Уафэбгыкъу и нэлат

- Аращ-тIэ, хьэщIэ, - дыхьэшхырт Болэт, - ауэ жэщыр апхуэдизуи хэкIуэтакъым, иреуэршэр иджыри щIалэхэр. Зэзауэ нэхърэ, зэдэуэршэрмэ нэхъыфIщ.
- Уэлэхьэ, пэжмэ, - Ашабэр куууэ щатэри: - ДимыIуэхум зедгъэхьурэ ди гъащIэр макIуэ, зиусхьэн. ИпэжыпIэкIэ, сыт щыIэнт нысашэ дауэдапщэм нэхъ­рэ нэхъ Iуэху дахэ!
ЛIитIыр тэлайкIэ щыму щыса нэужь, Миншакъ адэкIэ зимыбзыщIу, кIэмыргуеипщым Iуплъэри:
- Зиусхьэн, емыкIу сыкъыумыщIынумэ… Махуэ енкIэ сегупсысащ Iэли­гъуэт-пэщэм уи IэфракIэр а къы­зэрыIэщIэпчам. Сытыт ар?
- Ар, Ашабэ, нэгъуей пэщэм и хъуцацэ кIэухыншэр адэкIэ си псэм зэрытемыхуэжырщ.
- Абыхэм дзыхь яхуэпщIу щытмэ, уи щхьэм къыфIэтIысхьэнущ, зиусхьэн.
- КъызгуроIуэ сэ ар. Тепщэгъуэрэ ­къулыкъу тIэкIурэ щхьэрыуауэ зыIухуа нэгъуейхэрщ апхуэдэурэ зызыщI хабзэр. Мыдрей цIыху къызэрыгуэкIхэр мамыру къыддогъуэгурыкIуэ: жумартхэщ, гу якIуэцIылъщ, ди хабзэм пщIэ къыхуащI.
Къалъхухэм я атэлыкъыу* ящхьэ­щыувэр дэрауэ щыщыткIэ, шэч хэлъкъым а зи гугъу пщIыхэм я щэныр къыздикIам…
… Бэлэтокъуэпщыр Миншакъ нэху­лъэфI­кIэ ехъуэхъури, хьэщIэщым щIэ­кIыжат. Ашабэри щIалэхэм япэмып­лъэу гъуэлъыжа щхьэкIэ, жейм езэгъ­тэкъым. «Дауи, Бэлэтокъуэм нэхъыбэ ядещIэ а нэгъуейхэм. Апхуэдэу щытрэ пэт, езым си упщIэм жэуап тэрэз къримыту сыкъызыпигъэкIмэ нэхъ къищтащ, - мэгупсысэ Миншакъ. - сыту пIэрэ-тIэ щIибзыщIыр? Ярэби, кIэмыргуеипщым напитI иIэу жызыIахэр захуэу пIэрэт-тIэ?! Абрэдж Мырзэбэчрэ Батыр ефэндымрэ запэщIисэ хуэдэуи дызолъагъу мы пщым, арщхьэкIэ, шэч уагъэщIу, зыгуэрхэр щыми тралъэщIэж. Ярэби, зы Iуэхуу пIэрэ а щыми зэрахьэр-тIэ? ИтIанэ гурыIуэгъуэкъым Даур и Iуэхур. Хьэуэ! Дауи сигу къэкIыхха апхуэдэ?! ТIэкIу дэкIмэ, си щхьэ дыдэ гурыщхъуэ есщIэкIыу ­сыхъунущ!»
Ашабэм ипкъ зыIэщIэлъышхуэр жьы­хуу зыдридзейуэ къиIэтри, къызэ­фIэтIысхьащ: «А псом я пэжыпIэр зыщIэр ЦIыпIынэ Хьэсаншщ. Гъунэгъу жылэм къыщытпоплъэ ари».
… ЩIалэхэр сакъыу лъапэпцIийуэ къыщыщIыхьэжым Миншакъ къэпсалъэри:
- Сыжейркъым. Зэ фыкъекIуэлIэжамэ, ари Iейкъым. - Нэкъаррэ Iэта-Ильяс­рэ зоплъыж, Ашабэми: - Фы­гъуэлъи зывгъэпсэху. Щэращ нэужьым гъуэгу дытехьэжынущ. Ефэндым жиIатэкъэ, гъуэгуанэ тетхэм нэщI фарзыр щхьэщахыу?
- Пэжщ ар, - къопсалъэ Iэта-Ильяс, - сымаджэхэми гъуэгу тетхэми къатехуэркъым нэщI.
- Зы пэж гуэр зэзэмызэ жаIэми ягъэ кIынкъым. Фэ щIалэхэм, фимыгугъэт нэщIым апхуэдэу фыфIэкIын. Щэращ дощIри, гъуэгу дытохьэж. Мэрем, ЦIыпIынэ Хьэсанш хъыбар ебгъэщIа дыщыхуэзэну щIыпIэм теухуауэ?
- Даур деж Мэрем еблэгъащ, - къопсалъэ Нэкъар.
- Апхуэдэ ящIэрэ?! - къыхокIиикI Ашабэр.
- ЯщIащ апхуэдэу. Даур къытхугурыгъэIуакъым ар зэрымыхабзэр, - мэ­гъумэтIымэ Iэта-Ильяс.
- Зи бысым зыхъуэжым иращIэр фщIэркъэ?
- НтIэ. Зи бысым зыхъуэжым чы­цIыхъу хуаукI, - мэдыхьэшх нэгъуейр.
- ЧыцIыхъури мащIэщ абы и дежкIэ. Мыдэ, бажэхъу хуаукIыну хуэфащэщ абы, ари бажэжьыхъуу, - мэшхыдэ Ашабэр.
Щэращ нэужьым кIэмыргуеипщым и пщIантIэм щызэхыхьащ хьэщIэхэр езыгъэжьэж унэрысхэр. Бзылъхугъэхэр зэрытIысхьэну гулэгъунэри  абыхэм я шугъусэ щIалэхэри хьэзыру зэхэтт. ЛъэныкъуэкIэ IукIуэтауэ щыуэршэрырт Болэтрэ Ашабэмрэ. Псори зыпэплъэр Бэлэтокъуэхэ япхъу пажэ Къудасрэ абы и нысэ, Бэлэтокъуэ ­гуащэ Лашынрэт. Сурэтрэ Налмэсрэ а пщыгуащэхэм къыщыщIашынум пэп­лъэрт гупыр. Бэлэтокъуэпщыр укIытапэурэ:
- Бзылъхугъэхэм дызыпагъаплъэ, - щыжиIэм, Ашабэр пыгуфIыкIри: 
- Бзылъхугъэщ ахэр. Дэнэ щIыпIэ щы­мыIами, бзылъхугъэщ…
Абы хэту гуащэхэр къыщIэкIащ, Сурэтрэ Налмэсрэ ящIыгъуу. Бзылъхугъэхэм къыкIэлъыщIахырт саугъэтхэр (щэкI, фэилъхьэгъуэ цIыкIуфIэкIу дахэ Iэджэ) зыдэлъ пхъуантэшхуэр. Андемыркъан бейгуэлыр япэ къищри:
- ФызэлъыIукIуэти, гуащэхэр блэвгъэкI, - щыжиIэм, щIалэхэм лъэныкъуэ зрагъэзащ.
Шугъусэ гупыр зи ужь ит гулэгъунэ есыр иджы Къэбэрдей гъуэгу техьэрт.

ХХII
Хьид махуищыр псынщIэу икIат. МыпIащIэурэ Бахъсэн псыхъуэ Iуту кIуэрт къэбэрдей пщы уэлийр. Баналъэ Iувымрэ жыгыщIэ цIырхъ цIыкIу­хэмрэ яуфэбгъуа Афэбг и нэпкъхэр пщым мамыру къызэхиплъыхьырт. Мис мыращ гъэмахуэм и IутIыжыр! ЩIым хуабэкIэ зигъэнщIри, щхъуантIагъэкIэ зызэщIиуфэжауэ мэбауэ.
Джэдмышх лъапэ зыщIэзыукъуэдия мэкъупIэ задэхэм ущу дэкIырт ХьэтIохъущокъуэпщым и шыр. Дыжьын Iэпс­лъэпсхэр уэзджынэ жьгъейуэ зэ­рызэщIэжьыуэм екIупсу шыщхьэр дыщIиупскIэрт. Кургъуокъуэ мащIэу зигъэщхъауэ уанэгум ист. Бгы нэпкъхэр нэрыгъуазэкIэ къызэхиплъыхьми, пщым и гупсысэ кIапэр жыжьэ дыдэ IукIуэсыкIат. Кърымым къикI хъыбархэр пщIэгъуалэтэкъым. ЗыкIи нэхъыфIтэкъым КIэмыргуейм иджы дыдэ къыхурахахэри.
Шэч зыхэмылъыжращи, зауэщ… Iэмал гуэр щыIэу къыщIэкIынкъым адыгэ­хэм а зауэм къызэрыпакIухьын. Хьэлъэм и хьэлъэр зытещIэнур Къэбэрдейрщ. Зауэм зыхуэгъэ­хьэ­зырын: IэщэкIэ, цIыхукIэ, гъуэмылэкIэ. Къуршхэм зыщыгъэбыдэн. ГъэтIылъыгъэхэр зыри зыщымыгъуазэ къурш жьэгъухэм щызэхуэхьэсын. Зауэм цIыху зэхэгъэжи ныбэ IупэфIэгъуи ищIэр­къым. Iэщэрэ гъуэмылэрэ - аращ иджыпсту нэхъыщхьэр. Зауэм зэхигъэжыркъым, арщхьэкIэ цIыхум, лъэпкъым зэхегъэж псори: пщы уэлиигъуэр Кургъуокъуэ къыхуэзыгъэфэща лъэпкъыр иджы зыщыгугъыр ХьэтIохъущокъуэрщ, нэгъуэщIкъым. Пщы уэлийм и закъуэщ иджы жэуапу щыIэр зыхьынур! Пэмылъэщрэ - къыхущIэджэжхэу, къыхуэпсэлъэжурэ нэ­гъуэщI­ хахынщи, езыр ауан хъуауэ тхыдэм къыхэнэнщ. А тхыдэр езыр зищIысыр сыт? Кургъуокъуэ шхуэ­мылакIэр ешэщIри зеплъыхь, мэгуп­сысэ: - «Зым тхыдэу къилъытэр адрейм фIэауанщ. Ещанэр - зэплъэкIыну зэи хущIыхьэркъым, къэкIуэнум зэи егупсысыркъым. Нобэрей махуэмкIэ мэпсэу ар… И ныбэ и гурыфIыгъуэщ, и щхьэ и къулейр насып джэшу къелъытэ. Дуней къэхъукъащIэхэм ещхьу мэпсэу: дыгъэр къопс, пшагъуэр къытохьэ, е къешхщ, е къесщ…»
Иджыпсту ХьэтIохъущокъуэ пщыр Тамбиикъуэ щхьэщыхьэжащи, зи лъапэм жыгхэр гуэрэну щыкI бгым Iуоплъэ. Уафэбгыкъу и щIыбагъым дыгъэр къыдэтрэ пэт, езым кIыфI фIы­цIафэу уIуоплъэ. Ар лъагэу къыщ­хьэщытщ Iэщхэр щыхъуакIуэ хъу­пIэш­хуэм. Уафэ нэзым щIагъэлъэда бгыкъу абрагъуэу зыкъыщхьэщехьэ къущхьэхъущIым.
«Апхуэдизу ущIэнэщхъыдзэр сыт? Хэт къищIат уи гуауэ?» - и гупэр къы­хуигъэзауэ абы къыIуплъэ хуэдэщ ­Iуащхьэхэм я махуэ нэхутхьэхур. ­Ар­щ­хьэкIэ зэрыщымщ Уафэбгыкъу. А зыщIагъэлъэда уафэпсэм щыхуарзэ бгъэ зэрыбыным нэщхъыцэу яхэп­лъызэ мыхъумэ, дымыркъым. Щымщ Уафэбгыкъу… И щыгум щызэхуэгуапэ пшэ тхьэхухэм яхэщхьэукъуэ мыхъумэ, джылыркъым. Нэщхъыдзэщ Уафэ­бгыкъу…
Мыбдеж къыдэтшэфатэмэ къры­мыдзэр! Бгы зэгъуэкIым къащып­къ­рыхьэнт хамэ щIыналъэм зауэ ипхьэ­мэ, къыплъысынур зыхуэдэр. ХамэщIым, псом хуэмыдэжу ар бгылъэ къуэкIиймэ, ущызэуэну гугъущ. Мып­хуэдэм деж я нэхъ лIыхъужьхэри зэ­къуоху? Дызэхэуэ-дикIуэтыж хуэдэурэ мо псыхъуэшхуэмкIэ тхудэшатэмэ, бе­тэ­мал, абдеж нэхъ зэкъуэхупIэфI ды­хуейт?! Нэхъыжьхэм зэраIуэтэжым ­тепщIыхьмэ, ди пасэрейхэр Чынгыз и дзэ емынэ кIаблэм зэрытекIуауэ щытар апхуэдэ IэмалкIэщ. Тафэм къикIа дзэр, ар лъэщуи щрырети, бгылъэ щIыпIэм щылIыхъужькъым. Дэращ къуршхэр зи лъахэжьыр. Дэращ мыбдеж щылъэщыр… Ар жыпIэ щхьэкIэ, зэманым хуэдэу, цIыхухэми захъуэж… НэгъуэщI щапхъи диIэщ дэ: Бгитху зэхэтым я лъахэ адыгэр щиса лъэхъэнэм кърымыр къеуэсэпати, нэхъ щIыпIэ зэгъуэкIхэм зрагуашэри, апхуэдэкIэ лъэпкъыр къелат. НтIэ, иджыпсту къемызэгъыу пIэрэ хъаны­дзэр нэхъапэ зытеуэну хьэблэр къуршым идгъэтIысхьэныр? Апхуэдэ Iэмалыр къэдмыгъэсэбэпмэ, лъэпкъкIуэ­дыр къытхуэкIуэнущ. ДызэхащIыкIыну пIэрэ ди лIакъуэгъухэм? Зэхахыну пIэрэ ди «Маржэр?»
ХьэтIохъущокъуэпщым теплъэгъуэ кIэщIурэ и нэгу къыщIыхьэжырт Менлы-Джэрий и лулэ кIэфылъэр… «Нобэ зэщIызогъэуIуэ си дэщIэгъухэр. Ап­хуэдэхэр щыIэщ, зэщIодэIуж, зэгуроIуэ, зэакъылэгъухэщ. Абыхэм хьэкъыу япхыкIащ дызыIут IэнатIэр. ИтIани, псы икIыпIэм дынэмыс щIыкIэ, «Фи цеикIэ зэщIэфкъуэ!» жыпIэу удэувэ хъунукъым. Мыдэ Бахъсэн хасэр зэхыхьэмэ, псом я жыIэми дыщIэдэIунщи, нэхъ акъыл Iущу дыкъыщеплъынщ а Iуэхум. Пэжщ, ди мурад къыддэзымыIыгъынухэри щыIэщ, ауэ щыхъукIи, дэнэ кIуэн, зауэ фIэкIыпIэншэм Iуплъэмэ?»
Къэбэрдей пщы уэлийр унэм щы­нэсыжам, пщэфIапIэмкIэ Iэуэлъауэшхуэ къиIукIырт: лыр якъутэрт, лэ­гъупхэр ятхъунщIырт, пхъэ къутапIэм щы­лъащэхэрт.
Пщым зитхьэщIауэ, пэшым щыщIыхьэжым щIыбагъыбжэр кIыргъащ. ХьэтIохъущокъуэр зэплъэкIри, Нэрынэ гуащэр щилъагъум:
- Зыгуэрым уигъэпIейтейрэт, гуащэ?
- Хьэуэ, зиусхьэн. Укъэтати… иджы сыкъэкIуащ къэсщIэну...
- УкъызэрысхуэгумащIэр гуапэщ. ТIыс.
- Солъагъу иджы, дотэнэху, хасэм узэрыхуэхьэзырыр. СыкIуэнщи, уагъэшхэну яжесIэнщ.
- Упсэу, - погуфIыкI Кургъуокъуэ, - хьэщIэхэм я шэджагъуашхэм уи нэIэ тегъэт, дахэ.
Пщы уэлийр щхьэгъубжэм бгъэды­хьэри, пщIантIэр къызэхиплъыхьащ. Кургъуокъуэ пщы уэлиигъуэ къыщрата гъэм яухуат мо зэхуэсыпIэшхуэр. И щхьэри лъагэу яIэтыжри, екIуу бгъэн иратыжат. А бгъэныщхьэ зэхуэсыпIэм щIэтт тетIысхьэпIэхэмрэ хьэщIэхэр Iэнэ папщIэу зыбгъэдэсыну пхъэбгъу джафэшхуэхэмрэ. Зэ тIысыгъуэу цIыху щэщI щIэхуэнущ абы. Пщым и тетIысхьэпIэри мес, жьантIэмкIэ къы­дэтщ. Иужьрей илъэс ныкъуэм къриубыдэу, пщым зыбжанэрэ зэхуэс зэхишакIэт. Нобэрей зэIущIэм кърихьэлIэну дэтхэнэ зыми Кургъуокъуэ щхьэж и щхьэкIэ епсэлъылIат, хэт сыт хуэдэ гупсысэ къызыкъуихынуми фIыуэ хищIыкIырт, итIани пщым нэхъыфIу къилъытащ псори зэхуишэу, зым и нэгум адрейр щIэплъэу зэригъэпсэлъэнхэу. «Апхуэдэу тщIымэ, зы унафэ зэдайкIэ дызэгурыIуэнщ. Зэдэуэн ира­гъа­жьэмэ, ягу къэзгъэкIыжынщ иужь псалъэр сыт щыгъуи пщы уэлийм зэрыIурылъыр. ДызэгурыIуэрэ зы лъагъуэ дунэтIмэ, Iэмалри зэщIыгъуу къыщIэтIукIынщи, зауэмэ - зауэщ! Пщы уэлиигъуэр къыщыстрагъэхуам къэбэрдеипщхэм яхэтащ зи нэм бжэгъуу сыщIэуахэр. Апхуэдэхэр иджыпстуи поплъэ сыкъыщIэхуэу, ауан сыкъыщащIыну махуэм. Еууей, си лъэпкъэгъухэ! Къэбэрдейр ХьэтIохъущокъуэм и уней лъахэу зэрыщымытыр дапщэщ къывгурыIуэну пIэрэ? Къэбэрдейр пщыми, уэркъми, лъхукъуэлIми, унэIутми я зэхуэдэу зэдайщ. Пэж дыдэм фыхуейуэ щытмэ: Къэбэрдейр зейр зи бжыгъэкIэ нэхъыбэу бэгъуа лъхукъуэлIхэрщ! НтIэ, нтIэ. Пщыхэми уэркъхэми я Iыхьэу мащIэщ мы лъахэм илъыр. ЛъхукъуэлI лъапсэщ Къэбэрдейр…»
ХьэтIохъущокъуэр а гупсысэм щентIэIум, унэ лъэгу джафэм щылъэпэрэпа нэхъей, зэщIэувыIыкIыжащ: «ЖыпIэр сыт, пщы уэлий? Шы мы­гъасэм ещхьу, иджыпсту ущIэерыщым сыт и щхьэусыгъуэ? Пэжщ, пщыхэмрэ уэркъхэмрэ мащIэщ, лъхукъуэлIхэр куэд мэхъу. ИтIани, апхуэдэ гупсысэхэр уи жьэм къекIуэ хъунукъым! Лъху­къуэлIхэм армырами гужьгъэжьышхуэ кIуэцIкIэ зэрахьэ. А уэ жыпIэр яIурыцырхъэ закъуэмэ, уи гущIыIу къихьэн хьэзыру, лъхукъуэлIхэм Iэжьэкъур иджыпсту ирач. Сыт щхьэкIэ? Нобэ хуэдэ зы махуэкъэ лъхукъуэлIхэм бэкIэ дазэрыщыгугъыр щедгъэщIэн хуейр? Псалъэ гуапэм лIыгъэпсэр еузэщIри, цIыху гупсысэхэр нэхъыфIым хуегъэуш. Ди адэжьхэм къытхуагъэна щIым Iуэхур иджы нэсащи, е хамэ зэрыпхъуакIуэм ар худэтчыхын, е, адыгэ щIыхьыр ди гъуазэу, щIыр адэкIэ къытщIэхъуэнухэм яхуэтхъу­мэн. Аращ, ХьэтIохъущокъуэ! А гупсысэр лъэпкъым деж нэпхьэсыну иджы уи къалэнщ».
… Пэшым аргуэру къыщIыхьэжащ Нэрынэ гуащэр. Зи ныбжькIэ мыщIалэж а бзылъхугъэр иджыри зэрыдахэт. И плIэр задэу иIыгъыу, гуащэм къихьырт хьэлыуэ хуабэрэ фоупс фалъэрэ зытет Iэнэр.
- Уи щхьэкIэ Iэнэр къысхубохьри… зыгуэр зыдэбгъэIэпыкъуркъэ, дахэ? - погуфIыкI Кургъуокъуэ.
- Пщы уэлиигъуэр къызэрыпхуагъэфащэрэ сэращ уи Iэнэр зи IэмыщIэ илъыр.
- Пщы уэлиигъуэр хьэхущ, гуащэ, - гушыIэ щIыкIэу мэдыхьэшх ХьэтIохъущокъуэр.
- СэркIэ ар пIалъэншэщ. Сыпсэууэ дунейм сыщыIэху, сэркIэ уэ зыращ си пщы уэлийр.
- Тхьэм и нэфI къыпщыхуэ, - гуащэм и жыIэр гуапэ зэрыщыхъуар хэIущIыIу имыщIу, и пащIэкIэ щIогуфIыкI пщыр: - Уи ерыскъыр IэфIщ.
КуэбжэмкIэ шылъэ макъ къыщиIукIым, Кургъуокъуэ маплъэри:
- Зэхуос хасэри, - жиIэурэ щхьэгъу­бжэм бгъэдохьэ.
ПщIантIэм къыдыхьэрт ЦIыпIынэ Хьэсаншрэ Ашабэ Миншакърэ. Абы­хэм я ужь иту къакIуэхэрт Елэн, Къэбард, Мэрем. НэгъуэщI шухэри абыхэм къакIэлъыкIуэрт. ЩIэкIыжыну тэджа гуащэм зыхуигъазэурэ пщым:
- Сигу хупех Джэрыджэ Мэрем. Кърымым къришыжа и пщащэр щхьэгъусэу къишэну и нэ къикIми, я хьэ­гъуэлIыгъуэр иджыри благъэкъым… Налмэс и адэ-анэм яхуощыгъуэ.
- Ара мыгъуэщ, Кургъуокъуэ, - нэщхъейуэ къыпедзыж Нэрынэ гуащэм. - Налмэс Алыхьым и фIыщIэкIэ узыншэ цIыкIуу къигъэзэжат, къэгъазэ зимыIэнур и адэ-анэ тхьэмыщкIэрщ. Сурэт и насып нэхъ гъунэгъущ: Нэкъаррэ абырэ я хьэгъуэлIыгъуэр дяпэкIэ къоблагъэ.
- Алыхьым абыхэми я гъуэгу къахузэпищэ, дэри Алыхьым дыкъихъумэ.
ХьэщIэхэр пщIантIэм къы­щы­пэплъэрэ пэт, пщым и пэшым гуащэм зыщиIэжьэну къезэгъыртэкъым. ЛIы Iуэхум зэрыхэмыIэбэр псоми хьэкъыу яригъэлъагъуу, Нэрынэ пIащIэу пэшым щIокIыж.
Гуащэм и шылэхъар кхъуакIэр бжэблыпкъым щхъыщхъыу зэрыкъуилъэфыжым пщыр дыпыгуфIыкIыурэ кIэлъоплъри: «Сыт хуэдэ къару кърымхэм къытпамыгъэувами, датемыкIуэу хъунукъым!»
ХьэщIэхэр иджы зэпымыууэ къекIуа­лIэрт. ШыфIэдзапIэхэм шыхэр нэ­хъри щыIувт. ПщIантIэшхуэм дэзт лIы уэршэрыр. ХьэтIохъущокъуэр хьэ­щIэхэм яхыхьэну пIащIэртэкъым: зэрырепсалъэ, я гупсысэхэр иреузэщI, хасэр къы­зэIутхыху абыхэм зэжраIэнухэми мыхьэнэ щхьэпэ хэлъщ… 
Къуэнымэ-бжьынымэр пщIантIэшхуэм щхьэщытт. Лэгъупхэр изт. Лыбжьэр дяпэкIэ хьэзырынут.
И  жьакIэ папцIэ цIыкIур зэщIэлъэ­щIэпауэ Къэсей ефэндыри къэсащ. Сыт щыгъуи хуэдэу, дыжьын баш цIыкIум зытригъащIэурэ, ефэндыр пщы уэлийм деж, и унэжьым ещхьу, щIыхьэри:
- Алыхьым и фIыщIэкIэ, зиусхьэн, Бахъсэн хасэр зэхыхьащ. Жэмыхьэтыр къыппоплъэ. 
… Пщы уэлийр къащыхыхьэм, хасэм къекIуэлIахэр къэтэджащ. ХьэтIохъущокъуэми, щхьэгъэщхъ мащIэкIэ псоми фIэхъус ярихри, и тIысыпIэмкIэ дыхьащ. ЦIыхухэр зэрызэгъар, щхьэж здэщысыр къызэхиплъыхьа нэужь: 
- Къедгъэблэгъа псори кърихьэлIауэ пIэрэ?
Сэбанш бейгуэлым жери:
- Шурдым Жанхъуэт КъущхьэхъукIэ Уафэбгыкъу IэхъупIэм щыIэщ. Къевмыгъэблэгъаи къытхэсщ: Нэгъуей Iэта-Ильясщ ар. Нэгъуейм тригъэ­чыныхьу щхьэщыпсэлъыкIар Быж ЛIыгъурщ. 
Хасэм къекIуэлIахэр щэхуу зэIущащэу щыхуежьэм, пщы уэлийр яхэп­лъэри:
- Сыщыгъуазэщ Iэта-Ильяс и къэ­кIуэкIам. Мамсыр Нэкъари лъэ­Iуащ абы и цIэмкIэ, - жиIэурэ Къэзано­къуэм зыхуигъэзащ: - Сыт абазэхэр къыщIытхэмыхьар? Джэрыджэ Тау­къан слъагъуркъым. Иджыри къэту арагъэнщ лIыкIуэ зыхуэтщIа Абазэхэм?
Абы хэту куэбжэмкIэ къэIуа шылъэ макъым Мэрем игу къыдызэрыгъуэтыжауэ гуфIэурэ:
- Мис, зиусхьэн, къэсащ Таукъани! КъыкIэрыхуакъым…
ХьэтIохъущокъуэр лъхукъуэлI щIалэм и гурыфIыгъуэм дыпыгуфIыкIри:
- Фыарэзымэ, иджы къызэIутхынщ хасэр. Джылахъстэнейм иджыблагъэ щызэхэта пщы-уэркъ хасэм къы­щыщIэздзэну си мурадщ. Абы ипкъ иту сыныволъэIу, мызыгъуэгукIэ ды­зыIуува IэнатIэм дызэдыхэплъэу, дычэнджэщэну. ЗауэкIэ къытлъихьэну натIэрыуапIэ дыкъэзыщI лъэпкъхэм къабгъэдэкIыурэ хъыбар мыхъумыщIэ куэд къытIэрохьэ. Дыщыгъуазэщ нэ­гъуейхэм ягъэшэса дзэр къуршхэм щитIысыкIауэ кърымыдзэм зэрыпэп­лъэм. Абы и закъуэкъым… Нэгъуейхэм цIыху­хэр хагъэзыхьурэ дзэм и гъуэ­мылапхъэр къыхах. КъищынэмыщIауэ, Шэрэдж къурш жьэгъухэм зизыугуэша къущхьэ-тэтэр хьэблэ цIыкIухэм яхэсщ хъаныр къыщысынум пэп­лъэхэри. Дауи, къэса нэужь ягухьэу къыдэзэуэжыну я мурадщ. АдэкIэ езы Кърымым щIэ­гъэхуэбжьауэ зауэм зыщыхуагъэ­хьэзыр: дзэр зэщIаузадэ, IэщэкIэ бэлэ­рыгъыркъым. Нэрылъа­гъущи дыщIэгупсысэн щхьэусыгъуи  дыщыгупсысэн пIалъи къытхуэнэжакъым. Но­бэ-ныжэбэщ зауэр. ДяпэкIэ тщIэ­ным ехьэлIауэ иджыпсту унафэ дыхуэныкъуэщ. Хьэуэ, шэч къытесхьэу аркъым адыгэгу зэрыфкIуэцIылъым е адыгэ пыIэ зэрызефхьэм. Фи нэгу сыщиплъэкIэ слъагъур, дауи, абы и щыхьэтщ. ИтIани, убзыхуауэ ди зэуэкIэ хъунум и жыпхъэр дгъэбелджылыну и чэзущ. Ди сабийхэр, ди лIыжь-фызыжьхэр, ди бзылъхугъэхэр, езы Къэбэрдейр дыщыIэнумэ, ди лIыгъэ зэхэгъэкIыпIэщи, е дылIынщ, е ды­лIэнщ! АдэкIэ фыхасэ, къэбэрдейхэ! Дэтхэнэм и жыIэми акъыл къыхэтхынущ.
Хасэр щымт. ХьэтIохъущокъуэпщым мамыру зыкъиплъыхьри:
- Си гугъэкъым апхуэдизу шынагъуэ гуэр къэсIэщIэжыIауэ. Пэжыр - пэжщ.
- Хьэуэ, зиусхьэн, хьэуэ, - пIащIэу ­къопсалъэ Къэсей хьэжыр: - Уи жыIэм щIэлъыр шынэкъым, уи псалъэхэм яхьыр Алыхьу лъэщым и захуэрщ. ШейтIанхэмрэ жинхэмрэ ягъэун­дэ­рэщ­хъуауэ лъы хуэныкъуэхэм Алыхьыр ящIэну щыхуэмеижкIэ, ди щхьэщыгу къитым ахэр тришэнщ лъы гъуэгу гъэзапIэншэм. Муслъымэн Iиманыр ерыщу IэщIыб зыщIхэм хьэкъыу ­ягъуэ­тыжынщ Алыхь лъэщым и Iэмырыр.
- Алыхьым уи псалъэр зэхиух, хьэжы, - къыпедзыж абы зыгуэрым.
- Узахуэщ, Къэсей. Узахуэщ, - къопсалъэ нэгъуэщI зыи.
ХьэтIохъущокъуэпщым аргуэру псалъэр къещтэжри:
- Зивмылъэфыхьу, къуэшхэ, вгъэбелджылы фи гурылъхэр. Псалъэр ­изот Ашабэ Миншакъ. Ар, Джэрыджэ Мэрем гъусэу здищтэри, Кърымым щызэхэзекIуащ и унагъуэ IуэхукIэ. Аркъудейкъым… Ди лъэIукIэ Ашабэм Кърымым нэгъуэщI къалэн гуэрхэри щытхуигъэзэщIащи, зи нэкIэ псори зылъэгъуар дгъэпсэлъэнщ. ЖыIэ, Миншакъ. Ущысу жыIэт… Дытэджынкъым, жэмыхьэт. Зэманыр лъапIэщ.
- Зэманыр лъапIэщи, Iуэхури нэхъ ди лъапIэжщ, зиусхьэн. Кърымым дызытекIухьам фыщыгъуазэщ. Iэмал зэриIэкIэ, хэIущIыIу зыдмыщIурэ ды­зэхэзекIуат, дызэщIэдэIукIат. Ди нэгу щIэкIахэри зэхэтхахэри пщIэгъуалэкъым. КIэщIу жыпIэмэ, Кърымым ис­хэр псори хуэныкъуэтэкъым мы зауэм. ЗэпэщIэувэныгъэ иджыпстуи илъщ ­хъаныгъуэм. Ауэ щыхъукIи, зауэ хуэ­мейуэ къыхэпсэлъыкIахэм я жьэр кIэщIу ирагъэубыдащ. ИрагъэупIэхащ апхуэ­дэхэр, хэт лъэхъуэщкIэ, хэти шынагъэкIэ. Зауэр зигу темыхуэхэм, лъэхъуэщым итIысхьэ нэхърэ, лъахэр ­яхъуэжмэ нэхъ къащтащ. Iэпхъуахэр мащIэкъым, жыхуэсIэщ… Каффэ щаIыгъ тыркудзэм ипщ Муртаз-пэщэр, тырку сулътIаныр дэарэзыуэ, ­Къаплъэн-Джэрий зауэлI минитхукIэ къыкъуэувэну хьэзырщ. Езы Кърымым и дзэр бжыгъэкIэ мин щэ ныкъуэ ­мэхъу. Аращ купщIэкIэ Iуэхур зэ­рыщытыр. 
- Дэ, Елэн, Къэбард, Даур-Темыр­гуей сымэ тщIыгъуу, шэрджэс Ищхъэрэри къызэхэткIухьащ, - Ашабэм жиIам мыпIащIэу пещэ ЦIыпIынэ Хьэсанш. - Ди нэгу щIэкIаращи, зы лъэныкъуэкIэ ди лъэпкъэгъу адыгэхэм ди щхьэ узыгъуэр ауи еузкъым. Ахэр езыхэм я гъащIэкIэ мэпсэуж. Нэхъыжьыр ялъытэ, хабзэ зэрахьэ, щIэб­лэ япI, щIы явэ, Iэщ зэрахуэ. Псори адыгэ псэукIэм екIуу къозагъэ. Ауэ Кърымым псалъэмакъыр зэрынэсу, дзэхупс IурагъэткIуам ещхьщи, ди лIакъуэгъухэм я бзэр е еубыд, е псалъэр нэгъуэщI IуэхухэмкIэ траIуантIэ. Дэ гу зылъыттаращи, лъхукъуэлIхэм я Iуэху щытыншщ Шэрджэс Ищхъэрэм. Къалэн зытещIэр пщыхэмрэ уэркъхэмрэщ. Нэгъуейхэр зэкIуэцIылъщ: ягу ихьи ­къащIэ зыхуейр! ЛIэщIыгъуэкIэрэ дигу зэхуилъыр зэжедмыIэу нэгъуейхэмрэ дэрэ дыкъызэдогъуэгурыкIуэ. Уоплъри - гуапэхэщ, жумартхэщ. УакIэлъо- плъыжри - я тэтэрылъыр къащхьэщокъуэлъыкI. 
- Зиусхьэн, кхъыIэ, емыкIу сыкъыумыщI, - къопсалъэ Iэта-Ильяс: - Нэгъуейхэми яхэтщ напэ зиIэ лIы куэд… Шэрджэсхэм я щIым дымащIэу дытесмэ, абы къикIыркъым дэ дылъэпкъ мыхьэнэншэ цIыкIуу. 
- Уа, мыбы жиIэр зэхэфхрэ?! Диущиижыну мы къэкIуам фыкъысхуIуплъэт! - къыхоуэ псалъэмакъым Дэмдей.
- ЗыфшыIэт, жэмыхьэт. Лъэпкъ гужь­гъэжьыр дакъэжь мафIэщ, - къоп­салъэ пщы уэлийр.
Быж ЛIыгъуррэ Къэзанокъуэмрэ зоплъыжри, ХьэтIохъущокъуэр нэгъуейм къызэрыдэщIам гукIэ дыпогуфIыкI. Мамсыр Нэкъар и ныбжьэгъум къыщ­хьэщыжын хьэзыру зешэщI. Къашыргъэ гъукIэм щыму игукIэ зэрегъэзахуэ: «Ди зиусхьэн хьилэшымрэ мы нэ­гъуеймрэ зы Iуэху гуэр зэдаIэу фэ тетщ…»
Пщы уэлийм хасэр къызэхиплъыхьурэ макъ лъахъшэ дыдэ зыкъещIри:
- Дэтхэнэ зы лъэпкъылIми, нэгъуей, урыс, тэтэр, шэшэн имыIэу, пщIэ хуэфащэщ, къызыхэкIам къыщы­дэ­щIыжым деж. Дэтхэнэ зы зэрыпхъуа­кIуэми, лъэпкъкIэ зэхэмыгъэкIауэ, нэ­лат хуэфащэщ, залымыгъэр хамэ лъахэ щрихьэм деж. Дауэ делэгу щыIэщи, зауэ делэгу щыIэкъым… ЖыIэт адэкIэ, Хьэсанш.
- Зиусхьэн, уэ жыпIам пыслъхьэн сиIэкъым. Сыакъылэгъущ, - мыпIащIэу пщым педзыж ЦIыпIынэм: - Жэ­мыхьэтыр зылI и быну дызэкъуэувэмэ…
- Мис аращ пэжыр, Хьэсанш! Мис аращ захуэр: ди напэр хужьмэ, Алыхьыр ди дэщIэгъущ! - дыжьын башыр уафэмкIэ ишийуэрэ къопсалъэ Къэсей хьэжыр.
- Пэжыр жысIэнщи, - пещэ Хьэсанш, - Шэрджэс Ипщэм мамырыгъэ илъкъым. Я пщэдейр зэхэмыбзщ ди лъэпкъэгъухэм. Къуршхэм хъаныдзэр къызэритIысхьэм адыги, абази, нэ­гъуеи егъэпIейтей. Сэ къызгурыIуар арщи, Iэлигъуэт пэщэм и хьилагъэр Бэлэтокъуэпщым ейм темыкIуэу щытмэ, кIэмыргуейхэм иджыри хэкIыпIэ къахуэгъуэтынут.
ЦIыпIынэм гупсэхуу щIэдэIуа нэужь, пщы уэлийр Джэрыджэ Таукъан дежкIэ маплъэ:
- Уэ сыт къыджепIэн, Таукъан? Абазэхэм сыткIэ уагъэгуфIа?
- Абазэхэр, зиусхьэн, сыт щыгъуи хуэдэу псалъалэ IуэхумащIэщ. Зыкъытхуагъэгусэ. Бгитху Iэшэлъашэм езыхэр къиднэу, Бахъсэн псыхъуэ дыкъызэрыкуэшар нобэр къыздэсым къытхуагъэгъуфыркъым. Дышынэурэ мыбдеж гъэпщкIупIэ щыдгъуэтауэ ­яIуатэ. Ауэ щыхъукIи, «Маржэ!» щыжытIэм замыIэжьэу къыдгуэувэну дагъэгугъэ.
- А-а! - къыхокIиикI Дэмдей, - Къармэхэ ещхьу къыддамыIыгъыу арагъэнщ?
- Угупсысэурэ псалъэ, Дэмдей. ­Къармэхэ ямыукIыжар я благъэжьщ. Зумыгъапщэ, - къопсалъэ Къэзано­къуэр: - Псэ къабзэрэ захуагъэкIэ зауэм Iухьар бий лъэгу зэи хъунукъым. Дигу пэжыр илъмэ, ди насыпыр текIуэнщ. ЛIыгъэ щIапIэ лIы икIуадэркъым.
- Иншаллахь! - гу зылъимытэжыххэу хьэрыпыбзэкIэ къепсэлъ пщы уэлийм. Жэбагъы жиIар диIыгъыуи, арыххэу адыгэбзэкIэ къыщIегъуж: - Шэч къытесхьэркъым ди текIуэныгъэм.
- Уи дзыхьыр гъусэ къытхуэщI, зиусхьэн!
- ДылIынщ!
- Е дылIэнщ! - бжэкъуагъымкIэ уэру къыщыIурт щIалэгъуалэм я макъ хэIэтыкIар.
ХьэтIохъущокъуэр къэгумэщIауэ щIэблэр здэщысымкIэ плъэри:
- Тхьэм фиузэщI, щIалэхэ! Жьыр зыщыгугъыр фэ фхуэдэщ.
Къашыргъэ зиIэжьэри, щIалэхэм я Iэуэлъауэ кIыхьыр хуэмышэчыжу:
- Зэ фызэгъэж хъунущ, гъуэгу махуэ техьэнхэ! ФыувыIэт зэ! - яхокIиери, пщы уэлийм зыхуегъазэ: (КъыкIэлъыкIуэнущ).

Сурэтыр СэвкIуий Хьэмид.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.