Къанокъуэ Арсен нэхъыжьхэр егъэгуфIэ

КъБР-м къыбгъэдэкIыу УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым щыIэ Къано­-къуэ Арсен и мылъкум къыхэкIыу яхуэупсащ Хэку зауэшхуэм хэтауэ ди республикэм исхэм. Фронтым Iута нэхъыжь 91-м, хэкIуэдахэм я щхьэ­гъусэу 3-м ахъшэ сом мин 50 зырызрэ ерыскъырэ Iэрагъэхьащ. Апхуэдэуи зауэм къикIыжауэ дунейм ехыжа ветеранхэм я щхьэгъусэхэми ерыскъыхэр хуашащ.
Унагъуэ 300-м яIэрыхьащ хьэжыгъэ килограмми 10, фошыгъу килограмми 5, прунж, хугу, крупа, дагъэ, макарон, шей, шыгъу зэрылъ ашыкыр.
Къанокъуэм и тыгъэхэр зыхухэхахэм Iэрагъэхьэжащ «Черкесы доброй ­воли», «Волонтёры-медики» псапащIэ зэщIэхъееныгъэхэм хэт ныбжьыщIэхэм.

Къэбарт Мирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.