ЗэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэ

КъБР-м и Хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и Президиумым хэтхэм я зи чэзу зэхуэсыр зэхэтащ. Ар иригъэкIуэкIащ Парламентым и спикер ­Егоровэ Татьянэ.
Депутатхэр хэплъащ «Къэбэрдей-­Балъкъэр Республикэм и зэзыгъэкIуж судыщIэхэм ятеухуауэ» КъБР-м и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным ехьэлIауэ» законым и проектым. Абыхэм къыхагъэщащ зэхъуэкIыныгъэхэр щызэпкърыха тхылъыр КъБР-м и зэзыгъэкIуж судыщIэхэм я лэжьыгъэр къызэгъэпэщынымкIэ къулыкъущIапIэм зэригъэхьэзырар. Ахэр законым хэлъхьэным щхьэусыгъуэ хуэхъур ­КъБР-м и зэзыгъэкIуж судыщIэхэм я нэIэ щIэтын хуей щIыналъэхэм я гъунапкъэр зэраубзыхурщ.
Апхуэдэуи «Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­­публикэм и депутатхэм, щIыпIэ само­управленэхэмкIэ органхэм къулыкъу щы­зыIыгъхэм я къалэнхэр гъэзэщIэнымкIэ шэсыпIэу щыIэм теухуауэ» Къэбэрдей-­Балъкъэр Республикэм и Законым зэ­хъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и законым, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и депутатым и статусым теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­публикэм и законым я проектхэм елэжьын щIадзащ.
Парламентархэр тепсэлъыхьащ КъБР-м и Парламентыр 2020 гъэм и бжьыхьэ сессием зэлэжьыну Iуэхугъуэхэми. Абы теу­хуа тхылъым депутатхэр хэплъэнущ. Ар зи нэIэ щIэт комитетым абы теухуауэ къыхалъхьа я чэнджэщхэр хилъхьэжынурэ Парламентым и зи чэзу зэхуэсым къыщащтэнущ.
ЗэIущIэм хэтахэр хэплъащ федеральнэ законхэм, УФ-м и нэгъуэщI субъектхэм я хабзэубзыху жэрдэмхэм, УФ-м и ПсэупIэ, Бюджет, Налог, Къалэухуэ кодексхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным.
Абы къищынэмыщIауэ, республикэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щылажьэ IэщIагъэлI зыбжанэм Парламентым и ЩIыхь тхылъхэр иратыну зэгурыIуащ.

КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.