Автомобиль гъуэгур зэрагъэпэщыж

«Шынагъуэншэ икIи фIагъ зиIэ автомобиль гъуэгухэр» лъэпкъ проектыр Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм щыгъэзэщIэным пащэ.
Зэгъэпэщыжын щIадзащ Бахъсэн-Кыщпэк гъуэгур. ЦIыху минитхум нэблагъэ щыпсэу къуажэм и Совет уэрамым кIуэцIрыкI километри 5,5-м мы махуэхэм йолэжь. Абы тетщ социальнэ мыхьэнэ зиIэ IуэхущIапIэ зыбжанэ.
ИджыпстукIэ гъуэгум телъа асфальтыжьыр зэхахьэжэурэ къытрахыж. Нэхъ иужьыIуэкIэ ахэр щIэкIэ зэрахъуэкIынущ, лъэс зекIуапIэхэр къыхагъэщхьэхукIынущ, гъуэгу зэпрыкIыпIэхэр, псы щIэжыпIэхэр ягъэбелджылынущ, и кIы­хьагъкIэ зэIузэпэщ ящIынущ. Светофорхэр здагъэувыну щIыпIэхэри яубзыху.
Лэжьыгъэхэр гъэмахуэм къриубыдэу зэфIагъэкIыну я мурадщ.

Хьэтау Ислъам.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.