КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ Бахъсэн къалэм щыIащ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек мэкъуауэгъуэм и 27-м лэ­жьыгъэ IуэхукIэ Бахъсэн къалэм щыIащ. Республикэм и Iэтащхьэм зыхигъэ­гъуэзащ Урысей Федерацэм и Конституцэм хуащI зэхъуэкIыныгъэхэмрэ хэлъхьэ­ныгъэхэмрэ ехьэлIа IэIэтым зэрызыхуа­гъэ­хьэзырым. Абы папщIэ КIуэкIуэ Казбек щыIащ Дыгулыбгъуей къуажэм къыщызэ­рагъэпэща хэхакIуэ комиссэ №39-м и участкэм. Iэ зыIэтынухэм узыншагъэмкIэ я шынагъуэншагъэм кIэлъыплъын папщIэ Роспотребнадзорым и чэнджэщ псори а щIыпIэм щагъэзащIэ: цIыхухэр куэду зэхуэ­мызэн папщIэ Iэмалхэр щыIэщ, медицинэ нэкIуIупхъуэхэр, Iэлъэхэр, дезинфекцэ зэ­ращI Iэмэпсымэхэр ятынущ. Дыгулыбгъуейдэсхэм нэхъапэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм зыхуагъэзат къуажэм щэнхабзэмкIэ и унэр зэгъэ­пэ­щы­жынымкIэ закъыщIигъэкъуэну. КIуэкIуэ Каз­бек къыхигъэщащ абы и лъэныкъуэкIэ лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIыр икIи нобэм ирихьэлIэу объектым и проект-сметэ документацэр зэрыхьэзырыр. КъБР-м и Iэтащхьэр кIэлъыплъащ ТекIуэныгъэм и уэрамым лэжьыгъэхэр зэрыще­кIуэкIми. Абы и гъуэгур зэгъэпэщыжыным мылъку хухихащ республикэм и гъуэгу фондым. Объектым и кIыхьагъыр километр 4,4-рэ ирокъу. Бахъсэн къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим КIуэкIуэ Казбек щигъэгъуэзащ Дыгулыбгъуей къуажэм пэ­гъунэгъуу хабзэм къемызэгъыу къыщыу­нэ­хуа пхъэнкIиидзыпIэр здэщыIа щIыпIэр зэIуэзэпэщ зэращIыжымрэ щIыналъэм и бжэIупIэхэр зэрырагъэфIакIуэмрэ.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.