Уафэбгыкъу и нэлат

ЗэкIэсу къэбэрдеимэ зыщыуа псоми зыщадзыжыну сыарэзыщ! Я пщы уэ­лийр я пашэу, зы лъхудий къэ­мынэу ирырелъэж езыхэм ещхьыпс я щыху-пIэ джаурыжьхэм! Сэ мыбы сыкъы­щIэкIуар текIуэныгъэщ: щIыналъэр ­хуит къысхуащI закъуэмэ, хэт и хьэ сызыхуэныкъуэр? Дэ иджыри ­Карлрэ Мэзепэрэ къытпоплъэ, Ахьмэд сулъ­тIаным а лIитIыр къыщIи­гъэгугъар елъытыжащ сэ мыбы ис­хыну текIуэныгъэм. Iуэху къытпэ­щылъщ. Урыс пащтыхь лъакъуэшхуэжьым и нэр къы­хуид­мыгъэпкIыу хъурэ?! Алыхьым апхуэдэу иухащи, зы джаур дгъэбэуэнкъым…» - Къаплъэн-Джэрий игу игъэ­фIыжрэ пэт, шэтырым щабэрыкIуэу къыщIыхьащ Уракъ мырзэр.
- Дапщэрэ ар зэрыбжесIар, щэхурыпхъуэу укъыкъуэмыхуну! УкъыщIэкIуар жыIэ. Сыт щыIэ нэхъ щIэуэ?
- Уи бжэIупэр, дыгъэр зи теплъэ, джа­фэу яубащ Абрэджымрэ Бэхъунымрэ. КъыщIэбгъэхьэну къолъаIуэ.
- Мэзхъумэ лIыжьыр къысхуэзымы­шэфахэм саIуплъэну сазэрыхуэмейр жра­Iатэкъэ?
- ЖраIащ. Уи пащхьэ зыщаухеижыну мэлъаIуэ иджы тIури.
Къаплъэн-Джэрий арэзы хъуауэ, и нэкIу тэбакъышхуэр IэтIэлъатIэу зэщIэгуфIыкIащ. Хъаным щхьэхынафэу зыкъиIэтри, тахътэм пэзанщIэу къыщыт гъуджэ хъурейм иплъэурэ абдж щIыIум езым ещхьыпсу къытещ лIы нэкIу­-  щ­хьэплъым гъэхуауэ жиIащ:
- ХьэтIохъущокъуэпщымрэ Къэзанокъуэ уэркъымрэ я щхьэ зырызыр зэ­кIэрыуэжу си пащхьэ нэхум къралъ­хьэмэ, яхуэзгъэгъунщ, - жриIэри, ­Уракъ мырзэм дежкIэ зыкъигъэзэжурэ: - Зэ догуэт… А тIум яхуэфащэр сэ сощIэ… «ЩIопщыкъу жьы еубыд» жаIэртэкъэ езы адыгэхэм? Iэлигъуэт пэщэмрэ Муртаз пэщэмрэ мэууэ кърегъаджэт щхьэхъумэм. ПсынщIэу!
Мырзэр щIэпхъуащ. Хъаныр абы кIэлъыщIэкIри, Уафэбгыкъу щыIуплъэм, зэуэ зыгуэрым егупсысыжурэ: - Уракъ!.. Шэджагъуэр блэкIмэ, къебджэнщ. Зэ умыпIащIэ. Мыдэ, Аб­рэ­джымрэ Бэхъунымрэ къыщIэгъэхьэ.
Къаплъэн-Джэрий щIыхьэжщ, тахъ­тэм итIысхьэри, дыщэпскIэ зэ­щIэ­п­щIыпщIэ лъакъуэтетым и лъэтхьэмпэхэр егъэщIарэ, езыр шэтыр щIэ­кIыпIэмкIэ плъэуэ къэтIысыжащ. Къы­кIэлъыщIыхьа лIитIыр иджы я пIэм иуджыхьу щытт. Я щхьэхэр ехьэхарэ я Iэхэри бгъэгущхьэхэм телъу щымт Мырзэбэчрэ Жэфаррэ.
- ЛIыгъэу фиIэр зэхэфлъхьэу фху­зэ­мыгъэхъулIар къэдужьгъыжынкъым. ИкIэри ипэри зы лIыжь лъэрымыхьщ къысхуэвмышэфар! Пэж жысIэр?
- Дыгъэр зи теплъэ! Хэт игу къэкIынт а лIыжь ныкъуэдыкъуэр…
- Къэвгъанэт! ДяпэкIэ фызэгупсысын фиIэщ. Ди бийхэм ятеухуауэ къэф­-щIар къысхуэфIуатэ, фыкъыщы­кIуакIэ.
Мырзэбэч псалъэ дэупIэ иримыту Бэхъуныр къызэролъэлъ:
- Къэбартхэр, хъан щэджащэ, гужьеигъуэр къакIэщIэзэрыхьащи, сэ гу зэралъыстамкIэ, хъан нэху, къэбартхэм…
- Уэ гу зылъыптар уи щхьэ къыхуэгъэнэж, - Къаплъэн-Джэрий къущхьэ тэтэрым емыплъыххэу, Мырзэбэч ­йоупщI:
- ЖыIэт…
- КIэщIщ си псалъэр: нобэ-ныжэбэ зыкъатынущ.
- Уи къуэри ящIыгъу а зыкъэзытынухэм?
- Къуэ сиIэжкъым, хъанхэм я хъан!
Къаплъэн-Джэрий пыды­хьэш­хы­кIыу­рэ Жэфар хуоплъэкIыжри:
- Ди къуэш тэтэрхэм зэгуэр загъэхъеину?
- Уи сэ къуаншэр сампIэм къыщипхыну дакъикъэр къахуэгъэсыркъым, дыгъэр зи теплъэ!
«ТIуми си щхьэузыгъуэ фщIэркъым», - йогупсыс хъанри, Уракъ мыр­зэм зыхуегъазэ: - Мы тIур дащыхуэныкъуэ дакъикъэм дгъуэтын хуэдэу, Абрэджыр - Iэлигъуэт пэщэм, мыдрейр Муртаз пэщэм егъэбыдылIэ.
ЩIэкIыжхэм я ужь иплъэурэ хъаным:
- ЗыIэжьэт, Абрэдж, - а зыкIэлъыджар зэрыуэркъми мырзэ къулыкъу зэрызэрихьэми зыри химыщIыкI хуэдэ, и унэцIэмкIэ, лъхукъуэлIхэм зэра­кIэ­лъыджэм хуигъадэу, зыIэпегъэху: - Бэ­лэтокъуэхэ я хъыбар гуэр ущыгъуа­зэ?
- ЩIопщакIуэхэм захуегъафIэ, сыт хуэдэ нэгъуэщI хъыбар?..
- И уIэгъэр кIыжа?
- ЯмыуIа кIыжрэ?
- Уэри апхуэдэу уогупсыс, - погуфIыкI Къаплъэн-Джэрий, Абрэджым и нэхэр кърифыкIын хуэдэ, щIэплъэурэ. - Псори дыщагъэунэху мы дуней хьэхум… КIуэ. Укъэдгъуэтынщ, дыщыпхуейм.
Абрэджыр хъан шэтырым къыщIокIыжри, гупсэхуу щэтэжурэ пщIэнтIэпс хьэлыгъуэр къызэжэх и нэкIур ферс фIеяфэмкIэ зэпелъэщIыхь.
ЛъапэпцIийуэ къыщIыхьа Уракъ мырзэм хъаныр нэджабэкIэ йосэмыркъауэри:
- ЗекIуэм дикIыжмэ, Абрэджымрэ Бэ­лэтокъуэмрэ зы унафэ ятетщIыхьынущ. Иджыпсту шэджагъуэ нэмэзым сыхуэвгъэхьэзыр.
Кърымым и хъан нэкIущхьэплъыр нэ­мэзлыкъ зэрытетым фIэмылIыкIа къущхьэхъу жьапщэ щхьэхуитыр Уа­фэбгыкъу дэкIуейри, пшагъуэ псыIалъэр гуэрэн Iуву къызэхуихусауэ, хъанхэм я хъан шэтырыщхьэм уэшх ткIуэпс джэш пIащэкIэ фокIадэ къепхъых ­хуищIырт…
… Къаплъэн-Джэрий лъаIуэрт:
«Уэращ сигу къизылъхьар, си Алыхь, мы щIыналъэр дэIуэгъу къэс­щIын ­хуейуи, а гурылъыр зэры­зэ­пысщIэн къару къысхэлъхьэ, Iэмал къысхузэIух. Си бийхэм зэрызаущэ­хуам гурыщхъуэ егъу къызетри, си Алыхь…» - къиIущэщрэ пэт, жьапщэ щхьэрыутIыпщым шэтырыбжэ дытар къызэIуепхъуэтри, фэ Iупхъуэ хьэлъэр зэщIиIэтэ-зэщIиупщIэжу далъэурэ еу­дыныщIэ, дредзейри, икIуэтыж зи­щIурэ зеущэху.
… «Уэ Алыхьым шыкур пхузощIри, си Iиман-диным шэч иумыщIэкIын ­папщIэ…» - шэтыр гупэр щатэу мэдыргури, зыгуэр дэгуу щхъыщхъыурэ фэ тебзэм щхьэделъэфэхыж.
«…къысхуэгъэфащи мы текIуэныгъэр, уи пащхьэ нэхум IиманкIэ сыщыкъабзэу…»
Къаплъэн-Джэрий шэджагъуэ нэмэз уахътыр къилъэIуауэ нэмэзлыкъыр ешыхьыжри, жьапщэ емылыджыр жьачэу зэрыджэгум щIодэIу. ЩIэдэ­Iуурэ и щхьэ йошхыдылIэж: «Мы шейтIан псыхъуэм сэр-сэру сыкъы­дэп­щхьэу, мы бгы угъурсызым сыкъыщIетIысылIар сытым и нэщэнэт?»
Щхьэхъумэхэр шэтыр щIыбымкIэ щIызэхэзекъуэр зригъэщIэну маджэ:
- Уракъ!
Жьым иутIэрэкъа фэIупхъуэ дытар еукъуэдиижри, Уракъ мырзэр къыщIохьэ:
- Хъану щыIэм я хъан… кърымыдзэм и зауэ-зекIуэ бэракъыр жьапщэм… - Къаплъэн-Джэрий и пэщхъыным гу­рымыхьу зызэриущIым егъэшынэри, ерагъкIэ и тэмакъым къыщIепIытIыкI: - ириу…дати…
Нэмэзлыкъым тесу хъаныр нетIэ ЗэлъэIуар хуэмейуэ жьапщэм зы пщIащи зэримыгъэхъейр зэуэзэпсэу щы­гъупщагъэнти, гъуахъуэр къыIурылыбжьыкIыу хъаныр мэхьэчэ:
- Куэдщ!!! Зы… Зы бэракъщ лIы зыбжанэм щIым тэрэзу фхухэмытIар. Зы! Апхуэдэ къэхъуркъым! Ар…
ЛIы губжьам лъэбакъуэхъуу шэты­рыбжэр зэIуидзмэ, кърым зауэлI щхьэхъумэхэм Iэрпхъуэру къаIэтыжырт Чынгыз лъандэрэ дамыгъэ фащэу ­хъан зауэхэм къыщыздрахьэкI дарий гъуэплъ-щхъуантIэшхуэр. Къущхьэхъу жьапщэ щхьэзыфIэфIым кърым шэ­тыр лъабжьэм щIиупцIэу ежьэжа данэ-дарийр хъаным и нэхужьыбэм щIыIуху егъуу иджы тедият…
Къаплъэн-Джэрий и щхьэр Iэтауэ Уафэбгыкъу бжьэпэм нэщхъыцэу ириплъэрт: «ШейтIан жьэгум и бжаблэ!» Бгы напщIэуфэми, и набжьэхэр къущхьэхъу пшапэм хилъащIэурэ, ­Къаплъэн-Джэрий гу къылъимытэх-хэу, уафэ сэнжэхум щIэпщхьэжа жьапщэм хэплъызэрт.
ФокIадэ дыгъэр пасэу къуохьэ. Иджыпстуи мес, жьапщэм щхьэрыхьу зэбгрихуа пшэ чэтхъахуэхэм ешауэ ­къакъуэплъщ, Лахърэныщхьэ и мэз къуэрэдэрэхэм бзий кIэкъинэр щхьэдилъэфэхыжри, къурш пщэдыкъым дэщэтэжащ. Къущхьэхъу бжьыхьэпэр езыри щIыIэбжьщ. Бжьыхьэку уафэм щIымахуэр къыщиджэразэхэри и хамэкъым Лахърэн. Мы щIыпIэхэм щIымахуэ зауэ щепхьэжьэныр хуабжьу щхьэгъэпцIэжщ. Лахърэнышхуэрэ Лахърэн цIыкIурэ я мэзхэр кърымыдзэм кIуэдыпIэ яхуэмыхъу щIыкIэ Къэбэрдей зауэр зэфIиудыну пабгъэу, Къап­лъэн-Джэрий и гур мэулъэпхъащэ: «Адыгэхэм я зэгурымыIуэр къагъэ­сэ­бэпауэ, зэрыгъэбийхэр е къыдэшэхын, е зэуштын - ар зы лIэужьыгъуэщ. Къыдгухьэхэм КъурIэным теIэбэурэ тхьэ едгъэIуэнщ. Къэбэрдейр зэ и пIэм ит­щIыкIмэ, сулътIанри нэгъуэщIынэкIэ къытIуплъэнущ.
Хэти хэт, ауэ Къэбэрдейр зы убыдыпIэ имыIэжу ди IэмыщIэ къихьэнущ. Зэи зыми емызэгъ лъэпкъхэр дапщэщи къэ­зэугъуафIэщ. Мыхэращи, зэрышх-зэфыгъуэм къыхэкIыркъым. Iулъ­хьэ­тынкIэ щахудэтчыхыу щыта зэманыр иджы щыIэжкъым. Куэдщ ар! ЩIыр ­хуит кърырещIи, жыIэщIи тхурырехъу. Къэбэрдей-шэрджэс IункIыбзэ къэ­бым и бзэр зэрыIуагъэпкI хабзэр дэ дощIэ: я зэфыгъуэ-зэижэрщ а бжэIулъэм сыт щыгъуи худиIэмалыр. Ар фIыщ! Езыр-езыру мы щхьэ­зы­фIэфI­хэм зыкъамытмэ, щIы щхьэфэ сщIынщи сежьэжынщ. Куэдрэ ар? Ноби дыхьэзырщ зауэр дублэну. Ди дзэр хьэжьпэжьщ. Ди топхэр гын жьэ­ра­жьэщ. Пхъэ ласкIэу зэбгрытпхъынущ  я дэтхэнэ мывэкъалэри!».
Къаплъэн-Джэрий зэгуэпырт. Зэманыр хьэулейуэ зэрыкIуэдыр хъаным и фейдэтэкъым. Апхуэдэ къэхъурэ? ЗэуакIуэ къэкIуахэм зэзэуэну бийр ­къаIэщIэмылъагъуэу… Мы къурш мыгъуэжьым мыпхуэдэу заплъыхьу искIэ Iуэхур зэфIэкIынукъым. СулътIаныр нобэ-ныжэбэ къапоплъэ. Карлрэ Мэзепэрэ я зауэри зэлъытар кърымы­дзэм и гъэзэжыкIэрщ…
Пшагъуэ Iумылыпсым игъэдия ­хьэуар хъаным куууэ зыIурешэри:
- Си уанэшыр дэнэ щыIэ?
Къаплъэн-Джэрий и Iэщэ-фэщэрэ ишкIэ зэщIэузэдауэ дзащхьэр здыщитIысыкIа бжьэпэхэм ирикIуащ. Дзэ­-  п­щхэм къалъагъун хуэдэу зиIэжьэ-зэхэзеплъэурэ, кърымхэми, тыркухэми, нэгъуейхэми яхэтри и шэтырыпIэм ­къигъэзэжащ. Хъаным пэплъэу бжэ­Iупэм Iутт тырку дзэпщымрэ Iэлигъуэт пэщэмрэ 
- ФыныщIыхьэ… - жиIэурэ хъаныр здэкIуэм, зэупщIри имыгъэбелджылыуэ:
- Дзэ хьэзырыр къыдоплъри зэхэтщ. КъызгурыIуэркъым зызы­хуэтIэ­жьэ­жыр… Ди бийхэм я мурадыр сыту пIэрэ? Сыт жаIэрэ ди тIасхъэщIэххэм?
Iэлигъуэт пэщэм и ныбэ фэндырэр къыпэщIэуэ щхьэкIэ, нэхъри зигъэщхъыну еIэурэ:
- Дыгъэр зи теплъэ, хъыбарыфI диIэщ!
- ТIысыт, ущымыту. Сыт хуэдэу пIэрэ а уи фIыр?
- Уэ жыхуэпIэм хуэдиз дыдэ Iулъхьэу къыуатыну арэзыщ иджы къэбэрдей адыгэхэр.
- Пэжу пIэрэ ар? - хъаным Муртаз пэщэм дежкIэ зегъазэри, и цIэри къримыIуэу йоупщI:
- Уэри жыпIэн уиIэт?
- Сэри ардыдэт бжесIэнур, хъан.
 Къаплъэн-Джэрий и пэфыкъыр ­ауаныщIу егъаджэри:
- ЛIо, фэ тIум фи тIасхъэщIэххэр зэщIыгъуу зы пщIыхьэпIэ щепщIыхьи къэхъурэ?
- Хьэуэ, - зэгуэпауэ пегъэщхъ Муртаз пэщэм. - Сысейхэм я пщIыхьэпIи я ­къежьапIи щхьэхуэщ.
Муртаз пэщэм игу ирихьатэкъым Кърым хъаным зыкъызэрыхуигъэкъыр: «ИкIэм-икIэжым, Къаплъэн-Джэрий щогъупщэ зэпсалъэр къэзыгъэкIуар хэтми! Абы и мызакъуэу, ­Къаплъэн-Джэрий имыщIэж нэпцI ­зещI ХьэтIохъущокъуэр зи жагъуэхэр зыхишэу, абыкIэ пщы уэлийм и лъэр ­хъаным хущIиудыныр езы Муртаз пэщэм къызыкъуиха чэнджэщ щхьэ­пэу зэрыщытыр!».
Хьэлъэу щымт иджы хъан шэ­ты­рышхуэр. Iэлигъуэт пэщэмрэ Муртаз пэщэмрэ гъэпщкIуауэ зэплъыжа щхьэкIэ, а зэхэзеплъэкIэр Къаплъэн-Джэрий IэщIэкIатэкъым… Гу зэралъитар хэIущIыIу имыщIу, хъаныр мыпIащIэу къэтэджащ. Дзэпщхэри къы­зэ­фIэуващ абы и ужь иту. Къаплъэн-Джэрий шэтырыр хуэму зэхикIухьурэ Муртаз пэщэм пэщIэкIуатэщ, зэтеувыIэри:
- Си тIасхъэщIэххэри, а фыфейхэм ещхьыркъабзэу, зы жейхэпщт! - гъэхуа­уэ зэпишурэ дзэпщым Iуоплъри: - Пэжщ, къэбэрдей адыгэхэм яхэтщ лъхукъуэлI дзыхьмыщIхэр, ахэр мэшынэ… Къэбэрдейр къэдзэумэ, я щIы Iыхьэ тIэкIури зэраIэщIэкIынум ирогузавэри, кIыхьлIыхь ямыщIу къыдгухьэмэ, я фейдэ хэлъу къа­фIощI. СывгъэцIыхужынкъым сэ а «ЛIар си пщыкъуэщи, къэнар силIщ» хужаIэу къэгъуэгурыкIуа лъэпкъ фэ­рыщIыр. Лъэгуажьэмыщхьэу къытпэтIыса нэужьи, мы къэбэрдейхэм я щхьэм къищхьэрыуэжынур зэи тщIэркъым, ауэ дощIэ… дощIэж нэгъабэ мыхъу, и щыпэгъэм къэбэрдей адыгэ бысым къэс щхьэж лъитIысхьа кърым хьэщIэ мырзэр зэрыфIигъэжыжар!
Къэбэрдей адыгэхэм иджыри къэс къыдамытурэ зэтрырагъэхьа Iулъ­хьэ­тыхьыр къызэщIэткъуэжмэ, ди зауэлI хахуэхэм я улахуэ щIыхуэри зытетхыжынщ, хэкIуэдахэм я унагъуэхэми зыгуэр яхуэтшиинщ. Фыбэлэрыгъ ­хъунукъым. ЗауэлIхэм схуевгъащIэ я лIыгъэм сызэрыхуэмышачэр. Ичындым щегъэжьауэ жасы хъуху мэжджыт шэтырым дыщызэхуэсынщи, Алыхьым делъэIунщ.
- Дэ дыпщIыгъуу уигу умыгъэны­къуэ, хъан щэджащэ!
- Ари пэжщ. Зыщызгъэгъупщэркъым фи Iэщэ дамэр, - жиIэу Къап­лъэн-Джэрий Муртаз пэщэм иджы хупогуфIыкIыж.
… Дзащхьэр щIыгъуу мы бгы жьэ­гъум къызэритIысхьэрэ, нобэ фIэкIа хъаным и псэр сабыратэкъым. Иджыпсту мащIэу игу къызэрыгъуэтыжри, гурыщхъуэхэри зримыгъэкIуалIэу нэ­мэзщыгъэр къищтат, арщхьэкIэ щыгъэу и Iэпэм щIэжыр гупсысэ мы­фэмыцу зыпыщэщыжырти, духьэр икIуэтырт. Къаплъэн-Джэрий и фIэщ хъуртэкъым къэбэрдейхэм зыкъатыну: «Мырзэхэми сэ сагъэудэIуу арагъэнщ, армыхъумэ бийм иджыри къэс хэIущIыIу зыкъыщIимыщIыр, дауи, къыдгухьэну хьэмэрэ IулъхьэгуфIапщIэ тхуигъэтIыгъуэу аркъым», - зэригъэзахуэрт иджы хъаным.
Къаплъэн-Джэрий шэч къытрихьэртэкъым къэбэрдейхэр нахуэу къы­зэ­рыпэмыувыфынум, ауэ…
Апхуэдэххэурэ, хъаныр нэхъри гуп­сысэм хигъащIэрт. Псом емыщхьыжу Уафэбгыкъу куэщI къызэритIысхьэрэ лIым и мамырыр щхьэщыкIат. Тхъуэбзащхъуэ щIытам и гъуэз бахъэ псыIэр Iуву зыщхьэщыт мы къуакIэбгыкIэр гумрэ псэмрэ питхъыу напщIэуфэт. «Баналъэ мэзрэ бгъуэнщIагъ упсэп­сауэ, щыхупIэ нэзрэ къуэзэв ды­джыжьу, псыхъуэ куу кIыфIхэм ашхъэдэщымэр къыдихрэ, тхъуэбза­щхъуэ псыIагъэм ар хэзэрыхьыжмэ, уи щхьэр дэуназэу, щIыпIэ ажалыфэ гуэрщ мыр!» - шэтырыпIэр аргуэру зэпиплъыхьурэ Iумпэм ещI хъаным. Арыххэу Къаплъэн-Джэрий и нэгу къыщIоувэ хъангуащэ Алсу: «Сщы­гъупщакъым, си дахэ, укъыщIэзгъэгугъа текIуэныгъэр! Сщыгъупщэркъым Налмэс-IуэхутхьэбзащIэр нып­хуэс­шэжыну псалъэ зэростар. Къэбэрдейхэм я Iулъхьэри зыбжанэкIэ гъэбэ­гъуэжауэ езгъэпшынынщ. Зезгъэ­щIэжынщ а щхьэзыфIэфI лъэп­къым…»
Тырку сулътIаныр хъаным къигъэ­гугъащ Налмэс тыгъэу хуишэну. Хуи­шэнщ… ЯпэщIыкIэ езым зэрыхуейуэ зыщигъэнщIынщи, итIанэ хуишэнщ. Бахъшысэрей дэт и уардэунэм пщащэр щыщIэсами, хъаныр абы ехъуап­сэрт. Ауэ сытми ехъуапсэрэт! Алсу и нэ жанхэр щхьэгъусэмрэ къэбэрдей ­пщащэмрэ зы дакъикъи зэратримыгъэкIарщ хъаным Налмэс щIы­Iэ­рымыхьар… Мыбдеж Алсу щыIэкъым, щхьэхуитщ иджыпсту Къаплъэн-Джэ­рий! Пщащэм и епэр IубахъэмкIэ езым ирикъуху зитIыжмэ, хэти итIанэ хуитщ: хуэмеймэ - Алсу хуидзыжынщ, хуеймэ - Ахьмэд сулътIаным хуригъэшэ­-жынщ. Пэрыуэгъу щыIэкъым. Къэбэрдейхэм я щхьэ къызэрыкъуагъэжу, Налмэс къыхуашэну япиубыдынщи Iуэхур зэфIэкIащ! Ар къэхъунущ куэд мыщIэу… СулътIанри, пащтыхьри, ­хъанри, псом япэрауэ, цIыхухъущ, ­зилъ хъуэпса цIыхухъум пэрыуэфа щыIэ?! Гуэныхь псысэхэм Iэубы­ды­пIэншэу яхэщхьэрыуа хъаныр шэ­тырым щIохьэжри, кIыфIылъэ хъуа ­ фэ блынхэм къахэщ гъуджэ хъурейм Iуоплъэ. «Сыт-тIэ ХьэтIохъущокъуэп­щым сыгурыIуэкIэ… Нобэ сыгурыIуэнщи, пщэдей дэкум хуэдэу къэзгъэп­цIэ­жынщ! Абы езыми зыри и фIэщ мы­хъуххэу жаIэ. Чэнджащэу къикIухь ­хъунщ иджыпстуи! Иджыри къэс ­лъаIуэу зэрыдэтари бзыщIакъым. Хэтыт абы къыгуэувэнур, тырку сулъ­тIанымрэ сэрэ къытфIэмылIыкIыу?.. Езы пщы уэлийри щхьэзыфIэфI пагэщ, - хъаныр тахътэм итIысхьэурэ погуфIыкI. - КърырекIуэ мыдэ, лIы хуэдэу ды­зэуэнщ!»
Къуршыдзэхэм пшапэр къафIэщатэри, Уафэбгыкъу жьэгъур кIыфIыгъэм хилъэфат. Къаплъэн-Джэрий пшапэм хэплъэри, хуэш зыхыхьам ещхьу тхытхащ. Зэрысабийрэ кIыфIыр и жагъуэт абы.
- Уэздыгъэншэу сыщIыщысыр къызжаIэну пIэрэ? - жиIэурэ щышхыдэм, шэтырым къыщIыхьащ Уракъ мырзэр.
- Сыт ди хъыбар, Уракъ?
- Щэхущ.
- Къемэтыр Къетыкъуэ къэса нэужьи щэхунущ мы дыкъыздитIысхьар… Уэ езым уи фIэщ хъуа къэбэрдейхэм ­зыкъатын хуэдэу Бэубэч а жыхуиIар?
- Бэубэч сэ дзыхь хузощI, хъан!
- Пэжщ… Уэ дзыхь зыхуэпщIым сэри дзыхь изогъэз, сыту жыпIэмэ, уэ езым си дзыхь птелъщи… Деплъынщ. Бэубэч мырзэ цIэр хуэзгъэфэщэн си мурадщ, ауэ Iэлигъуэтпэщэи, Абрэджи ящIэн хуейуэ щыткъым ар къызэрыддэлажьэр...
Уракъ мырзэм щхьэщэ ищIурэ ­хъанхэм я хъаным «жэщ мамыркIэ» хуэлъаIуэри, щIэкIыжащ.
Зи закъуэу гупсысэхэм къахуэна ­Къаплъэн-Джэрий и пащIэ-жьакIэм Iэ дилъэурэ аргуэру гъумэтIымэрт:
- Щэхурэ мамыру дыщызэхэсыххэщ мыбдеж… Пщэдейм къытхуздихьынур зыщIэр хэт?

XXXIII
1708 гъэм и фокIадэ мазэщ. ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ, Къэзанокъуэ Жэбагъы, Къэсей хьэжыр зэгурыIуащ нэху мыщу чэнджэщэгъу шупашэхэр зэхуашэсыну. Тамбиипс Iуфэ зыщызыгъэбыда къэбэрдей пщы уэлийм а зэхуэсым къригъэблэгъащ Ашабэр, Быжыр, Шурдымыр, ЦIыпIынэр. Пщы уэлийм и хэщIапIэм хуэзыунэтIа шууиплIыр иджыпсту бжьыхьэ мэзым кIуэцIрокI. Нэхулъэр иджыри къызэ­щIитхъакъыми, мэз псыIэ нэщIыр кIыфI зэхэтым щыму хощхьэукъуэ. Нэхулъэ нэзыр Хьэдрыхэ лъагъуэкIэ зэджэ къуэкIийм къентIэIуа къудейщ. Тамбиипс ныджэм и нэпкъхэм лъэ­ныкъуэегъэзрэ зэгъуэкIыу зыщIагъэ­зэгъащ пщы уэлийр джатэпэрыжэу зыщыгугъ шухэм. Дзэпщ щхьэхуэхэм яухуа мывэ къалэхэм къэбэрдей зауэлIхэр хьэзырыпсу дэсщ. Япэ Iухьэ­гъуэр шу щитхум яйщи, ахэри щысщ зауэ джакIуэм поплъэри.
ШууиплIыр пщы уэлийм и тIысыпIэм щынэсым, Къэсей хьэжым гупым захуегъазэри:
- Ди щхьэхуитыныгъэм и хьэтыркIэ зи псэ зытахэм дыуэ яхуэтщIынщ. Алыхьым Гурыт Мэчыхъу жэнэтыр увыIэпIэ хуищI!
Къэсей дыуэ ищIа нэужь, къызэхуэсахэм захуегъазэ ХьэтIохъущокъуэ­- п­щым:
- Адыгэ лIыгъэр Алыхьым тIимыхыжкIэ! Ди насып Алыхьым тригъакIуэ! ­Лъагэу къуршым къитIысхьа бийр бэлэрыгъын хуэдэу Iэмал едгъэгъуэтащ. Бгыкъуэм укъезэуэхыну нэхъ тыншщ, удэкIуейуэрэ узэуэн нэхърэ. Аращи, я IэмыщIэм драгъэзэгъа къы­зыфIагъэщIурэ, зэкIужыпIэ дыщы­щIэлъэIунум кърымхэр къыпоплъэ. Биидзэм щэхуу хэдутIыпщхьа ди дэщIэгъухэм зыттыну дыхьэзыр хуэ­дэу, хъыбар ягъэIуащ. Пэжщ, гугъэндыгъэн тщIа кърым-тэтэрхэр куэдрэ къытпэплъэу щысынукъым… Лъэгуа­жьэмыщхьэу дызэрымытIысынур ­къа­зэрыгурыIуэу къежьэнущ. Зэпсэ­лъэныгъэкIэ нэхъри дгъэбэлэрыгъыпэу пIалъэ гуэр иджыри къафIэтхьэхун папщIэ, нобэ фIэмыкIыу хъа­ным лIыкIуэ хуэтщIын ди гугъэщ. Быж ЛIыгъур дгъэкIуэнщ Къаплъэн-Джэ­рий епсэлъэну. ЗэгурыIуэ-зэпсалъэр нэхъ кIэлъэф тщIыху, ди фейдэр нэхъыбэщ. Зэман дыхуэныкъуэщ иджы­ри… ЗэкIэ ди дзэм хузэфIэкIынур зытхъумэн къудейрщ, ауэ щыхъукIи, нэхъыбэж щызэдгъэхъулIэну Iэмалхэр Iэрылъхьэ тхуэмыхъуауэ зэхэуэр едгъэжьэныр тэмэмкъым.
ЦIыпIынэ Хьэсанш къызэреплъым гу лъетэри, пщы уэлийм:
- Псалъэ уиIэт, Хьэсанш?
- Уи псалъэр сэри си псалъэщ, зиусхьэн. СыщIэупщIэну аркъудейт: Быжым и гъусэнухэр?
- Езы ЛIыгъур къыхихыжащ ахэр: Къэбардрэ, Жанхъуэт арэзыуэ щытмэ, и къуэ Елэнрэ…
- Зиусхьэн, - къопсалъэ Жанхъуэт, - «арэзы» псалъэр зыми зэхэтхакъым. Си щхьэкIэ сывгъакIуэтэмэ, псалъэ хэзмылъхьэу сыкIуэнут.
- Упсэу, тхьэмадэ… - пщы уэлийр Шурдымым зыхэщIэгъуэу Iуоплъэри, и псалъэм пещэ:
- Шууищ нэхъыбэ лIыкIуэ дыхуэмейуэ къызолъытэ. А щымкIэ фыакъы­лэ­гъумэ, адэкIэ я къалэныр дубзыхунщ.
Псори акъылэгъу щыхъум, ХьэтIо­хъущокъуэ ЛIыгъур зыхуегъазэри:
- Иджыпсту диIэм зыри тхухэлъхьэ­жынукъым. Зыхъумэжыным ехьэлIауэ дыхьэзырщ. ДимыIэр зэманщи, а зэманыр къэфхьэхун щхьэкIэ, сыт жамыIами, фагурыIуэ, ЛIыгъур. Iулъхьэ жаIэми, нэгъуэщI щхьэусыгъуэ гуэр къыфпагъэтIылъми - псомкIи арэзы фыхъу, ауэ пIалъэр щIэмычэу япэ­вубыд. «ПсомкIи дызэгурыIуэнущ, зэман къыдэфт. Зэман дыхуейщ».      Аращ фи къалэн нэхъыщхьэр. Ди зэманырщ текIуэныгъэм и Iэмалыр. Ар яхуэвмыгъэкIуатэурэ ерыщу фыпсалъэ.
Ашабэ Миншакъ пщы уэлийм жиIамкIэ игу мызэгъауэ:
- А фызэпсэлъэнухэм хабзэ ящIэркъыми, ар зезыхьэхэр убзэу къафIощI. «ДакъыгурыIуэнщ» жыфIэу, евмыгъэлеищэ…
- Хабзэри убзэри къэзыгъэщIыр Алыхьышхуэрщ, Миншакъ. Псоми ди Iыхьэ дгъуэтыжынущ. Кърым хъан ­хабзэншэми къыпоплъэ хуэфащэ ­лъагъуэ. Алыхьым и щIагъ дыщIэтщ псори, - нэщхъейуэ Миншакъ Iуоплъэ Къэсей хьэжыр…
Къэбэрдей шухэр къулъшыкъу кIа-сэу кърым хъаным и шэтырыпIэм Iухьащ. Кърымыдзэм хэт зауэлIхэмрэ хъаным и щхьэхъумэхэмрэ нэжэгужэ къэхъуат. Лъыгъажэ щымыIэу зэрызэгурыIуэнум шэч иджы къытрахьэртэкъым кърымхэм. Хэт-тIэ къаукIыну зыфIэфIыр? Псэр IэфIщ. Зауэ фейдэри я IэмыщIэ икIынкъым: Iулъ­хьэтыхьыр зэтещIэу Къэбэрдейм ирашынщи, текIуэныгъэр яIыгъыу Къры­мым ягъэзэжынщ…
Языныкъуэхэри арэзытэкъым лъыгъажэншэу Къэбэрдейм икIыжыну. Зауэм и хабзэ пажэщ ар: губгъуэ уихьамэ, уи Iэщэр лъым хэщIэ!.. ЖыпIэнурамэ, кърым хъаным и дзэми зэгу­рыIуэшхуэ къыщекIуэкIыртэкъым. Мыд­рейуэ, псоми ящIэрт къэбэрдейхэм уезэуэныр зэрышынагъуэр…
 Къэбэрдей пщы уэлийм и лIыкIуэхэм епсэлъэн хуейуэ Къаплъэн-Джэрий къыхихар Iэлигъуэт пэщэрт. Зы мэс­къалкIэ яхудимычыхыу нэгъуей мыр­зэр лIыкIуэхэм епсэлъылIа нэужь, е ­хъаным и щхьэкIэ, е Уракъ мырзэр я дэлэлкIэрэ, зэгурыIуэныгъэхэр нэхъ тэмэму щIагъэбыдэжынщ.
Iэлигъуэт пэщэр шэтырым щIэсти, къыхуагъэфэща къалэн пажэм къы­зыфIигъэщIыжауэ, лIыкIуэхэм лъагэу къахуопсэлъэх:
- ДыныводаIуэ!
Быж ЛIыгъур нэгъуей мырзэр зэ­рыбыртIым зэпэхъурейр фIэIумпэму еплъри:
- Къэбэрдей пщы уэлийм дрилIы­кIуэщ. Дызэпсэлъэнур Кърымым и ­хъанырщ.
- Хъанхэм я хъаным Iуэху и куэдщ. Фыщыхуей дакъикъэм къыфIущIэн хуэдэу хущIыхьэркъым. Сэращ кърым хъаным и цIэкIэ псэлъэнури, сэ сы­ныводаIуэ, - и набдзэхэр нэхъри дрешей нэгъуейм.
- Зэ догуэт, Iэлигъуэт пэщэ! Зэ умыпIащIэт, - жиIэурэ Къаплъэн-Джэ­рий шэтыр кIуэцIIупхъуэм къыкъуокI­ри, нэгъуей дзэпщыр, гуэгушыхъу гъэтхъа нэхъей, зиудэурэ къыщолъэтыж. - Ди бийхэм минрэ я лIыкIуэу щытми, мы бгырысхэр муслъы­мэ­нылIхэщ. Я пщIэм зэрыхуэфащэу, япэщIыкIэ гъэтIыс. Я Iэщэр дэнэ щы­Iэ?! АдыгэлI Iэщэншэрэ итырыгъу ­къудамэншэрэ… КъаIэщIэфлъхьэжыт я Iэщэр! - жьакIуэу псалъэурэ къэбэрдейхэм къахохьэ хъаныр.
- Алыхьым и лIыкIуэ, ар хъунукъым, - идэркъым Уракъ мырзэм.
Нэгъуей дзэпщым и щхьэхъумэ Бэубэчи Уракъым дэакъылэгъуу:
- Уи пащхьэ нэхум зэи къиувэ хъунукъым Iэщэ зыкIэрылъ лIыкIуэ. Ар хэтуи щрырет.
- Ара? Абы щыгъуэ сэри зэкIэрызох-тIэ си Iэщэр, - жиIэурэ хъаным и къамэ-сампIэ зэрылъыр Уракъ щхьэ­хъумэм хуешийри: - Къызэпсэлъэнум и цIэр? Зыщыщыр?
- Быж уэркъхэм сакъыхэкIащ. ЛIы­гъурщ си цIэр. Уэркъ щIалитI си гъу­сэщ: Шурдымхэ Елэнрэ Табыщхэ Къэбардрэ.
- Уэра а Быжыр? - щабэу и макъыр щIригъэлъэф хуэдэурэ, Къаплъэн-Джэрий и Iэбэлагъхэр кIэнтIыIум щы­зэтредзэри: - СынодаIуэ…
- Си псалъэр, хъан, кIэщIщ: Мамырыгъэ.
- А псалъэм мыхьэнэ и бэщ.
- А бэм зы закъуэщ дэ къыхэтхар - уи жыIэр ди Iуэхущ!
- Дыгъуасэтэкъэ фыщылIыхъулIыбжьар? Нобэ фи хьэкIэр псым хэбжьэхъуа?
- Зауэ кIыхьым лъэпкъыр диуфэ­къащ. IулъхьэтыхькIэ дызэпывгъэкI, хъан.
- Щэнейуэ Iулъхьэхэр догъэбэгъуэж. Фи ерыщагъкIэ дгъэкIуэда мылъкур абы ищхьэжу нытыдолъхьэри фыдогъэпшынэ. Абы ищIыIужу, илъэсибл-пщыкIутхум ит сабий щитхур дапщэщи фи къуэдыщ. Махуищыр фи пIалъэщ. Нобэ щегъэжьауэ добжэ.
- Махуищыр мащIэщ. ТхузэфIэкIынукъым.
- НэхъапэIуэкIэ фыкъэкIуатэмэ, фи пIалъэри нэхъ кIыхьынт. Фипщ щхьэ­зыфIэфIым сытыр и кIуэдт? Джылахъ­с­тэнейм ар щтапIэ ихьэжар пэж?
- ЩтапIэ исым лIыкIуэ ищIрэ?! - къоуI­эбжь Быжыр. - КъыджепIар, зы псалъэ имычэму, пщы уэлийм хуэтхьыжынущ. Ауэ махуищыр ди пIалъэкъым… Егупсыс, иджыри.

(КъыкIэлъыкIуэнущ).

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.