Бешкъэзакъхьэблэр зэрычийлъэрыкІуэ, унэпакІуэ къэси зэрыгуащэтІурэ

ХьэтІохъущыкъуей Ипщэм и псалъалъэ
И цІэр езым ещхьу екІуу икІи гъэщІэгъуэну Бешкъэзакъхьэблэ дэсащ зы цІыхубз - ДумэрданэтІас. Езыр Борэхэ япхъут, Мэршэнкъулхэ я нысэт. Зэра­ІуэтэжымкІэ, и щІыкІэр ямылей пагагъ хэмылъу удэзыхьэхт, Іущт, и псалъэр бэм къалъыхъуэрт, къуа­жэдэс нэхъыжьхэми чэнджэщэгъу щащІи куэд­рэ къыхэкІырт.
Гум губгъуэм ис къуа­жэхэр абы къимыІэпхъу­кІынкІэ Іэмал имыІэу псэ­зэпылъхьэпІэ щихуэм, ­къуажэм цІыхухъу ямы­Іэжыр ДумэрданэтІас тегъэ­щІапІэ ищІщ, къащІэхъуэ щІэблэр хъумэн зэрыхуейм тригъэчыныхьри, и дыщ ­къуажэр, БорейкІэ зэджэр, нэхъапэкІэ Фэндыкъуэ кІуэжауэ дэсти, къуэблыгущ, къыкъуэнащ, дэри псэупІэ тхуэхъунущ, жиІэри Бешкъэзакъхьэблэр абы кІуэуэ тІысыну нэхъыжьхэр къы­хуезыджауэ щытар аращ. Жылэр апхуэдэу ихъума ­хъуащ ДумэрданэтІас.
ДумэрданэтІас ныбжьыш­хуэ къигъэщІащ, къыщІэ­хъуа цІыхубзхэми а нанэм    и хабзэр я бзыпхъэщ хужа­Іэу апхуэдэт. И напщІэ телът и къуэм къыщІэхъуа зы        къуэ закъуэмрэ пхъу ­пщы­кІу­тІым­рэ. Нэхъ гъэ­щІэ­гъуэ­ныжращи, а щІалэ закъуэми къуитхурэ пхъу пщы­кІутІрэ къыхуэхъуат. Апхуэдиз цІыхубзыр зэхэту плъа­гъуным гухэхъуэ къы­уитым и мызакъуэу, акъыл­рэ щІэныгъэкІэ уакъуэ- увэж хъуну апхуэдэ защІэ хъуат.
ХьэтІохъущокъуэхэ я гуа­щэм зэхихащ Думэрда­нэ­тІас и къуэрылъу цІы­хубз­хэм я хъыбарыр. Ехъуэп­сащ абыхэм я Іущагъым, я губзыгъагъым, ХьэтІохъущыкъуейм къыдалъагъумэ ­хъуапсэ хъуащ гуащэр. ­Къуа­жэ зэхуэхусыр щекІуэкІ лъэхъэнэти, Беш­къэ­за­­къ­хьэб­лэри зыхэтІысхьэж хъуну къуажэм хэплъэрт. ЛІы­кІуэ ящІри, Наурызхэ ягъэ­кІуащ, жаІэ, къуажэ­гъуу дыщтэж, жаІэри. Наурыз и къуэр «Бжьэхъуэкъуейм фе­кІужи, зэгъусэу фы­къы­хыхьэж», жиІэри щІагъуэу­ къеплъакъым, жаІэ. ХьэтІохъущокъуэхэ щыкІуэм,
«Си пщэкІэ зей лъэгущ,
ЛампІэжьыкъуэр къешкІуркІурмэ,
Аргъеикъуэр къошкІурэх, тІуащІэ зэвщ, жумыІэмэ,
Бешкъэзакъхьэблэу абдеж къэтІысыж», - жиІащ, жа­Іэ, ХьэтІохъущокъуэ и ­къуэм, гуащэнанэм и чэнджэщкІэ.
Бешкъэзакъхьэблэхэри куэдрэ гупсысакъым:
«ТІури пщыми,ХьэтІохъущокъуэхэ пщы­щ­хьэщ, ЩхьэегъэзыпІэ нэхърэ
ЗыгъэзапІэр нэхъыфІщ», - жаІэри Бешкъэзакъ­хьэблэр ХьэтІохъущы­къуейм къэ­кІуэ­жащ.
ХьэтІохъущокъуэхэ я гуа­щэнанэр зэхъуэпса цІыхубзхэр къуажэм щыщ щыхъу­жым, цІыхубзхэр зы къэ­мынэу и уэрсэр, нэгъуэщІу жыпІэмэ, чэнджэщакІуэ ­хъуащ. Гуащэнанэр ирагъэхъуэхъу хабзэт сабий къы­зыхуэхъуахэми, ар и уэрсэрхэм зэблэкІыу якІэлъы­джэрт, «хъуэхъубзэу зэкІэ­лъызгъакІуэхэм едзыгъуэ щІэщыгъуэкІэ фыкъыхэувэ», жиІэурэ. «Зы Мэршэнкъул къыфхэтмэ, зы уэрсэри фиІэщ», жаІэ хабзэщ.
ЦIыхубз дахэу, теплъэкIэ зэкIужу, щэныфIэу, Iэ­пэ­Iэсэу, унагъуэ Iуэхум хуэ­щIауэ апхуэдэт Мэршэн­-къул зэшыпхъухэр. Куэд ­къащIэупщIэрт, нэхъыбэжи къалъыхъурт. Зыр зым иужьым иту яшэурэ, зыр игъэ­дыщасэмэ, зым ар уасэу къыщIихыжурэ Хьэцу и шыпхъухэри ипхъухэри зэбгрыкIа хъуащ. «Сыт ухуэдэ, Хьэцу?» жаIэрэ къыщIэуп­щIамэ, «ДыфIкъым, дыIейкъым, ды-Мэршэнкъулщ» жиIэу щытащ жаIэ. А псалъэри нобэр къыздэсам зэрахьэ, ауэ и тхыдэ пэжым щыгъуазэр мащIэ дыдэщ.
АдыгэцІэ щІэупщІэр мащІэкъым. «Адыгэ псалъэ» газетым и щІэджыкІакІуэ­хэм гъэщІэгъуэн къащы­хъуну къыщІэкІынщ а цІы­хубзхэм я цІэхэри. «Пхъужь нэхъыжьхэр» Бэгъэгусэ, Асыху, ДанэтIас, Данэфо, НэхуритIэ, Хурмылэ, ЛэтIэ, Лабыху, Къанхурицэ, КъансиIэфI, ФIэрафIэ, КIулыху сымэт. «Пхъужь нэхъы­щІэхэри» мыхэрат: Къан­гуащэ, Къансэрей, Муслъимэ, Лъостэхъан, Хъандусар, Сэрымэ, Мейгуащэ, Гуа­щэIэфI, Iэбэхунэ, Нэ­ху­шыр, Хуасэ, ТIасэцIыкIу сымэт. Мы цІыхубзхэм я адыгэбзэращ ХьэтІохъущыкъуейхэмрэ Щоджэнхьэб­лэхэмрэ зэхамыха ирихьэ­лІэмэ, «Бешкъэзакъ­хьэблэ бжьэпэ укъытекІауэ къы­щІэкІынщ», щІыжаІар.
БэрэхуатIэ - езыр хужыбзэрэ тIатIэу зи ныбжьыр хэкIуатэу хуежьа бзылъхугъэ. «БлагъэзэгъэцIыхум къы­щIаша цIыхубзхэр ап­хуэдизкIэ бэрэхуатIэти, защетшэкIым я IэплIэм ды­къищакъым», жаІэу гушыIэ зыхэлъ цIыхубз псалъэмакъым дыщрихьэлIащ.
БэрыкIуэхыр къы­хуэ­кIуэн - мызэ-мытIэу щагъэ­тIы­лъам щамыгъуэтыжу кIуэд хьэпшыпым щхьэкIэ аращ жаIэр. Псом хуэ­мы­дэу, Iэпхъуалъэ, мастэ, мас­тэ­къуаншэ хуэдэхэм хуэгъэзауэ къапсэлъ.
Гуащэ пхъуантэ - зэры­джэгу гуащэм и щыгъын хуэ­дэхэр, ирахьэлIэ цIы­кIу­фэкIухэр щахъумэ дестэ.
ГуащэнэпIэс - щхьэгъу­сэм и анэнэпIэсыр нысэм зэ­рыхуэхъу.
ГуащэтIурэ - зэрыджэгу гуащэ лІэужьыгъуэщ; зейм чымпэ псыгъуэ кIыхь зыбжанэ къыхахри, тIууэ зэтралъхьэ, и хъуреипIэм деж фIапхыкIри, ар щхьэ мэхъу, псыгъуэ кIыхьу къызэ­ры­щIи­дзым щхьэкIэщ щхьэ­тIурэ щIыжаIэр, мыдрей къэ­нар пкъыщи, зэрахуэ­Iэрыхуэм хуэдэу Iэмрэ лъакъуэмрэ къыхагъэкIыжри, гуащэтIурэкIэ зэджэжри аращ. ГуащэтIурэри хъыдан гуащэм хуэдэу яхуапэ. Бешкъэзакъхьэблэхэрат гуа­щэ­тІурэ щІынкІэ Іэзэр. «Бешкъэзакъхьэблэм я гушыІэ уэрэду» къэнам ар щыжеІэ: «Бешкъэзакъхьэблэр зэрычийлъэрыкІуэ, унэпакІуэ къэси зэрыгуащэтІурэ», жи­Іэу. Илъэс дэсыж кърамыту унэ ирашэ хъыджэбз щIалэм кІэлъырагъэхьыж щыгъыным гуащэтІурэ тралъ­хьэу щытащ, «фэттар щІалащэщи, фыхуэсакъ», жи­Іэу ар къикІыу.
Гущхьэмэрычу зыгъэзэн - къэхъуари къэщIари умы­щIэу гузавэм уиубыдрэ, зы­хуэпхьыныр умыщIэу абы уигъэндэращхъуэу щытмэ, «мы си гущIэм гущхьэмэ­рычу зегъазэ», жаIэ.
Джырыдж - нэм щIэп­щIып­щIыкIыу къыIуидзэ плъы­фэ. Нэхъыбэм хужь, дыжьын, дыщэ плъыфэхэм хуэгъэзауэщ къызэ­рап­сэ­лъыр. Щоджэнхьэблэхэм жы­джэру зэрахьэ псалъэщ.
Дыщэ сырымэ - дыщэ ­къабзэ, щымыщ хэмылъу, жыхуиIэщ.
Елъэстэуэн - зэмыпэсын, зыгуэрым елъэпэуэн, жы­хуиIэщ. Бзэм нэхъыбэрэ узэ­рыщрихьэлIэр шхыным епхауэщ, «ерыскъым уемы­лъэстауэ», жаIэ.
Есэбэуэн - тепIэн­щIэ­лъы­ным е щыгъыным башкIэ е IэкIэ сабэр храгъэхумэ, есэбауэу аращ жаIэр.
ЗэIэпыт - зэкIэлъыкIуэ, зым и ужь зыр ит.
Зэзэн - щIыр мэзазэ, жаIэ. Зы гъэм гъавэр къыт­рахрэ къыкIэлъыкIуэ илъэ­сым зра­гъэгъэпсэхумэ, ап­хуэдэу жаIэ.
ЗэпыщI - мэзыр е бгыр уэх е къуэ хуэдэу тIууэ зэпэ­щIэ­­зыхым зэпыщIкIэ йо­джэ. ЗэпыщIышхуи щыIэщ, зэ­пыщI цIыкIуи щыIэщ. Зэ­пы­щIышхуэм псы ирожэ. Къуэр нэхъ бгъуэщ, псэущхьэ тIысыпIэу щытынкIэ хъунущ. ЗэпыщI цIыкIум батыргъэныр, удзлъэхъыцыр, ­къуацэр уэру щокI, пхыкIыгъуейщ, псыIэу щытщ.
ЗэхэцIыцIэн - цIыкIу-цIы­кIуу зэтекъутэн, къэнар зэтегъэсхьэн. «Къуажэр сыт хуэдизрэ зэхамыцIыцIами, щIэрыщIэу я псэуалъэр зэрагъэпэщыжырт», къыхощ.
Куэтын гъуэлъыпIэ - чыр зэдадзурэ ящI гъуэлъы­-пIэм  аращ  зэреджэр.
КIэд - кIэ зимыIэ гурыщхъуэ упщIэкIэ уи щхьэр уэ­зыгъэужэгъу цIыхум щхьэ­кIэ «цIыху кIэдщ», жаIэ.
КIэдыкIауэ І - нэхъы­жьым и псалъэр и кIэ нримыгъэгъэсу зэпымычу зэ­пы­зыу­дым, зи псалъэ къы­дэзыIум щхьэкIэ апхуэдэу жаIэ.
КІэдыкІауэ ІІ - сыт хуэдэ псалъэми гурыщхъуэрэ мыа­рэзыныгъэрэ тезыщIэ, щигъуэми щимыгъуэми сыт хуэдэ Іуэхури упщIэкIэ къэ­зыухь. Нэхъыбэм аращ мы псалъэр зэращІэр.
КIэдэвэж - щIыр ява нэужь, гъавэм и кум псы­гъуэ цIыкIуу щIы Iыхьэ мывауэ къонэ, абы кIэ­дэ­вэжщ зэреджэр.
Курызэ - Iэпэ джэдыкIэ фIэкIа мыхъуу лы зыдэлъ псыхьэлывэ цІыкІум аращ зэреджэр. Курызэ щащIкIэ, «тхьэври лыри зыгуэр ­хъунт, курызэм IэфI щIэзылъхьэр шыбжиитхъуращ», жаIэурэ тхъу гъэвэжамрэ шыбжий плъыжьымрэ зэхагъа­жьэрт, дэ купщIэ хьэжа щыхалъхьи къэхъурт. Щоджэнхьэблэм я шхыныгъуэщ. «Щоджэнхэ я хьэ­щІэ­ныш­пежьэщ» жы­хуа­Іэр курызэращ.
Къэухьын - псалъэкIэ, упщIэкIэ щIэгъэнэн, щIэуфэн, жыхуиIэщ.
ПIастэгъашэ - ерыскъы­фIэ, зи Iэнэ зэикI шхын щIэщыгъуэншэ мыхъу.
Пхъужьлъагъу - и дыщ пщIантIэ куэдрэ къе­мы­кIуэлIэжыф, хамэ къуажэ жыжьэ яшауэ ис лъэпкъым ипхъухэр ялъагъуну унэ­къуэщ нысэхэр пхъужьым деж лъагъунлъагъу кIуэуэ щытащ, аращ «пхъужьлъагъу» жыхуаIэри. Бешкъэ­закъхьэблэм «пхъужьгъэ­гуфIэ» жаІэ.
Пшапэнэгъу - дыгъэ тIы­сыгъуэмрэ жэщ хуэкIуэ­гъуэмрэ я кум илъ пIалъэ.
ПщIэмыхь Iуэху - пщIэ зыпымылъ, фIыщIэ къы­зыпэмыкIуэн Iуэху. «Жыс­Iэм къедаIуи ухущIе­-            гъуэ­жынкъым, пщIэмыхь ­Iуэ­хущ, ухэмылъадэ», жаIэ.
Пщыдэхь умыщIынумэ, къызыкъуэх - зыгуэрым ямы­лейуэ ихъумэ хьэпшып е Iэмэпсымэ гуэрым щхьэ­кIэ, хэбгъэзыхьмэ, ар зейм зыхуигъэтIыгъуэр езы дыдэми имыщІэжу къуэлъмэ, гушыIэу жраIэ хабзэщ.
ПыIулэ - ищIэн имыгъуэту зэфIэлэлу дэт цIыхум щхьэ­кIэ гушыIэу жаIэ псалъэщ.
Пэлыгъуэ - узыфэ лIэу­жьыгъуэщ; сырымэ къып­щIихьэ зэпыту екIуэкIмэ, «пэлыгъуэр йолыбжьэ», жаIэ.
ТIатIэхъу - лIы ныбэф тIатIэшхуэм щхьэкIэ ауан щIэ­лъу жаIэ псалъэ.
Тегурэн - зи къуэрылъху-пхъурылъхухэр зэпщIэкIа, и кIэ къуащIэри яIыгъыу, и ­гущIыIуми ису ялъагъу цIыхум щхьэкIэ «и сабий быныр тегураи» жаIэ.
Техъушышэн - зыгуэрым техъущIыхьын, зэпымычу жьэкIэ шхын, зэпымыууэ зыгуэрым ешхыдэн, жы­хуиIэщ. «Тохъушышэри, тохъушышэ, жьэмыгъэп­сэхущ, сабийр сфIэп­сэ­кIуэдщ», жаІэ.
Тхыныху - тхым къехыу бгъурылъ лыпцIэ.
Тхьэгъушауэ - КъалэкIы­хьым ехыу ди къуажэ цIы­хухъу зыбжанэ дэсащ, тхьэ­гъушауэкIэ еджэу. Ахэр пщIэкIэ урыс члисэхэм фIэлъ тхьэгъушхэм еуэрт, урыс жылэр я тхьэлъэIу, я зэIущIэ хуэдэхэм кърашалIэу.
УнэпакІуэ - унэ къэс, жы­хуиІэщ.
УткIырыбжьэ - ерыскъым хэлъ ткIыбжьыр Iум ихьарэ имыкIыжыххэмэ, Iур мэуткIырыбжьэ, жаIэ.
ФадэмыкIуэ - фадэр зэмызэгъ, зыIузымылъхьэ.
Фал тхылъ - Iэзэ тхылъ; джэш зыдзри, дыуэ зытх-ри, къэхъуну-къэщIэнум ­теу­хуауэ щыплъэкIэ, здитхыхьыр фалщ. «Фал тхылъ уиджыкIакIи пхузэхэхынкъым абы зэхиджыхьа ­къомыр», жаIэ.
Хъурэщхьэрыуэ - Iэ­хъуэм ялъыщIэмыхьэу иужь къи­нэу зэбгрыхъукI Iэщым щхьэкIэ хъурэщхьэрыуэщ, жаIэ.
Хъытемых - зи нэчыхьыр ятхыу лIыр бгъэдэмыхьэ щІыкІэ зыщхьэщыукIуриикІам (зауэм, узым е нэ­гъуэщI щхьэусыгъуэм къы­хэкIыу) хъытемых цIыхубзкIэ йоджэ.
Хьэбыхъу - хьэнтхъупс. Къалэдэсхэм къахьыжа пса­лъэщ.
Хьэ­жыбзу І - зи щхьэр плъыжь бзу лъэпкъ, уры­сыбзэкІэ «вьюрок» жыхуа­Іэращ.
Хьэжыбзу ІІ - щхъуэ­кIэп­лъыкIагъэ зыхэлъагъуэ дэтхэнэ зы бзу лъэпкъми ап­хуэдэу йоджэ.
Хьэжь-быжь - унагъуэм щIагъуэу щызэрамыхьэ, ­къуэдзэщхэм, хьэкуэщхэм щы­зэрагъэтIылъэкI хьэп­шыпыжь.
Хьэжьэрыхъу - зи шхы­дэри зи кIий-гуори зэпы­мыууэ, сытым щхьэкIи зы­зышхыхьыж, хэт сыт къип­сэлъми, зэIурыдзэсыкIыу жэуап зытыжым щхьэкIэ жаIэ.
ХьэкIурашэ - ныбжьыщIэ куэд зэхуэзыша, псэгъу зэхуэзыщIа цIыхубз.
ХьэкхъупIапIэ - уз лIэу­жьыгъуэщ, псыбыб ищIу щIыфэр къизыгъэлъэлъ узыфэ.
Хьэнтхъу-вынтхъу - мы­хьэ­нэ зимыIэ, щыкъуей, цIыкIуфэкIу.
ХьэщIыIущIей - къэгъази егъэзэкIи имыIэу цIыху щIы­кIей.
ХэцIыцIыкIын - тІорысэ дыдэ хъуа шэнт, пхъэтIэкIу хуэдэхэм ирагъэщI зэщIэскъыскъэ макъ.
ЦIацIырэ - хьэцIэпIацIэ лъэпкъщ, урысыбзэкIэ «свет­ляк» жыхуаIэращ. Ады­гэбзэм цIацIырэ лIэу­жьыгъуэ зыбжанэ я фIэщыгъэм ущрохьэлIэ: цIау, цIыцIэ, лу, цІом.
Шаш - зи кугъуэм хужьгъэр трищIа, ауэ джэ­ды­кIафэр зытемыхъуа джэ­дыкIэ. «ДжэдыкIэ пцIапцIи мыхъуауэ къутэжа джэды­кIэ шаш», жаIэ.
Шэджэлъаджэ - щитIэгъэни ишхыни зимыIэ, зы­хуей зымыгъуэт тхьэмыщкIэ. «ИлъэсиблкIэ зэIэпыту екIуэкIа гъейм цIыхум ишхыни щитIэгъэни имы­Iэжу шэджэлъаджэ ищIати, и Iэр шияуэ лъаIуэу къуа­жэм къыдыхьэм къы­ды­хьэкIэ уеджэнутэкъым, къы­дэужьгъэр жыпIэнут, куэдыщэ хъурти», жаІэ.
ЩIалэегъаджэ - егъэджакIуэ. Бжьэхъуэкъуейхэм я псалъэщ.
Щыхьэр шыбжий - бурш, жыхуаІэращ.
IэгуиуэкIэ къыхэуда хуэдизщ - жыжьэ нэмысын, куэдрэ къуэмылъын, жы­хуиIэщ. «Умымейр зэпхьэ­лIэкIэ ууей хъун, IэгуиуэкIэ къыхэудам хуэдизщ, напIэдэхьеигъуэм пIэ­щIэ­кIы­жынущ», жаІэ.
Iэпэрыгъажэ щIын - зыгуэр бжын, зыгуэр къэ­лъы­тэн.
IэутIэ - цIыхум и псалъэр къыбгуригъэIуэну хэту и Iэхэр дищIу къыщопсалъэ­кIэ, а Iэ зэригъакIуэм зэреджэр аращ.
Iудэ-мыдэ - хуей-хуэ­мейуэ, фIэфІ-фIэмыфIу зыгуэр зыщIэм щхьэкIэ апхуэдэу жаIэ.

ТАБЫЩ Мурат.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.04.2024 - 12:35

ХЬЭЦIЫКIУ БАШИР И ЗЭФIЭКI

Ди республикэми гъунэгъу щIыналъэхэми къыщацIыху уэрэджыIакIуэ щIалэщ ХьэцIыкIу Башир.

16.04.2024 - 08:21

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭР ЯПЭ ИРАГЪЭЩУ

Налшык къалэм дэт «Каисса» шахмат центрым иджыблагъэ республикэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ. КъызэрыгуэкI шахмат джэгукIэмкIэ абы щызэпеуащ зауэ зэпэщIэувэныгъэхэм, дзэ Iуэху хэхахэм хэтахэр.

16.04.2024 - 08:19

КIЫЩ АСЛЪЭНБЭЧ И ДЫЩЭХЭМ КЪЫХЕГЪАХЪУЭ

Мэлыжьыхьым и 9 - 10-хэм Орёл къалэм щекIуэкIащ тэмэму зэхэзмыххэм я деж пашэныгъэр алыдж-урым бэнэкIэмкIэ къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

16.04.2024 - 08:18

СОЧЭ КЪАЩЫПОПЛЪЭ

«Белая Ладья» фIэщыгъэр зэрихьэу Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ курыт еджапIэхэм я командэхэм шахматымкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ зэIуха.

16.04.2024 - 08:18

КЪЫЩIАГЪЭКIЫМ И КУЭДАГЪЫМ ХОХЪУЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ -мазаем къриубыдэу республикэм къыщыщIагъэкIа IэфIыкIэхэкIхэм я куэдагъым процент 24-кIэ, н