Республикэм щыщыIэ щытыкIэр зыхуэдэр къапщытэ

КъБР-м и Парламентым и Президиу­мым хэтхэм я зи чэзу зэIущIэ зэхэтащ. Ар иригъэкIуэкIащ Парламентым и Уна­фэщI Егоровэ Татьянэ.
ЗэIущIэм хыхьэ «Правительствэ сы­хьэ­тым» щытепсэлъыхьащ коронавирус уз зэрыцIалэм республикэр зригъэува щытыкIэ гугъум, медицинэ IуэхущIапIэхэр я лэжьыгъэм зэрыпэлъэщым, сымаджэ­хэм я узыр щхьэщызых дохутырхэмрэ абыхэм ядэлажьэхэмрэ я улахуэм ды­щIагъуну ахъшэр зэрыратым.
Егоровэ Татьянэ медицинэ лэжьакIуэхэм фIыщIэ яхуищIащ:
- Сымаджэхэм ядэлажьэ псоми езыхэм я узыншагъэмрэ гъащIэмрэ щымысхьу цIыхухэм зэрадэIэпыкъум папщIэ фIы-щIэ ин яхузощI. Ахэращ нобэ псом нэхъ-рэ нэхъапэу коронавирусым пэщIэтыр.
Къызэхуэсахэм щытыкIэр яхузэпкъ­рихыу къэпсэлъащ ЩэхуакIуэхэм я хуи­тыны­гъэхэм къащхьэщыжынымрэ цIы­хум зэIузэпэщ псэукIэ къыхузэгъэ­пэ­щы­нымрэ я IэнатIэм щыкIэлъыплъынымкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и управ­ленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республи-кэм щыIэм и унафэщI Пагуэ Жырас- лъэн. Абы жиIащ коронавирус узым нэ­хъри зимыубгъун папщIэ Iуэхугъуэ хэха-хэр зэрырагъэкIуэкIыр, хамэ къэралхэм къикIыжахэм махуэ 14-кIэ медицинэм и лэжьакIуэхэр зэрыкIэлъагъэплъыр.
ИджыпстукIэ республикэм эпидемиологие щытыкIэр щызэпIэзэрытщ, зы­щIы­пIи цIыхухэр хуабжьу щызэрыцIалэркъым.
Узыншагъэр хъумэнымкIэ министр ­Къалэбатэ Рустам къызэхуэсахэм яж­ри­Iащ сымаджэ хъуахэм я узыр къызэрапщытэ, зэрагъэхъуж щIыкIэхэмрэ ирахьэлIэ хущхъуэхэмкIэ къызэрызэгъэ­пэщар, гъуэлъыпIэхэмрэ дохутырхэм я щы­гъынхэмкIэ я Iуэху зыIутыр.
НобэкIэ коронавирусыр къы­зыпкъ­ры­­хьахэр сымаджэщи 5-м щагъэхъуж, абыхэм гъуэлъыпIэ 991-рэ щIэтщ, абыхэм ящыщу 574-м кислород йокIуалIэ. Къи­щынэмыщIауэ, иджыри гъуэлъыпIэ 200 щыIэщ, нэхъыфI хъужахэм щакIэлъыплъу.
Апхуэдэу республикэм щолажьэ Ковид-19 узыр зыпкърыт бзылъхугъэ уэндэгъухэмрэ ОРВИ-р къызэуэлIахэмрэ пап­щIэ акушер отделенэхэр. ЦIыху 50 зы­щIэхуэ обсерваторым и бжэхэр зэIухащ. Сымаджэ хъухэм папщIэ къызэгъэпэ-щын хуейуэ УФ-м УзыншагъэмкIэ и министерствэм къигъэув мардэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым проценти 114-кIэ гъэ­зэщIа щохъу.
Дохутырхэм я улахуэм дыщIагъу ахъ­шэм Къалэбатэр щытепсэлъыхьым, къыхигъэщащ абыхэм хуаутIыпща ахъшэр мэкъуауэгъуэм и 3-м ирихьэлIэу сом мин 267961,8-рэ зэрыхъуар, ар федеральнэ, республикэ мылъкум къызэрыхэкIар. Къы­­зэхуэсахэр тепсэлъыхьащ медицинэ IуэхущIапIэхэр къызэрыгуэкI сымаджэхэр щIагъэгъуалъхьэу хъужыным зэрыхуэ­хьэ­зыр­ми.
Егоровэ Татьянэ щIэупщIащ дызэрыт щытыкIэм ипкъ иткIэ, хабзэм теухуауэ лъэпощхьэпо щыIэрэ щымыIэрэ. Абы и жэуапу Къалэбатэм жиIащ апхуэдэ гу­гъуехь зэрыримыхьэлIар.
- Иджыпсту нэхъыбэу сымаджэ хъухэр до­хутырхэм къагъэува жыпхъэхэм темытхэр, егугъуу зыхуэмысакъыжхэр аращ. Абы къыхэкIыу, депутатхэри, адрей ­къу­лыкъущIэхэри цIыхухэм епсэлъэн ­хуейщ нэхъ зэгугъужу, зыкIэлъыплъыжу щы­тыным теухуауэ, - жиIащ Егоровэм.
ЗэIущIэм депутатхэр щытепсэлъыхьащ федеральнэ законхэм я проект зыбжа­нэм, УФ-м и хэгъэгу зэмылIэужьыгъуэхэм къикI хабзэубзыху жэрдэмхэм. Къищы­нэ­мыщIауэ, IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэ-хэм пэрыт IэщIагъэлI зыбжанэ КъБР-м и Парламентым и ЩIыхь тхылъкIэ ягъэ­пэ­жэну къызэдащтащ.

Къэбарт Мирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.