Вэсэмахуэ и пщэдджыжьым дгъуэта дэрэжэгъуэр пщIыхьэпIэ IэфIым хуэдэт. Интернетым къытIэригъэхьа хъыбар гуапэр ди фIэщ мыхъуу, къытедгъэзэжурэ мызэ-мытIэу щIэдджыкIыжащ. НэгъуэщI щIыпIэхэм къыщытлъыхъуащ ар щIэзыгъэбыдэж Iуэхугъуэхэр. Пэжт! Допинг къэпщытэныгъэхэр щIэрыщIэу ирагъэкIуэкIыжу, 2012 гъэм Лондон щекIуэкIа Гъэмахуэ Олимп Джэгухэм бэнэкIэ хуитымкIэ килограмми 120-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэхьэзэхуэм кърикIуахэм хэплъэжа нэужь Дунейпсо Олимп Комитетым дыщэ медалыр яхуигъэфэщащ Махуэ Билалрэ Ираным щыщ Гасеми Камейлрэ.
Тхьэмахуэ дэкIмэ, бадзэуэгъуэм и 24-м, Японием и къалащхьэ Токио къыщызэIуахын хуеящ XXXII Гъэмахуэ Олимп Джэгухэр. Абы хэтыну икIи щытекIуэну хуабжьу щIэхъуэпсырт адыгэ бэнакIуэ цIэрыIуэ, дуней псом щэнейрэ и чемпион Махуэ Билал. Коронавирус уз зэрыцIалэм и зэранкIэ Олимпиадэр илъэскIэ ягъэIэпхъуащ, ауэ ди лъахэгъур Олимп чемпион хъуащ!
Зы хьэлъагъым тIу зэуэ щытекIуауэ къыщалъыта олимп зэхьэзэхуэ иджыри къэс щыIакъым. Абы и щхьэусыгъуэри гурыIуэгъуэщ: Инджылызым и къалащхьэм илъэсий и пэкIэ бэнэкIэ хуитымкIэ килограмми 120-м нэс зи хьэлъагъхэм я финалым щыбэнахэу Узбекистаным и щIыхьыр зыхъума Таймазов Артуррэ куржы пелуан Модзманишвили Давитрэ допинг къагъэсэбэпауэ къалъытэри, я дыщэ, дыжьын медалхэр трахыжащ 2019, 2020 гъэхэм я пэщIэдзэм. Ахэр зратынур ягъэбелджылыным илъэс ныкъуэм щIигъу трагъэкIуэдащ. ЯпэщIыкIэ ар нэхъ хуэфащэу къалъытащ Олимп чемпион хъуауэ щыта Таймазовым ебэна Гасеми. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэ зэрыщыIэр къыщащIэм, Урысейм Спорт бэнэкIэмкIэ и федерацэм хуэфэщэн тхылъхэр игъэхьэзырри МОК-м иригъэхьащ, иран щIалэми хуэдэу 2012 гъэм Олимпиадэм ещанэ увыпIэр къыщызыхьа Махуэ Билали «чемпион» цIэ лъапIэр мынэхъ мащIэу зэрыхуэфащэр щIигъэбыдэу.
Зыдумысыжынщи, ди фIэщ хъущэртэкъым урысей спортсменхэр дэнэ щIы-пIи хэутэн щащI, медаль зэмылIэужьыгъуэхэр куэду къыщытрахыж дызэрыт лъэхъэнэ гугъум адыгэ щIалэм и Iуэхум фIы къикIыну. Псом хуэмыдэу мы гъэм и пэщIэдзэм допинг-офицерхэм Махуэр къазэрыпэщIэхуар къэплъытэмэ. АрщхьэкIэ, Къытщхьэщытыр захуащIэщ! Куэд щIауэ зыщIэхъуэпса лъагапIэр илъэсий дэкIа нэужь Билал къехъулIащ.
Иджыпсту дыдэм хуэдэу нэгум щIэтщ 2012 гъэм и шыщхьэуIум (августым) и 11-м и пщыхьэщхьэр. Гъэмахуэ Олимп Джэгухэр и гуащIэгъуэу Инджылызым и къалащхьэ Лондон щокIуэкI. БэнэкIэ хуитымкIэ килограмми 120-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм и финалым кIуэн папщIэ зэпэщIэуващ ди лъахэгъу Махуэ Билалрэ куржы спортсмен цIэрыIуэ Модзманишвили Давитрэ. Зыр адрейм къыпимыкIуэту пелуанхэр зоныкъуэкъу, щIыр ягъэхъей жыпIэну.
Япэ Iыхьэр Билал нэхъ къохъулIэри, 1:0-у япэ йощ. МащIэу загъэпсэхуу къихьэжа иужькIэ, Модзманишвили «къощIэрэщIэж» икIи, ди щIалэр къыхигъэзыхьу щIедзэри, бжыгъэр зэхуэдэ ещIыж. Арати, зэрызэбэныну хухаха зэманыр зэ-фIокI. 1:1-р зэрытемыгъэкIуауэ къыпщыхъунущ, арщхьэкIэ спорт бэнэкIэм и хабзэхэр нэгъуэщIщ - апхуэдэм и деж иужьу очко къэзыхьар трагъакIуэ.
Модзманишвили Давит гуфIэщауэ долъей. Махуэ Билал и лъэр щIэхуащ - игъащIэ лъандэрэ зыщIэхъуэпса икIи куэдым хуэфащэу къалъытэ Олимпиадэм и дыщэ медалыр IэщIэкIащ.
АдэкIэ къэнэжыр Махуэр домбеякъ медалым щIэбэнынырт. АбыкIэ къыпэува, Къэзахъстаным щыщ Шабанбай Даулэт ефIэкIри, Билал ещанэ увыпIэр къихьащ.
- ЕхъулIэныгъэр япэ увыпIэращ, - жиIат Лондон къикIыжа нэужь «Адыгэ псалъэм» къытхуеблэгъа Махуэ Билал. - Абы къыхэкIыу сэ нэхъ ерыщыжу къыкIэлъыкIуэ Олимпиадэм и дыщэ медалым сыщIэбэнынущ, икIи ар къызэмыхъу-лIауэ спортым сыхэкIыжынукъым». Ар лIы нэсым и псалъэт.
Илъэсий дэкIын хуей хъуащ 2012 гъэм Лондон щекIуэкIа Олимпиадэм къыщыхъуа хьэрэмыгъэр наIуэ къэхъун папщIэ. А зэманым, дауи, Таймазовми, Махуэми, Модзманишвилими допинг къэпщытэныгъэхэр драгъэкIуэкIащ, адрейхэми хуэдэу. АрщхьэкIэ хьэрэмыгъэр къызэрыщIагъэщ Iэмэпсымэхэр абы щыгъуэм нэгъуэщIти, пэжыр къахутэфакъым. Алъандэрэ медицинэми допинг кIэлъыплъыныгъэхэр зэрырагъэкIуэкI щIыкIэми хуабжьу заужьащ икIи Iэмал къатащ захуагъэр зэфIагъэувэжыну. 2019 гъэм и пэщIэдзэращ Дунейпсо Олимп комитетым хъыбар щызэбгригъэхар куржы щIалэм и къарумрэ зэфIэкIымрэ хэзыгъахъуэ хущхъуэхэр зэрызрихьэлIар къызэрыщIагъэщам къыхэкIыу Лондон къыщихьа дыжьын медалыр къытрахыжу, абы «хигъэщIа» Махуэ Билал къратыжын зэрыхуеймкIэ. Илъэс дэкIри Таймазоври къыщIагъэщащ.
Лондон къыщихьа домбеякъ медалыр Билал япэщIыкIэ дыжьынкIэ, иджы, илъэс дэкIри, дыщэкIэ хуахъуэжащ. «СыбзыщIынкъым, дауи, гуапэ сщыхъуащ олимп дыщэр къызэрысIэрыхьэжар. Псом, япэращи, ар ди къэралым къылъысащ, - жиIащ Билал, хъыбарыфIым щытепсэлъыхьым. - Дэрэжэгъуэри? 2012 гъэм щыIахэр къэнэжащ: Лондон ещанэ увыпIэр къыщысхуагъэфэщауэ утыку сыкъыщрашам сиIар. Апхуэдэу щыт пэтми, фIыщIэ ин яхуэзмыщIын схуэзэфIэкIынукъым ди къэралым и унафэщIхэм, Президентым и администрацэм, Дагъыстэным, Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым я Iэтащхьэхэм, дауи, Мамиашвили Михаил, Брюсов Георгий, Муртузалиев Омар сымэ я цIэкIэ Уры-сейм Спорт бэнэкIэмкIэ и федерацэм, дунейпсо утыкум ди Iуэхур зэрыщыпхагъэкIыфам къыхэкIыу. Адрейхэм я медалхэр къыщытрахыж лъэхъэнэм, уэ ар къуатыжыным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Абы щыгъуэми згъэлъахъшэну сыхуейкъым Таймазов Артур и пщIэр. Абы и щапхъэращ дэ дызыщIапIыкIар, ди Iэзагъым зэрыхэдгъэхъуар».
БлэкIам къыпхуегъэгъэзэжыфынукъым, ауэ Махуэ Билал Олимп чемпионыгъэм зэрыхуэкIуэ гъуэгум 2012 гъэм хьэрэмыгъэкIэ къытрамыгъэкIуэтамэ, а зэманми дыщэ медалыр и Iэрылъхьэт. Уеблэмэ, Лондон щыIа Олимп Джэгухэм щытекIуа Таймазов Артур ебэнами. Билал а осетин щIалэм зэрыпэлъэщынур къыщигъэлъэгъуат Олимпиадэм и пэ къихуэу зэхэта дунейпсо чемпионатым и финалым. Таймазовыр щытридзэри, ди бэнакIуэр абы ещанэу чемпион щыхъуат.
Махуэ Билал иджыпсту къехъуэхъухэр куэдщ. Абыхэм ящыщ зыщ Урысейм Спорт бэнэкIэмкIэ и федерацэм и тхьэмадэ Мамиашвили Михаил.
«Билал олимп чемпионыгъэр къызэрыхуагъэфэщар захуагъэщ, - жиIащ абы.- Ар зыпхыкIа гугъуехьхэмрэ гъэхутэныгъэхэмрэ зыхуэхьыр мащIэ дыдэщ. Щхъухь къыщрахьэлIа, операцэ хьэлъэхэм щапэщIэта, къимылэжьу лъэныкъуэ щрагъэза, нэгъуэщI Iэджи игъэващ а щIалэм, ауэ нэгъуэщIхэр щигъэкъуэнша, езым зыщигъэхея зэи къэхъуакъым. Аращ, икIэм-икIэжым, хуэфэщэн пщIэ лъагэ щIигъуэтари. Дамыгъэ лъапIэр хуэ-фащэ дыдэу Махуэм Iэрыхьэжащ икIи абыкIэ си гуапэу сохъуэхъу езыми, и Iыхьлыхэми, къыщалъхуа Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ зыщигъасэ Дагъыстэнымрэ».
И ныбжьыр илъэс щэщIым щIигъуами, Махуэ Билал бэнэкIэ хуитымкIэ нэхъ хьэлъэ дыдэхэм я деж къыпэлъэщын нобэми дунейм куэд щыщыIэкъым. Иджы игъуэтыжа олимп чемпионыгъэм абы къыхуегъэув къызыхэкIа лъэпкъымрэ щыпсэу къэралымрэ я пщIэр адэкIи нэхъ лъагэжу иIэтыну. Дэ дыпэплъэнущ Билал и текIуэныгъэщIэхэм!