мащIэмрэ куры­тымрэ, туризмэм къахуэгъуэтыпхъэр. Абы ипкъ иткIэ, Яровая Иринэ къыхилъхьащ хьэрычэтыщIэхэм щIыналъэхэм зэращыдэIэпыкъуахэм хэплъауэ, нэхъыфIу къызэхъулIахэм я бгъэдыхьэкIэр хэIущIыIу ящIыну.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ туризмэр Урысейм и цIыху­хэм я дежкIэ мылъапIэу къызэгъэпэщын зэрыхуейм, зыгъэпсэхупIэ комплексхэр зэрызэфIэгъэувэжыпхъэм, курортхэр къэрал дэIэпыкъуныгъэ зэрыхуэныкъуэм. Ап­хуэдэуи къыхагъэщащ агротуризмэм зегъэужьыным, экскурсоводхэм, гид-зэдзэкIакIуэхэм, инструкторхэм статус хэха еты­ным теухуауэ ягъэхьэзыра дэфтэрхэм Къэрал Думэр хэплъэным мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
Иджыпсту зэфIэгъэкIын хуейуэ къапэщылъ Iуэхугъуэхэм хэплъахэм ящыщщ УФ-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Илюшниковэ Татьянэ, финансхэмкIэ министрым и къуэдзэ Максимов Тимур, ТуризмэмкIэ федеральнэ агентствэм и Iэтащхьэ Догузовэ Заринэ, къэрал властым и фе­деральнэ, щIыналъэ къулыкъущIапIэхэм я унафэщI­хэмрэ лIыкIуэхэмрэ.

НэщIэпыджэ Замирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.