Хыхэм я дунейпсо махуэ

Ар къызэрырахьэжьэрэ куэд щIакъым. Дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным егъэ­щIылIа къалэнхэр зыхуэдэм теухуауэ 1992 гъэм Рио-Де-Жанейрэ (Бразилие) щекIуэкIа къэрал зэхуаку конференцым къыщыхалъхьащ мэкъуауэгъуэм и 8-р Хыхэм я дунейпсо махуэу илъэс къэс ягъэлъэпIэну. А жэрдэмыр даIыгъащ адрей къэралхэми. ИкIи, Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм и Ассамблее Нэхъыщхьэм 2008 гъэм къыщащта унафэм ипкъ иткIэ, къыкIэлъыкIуэ илъэсым къыщыщIэдзауэ, зи гугъу тщIы махуэм ­гулъытэ хэха щыхуащI хъуащ ди планетэм и щIыпIэ куэдым. Апхуэдэ щIыкIэм тету Iэмал къыкъуэкIащ хыхэм яхуэсакъын, ахэр хъумэн зэрыхуейр цIыхухэм ягу къэгъэкIыжынымкIэ.
ИпэжыпIэкIэ, щIыуэпсыр зэпIэзэрыт щы­тыкIэм иту къызэтегъэнэнымкIэ хыхэм ягъэзащIэ мыхьэнэр ин дыдэщ. КъедбжэкI хъумэ, абыхэм япсхэращ хьэуам хэзэрыхьа фIейр (углекислэ газыр, заводхэм къапиху гъуэзыр, нэгъуэщI­хэри) куэду зыщIэзышэр, цIыху меларди­щым хуэдизым я гъащIэр къанэ щIа­гъуэ щымыIэу хым къыхахым (бдзэжьейхэм, къэкIыгъэхэм, псырыкIуэ псэущхьэхэм) елъытащ.
Пэжщ, цIыхум хы щхьэфэм щригъэкIуэкI лэжьыгъэхэм кIуэ пэтми зэрызаубгъум, зэрызыщаужьым я зэранкIэ, бдзэжьей лIэужьыгъуэ куэдым кIуэдыжыпэнкIэ шынагъуэ къаху­къуэкIащ, я бжыгъэм зэрыкIэрыхум къыхэкIыу. Псори зэхэту къэдгъэлъагъуэмэ, дунейпсо хым и процент 40-м нэблагъэм зэран яхуэхъуакIэщ цIыхухэр. Ауэ щыхъукIи, а Iуэхугъуэри гудзакъэ зиIэ псори зэгупсысыпхъэхэм ящыщ зыуэ къэуващ.
Дызэрыщыгъуазэщи, ди планетэм щыуфафэ хыхэр 4 мэхъу. Абыхэм я зэхэлъыкIэр зыхуэдэм, я зыхъуэжыкIэм набдзэгубдзаплъэу кIэлъоплъ океанологхэри, нэгъуэщI IэщIагъэлIхэри. Гъэ­щIэгъуэныр аращи, еджагъэшхуэхэм ноби хыхэм къыщахутэ иджыри къыздэсым зы­щымыгъуазэу къекIуэкIа къэкIыгъэ лIэужьы­гъуэхэмрэ псэущхьэхэмрэ. Шэч къызытед­мыхьэжынур аращи, ЩIы Хъурейм и плIани­щыр зыIыгъ псы хъумапIэ гъуэзэджэхэр, дахэкIейхэр яхуэтхъумапхъэщ дяпэкIи къэкIуэну ди щIэблэхэм.
Еджагъэшхуэхэм хыхэр джыным псом хуэмыдэжу къаруушхуэ ирахьэлIэ щыхъуар иужьрей зэманырщ. Зи гугъу тщIы псы хъумапIэшхуэхэм я щIэр здынэсыр иджырей Iэмэ­псымэхэмкIэ къахутащ. Ди планетэм тет псы псоми я нэхъ куу дыдэу къыщIэкIар Хы Щэхум хэт Мариан хытIыгу Ищхъэрэхэм япэгъунэгъу Мариан уэхырщ - зи лъащIэр километр 11-кIэ псы щхьэфэм пэIэщIэрщ. Езы Хы Щэхум и цIэр къызытехъукIари гъэщIэгъуэнщ. ФIэщыгъэ дахэкIэ абы «хуэупсар» 1519 - 1522 гъэхэм ЩIы ­Хъурейр псом япэу кхъухькIэ къызэхэзыкIухьауэ щыта Магеллан Фердинандщ, зи цIэ къитIуа хы абрагъуэм зэрытета зэман кIыхьым къриубыдэу, абы и псыр къэукъубеяуэ зэримылъэ­гъуам къыхэкIыу.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.