Хэкур зыхъумахэм - щIыхь

УФ-м и Президентым и унафэкIэ 2020 гъэр ди къэралым щагъэуващ Фэ­еплъымрэ щIыхьымрэ я илъэсу. Абы къриубыдэ лэжьыгъэхэм хэту, Урысей гвардием Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ управленэм и лэжьакIуэхэм гулъытэ хуащI Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм ­хуагъэува фэеплъхэм. Апхуэдэ пэкIу дахэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Май щIыналъэм.
Урысей гвардием ди щIыналъэм щиIэ управленэм и пресс-къулыкъущIапIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, ведомствэм хэмыт хъумакIуэ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Май къалэм дэт фэеплъым деж икIи абы удз гъэгъахэр тралъхьащ. Абдеж щекIуэкIа пэкIум къыщыпсэлъащ щIыналъэм и полицэм и взводым и командир, полицэм и капитан Ардавэ Рустам.
- Дэ дапщэщи ди гум илъынущ мамырыгъэм щIэзэууэ зи псэр зыта лIыхъужьхэр. Абыхэм зэрахьа хахуагъэр уахътыншэщ, я фэеплъхэри зэрымыкIуэдыжым хуэдэу, - жиIащ Ардавэм. - Хэку зауэшхуэм и сэлэтхэмрэ офицерхэмрэ я гъащIэр дапщэщи щапхъэщ ди дежкIи къэкIуэну щIэблэхэм я дежкIи.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Хэку зауэшхуэм и фронтхэм Май щIыналъэм щыщу щызэуащ цIыху мини 4-м щIигъу. Абыхэм ящыщу 2842-р зэуапIэхэм икIуэдащ, уIэгъэщхэм щылIащ. 1942 гъэм и гъэмахуэм фашистхэр Кавказым къыщихьам щыгъуэ, шыщхьэуIу мазэм къыщыщIэ­дзауэ жэпуэгъуэ пщIондэ бийм пэщIэтащ 37-нэ фронтым и совет зауэлIхэр, Май щIыналъэр бийм щахъумэу. Бийр ди щIылъэм ирахужа нэужь, майдэсхэм къалэр щIэрыщIэу зэфIагъэувэжыфащ, абы къедза жылэхэри зэIузэпэщ ящIыжыфащ.
ЩIэблэм ящыгъупщакъым совет зауэлI­хэм зэрахьа лIыгъэ иныр.

КЪАРДЭН Ритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)