КъБР-м и Iэтащхьэр хэтащ Наркотикхэр хабзэншагъэкIэ зэрызэрагъэкIуэкIым ебэнынымкIэ къэрал комитетым и зэIущIэм

Наркоманиемрэ наркотикхэр щэ­нымрэ ебэныным и дунейпсо махуэм видеоконференц мардэм тету зэхэтащ Наркотикхэр хабзэншагъэкIэ зэрызэ­ра­гъэкIуэкIым ебэнынымкIэ къэрал комитетым и зэIущIэ. Ар иригъэ­кIуэкIащ Урысей Федерацэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министр, полицэм и генерал Колокольцев Владимир. Абы и лэжьыгъэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

Урысейм и МВД-м и унафэщIыр теп­сэлъыхьащ зыхэплъэ Iуэхум теухуауэ къэ­­ралым щыщыIэ щытыкIэр зыхуэдэм:
«Хьэпшыпхэмрэ хьэлъэхэмрэ зэрагъэ­Iэпхъуэм кIэлъыплъыным и Iуэхур щагъэткIия  мы  лъэхъэнэм  хэпщIыкIыу нэхъ мащIэ хъуащ Урысей Федерацэм и щIыналъэм хамэ къэралхэм щащIауэ щэхуу къашэ наркотикхэр. Абы къишащ къэралым синтетикэ афиянхэкIхэу нэхъыбэ щащIыныр. Дызэрыт илъэсым и япэ мазищым къэрал кIуэцI Iуэхухэм­-      кIэ органхэм афиянхэр щащI апхуэдэ ­лабораторэу хыщIым нэблагъэ къах­у­тэри, ахэр зэхуащIащ, ар илъэс кIуам и апхуэдэ лъэхъэнэм елъытауэ процент 44-кIэ нэхъыбэщ».
Щапхъэ папщIэу Колокольцев Вла­димир къихьащ Москва областым мефедрон препаратыр щэхуу къыщыщIагъэкI лабораторэ къыщызэзыгъэпэща гуп къызэрыщIагъэщар икIи абыхэм зэт­раухуа Iуэхур къызэрызэпаудар:
«Абыхэм къыкъуаха афиянхэкIхэм зэуэ зрахьэлIэ дозэ минищэрэ тхущIрэ къы­хэкIынут, абыкIэ гъэпщкIуауэ сату зыщI­хэм сом мелуанищэм щIигъу къы­щIахыфынут».
Министрым къыхигъэщащ властым и федеральнэ, щIыналъэ органхэр афияныр лъабжьэ зыхуэхъу щIэпхъаджагъэхэм зэкъуэту пэщIэтын зэрыхуейр, апхуэдэуи дунейм и адрей къэралхэм       а IуэхумкIэ хуаIэ пыщIэныгъэр зэрыгъэ­быдапхъэр.
НаркотикхэкIхэр зэрызэрагъэкIуэкIым пэщIэтыным хуэгъэза урысей полити-кэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм я лъабжьэр абы ехьэлIауэ дуней псом щызекIуэ хабзэхэрщ, илъэс кIуам и гъатхэпэм ООН-м иригъэкIуэкIа 62-нэ сес­сием къыщащта кIэух декларацэм иубзыхуарщ.
Абы къыдэкIуэу, зэIущIэм хэтхэр зэ­реплъымкIэ, языныкъуэ къэралхэм «афиян мыхьэлъэ» жыхуаIэхэр къагъэсэбэпыну хуит зэращIыр дунейпсо ­зэгурыIуэныгъэхэм я лъабжьэхэр къэ­зыгъэтIасхъэщ, нэхъыщхьэращи - цIы­хухэм, псом хуэмыдэу щIалэгъуалэм, я узыншагъэм зэран хуохъу, апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм емыувалIэ адрей къэ­ралхэм я Iуэху еплъыкIэр мытэмэм хуэдэу къыщIрегъэдз.
Абы нэмыщI, зэIущIэм щыхэплъэжащ наркотикхэр зэрызэрагъэкIуэкIым ебэ­ныным, абы кIэлъыплъыным теухуа лэ­жьыгъэр 2019 гъэм къэралым зэрыщекIуэкIам кърикIуахэм икIи Урысей ­Федерацэм и Президентым илъэс къэс хуагъэхь докладым и проектыр къащтащ. Абы щызэпкърыхащ наркотикым пэщIэтынымкIэ къэрал политикэм и унэ­тIыныгъэ нэхъыщхьэхэр.
Колокольцев Владимир къыхигъэщащ:
«Наркотикхэр хабзэншагъэкIэ зэрызэ­рагъэкIуэкIым пэщIэт федеральнэ, ­щIыналъэ комиссэхэр  зэрызэдегугъуам и фIыгъэкIэ илъэс кIуам тхузэфIэ-        кIащ щытыкIэм фIы и лъэныкъуэкIэ ­зедгъэхъуэжыныр. Наркотикхэр щэным пыщIа щIэпхъаджагъэхэр проценти ­9,5-м нэблагъэкIэ нэхъ мащIэ хъуащ, наркомание узыфэр зэфыкIхэри проценти 5-кIэ нэхъ мащIэщ».
Мы зэманым и кIэм нэблэгъащ Страте­гиещIэ зэхэлъхьэным теухуа лэжьы­гъэр, абы 2030 гъэм нэсыху зэфIагъэкIын ­хуейхэр къызэщIиубыдэнущ: а Iуэхум жы­лагъуэр трагъэпсэлъыхьащ, корруп­цэм пэщIэтын и лъэныкъуэкIи экспер­тизэ ирагъэкIуэкIащ, ар зэхьэлIа IуэхущIапIэхэм я нэхъыбапIэр абы арэзы зэрытехъуэр жаIащ.
Зытепсэлъыхьа Iуэхухэм ящыщщ ни­котин зыхэлъ, ауэ тутын папщIэу къа­мыгъэсэбэп зэхэлъхэр зэрызэрагъэ­кIуэ­кIыр къэралым и нэIэ щIэтыным теу­хуари. Наркотикхэр хабзэншагъэкIэ ­зэ­­ры­зэрагъэкIуэкIым  ебэнынымкIэ къэ­рал комитетым и унафэщIым зэхуэсым хэтхэр щыгъуазэ ищIащ а унэтIыны- гъэм щрагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм ­кърикIуахэм:
«Роспотребнадзор»-м и щIыналъэ ­органхэм, Прокуратурэ нэхъыщхьэм, Урысейм и МВД-м, Следственнэ коми­тетым я лIыкIуэхэр щIыгъуу, къэпщы­тэ­ныгъэ мин щитIым щIигъу ирагъэкIуэкIащ, яубзыхуахэм нэмыщI, щIыпIэхэм кIуэурэ зэхагъэкIа Iуэху мин хыщI хуэ­дизри абыхэм яхэту. Абы и фIыгъэкIэ, никотин зыхэлъ, тутын папщIэу къамыгъэсэбэп продукцэу сату щIыпIэхэм щызэрагъэкIуэкIыр хэпщIыкIыу нэхъ мащIэ хъуащ».

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Прави­тельствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.