Къуажэм и теплъэр къагъэщIэрэж

«Къалэ кIуэцIхэм тыншыгъуэхэр къыщызэгъэпэ-щын» лъэпкъ проектым и зы Iыхьэщ Бахъсэн районым хыхьэ Кременчуг-Константиновскэ къуажэм и цIыху зэхуэсыпIэ нэхъыщхьэхэр зэрырагъэфIакIуэр.
ЩрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм ящыщу, а жылэм и кум хуэзэу яухуэ жыгыщIэ цIыкIухэр зибгъухэмкIэ щыхэса лъа­гъуэхэр зиIэ зыгъэпсэхупIэмрэ сабийхэр щыджэгу хъуну утыку щхьэхуэмрэ. Абыхэм япэгъунэгъуу тетIысхьэпIэхэр, пхъэнкIий идзыпIэхэр щагъэуващ, пшапэ зэ­хэуэгъуэм къыщыщIэдзауэ Iэгъуэблагъэр зыгъэнэху уэздыгъэхэр щыфIадзащ.
Зи гугъу тщIы лэжьыгъэхэм къадэкIуэу, а къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэр зэрагъэпэщыж, «КъБР-м и транспорт системэм зегъэужьын» къэрал программэр я тегъэщIапIэу, Степная уэрамым (километри 2,8-рэ и кIыхьагъщ)телъ асфальтыр щIэкIэ зэрахъуэкI.

ЧЫЛАР Аринэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.