КъБКъУ-м и егъэджакIуэхэр япэ йощ

Коронавирус уз зэрыцIалэм ­дызригъэува щы­тыкIэ гугъум щхьэкIэ къэмынэу Къэбэрдей-­Балъкъэр къэрал университетым и егъэджа­кIуэхэмрэ студентхэмрэ егъэджэныгъэ, щIэныгъэ лэжьыгъэр зэпамыгъэуауэ ирагъэкIуэкI, ехъу­лIэныгъэхэр зыIэрагъэхьэу.
КъБКъУ-м Педагогикэм­рэ психо­логиемкIэ, физ­куль­турэ-спорт егъэ­джэ­ныгъэмкIэ и институтым и егъэджакIуэ нэхъыщхьэ Догучаевэ Тан­зилярэ а ­къудамэм и доцент, психо­логие щIэныгъэхэм я кандидат Ногеровэ Марьямрэ щытекIуащ педагогикэ психологие щIэныгъэхэмкIэ щIэныгъэ-къэхутэ­ны­гъэ, егъэджэныгъэ-методикэ проектхэр пхыгъэ­кIынымкIэ дунейпсо зэпеуэм. Ар къызэзыгъэпэщар «Профессиональная наука» щIэныгъэ жылагъуэ ­зэгухьэныгъэрщ.
КъБКъУ-м и егъэджа­кIуэхэм зэпеуэм ирагъэ­хьат «Этнопедагогикэмрэ этнопсихологиемрэ» теухуа проектхэр икIи «Методикэ рекомендацэ» унэ­тIыныгъэм япэ увыпIэ къыщахьащ.

Къэбарт Мирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.