КIуэкIуэ Казбек совет сэлэтхэм я фэеплъыр щигъэлъэпIащ «910-нэ лъагапIэм» деж

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Фэеплъымрэ щыгъуэм­рэ я махуэм щыIащ Бахъсэн щIыналъэм щыIэ «910-нэ лъагапIэ» фэеплъым деж икIи абы удз гъэгъахэр трилъхьащ.
Iуэхум апхуэдэу хэтащ Бахъсэн щIыналъэм и администрацэм и унафэщI Балъкъыз Артур, муниципалитетым и ветеранхэм я советым и тхьэмадэ Абазэ Анатолэ сымэ.
Удз гъэгъахэр фэеплъым тралъхьа нэужь КIуэкIуэ Казбек зригъэлъэгъуащ ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу зэрагъэпэщыжа мемориал комплексыр икIи щIыналъэм и унафэщI-хэм фIыщIэ яхуищIащ ар зыхуей хуэзэу зехьэным я нэIэ зэрытрагъэтым папщIэ.
1942 гъэм и гъэмахуэм фашистыдзэхэм, Псыхуабэ къалэр яубыдри, Кавказ ­Ищхъэрэм адэкIи къебгъэрыкIуащ. 1942 гъэм и шыщхьэуIум къыщыщIэдзауэ 1943 гъэм и щIышылэ пщIондэ совет сэлэтхэр щIэзэуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм. Псом хуэмыдэу бийм гуащIэу щыпэщIэтащ «910-нэ лъагапIэм», Хьэрэ-кхъуэрэ бгым, Зеикъуэ, Къызбрун, Курп Ипщэ къуажэм, Налшык къалэм, бгы щхьэдэхыпIэхэм деж.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Прави­тельствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 12:25

АЖЭГЪУЭМЭ - УЭСХЭКIЫКI - УЭСЧЭСЕЙ

Къэрал куэдым мэлыжьыхьым и 19-р «Ажэгъуэмэм и махуэу» щагъэлъапIэ. Абы гулъытэ хэIэтыкIа хуэщIыпхъэу къалъытэу, япэ дыдэу, I984 гъэм, Iуэхур къыщрахьэжьар Инджылыз къэралыгъуэрщ.    

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж