Къэбэрдей-Балъкъэрым мардэхэр мащIэ-мащIэурэ щыIуахыж

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм коронавирус узыфэм земыгъэубгъуным хуэгъэпсауэ щагъэувауэ щыта мардэхэр Iухыжыным и къыкIэлъыкIуэ Iыхьэм ­хуокIуэ. ЩIыналъэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ К. В. мэкъуауэгъуэм и 30-м Iэ щIидзащ абы теухуа Указым.

КIуэкIуэ Казбек гъубж кIуам ВКС мардэм тету иригъэкIуэкIащ коронавирус уз зэрыцIалэм республикэм зыщемыгъэуб­гъуным хуэунэтIа профилактикэ лэжьыгъэхэр къызэрызэрагъэпэщымрэ а узыфэм зэрыпэщIэтымрэ теухуа Iуэхухэр зэкIэ­лъызыгъакIуэ Оперативнэ штабым и зэIущIэ. Абы щедэIуащ республикэм щыIэ санитар-эпидемиологие щытыкIэм теухуауэ ар зи нэIэ щIэт къулыкъущIэхэм жаIахэм.
«Роспотребнадзор»-м и щIыналъэ къудамэу республикэм щыIэм и унафэщI Пагуэ Жыраслъэн зэрыжиIамкIэ, мэкъуауэгъуэм и 30-м ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым COVID-19 узыфэр къайуэлIауэ цIыху 5010-рэ щатхащ, абыхэм ящыщу 3386-р хъужащ, цIыху 53-рэ абы илIыкIащ. Узыфэр зыпкъ­рытхэм щеIэзэ сымаджэщхэм щIэлъщ цIыху 1282-рэ, амбулаторэ кIэлъыплъыныгъэм щIэтщ 1688-рэ. Узыфэр къызэрежьэрэ республикэм тест щрагъэтащ цIыху мин ­89-м щIигъум, КТ-къэпщытэныгъэ мин 16-м драгъэкIуэкIащ.
Пагуэ Жыраслъэн апхуэдэу жиIащ, эпидемиологие щытыкIэр зэрефIэкIуам и фIыгъэкIэ, республикэм нэхъ пасэу щагъэувауэ щыта мардэхэр щыIухыжыным хуэгъэза къыкIэлъыкIуэ лъэбакъуэхэр ич зэрыхъунур.
КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам жиIащ COVID-19 зэуэлIахэр гъэхъужыным КъБР-м и медицинэ IуэхущIапIиблым я лэжьыгъэр зэ­рытраухуар. Сымаджэщхэм гъуэлъыпIэ 1583-рэ щIэтщ, абыхэм ящыщу 791-м узыр зыпкърытхэр кислородкIэ зэрагъэбауэ Iэмэпсымэхэр егъэувэлIащ. Хуей хъумэ ­къагъэсэбэпын хуэдэу нэщIу яIэщ гъуэ­лъыпIи 160-рэ. Сымаджэм и тхьэмбылым инвазивнэ Iэмал хэмыхьэу зэреIэзэ Iэмэпсымэу 76-рэ бгъэIэпхъуэ хъу УЗИ-аппарату 4-рэ ягъэувауэ абыхэми иролажьэ. ИВЛ аппарату 8-рэ монитору 80-рэ мыгу­- вэу къаIэрыхьэну поплъэ.
Узыфэ зэрыцIалэ шынагъуэхэр зыпкърытхэм щеIэзэ сымаджэщхэм зы тхьэмахуэм къриубыдэу къашэхэм я бжыгъэр процент 15,2-кIэ, хьэлъэ дыдэу къаIэрыхьэхэр проценти 4,7-кIэ нэхъ мащIэ хъуащ, къыхигъэщащ Къалэбатэ Р. М. COVID-19 узыфэр я тхьэмбылхэм зэран зэрыхуэхъуар белджылыуэ къапэщIэхуэхэм я бжыгъэри хэпщIыкIыу нэхъ мащIэщ.
Республикэм и Iэтащхьэм унафэ зэрищIам тету, КъБР-м и медицинэ IуэхущIапIэхэм хущхъуэхэр ират унагъуэхэм зыщызыгъэхъужхэми. ЗрахьэлIэну хущ­хъуэхэр иратакIэщ цIыху 852-м. А узыфэр зыпкърыту амбулаторэхэм зыщызыгъэ­хъужхэм ятеухуа хъыбархэр КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм махуэ къэс къыIэрохьэ.
«Республикэм и санитар-эпидемиологие къулыкъущIапIэмрэ Узыншагъэр хъумэ­нымкIэ министерствэмрэ икъукIэ лэжьыгъэшхуэ зэфIагъэкIащ, - къыхигъэщащ КIуэкIуэ Казбек. - Узыфэм куэд зэрырамыгъэцIэлар, сымаджэщхэм щIэлъхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ зэрыхъуар я щыхьэтщ абы епха IэнатIэ псори зэдэууэ зэрылэжьам, абы и фIыгъэкIэ нобэ тлъагъухэр къыдэ­хъулIащ. Дауи, а Iуэхум хэлъхьэныгъэ нэхъыбэ дыдэ хуэзыщIар медицинэ лэ­жьакIуэхэрщ, абы папщIи фIыщIэшхуэ ­яхудощI. Шэч къытесхьэркъым, адэкIи зэкъуэту дызэдэлажьэмэ, абы фIы къызэ­рыдэкIуэнум икIи мардэхэм я къыкIэлъыкIуэ Iыхьэхэри IутхыжынымкIэ мыгувэу Iэмал зэрыдгъуэтынум».
КъБР-м и Iэтащхьэм къыдигъэкIа Указым ипкъ иткIэ, щыIэ санитар мардэхэм тету, лэжьэн щIадзэжынущ МФЦ-хэм (нэхъапэм зэрылэжьам хуэдэу), гъэмахуэ шхапIэхэм, бэзэр, жармыкIэ зэIухахэм, зоопаркхэм. Зи сату щIыпIэхэр метр зэбгъузэнатIэ 400 хъу­хэм я лэжьыгъэм пащэжауэ щытамэ, иджы метр зэбгъузэнатIэ 800-м нэс зиIэхэми апхуэдэ хуитыныгъэ яIэ хъуащ. Абы къы­дэкIуэу, нэхъапэми хуэдэу, абыхэм уэрамым узэрыкIуэ хъу щIыхьэпIэ щхьэхуэ яIэн хуейщ, зэуэ щIэтыну зыхуит цIыху бжыгъэми мардэ пыухыкIа иIэщ.
КъимыдэкIэ, КъБР-м и Правительствэр, «Роспотребнадзор»-м КъБР-м щиIэ Управленэр щIыгъуу, хоплъэ зэман гъунэгъум мардэхэр республикэм и зыгъэпсэхупIэ щIыпIэхэм щыIэ хьэщIэщхэм ящхьэщы­хыжыным теухуа Iэмалым.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Прави­тельствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)