ДызэпэщIагъэувэну я мурадами, дызэкъуагъэувауэ аращ

ФокIадэм и 26-м республикэм и Iэтащхьэр Бэрбэч Хь.М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэ­рал университетым и студентхэм яхуэзащ.

Хабзэ зэрыхъуам тету КIуэ­кIуэ Юрий вэсэмахуэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэ-рал университетым и япэ курсым мы гъэм щIэтIыс­хьахэмрэ студент нэхъ жанхэмрэ яхуэзащ икIи абыхэм епсэлъащ. ЗэIущIэм къыщаIэтащ цIы­хухэм IэщIагъэ нэхъыщ­хьэ щрагъэгъуэт системэм зегъэужьыным, IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм-рэ вузхэр къэ­зыуххэмрэ ­за­щIэ­гъэ­къуэнымкIэ прог­раммэ­хэр гъэзэ­щIэ­ным, респуб­ликэм и экономикэм и IэнатIэ нэхъыщ­хьэхэм пап­щIэ IэщIагъэлIхэр гъэхьэ­зы­ры­ным, къэрал экзамен зэ­гуэтхэр зэ­рыра­гъэ­тым къы­­дэ­кIуэ сэ­бэ­пынагъым пы­щIа Iуэху­хэр.
Иджыблагъэ Iуащхьэмахуэ, Бахъсэн районхэм ­щы­Iа зэныкъуэкъухэм ятеухуа упщIэм жэуап щритым, ­КъБР-м и Iэтащхьэм хэхауэ къигъэлъэгъуащ: «Республикэм и къэрал властым и органхэмрэ хабзэхъумэ Iэ­натIэхэмрэ граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм, дин Iуэ­хущIапIэхэм, ветеранхэм я зэгухьэныгъэхэм ящIыгъуу икIи федеральнэ центрым и дэIэпыкъуныгъэкIэ иужь-рей илъэсхэм зэкIэлъыкIуэу лэжьыгъэ пыухыкIахэр зэ­фIа­гъэкI Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и соци­аль­но-экономикэ зыу­жьы­ныгъэр зэпымыууэ япэкIэ зыгъэкIуэтэну, жылагъуэ хабзэр зыгъэбыдэну икIи цIы­хухэм шынагъуэншагъэ къыхузэзыгъэпэщыну Iэ­мал­хэр зэтегъэувэным ­хуэу­нэ­тIауэ. Ауэ зэрыщыту ди къэралми, хэхауэ ди ­республикэми щекIуэкI апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэ тэ­мэм­хэр зыфIэмыфIхэри щыIэщ. ЦIыху гуп пыухы-кIам щыщхэм школы­щIэ­хэри, иджырей сымаджэщ­хэри, цIыхухэм я зэIузэпэщ псэукIэри зыуи кърадзэркъым. Абыхэм къафIэIуэхукъым жылагъуэ-политикэ зэ­­пIэзэрытыныгъэр япэкIэ дыкIуэтэнымрэ зыдужьы­нымкIэ Iэмал нэхъыщхьэу зэрыщытыр».
Гундэлэн къуажэм пэ­гъунэгъуу къыщежьа Iуэху­хэр информацэ и лъэныкъуэкIэ даIыгъащ ди деж щыIэ щытыкIэр зэIызыгъэ­хьэну хущIэкъухэм я уна-фэм щIэт социальнэ сет­-хэм. Психологхэмрэ хьэгъапхъэ Iуэхур зи IэщIагъэхэмрэ къагъэсэбэпурэ, ахэр зэпы­мыууэ хущIокъу щIалэгъуа­лэр зэрыхагъэлъэ­дэ­ным икIи Iуэху къемы­зэ­гъ­хэм зэ­ры­хашэным.
Иджыпсту Къэбэрдей-Балъ­къэрыр Урысейм и щIыналъэу инвестицэхэр къызэщIэгъэуIуэнымкIэ Iэмал нэхъыфIхэр здэщыIэ-хэм ящыщщ икIи шына­гъуэншагъэм и лъэныкъуэкIэ ар къэралым щыпашэ­хэм хабжащ. Ауэ апхуэдэу зэпымыууэ екIуэкIакъым. 2013 гъэм ди деж терро­ризмэм и щIэпхъаджагъэу 153-рэ щалэжьащ. Ди республикэр социально-эко­но­микэ зыужьыныгъэм и лъэ­ныкъуэкIэ нэхъ къы­кIэ­ры­хухэм, налогхэр къыхэ­хы­ным­кIэ яужь дыдэ ит щIы­­налъэу щым ­ящыщт.
«ЩIэпхъаджащIэхэр зы­хуей псори щалэжьым, цIыхухэр шынагъуэм щы­хэ­тым икIи езыхэр унэм къы­щIэкIыну, сабийхэр школым ягъэкIуэну щышынэм деж социально-экономикэ зыу­жьыныгъэм елэжьыфынукъым. ЗэпIэзэрытыныгъэр здэщымыIэ щIыналъэм зыми и ахъшэ къыщигъэ­сэ­бэпынукъым. Мис аращ зызытрашащIэр къэзгъэ­лъэгъуа зэны­къуэ­къухэр зэ­хэ­зыуб­лэхэм. Абы дэ дерс къы­хэтхыпхъэщ. Я IэщIагъэм зэры­хуэIэ­кIуэ­лъа­кIуэр, зэ­гъэу­Iуауэ зэры­лэ­жьэфыр къэ­­зыгъэлъэгъуа федеральнэ хабзэ­хъумэ органхэм я дэIэпы­къуныгъэ-кIэ рес­публикэм и къэрал влас­тым и органхэм яхузэ­фIэ­кIащ зэ­щIагъэста зэп­э­щIэ­тыныгъэр зэщIэмып­лъэу къы­зэтрагъэувыIэн. Уи гуапэ мы­хъупIэр иIэкъым мы зэны­къуэкъум хаша щIалэ­гъуа­лэм я процент ­90-м ­щIигъум зыхыхьа Iуэхур зэрымы­хъумы­щIагъэр занщIэу къа­зэры­гурыIуар икIи къагъа­­зэу къы­зэрыкIуэжар. Ауэ зэ­ны­къуэкъум и гуа­щIапIэм хэ­хуа ныбжьы­щIэхэми Iэмал иратащ я унагъуэхэм ихьэ­жыну икIи зыщIэгуп­сы­сы­жыну. Гъэунэ­ху­ныгъэ куэд къы­зэ­ры­зэранэкIам къы­­хэкIыу Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIы­хубэм быдэу къагурыIуащ апхуэдэ хьэгъэщагъэ Iуэ­хухэр къызэре­мы­зэгъыр. ИтIа­ни дэ зы щы­д­гъэгъупщэ хъунукъым а къэхъукъащIэ­хэм шына­гъуэшхуэ зэры­пылъыр. Иджыпсту абы лъэныкъуэ псори къэлъы­тауэ егуп­сы­сыжын икIи ­къуаншагъэ зыб­гъэдэлъхэр - псом япэу, цIыхухэр щызыгъэуахэр, хьэ­­гъапхъэхэр - законым ­тету жэуапым ешэ­лIэн ­хуейщ. Нэхъ япэкIэ ­къы­­дэфыкIа «узыр» иджы ­къешынэуэ­жащ. Ауэ дызэ­­пэщIэзыгъэувэну зи мурадахэм дэ нэхъри нэхъ быдэу дызэкъуа­гъэувауэ аращ. Абы и щыхьэт наIуэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым исхэм я нэхъыбапIэр мы къэхъу­къащIэм зэрыбгъэдыхьа щIы­кIэр», - пищащ КIуэкIуэ Юрий.
Республикэм и студент псоми я гум къишхыды­кIауэ, магистратурэм и япэ курсым щIэс Iэрэмысэ Тимур къигъэлъэгъуащ экстремиз­мэм и Iэужьхэр ткIийуэ зэ­пыудын, мамырыгъэмрэ ­зэгурыIуэныгъэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIы­налъэм щыгъэбыдэн зэ­­ры­хуейр.
ЗэIущIэм къыщыхагъэщащ мыпхуэдэ бжыгъэхэр: иужьрей илъэситхум къриу­быдэу социальнэ мыхьэнэ зиIэ ухуэныгъэу 600-м ­щIигъу - школыщIэхэр, сабий садхэр, сымаджэщхэр, перинатальнэ, диализ центрхэр, «ДыгъафIэ къалэ» ­сабий академиер, абы и ­къудамэу районхэм щыIэ Iуэ­хущIапIищыр, фельдшер-акушер пункту, дохутыр амбулаторэу 60-м щIигъу, къуажэхэм я щэнхабзэ унэу 11 щIэуэ яухуащ, зэрагъэ­пэщыжащ е ирагъэфIэ­кIуащ. ДэIэпыкъуэгъу псын­щIэм и автомашинэхэр, транспорт, гъуэгу инфраструктурэр процент 80-кIэ къагъэщIэрэщIэжащ, къа­лэ­хэр, посёлкэхэр зэIузэпэщ ящI.
«Языныкъуэхэм деж зэхыбох сыадыгэщ, сыбалъкъэрщ, сыурысщ, сыжуртщ, сы­куржыщ, сыермэлыщ, абы къыхэкIыу сэ схуэдэ зы­ри щыIэкъым, псом нэхъри сынэхъыфIщ, жаIэу. Ауэ «псом нэхърэ нэхъыфIым» и гъащIэ псом сыт зэфIигъэ­кIар? Къызэралъхуар ара? Ауэ, къысхуэвгъэгъу, фIы­щIэр абыкIэ зыбгъэдэлъыр езыркъым. ТкIиинрэ шхы­дэнкIэкъым я зэфIэкIыр къы­­зэрагъэлъагъуэр, атIэ КIыщокъуэ Алим, Кулиев Къайсын, Гамзатов Расул сымэ хуэдэу, IуэхукIэщ. Те­мыркъан Юрэ дуней псор ­      зи хэкуу щыт цIыхущ, ар зэи тепсэлъыхьыркъым лъэпкъ­кIэ зыщыщым. Ауэ къызы­хэкIа лъэпкъымкIэ абы псори къоупщI, музыкант ин­-щи, цIыху телъыджэщи. Мис апхуэдэущ лъэпкъ Iуэхум бгъэдыхьэн зэрыхуейр. Адрей лъэпкъхэр къы­дэф­хьэхыф фыкъащIэн, «Мы щIэныгъэлI гъуэзэджэр, ­дохутырышхуэр хэт, хэт армэм и унафэщIыр, бизнесмен ехьэжьар, пианистыр, дирижёрыр, художникыр?»  - къыфхужаIын хуэдэу. Ап­хуэ­дэ куэд дэ диIэщ. Ахэрщ зи лъэпкъыр нэгъэсауэ фIыуэ зылъагъур икIи я лъэпкъыр хэIатыкIын папщIэ псори зылэжьыр, псалъэкIэ мы­хъуу, зи гъэсэныгъэкIэ, щIэ­ныгъэшхуэкIэ, зэфIэкI хэ­IэтыкIакIэ лъэпкъым и цIэр зыгъэIур. Мис аращ тэ­мэмыр. Зи лъэпкъым ири­пагэм адрей лъэпкъхэр игъэ­пудынукъым икIи мывэ Iэрыдз полицейскэхэм яриутIыпщу дэтынукъым. Ап­хуэдэ Iуэхухэркъым ди цIэр зэрыдгъэIун хуейр. Быдэу ­си фIэщ мэхъу псоми ар ­къазэрыгурыIуэр. Дэ ди къалэнщ зи гъащIэр зэгуэхы- пIэ имыIэу зэпыщIа хъуа цIыхубэм я зэкъуэтыныгъэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щытхъумэну. Республикэм щызэрышэхэм я Iыхьэ ща­нэм щIигъур лъэпкъ зэ­мы­лIэу­жьыгъуэхэм къы­хэ­кIахэрщ.
Нэхъапэм зыми хузэ­фIэ­кIакъым, адэкIи, быдэу си фIэщ мэхъу, зыми хузэ­фIэ­кIынукъым ди лъэпкъ­хэр зэщагъэхьэн. АбыкIэ шэ­сы­пIэщ лъэпкъ куэду зэхэт ди цIыхубэм акъы­лышхуэ зэ­раIэр, жы­жьэ зэрып­лъэр, граждан зэхэ­щIыкIрэ жэуаплыныгъэрэ зэрабгъэ­дэлъыр икIи ап­хуэдэ зэхэ­щIы­кIыш­хуэр ди цIыхухэм мы махуэхэм къагъэлъэ­гъуащ. Дэ ди фIыгъуэ нэхъыщхьэр ди хэку иным - Урысейм - ис лъэпкъ псоми быдэу япы­щIауэ зэпымыууэ псэу, лIэ­щIыгъуэ куэд лъандэрэ зэ­ныбжьэгъуу екIуэкI ди лъэпкъхэрщ», - жиIащ КIуэ­­кIуэ Юрий.
ЗэIущIэм кърихьэлIахэр щIэупщIащ Тырныауз воль­фрам-молибден комбинатым лэжьэн щыщIидзэнум, «Къэбэрдей-Балъ­къэрым «Этана» иджырей про­мышленнэ кластер щы­зэ­тегъэувэнымкIэ урысей-китай проектыр зэрагъэзащIэм, Гидрометзаводыр Налшык щыдахынум, нэ­гъуэщIхэми.
Университетым щIэтIыс­хьэхэм экзаменхэр зэратам, Урысейм и Президент Путин Владимир накъыгъэ мазэм къыдигъэкIа ука­зы­щIэхэм еджапIэ нэхъыщ­хьэхэм я лэжьыгъэр егъэ­фIэкIуэным хуэгъэзауэ къы­щыгъэлъэ­гъуахэр гъэ­зэ­щIэ­ным, респуб­ликэм и ­экономикэм и IэнатIэ нэ­хъыщ­хьэхэм пап­щIэ IэщIагъэлIхэр гъэ­хьэ­зырыным и лъэныкъуэкIэ  екIуэкI лэ­жьыгъэм теп­сэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъ­къэр къэ­рал универ­ситетым и ректор, профессор, техникэ, экономикэ щIэ­­ныгъэхэм я доктор Алътуд Юрий.
ЗэIущIэм и кIэухым ди щIы­налъэм и унафэщIыр къызэхуэсахэм гъэ еджэ­гъуэ­щIэм зэрыщIидзэжамкIэ ехъуэхъуащ.

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.