Яубзыхуам и процент 90-м щIигъур яIэрыхьакIэщ

КъБР-м и Премьер-министр Мусуков Алий иригъэкIуэкIащ Правительствэм и зи чэзу зэIущIэр. Ар видеоконференц мардэм тету къызэрагъэпэщащ.
ЗэIущIэм хэтахэр Iуэхугъуэ тIощIым щIигъум тепсэлъыхьащ. Абыхэм ящыщт республикэм и къэрал властым и органхэм къэрал программэхэр гъэзэщIэным хуэгъэзауэ 2019 гъэм зэфIагъэкIахэр. Абы и лъэныкъуэкIэ щIыналъэм и Iуэху зытетыр зэпкърихыу къэпсэлъащ КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев ­Борис.
Илъэс кIуам Къэбэрдей-Балъкъэрым щелэжьащ къэрал программэ 24-м, абыхэм ящыщу 17-м федеральнэ бюджетым щыщ мылъку хэлъщ. Программэхэр гъэ­зэщIэным трагъэкIуэдэну КъБР-м и бюд­жетым щаубзыхуат сом мелард 33,6-ри, ар федеральнэ бюджетым къыхэкIыу сом меларди 10,1-рэ, республикэ бюджетым ейуэ сом мелард 23,5-уэ зэхэлъщ.
Республикэ къэрал программэхэм хуа­утIыпщакIэщ сом мелард 32,6-рэ (ар псори зэхэту трагъэкIуэдэнум и процент 96,8-рэ мэхъу). Бюджет мылъкуу къагъэсэбэпам и процент 70 хуэдизыр социальнэ унэтIыныгъэ зиIэ Iуэхухэр дэгъэкIыным хуаутIыпщащ.
КъБР-м и къэрал программэхэм я нэхъыбапIэм мылъкур хуаутIыпщакIэщ - яубзы­хуам и процент 90-м щIигъур яIэ­рыхьащ ­къапэщыт къалэнхэр ири­зэ­фIа­хын папщIэ. Ар иужьрей илъэсхэм яху­зэфIэкIауэ щыта бжыгъэхэм йофIэкI.
ЗэIущIэм къыщащтащ республикэпсо щэбэт щIыхьэху егъэкIуэкIыным теухуа унафэм и проектыр. Абы къыщалэжь ахъшэр хухахынущ школ ныбжьым ит сабийхэр гъэ еджэгъуэщIэм хуэгъэхьэ­зырыным. ЩIыхьэхур мэкъуауэгъуэм и 13-м зэхуашэсыну траухуащ. Ар республикэм и щIыналъэ псоми, къалэ округхэми ще­кIуэкIынущ. ЩIыхьэхум и фондым къы­хуагъэхьыну ахъшэр трагуэшэнущ хуэмы­щIауэ псэу унагъуэхэм къыщыхъу сабийхэм, дэтхэнэми сом минитI хуэзэу, ар адэ-анэхэм я счётхэм хуралъхьэнущ.
ЗэхъуэкIыныгъэхэр халъхьащ КъБР-м и къэрал мылъкур 2020 гъэм приватизацэ щIыным теухуа планым. Абыхэм япкъ иткIэ, республикэ бюджетым къыхэхъуэну къалъытащ сом мелуан 296-рэ.
«ЩIы Iыхьэ хэхахэр щатха гупым къыхэгъэкIауэ нэгъуэщI гупым хэгъэхьэным теухуауэ» унафэм и проектри къащтащ. Ар теухуащ Прохладнэ щIыналъэм и щIым хиубыдэ IыхьитI, гектаррэ ныкъуэрэ хъууэ, промышленнэ Iуэхухэмрэ нэгъуэщI щхьэу­сыгъуэ хэхахэм къыхуагъэсэбэп щIыхэм хагъэхьэным. Абыхэм я кадастр уасэр муниципальнэ щIыналъэм ику иту щызекIуэм нэхърэ нэхъ лъапIэкъым.
Апхуэдэу арэзы техъуащ КъБР-м и къэрал мылъкуу щыт, зи школ кIуэгъуэ мыхъуа ­сабийхэм щакIэлъыплъ яслъэ IуэхущIапIэхэу Шэджэм къалэм дэт езанэ еджапIэм къепхахэр Шэджэм щIыналъэм и мылъкум хэгъэхьэным теухуа ­уна­фэм и проектым. Абы псори зэхэту сом мелуан 31,7-рэ хуозэ.
КъБР-м и Правительствэм и резерв фондым щыщу сом мелуан 1,2-рэ Тэрч щIыналъэм и администрацэм хуау­тIып­щыным теухуа унафэм и проектми арэ­-зы техъуащ. Ахъшэр къыхуагъэсэбэпынущ Тэрчыпсым и Iуфэхэр гъэбыдэным. Псы­дзэхэр къыщехым деж, Тэрч къоу, нэп­къым щхьэ­дэхыурэ Урожайнэ къуа­жэм зэран хуохъури, абы теухуауэ нэхъапэм ирагъэжьа лэжьыгъэхэр и кIэм нэгъэсыным трагъэкIуэдэну аращ ахъшэр.
2019 гъэм и етIуанэ илъэс ныкъуэм спортсменхэмрэ абыхэм я гъэсакIуэхэм­рэ иратын хуея саугъэтхэр яIэрыгъэ­хьэжынми и унафэр ящIащ. Ахъшэр зратынухэр ягъэбелджылащ - ахэр олимп спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ УФ-м и командэ къыхэхахэм хэтхэрщ, олимп спорт лIэу­жьыгъуэу щымыт, паралимп икIи сурдолимп спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ къэралым и командэ нэхъыщхьэхэм хэтхэу Олимп, Паралимп, Сурдолимп Джэгухэм, дуней псом, Европэм, Урысей Федерацэм я чемпионатхэм бжьы­пэр щызыубыдахэрщ, къыщыхэжаны­кIа­хэрщ.
НэгъуэщI Iуэхухэми щыхэплъащ зэIущIэм. Апхуэдэу, КъБР-м промышленностымрэ сатумрэ зыщегъэужьыным хуэу­нэтIа къэрал программэм, КъБР-м и сакъылэт фондым хыхьэ объектхэм хы­хьэхэр гъэбелджылыным зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьащ. Къат куэду зэтет унэхэр сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэзэу зэгъэ­пэ­щыжыным хуэунэтIауэ къыхалъхьа ­программэр зэрылажьэм зэрыкIэл­ъып­лъым, фэтэрхэм щIэсхэм мазэ къэс а Iуэхум ­халъхьэн хуей ахъшэхэр зэрат, абыхэм щIыхуэ ятелърэ ятемылърэ зэры­зэхагъэкI щIыкIэм, нэгъуэщIхэми хэп­лъащ.
Зытепсэлъыхьа Iуэху псоми ятеухуа ­уна­фэ пыухыкIахэр къащтащ.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Прави­тельствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.