Медицинэм и лэжьакIуэм и махуэм и пэ къихуэу КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ видеоконференц мардэм тету яIущIащ КъБР-м узыншагъэр хъумэн и IэнатIэм и лIыкIуэхэм. Абы хэтащ щIыналъэ сымаджэщхэм я дохутыр нэхъыщхьэхэр, курыт медицинэ лэжьакIуэхэр, дэIэпыкъуэгъу псынщIэм щыIэхэр, апхуэдэу дохутыр IэщIагъэм хуеджэ студентхэр.
КъБР-м и Iэтащхьэм къыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр COVID-19 узыфэ зэрыцIалэм зэкъуэту зэрыпэщIэувар: «Республикэм щыпсэу дэтхэнэ зыри - щытыкIэм къигъэува мардэ пыухыкIахэр зэхэзыщIыкIахэри, цIыхухэр псэун папщIэ зыхуейхэр къызэзыгъэпэща IуэхущIапIэхэри, хабзэхъумэ органхэри, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэри, властым и сыт хуэдэ IэнатIэри, лъэныкъуэкIэ къыщымыту, дэIэпыкъуэгъу хуэныгъуэхэм зи Iэхэр яхуэзышия хьэрычэтыщIэхэмрэ волонтёрхэмри - псори щIыхь пылъу хэтащ зэманым дызригъэува щытыкIэ гугъум дыкъикIыным хуэунэтIа Iуэхухэм, зэдэууэ, зы гуп лъэщу зэдэлэжьащ. Ар иджыри зэ щыхьэт тохъуэ ди жылагъуэр зэрызэкъуэтым», - жиIащ КIуэкIуэ К. В.
А бэнэныгъэр нэхъыщхьэу зытегъэщIауэ щыта IэнатIэу узыншагъэр хъумэныр зэрыщытар жиIащ республикэм и УнафэщIым. Абы хузэфIэкIащ лъэхъэнэ гугъум, къэпщытэныгъэ къызэрымыкIуэм пхыкIын.
«Фэ фызэкъуэту фыхуолажьэ дунейм щынэхъ лъапIэ дыдэ мурадым - цIыхухэм я гъащIэмрэ узыншагъэмрэ хъумэным. Фщыщ дэтхэнэ зыми фIыщIэ хуэсщIыну сыхуейщ фи лэжьыгъэм фызэрыхуэпэжым, фи Iэзагъэм, фи щхьэ фемыгупсысу сымаджэхэр ажалым къегъэлыным, ахэр гъэхъужыным яужь фызэритым папщIэ. Фэ фщыщ дэтхэнэ зыри дэркIэ лIыхъужьщ», - къыхигъэщащ КъБР-м и Iэтащхьэм.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэм, КъБР-м и Парламентымрэ Правительствэмрэ, езым и щхьэм къабгъэдэкIыу КIуэкIуэ Казбек фIыщIэ яхуищIащ республикэм узыншагъэм хъумэнымкIэ и IэнатIэм и лэжьакIуэ псоми - дохутырхэм, медсестрахэм, санитархэм, дэIэпыкъуэгъу псынщIэм и водителхэм, медицинэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэсхэм, волонтёр-медикхэм, апхуэдэуи республикэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм - я лэжьыгъэ мытыншым, къагъэлъэгъуа я хьэл-щэн нэхъыфIхэм, я IэщIагъэм зэрыхуэIэкIуэлъакIуэм, гъащIэм жыджэру зэрыхэтым папщIэ икIи ехъуэхъуащ узыншагъэ яIэу, я Iуэхухэр дэкIыу, ехъулIэныгъэхэр яIэу, я хъуэпсапIэхэр къехъулIэу псэуну.
ЩIыналъэм и Iэтащхьэм зэIущIэм кърихьэлIахэр къигъэгугъащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэр адэкIи зэрырагъэфIэкIуэнумкIэ. А Iуэхум хохьэ медицинэ лэжьакIуэхэм защIэгъэкъуэныр, IэщIагъэлIхэм я щIэныгъэм, IэщIагъэм хагъэхъуэн папщIэ егъэджэныр, я лэжьапIэ IэнатIэхэм зыхуей щыхуэгъэзэныр, абы узыншагъэр хъумэн IэнатIэм и материально-техникэ лъабжьэр къэгъэщIэрэщIэжынри, объектыщIэхэр ухуэнри, IуэхущIапIэхэр иджырей медицинэ Iэмэпсымэ лъэщхэмкIэ къызэгъэпэщынри хэту.
«Дэ ди къару къихь къэдгъанэ хъунукъым, ди цIыхухэр щыпсэу щIыпIэм емылъытауэ, узыр къэхутэнми, сымаджэр гъэхъужынми, профилактикэ лэжьыгъэхэр егъэкIуэкIынми ехьэлIа, иджырей Iэмалхэмрэ технологиехэмрэ къыщагъэсэбэп медицинэ дэIэпыкъуныгъэ ягъуэтын папщIэ. Къалэнхэр куэд мэхъу, ахэр «зы махуэ лэжьыгъэкъым», ауэ дэ абыхэм дапэлъэщынущ. Ахэр гъэзэщIэнымкIэ дэ ди щIэгъэкъуэнщ, ди политикэгъуазэщ, абы теухуа Iэмалхэр къытхузэрагъэпэщ федеральнэ органхэм, къэралым и Президентым», - къыхигъэщащ КIуэкIуэ К. В.
ВидеозэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м и щIыналъэхэм зэдай, узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр зыпкърытхэм еIэзэным хуэщIа сымаджэщым дохутыр Саркисян Ф. К., СПИД-мрэ узыфэ зэрыцIалэхэмрэ ебэнынымкIэ центрым и дохутыр нэхъыщхьэ Иуан М. Р., къалэ клиникэ сымаджэщ №2-м сымаджэхэр зрашалIэ и къудамэм и медсестра нэхъыжь Беккиевэ М. С. Абыхэм республикэм и унафэщIхэм фIыщIэ хуащIащ медицинэ лэжьакIуэхэм жыджэру зэрызыщIагъакъуэм, гулъытэ зэрыхуащIым папщIэ.
Иуан Маринэ Центрым и лэжьакIуэхэм къабгъэдэкIыу КъБР-м и Iэтащхьэм елъэIуащ узыфэ зэрыцIалэхэм пэщIэтыным хуэгъэпса сымаджэщыщIэ щIыным хэлIыфIыхьыным теухуауэ. КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ Къэбэрбей-Балъкъэрым узыфэ зэрыцIалэхэр зыпкърытхэр щагъэхъуж иджырей сымаджэщ къыщызэрагъэпэщын папщIэ щIыналъэ властым и органхэм яхузэфIэкI къызэрамыгъэнэнур.
Я IэщIагъэм епха махуэм и пэ къихуэу республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм и лэжьакIуэхэр къэрал дамыгъэхэмкIэ ягъэлъэпIащ. Абы теухуа Указым дыгъуасэ Iэ щIидзащ республикэм и Iэтащхьэм.
«Шэч къытесхьэркъым дэ нэгъуэщI щытыкIэ диту мыгувэу дызэрызэIущIэнум, дамыгъэ лъапIэхэр зыхуэдгъэфщахэм еттыжынщ икIи коронавирусым дызэрытекIуари дгъэлъэпIэнщ», - щIигъужащ зэIущIэм и кIэм КIуэкIуэ К. В.