Бадзэуэгъуэм и 10-м къыщыщIэдзауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIуахыж ягъэувауэ щыта мардэхэм щыщ зи чэзу Iыхьэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеоконференц мардэм тету бадзэуэгъуэм и 8-м иригъэкIуэкIащ коронавирус уз зэрыцIалэм республикэм зыщемыгъэубгъу­ным хуэунэтIа лэжьыгъэ­хэр къызэрызэрагъэпэ­щым­рэ а узыфэм зэрыпэщIэтымрэ теухуа Iуэху­хэр зэкIэлъызыгъакIуэ Оперативнэ штабым и зи чэзу зэIущIэр.
COVID-19-м ебэныным теухуа щытыкIэр зыхуэдэм зэIущIэм хэтхэр щыгъуазэ ящIащ «Роспотребнад­зор»-м и щIыналъэ къудамэу ­республикэм щыIэм и унафэщI Пагуэ Жыраслъэн­рэ КъБР-м узыншагъэр ­хъумэнымкIэ и министр ­Къалэбатэ Рустамрэ.
IэщIагъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, мэкъуауэгъуэм и 11-м къыщыщIэдзауэ и 22 пщIондэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр узыфэм нэхъ псынщIэу зыщиубгъу «лъагапIэ» жыхуаIэ щытыкIэм итащ. Мы зэманым республикэм эпидемиологие щы­тыкIэр щофIэкIуэж. ТхьэмахуитI нэблэгъауэ хэщIурэ макIуэ сымаджэ хъухэм я бжыгъэр.
Коронавирус зыпкърытхэр щIагъэгъуалъхьэ узыншагъэр хъумэным и IуэхущIапIиблым, псори зэхэту ­гъуэлъыпIэ 1583-рэ щIэту. Абыхэм иджыпстукIэ щоIэзэ цIыху 1001-м. Зы тхьэмахуэ зэхуакум къриубыдэу процент 31-кIэ нэхъ мащIэ ­хъуащ а узыфэр япкърыту сымаджэщхэм яшэхэр. Сымаджэ хьэлъэхэм я бжыгъэр хуэдитIкIэ нэхъ мащIэ хъуащ - ягъэгъуэлъым и процент 12-рщ апхуэдэ щыты­кIэм итыр. Реанимацэхэм щIэлъщ цIыху 43-рэ, абыхэм ящыщу ИВЛ IэмэпсымэхэмкIэ зэIэзэр 12-рщ.
Узыфэр къызэрахутэрэ республикэм щыщу цIыху 18611-м компьютер томо­графие къэпщытэныгъэхэр дра­гъэкIуэкIащ, абыхэм ящыщу 11.040-м а узыфэр япкърыту къыщIэкIащ. КТ-къэпщытэныгъэ хуэныкъуэу къалъытэ сымаджэхэм я бжыгъэр процент 45-кIэ нэхъ мащIэ хъуащ.
«Роспотребнадзор»-м и IэщIагъэлIхэри хэту зэхалъ­хьащ COVID-19 узыфэр зыпкърытхэм щеIэза IуэхущIапIэхэу зи гъуэлъыпIэхэр нэщI къэхъужахэр нэхъапэм зытета лэжьэкIэм хуэкIуэ­жыным хуэунэтIауэ зэфIэгъэкIыпхъэхэр. Коронавирус зэуэлIа сымаджэхэр бадзэ­уэгъуэм и 4-м къыщыщIэ­дзауэ щIагъэгъуэлъхьэжыркъым узыфэ зэрыцIалэ нэхъ шынагъуэхэр зыпкърытхэм щеIэзэным хузэрагъэпэщауэ щыта, «ХьэцIыкIу А. А. и цIэр зезыхьэ щIыналъэ сымаджэщ нэхъыщхьэ» узыншагъэр хъумэнымкIэ къэ­рал бюджет IуэхущIапIэм. КъБР-м Узыншагъэр хъу­мэнымкIэ и министерствэм къегъэщIылIа «Республикэ сабий клиникэ сымаджэщ» узыншагъэр хъумэнымкIэ къэрал бюджет IуэхущIапIэм бадзэуэгъуэм и 6-м къыщыщIэдзауэ махуэ 14-м къриубыдэу сымаджэхэр щIатхыкIыжынущ икIи, санитар-эпидемиологие и лъэныкъуэкIэ абы щащIэн хуей къалэнхэр зэфIэкIмэ, ари нэхъапэм зытета лэжьэкIэм техьэжынущ.
НэгъуэщI узыфэхэр зыпкъ­рытхэу сымаджэщхэм зыщыкIэлъыплъын хуейхэр абыхэм щIагъэгъуалъхьэ ­хъужащ, республикэм щыIэ щытыкIэм елъыта санитар-эпидемиологие мардэхэм тету, ахэр ткIийуэ ягъэзащIэу.
КъБР-м и Iэтащхьэм къыхигъэщащ «Роспотреб­над­зор»-м и чэнджэщхэм IуэхущIапIэхэри цIыху щхьэхуэ­хэри иджыри тетын зэры­хуейр. Абы къыдэкIуэу, са­нитар-эпидемиологие, социально-экономикэ щыты­кIэхэм япкъ иткIэ, хуэм-хуэмурэ къытекIыжын хуейщ узыфэм пэщIэтыным хуэу­нэтIауэ ягъэувауэ щыта мардэхэм.
ЗэIущIэм щыхэплъащ экономикэмрэ социальнэ IэнатIэмрэ я IуэхущIапIэ щхьэ­хуэхэм мардэ ткIийхэр ящхьэщыхауэ я лэжьыгъэм пащэжынымкIэ щыIэ хэ­кIыпIэхэм. Абы теухуауэ къэпсэлъащ республикэм и Премьер-министр Мусуков Алий.
ЩытыкIэр зэрефIэкIуэ­жыр къэлъытауэ, «Роспот­реб­надзор»-м и чэнджэщ­хэм тету, КъБР-м и Прави­тельствэм къыхилъхьащ санаторэ-курорт IуэхущIапIэхэр бадзэуэгъуэм и 10-м къы­щыщIэдзауэ къызэIуахыжыну. Апхуэдэуи я лэжьыгъэм щIадзэж хъунущ хьэ­щIэщхэм, турбазэхэм, пансионатхэм, ауэ абыхэм цIыхуу зэуэ ирагъэблэгъэнур мардэ пыухыкIам тетын хуейщ. Нэчыхь тхыным епха гуфIэгъуэ дауэдапщэхэри ирагъэкIуэкIыну хуит ящIынущ, хьэщIэу цIыхуипщI нэхърэ мынэхъыбэ ирагъэблагъэу. ЕсыпIэ псыгуэнхэр, финтес-центрхэр, хьэмэм­хэр къызэIуахыж. Курыт школхэм, IэщIагъэ, щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъэут IуэхущIапIэхэм цIыхухэр кIуэну хуит щамыщIу щыта мардэхэри щхьэщахыж. Абы къыдэкIуэу, зи ныбжьыр илъэс 65-м щIигъуахэм я узыншагъэр яхъумэжын пап­щIэ зытехьауэ щыта хабзэхэм иджыри тетынущ.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 09:03

КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ