Гъэунэхуныгъэхэм я илъэсищ (2015-2018 гъгъ.)

ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэм теухуауэ Дунейпсо Адыгэ  Хасэм и ХII Зэхуэсышхуэм хэтхэм я пащ­хьэ къыщипсэлъар.

Конгрессым и делегат­хэу пщIэ зыхуэсщIхэ, ди хьэ­щIэ лъапIэхэ, ныбжьэ­гъу­хэ!
Си гум къыбгъэдэкIыу сэ­лам гуапэ фызох мы зэIущIэшхуэм - ДАХ-м ХII Конгрессым - кърихьэлIа псоми икIи си гуапэщ ди лъэпкъым ифI къызэ­ры- к­Iын Iуэ­хуш­хуэхэр мы зэхыхьэм къыщывэхъулIэну.
Ди нобэрей зэхуэсым къри­хьэлIащ федеральнэ центрым, Урысей Федерацэм и щIыналъэ зыбжа­-нэм къикIа хьэщIэхэр, къэ­ралиблым я лъэпкъ зэгухьэныгъэхэм я уна­фэ­щIхэмрэ лIыкIуэхэмрэ. Мы ди зэIущIэм хэт дэтхэнэ-ми, псом хуэмыдэу хамэ къэралхэм къикIа ди къуэш­хэмрэ ди шыпхъу­хэмрэ - хэкужьым щекIуэкI зэхуэсым зыкърагъэхьэ­лIэн папщIэ гъуэгуа­нэ кIыхь къызэпызычахэм - фIы­щIэ фхуэсщIыну сы­хуейщ.
ПщIэ зыхуэсщI ныбжьэгъухэ! БлэкIа илъэсищым тху­зэфIэкIахэм я гугъу сщIын и пэ къихуэу, ДАХ-р зэ­рызэфIэува щIыкIэм, абы и тхыдэм кIэщIу сы­-теп­сэлъыхьыну сыхуейщ. Хасэр 1991 гъэм Налшык ще­кIуэ­к­Iа япэ ЗэхэшакIуэ Конгрессым къы­щызэ­ра­гъэ­пэщауэ щытащ. Илъэс зэхуэмыдэхэм ДАХ-м и президенту хахауэ щытащ Къалмыкъ Юрий, Щхьэлахъуэ Iэбубэчыр, Акъбащ Борис, Нэхущ Заурбий, Дзэмыхь Къасболэт, Ажахъуэ Къанщобий, мы зэманым абы и унафэщIыр сэращ - Сэхъурокъуэ Хьэутийщ. Нобэ дэ фIыщIэ мыухыж яхудощI ДАХ-р къызэгъэпэщыныр зи жэрдэму щытахэу Хьэткъуэ Фатхьи, Уджыхъу Ихьсан, Нало Заур, Ефэнды Джылахъстэн, МэшбащIэ Ис­хьэкъ, Къуэдзокъуэ Анатолэ сымэ, нэгъуэщIхэми.
ДАХ-р зэрызэхашэрэ лIэщIыгъуэ плIанэм щIигъуащ, ап­хуэдэу щытми, Урысеймрэ хамэ къэралхэмрэ ­щыпсэу адыгэхэм я сэбэп зыхэлъхэр пхызыгъэкI дунейпсо зэгухьэныгъэу ноби щыIэр а зыращ. Абы сыт щыгъуи зи Iуэху зэрихуар икIи зэрихуэр, и лэжьыгъэр зыхуэунэтIар лъэпкъыр зыIууэ гугъуехь­хэм къыхэ­кIы­нымкIэ щIэгъэкъуэн хуэхъунырщ, ди хэкуэгъухэм, ахэр сыт хуэдэ къэрал щымыпсэуми, яку дэлъ зэпыщIэныгъэр гъэ­бы­дэнырщ.
Нобэ дэ, ХII Конгрессым хэтхэм, дригушхуэу тхужы­Iэнущ ди Хасэм и Iулыджыр зэрылъагэр, ар пщIэшхуэ зиIэ дунейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэу зэрыщытыр. Ар уващ дуней псом щы­лажьэ адыгэ зэгухьэныгъэ ­нэхъыщхьэхэр зэшэлIа щыхъу щIыпIэу, ахэр зэ­къуэ­зыгъэувэ къарууэ. ДАХ-м и лэжьыгъэм тегъэ­чыныхьауэ куэд къы­зэрыкIэлъыплъым къегъэлъагъуэ абы пщIэш­­хуэ къызэрыхуащIыр икIи дуней псом ди зэгухьэныгъэм увыпIэ хэха щиIэ зэрыхъуар. Дэ, адыгэ ­(шэрджэс) лъэпкъым, зэ­ры­­щыту жылагъуэм, къу-     лы­къу яхудощIэ, ди хэкуэгъухэм я сэбэп зыхэлъхэр ахэр щыпсэу къэралхэм щыпхыгъэкIынми дыху­щIэ­къуу. Ар кърикIуащ ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым, Хасащхьэм нэхъапэм хэтахэмрэ иджыпсту а лэжьыгъэр зыгъэзащIэ­хэмрэ зэ­кIэлъыкIуэу ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэм.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм зыхуигъэувыжу щытащ, иджыри зыхуегъэувыж мып­хуэдэ къалэн нэхъыщ­хьэхэр:
- ДАХ-м хэт шэрджэс жылагъуэ зэгухьэныгъэхэу адыгэ лъэпкъым и щэн­хабзэ, псэкупсэ къулеигъэхэр къэгъэ­щIэ­рэ­щIэ­жынымрэ абыхэм зегъэу­жьынымрэ, зихуэдэ щы­мыIэ и лъэпкъ щIыкIэр хъу­­мэным, ады­гэ­хэм я тхыдэм и пэжыпIэр зэфIэгъэувэжыным зи Iуэ­хухэр хуэгъэпсахэм я лэжьыгъэр зэгъэуIунымрэ абыхэм я къалэнхэр ягъэзэщIэнымкIэ защIэгъэкъуэ­ным­рэ;
- хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм хэкужьым къыхуаIэ пыщIэныгъэхэм зегъэубгъуным щIэгъэ­къуэн хуэхъуныр;
- ди лъэпкъэгъухэр адэжь хэкум къэIэпхъуэжыным пы­щIа Iуэхухэр, урысей законодательствэм и мардэ­хэм изагъэу, зэтеухуауэ зэфIэгъэкIыныр;
- мамырыгъэр, лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэ­гъугъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ гъэбыдэным хуэ­лэжьэныр, апхуэдэуи социальнэ, лъэпкъ, нэгъуэщI зэныкъуэ­къухэр къэмыгъэхъуныр.

Иужьрей илъэсхэм зэфIэгъэкIа хъуахэм я ­гугъу щытщIкIэ, къыхэдгъэщыпхъэщ ДАХ-м къэрал IуэхущIапIэхэм, лъэпкъ щэнхабзэ ­центрхэм, щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм, егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм япыщIауэ иригъэкIуэкIа лэжьыгъэр, абыхэм ехъулIэныгъэ пыухыкIахэри зэрыщызыIэригъэхьар. А лэжьыгъэм и фIыгъэкIэ Хасэм «Россотрудничество», Лъэпкъ IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэм, цIыхубэ дипломатием зыщIэгъэкъуэнымкIэ фонду Горчаков А. М. и цIэр зезыхьэм, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм, Тыркум, Сирием, Иорданием, Европэм, США-м (Нью-Джерси, Калифорние штатхэм), Израилым щыIэ фIыщIэ ­зэгухьэныгъэхэм япыщIауэ щытыныр зэтриу­хуащ, апхуэдэ IэнатIэхэм Iуэху зэрыщыдагъэкI щIыкIэми нэхъ куууэ щыгъуазэ зыхуищIащ. Мы зэманым ДАХ-м и тхьэмадэр хэтщ Урысей ­Федерацэм и Президентым деж Лъэпкъ Iуэху­хэмкIэ щыIэ Советым Лъэпкъ зэхущытыкIэ­- хэм зэныкъуэкъухэр къыщымыгъэхъуным, ап­хуэдэ­хэр зэфIэхыным хуэгъэпса и комиссэм, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и Жылагъуэ Советым.
ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым, Правительст­вэм и зыхуэфащэ IэнатIэхэр щIыгъуу, къызэригъэпэщащ икIи иригъэкIуэкIащ КъБР-м и унафэщIхэмрэ Иорданием, Сирием, Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я лIыкIуэхэмрэ я зэIущIэхэр. Абыхэм щытепсэлъыхьащ лъэныкъуэхэр экономикэ, щэнхабзэ IэнатIэхэм щы­зэдэлэжьэнымкIэ щыIэ Iэмалхэм.
Хабзэ дахэ хъуакIэщ ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым и зэIущIэхэм республикэ, щIыналъэ, федеральнэ къулыкъущIапIэхэм я IуэхущIапIэ хэхахэм я лIыкIуэхэр кърихьэлIэныр. Псалъэм папщIэ, 2017 гъэм ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым и зэIущIэм хэтащ Лъэпкъ IуэхухэмкIэ федераль­нэ агентствэм и унафэщIым и къуэдзэ Ме­женько А. В., Урысей Федерацэм и Президентым и Администрацэм Къэрал кIуэцI политикэмкIэ и управленэм Лъэпкъ политикэмкIэ и департаментым и чэнджэщэгъу нэхъыщхьэ Мартынов В. Е. сымэ. Абы щытепсэлъыхьащ шэрджэс зэгухьэныгъэхэр зэкъуэгъэувэным теу­хуа Iуэху­хэм, Урысей Федерацэм щыпсэу-хэм я лъэпкъ, щэнхабзэ зэмылIэужьыгъуагъэм нэхъри зезыгъэужьыфыну Iэмалу ахэр къа­лъы­тэу.
2017 гъэм и мэлыжьыхь мазэм ДАХ-м и ­тхьэмадэр хэтащ сатум пымыщIа урысей ­зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэм Лавров Сергей ядригъэкIуэкIа зэIущIэхэм.
ДАХ-р ирагъэблэгъащ Евразием и лъэпкъ-хэм я зэгухьэныгъэм и япэ съездым, 2017 гъэм накъыгъэм и 27 - 29-хэм Москва къалэм ще­кIуэкIам, Урысейм и щIыналъэ зэхуэ­мы­дэхэм  я лIыкIуэхэм нэмыщI, къэрал 60-м къикIахэри къызрихьэлIам.
Дызриплъэж лъэхъэнэм къриубыдэу ДАХ-м и унафэщIхэр хэлэжьыхьащ Кавказ Ищхъэ-рэм хыхьэ щIыналъэхэми хамэ къэралхэми адыгэхэм я тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ теухуауэ щекIуэкIа щIэныгъэ-практикэ конференцхэм, фестивалхэм, зэхыхьэ зэхуэмыдэхэм.
Илъэс кIуам ДАХ-м утыку кърихьащ ­«Iуащ­хьэмахуэ щедгъэкIуэкI зэпсэлъэныгъэхэр-ХХI: лъэпкъхэм яку зэгурыIуэ илъы-ныр, зэныбжьэгъугъэр, зэдэлэжьэныгъэр» проектыр,  УФ-м и Президентым и грантхэр къэхьыным теухуа зэпеуэм бжьыпэр щызыу­быдар.  А проектыр ягъэзэщIэн мурадкIэ ­къы­халъхьат мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэху зыбжанэ: ахэр Сирием, Иорданием, Тыркум къиIэп­хъукIыжауэ хэкум щыпсэу унагъуэхэм я сабийхэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр нэгузыужьу къа­хузэгъэ­пэщыным, конференцхэр, зэIущIэ­хэр, щэнхабзэ, узэщIыныгъэ Iуэхухэр егъэ­кIуэ­кIыным пыщIат.
ДАХ-м и лэжьыгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зыуэ щытащ икIи къонэж адыгэхэр я адэжь хэкум къэшэжыным пыщIа Iуэхухэр. Абы и лъэныкъуэкIэ япэ игъэщыпхъэхэм ящыщщ зауэ щекIуэкI Сирие Хьэрып Республикэм къиIэпхъукIыжа ди лъэпкъэ­гъухэм защIэгъэкъуэныр. ДАХ-м и ГъэзэщIа­кIуэ гупымрэ Хасащхьэмрэ я зы зэIущIи екIуэкIакъым СХьР-м къикIыжахэм зэра­дэ­Iэпыкъу щIыкIэм теухуа Iуэхум щыте­мып­сэлъыхьу, абы и унафэ щамыщIу.
НэгъуэщI къэралхэм къикIыжауэ Къэбэр­-дей-Балъкъэрым щыпсэухэр урысей жыла­гъуэм хэзэгъэным хуэунэтIа зэIущIэхэр, «стIол хъурейхэр» идогъэкIуэкI, жылагъуэ зэгухьэ­ны­гъэхэмрэ къэрал властым и органхэмрэ я лIыкIуэхэр кърихьэлIэу. Абыхэм яхэтащ егъэ­джэ­ныгъэ IэнатIэм, цIыхухэм лэжьапIэ яты­ным, зыхуей-зыхуэныкъуэхэмкIэ къызэгъэпэ­щыным, Iэпхъуэшапхъуэм и Iуэхухэм я унафэ­хэр зыщIхэр.
КъэIэпхъуэжахэм я узыншагъэм, ди деж щыIэ хабзэм къызэригъэувым тету, щыкIэлъагъэплъ зыхуэфащэ IуэхущIапIэхэм.
Къэрал властым и лIыкIуэхэм ящIыгъуу, ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупыр яужь итщ хэкум къэзыгъэзэжахэр ди деж пIалъэкIэ щыпсэуну, е илъэс бжыгъэкIэ щыIэну хуит зыщI дэф­тэрхэр, е къэралым и цIыхуу къызэралъытам щыхьэт техъуэ тхылъхэр абыхэм къыдахынымкIэ сэбэп зэрахуэхъуным, ди къэралым и хабзэхэм ятеухуа я упщIэхэм я жэуапи ди деж щагъуэт.
Сирием къикIыж ди лъэпкъэгъухэр зыхуэдизыр къэлъытэным, ахэр лэжьапIэ IэнатIэкIэ къызэгъэпэщыным, пенсэ яхуэгъэувыным, псэун щхьэкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ нэгъуэщI Iуэхухэр яхузэфIэгъэкIыным теухуа лэжьыгъи щокIуэкI КъБР-ми Адыгейми.
КъБР-м и Жылагъуэ палатэм Граждан жылагъуэм зегъэужьынымкIэ, лъэпкъ, дин зэхущы­тыкIэхэмкIэ и комиссэм и зэIущIэм щыхэп­лъащ ДАХ-м и унафэщIхэм зэрызыхуагъэ­-  зам, Тыркум къикIыжу КъБР-м къэIэпхъуэжа ди хэкуэгъухэм къэрал IуэхущIапIэ зыбжанэм лъабжьэншэу къызэрыщытракъузэм теухуам. А Iуэхум иIэ мыхьэнэр къалъытэри, 2016 гъэм    и мазаем КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и Со­ветым и зэIущIэм къыщаIэтауэ щытащ Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм Iэпхъуэшэп­хъуэным пыщIауэ щыщыIэ гугъуехьхэр, зы­щыIууэ лъэпощхьэпохэр зэфIэхын Iуэхум жылагъуэ, къэрал IуэхущIапIэхэр щызэдэ­лэ­жьэным теухуа жэрдэмыр.
Дызэрыт илъэсым и накъыгъэ мазэм ДАХ-м иригъэкIуэкIащ Сирием, Иорданием, Тыркум къиIэпхъукIыжа ди хэкуэгъухэмрэ респуб­-ликэм и лъэпкъ-щэнхабзэ центрхэм я лIы­кIуэ­хэмрэ я зэIущIэ. Абы кърихьэлIащ къэрал властым и органхэм, лъэпкъ-щэнхабзэ центрхэм я лIыкIуэхэр. Апхуэдэ зэIущIэхэр хабзэ ­хъуауэ пIалъэ-пIалъэкIэрэ йокIуэкI икIи ахэр сэбэп мэхъу къытхыхьэжахэр Къэбэрдей-­Балъкъэрым, Адыгейм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэхэм, тхыдэм щыгъэгъуэзэнымкIэ, ­ап­хуэ­дэуи къэкIуэжахэр ди псэукIэм нэхъ псынщIэу хэзэгъэжынымкIэ.
Хэкум къэзыгъэзэжахэр нэхъ тыншу къытхэпщIэжыным хуэунэтIащ адыгэбзэр, урысыбзэр зрагъэщIэным хуэгъэпса курсхэр, Урысейм, Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ республикэхэм я тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ ятеухуа семинар-  хэр, къимыдэкIэ, къытхыхьэжахэр КъБР-м, Адыгейм Iэтауэ щекIуэкI сыт хуэдэ Iуэхуми ­къы­хэшэным, концертхэм, театрхэм шэным, музейхэм зыщегъэплъыхьыным мыхьэнэшхуэ идот.
Хабзэ дахэ хъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым Хэкум къэ­зыгъэзэжам и махуэр илъэс къэс щыгъэ­лъэпIэныр. ШыщхьэуIум и 1-м йокIуэкI зэIущIэ гъэщIэгъуэнхэр, концертхэр, адыгэ джэгухэр. Мы гъэми Налшык къыщызэрагъэпэщащ ­хэкум къэкIуэжахэм ящыщу цIыхуи 150-м ­щIигъу къызрихьэлIа апхуэдэ махуэшхуэ. Ахэр ­ирагъэплъащ Сирием къикIыжа ди лъэпкъэ­гъухэм я псэукIэр зэрызэтраухуэжам теухуа фильм, ди артистхэм я мызакъуэу, хэкум къэзыгъэжахэм ящыщхэри зыхэта концерт ­дахэ. А зэхуэсым кърагъэблэгъа псоми ар ­икъукIэ ягу ирихьащ, дэрэжэгъуэ къаритащ.
Урысей Федерацэм и цIыхуу зэрыщытым щыхьэт техъуэ тхылъыр Сирием щыщ шэрджэсхэм нэхъ тыншу къыдахыфу щытыным икъукIэ мыхьэнэшхуэ щиIэщ ди лъэпкъэгъу­-хэр адэжь хэкум къэшэжыным теухуа Iуэхум. ДАХ-м абы теухуа тхыгъэхэр, зэрызыхуа­гъазэхэр мызэ-мытIэу къищтащ икIи яхуигъэ­хьащ УФ-м и Президент Путин Владимир, Къэрал Думэм, ФедерацэмкIэ Советым, Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм хыхьэ республикэ­-хэм я Iэтащхьэхэм.
Ди лъэпкъэгъухэр урысей псэукIэм хэзэгъэжын щхьэкIэ бзиплIкIэ (урысыбзэкIэ, адыгэбзэкIэ, тыркубзэкIэ, инджылызыбзэкIэ) къыдэдгъэкIащ «Хэкум къэзыгъэзэжыр зы­щыгъуазэу щытын хуейр» фIэщыгъэр зиIэ тхылъ цIыкIур.
Сирием, Тыркум, Иорданием къикIыжа ди хэкуэгъухэр жыджэру хэтщ Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъ махуэм едгъэ­кIуэкI дауэдапщэхэм; абыхэм папщIэ къызэрагъэпэщ республикэхэм я щIыналъэхэм, къалэхэм зыщыщрагъэплъыхь программэхэр.
Гулъытэ хэха егъуэт ди хэкуэгъухэм я щIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ яхуэгъэза программэхэр зэхэлъхьэнми. КъБР-м и зыгъэпсэхупIэ щIыпIэхэм илъэс епщIанэ хъуауэ къыдогъэб­лагъэ Иорданием, Тыркум, Израилым, Осетие Ищхъэрэ - Алание Республикэм, Ставрополь крайм щыщ ди хэкуэгъухэм я сабийхэр, Си­рием щыщ адыгэ сабийхэр - псори зэхэту цIы­хуищэм нэблагъэ. Лагерхэм щрагъэкIуэкI ди хэкуэгъухэм я сабийхэр КъБР-м щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэм, къадекIуэкI хабзэ-   хэм щыгъэгъуэзэным хуэунэтIа Iуэхухэр, езыхэм я ныбжьым ит цIыкIухэр зрагъэцIыху, анэдэлъхубзэр зрагъэщIэнымкIэ ядоIэпыкъу, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ Урысей Федерацэмрэ фIыкIэ ягу къызэринэжыным хуэгъэпса Iуэхухэр къызэрагъэпэщ.
Сирием щыщ сабий куэдым я анэдэлъхуб-зэр ящIэ, урысыбзэри фIыуэ ягъэшэрыуэф.
Къыхэгъэщыпхъэщ Къэбэрдей-Балъкъэрми, Адыгейми, Къэрэшей-Шэрджэсми щыщ сабийхэми Израилымрэ Тыркумрэ я гъэмахуэ лагерхэм зэрызыщедгъэгъэпсэхуар. Абыхэми а къэралхэм я щIыпIэ нэхъ дахэхэм зыщ­рагъэплъыхьащ, адыгэ лъэпкъ къэфэкIэ ­гъуазджэм и лъабжьэм яхутепсэлъыхьащ, хамэ къэрал щыпсэу шэрджэсхэм я щэнхабзэм, хабзэхэм, я псэукIэм щыгъуазэ ящIащ.
ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупыр, Тыркум, Си­рием, Иорданием щыпсэу адыгэхэм ящIыгъуу, яужь итщ ди лъэпкъэгъу щIалэгъуалэм ­КъБКъУ-мрэ КъБР-м и нэгъуэщI еджапIэхэм-рэ щIэныгъэ щызрагъэгъуэтыным. Егъэ­джэ­ным пыщIа визэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым я щIэныгъэм щыха­гъахъуэ студенти 150-м нэблагъэм, Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш университетым ­студенти 10 щоджэ. Республикэм и колледж-хэм щIэсщ ныбжьыщIэ 20-м щIигъу. Студентхэм стипендиехэр ират, пщIэншэу общежит-хэм щIагъэс. КъБКъУ-м щеджэ ди хэкуэгъу-хэм папщIэ илъэс къэс къызэрагъэпэщ тхыдэ, щэнхабзэ щIэинхэм пщIэ хуащIу егъэсэным хуэгъэпса Iуэхухэр. Илъэс кIуам ДАХ-м зэ­хишащ ди хэкуэгъухэм ящыщу еджапIэхэр къэзыухахэр щагъэлъэпIа гуфIэгъуэ пшыхь.
Адыгэбзэр джыным, ар хъумэным, дэнэ щыIэ ди лъэпкъэгъуми къыхуэгъэсэбэпын ­литературэбзэ зэхэлъхьэным пыщIа гугъуехь­хэм Хэкужьым щыпсэухэри хамэ къэрал ис шэрджэсхэри зэхуэдэу егъэпIейтей.
ДАХ-м Урысей Федерацэми, Къэбэрдей-­Балъкъэрми, Адыгейми, Къэрэшей-Шэрджэс­ми я унафэщIхэм лъэIукIэ захуигъэзащ ­ады­гэбзэр хъумэным, абы зегъэужьыным, ди лъэпкъыр адрейхэм яхэмышыпсыхьыжыным хуэунэтIа лэжьыпхъэхэр зэфIагъэкIыну. Мы гъэм шыщхьэуIум и 17-м Налшык щызэхэтащ адыгэбзэр хъумэнымрэ абы зегъэужьынымкIэ щыIэ Iэмалхэм, абы пыщIа гугъуехьхэр къызэнэкIа зэрыхъуну щIыкIэм щытепсэлъы-хьа дунейпсо конференц. ЗэIущIэм хэтащ ­Урысеймрэ хамэ къэралхэмрэ щыщ шэрджэсу 250-рэ хуэдиз. ЩIэныгъэлIрэ IэщIагъэлIу 30-м щIигъу къыщыпсэлъащ а зэхуэсышхуэм, анэдэлъхубзэр хъумэнымрэ абы зегъэу­жьы­нымрэ теухуа я Iуэху еплъыкIэхэр къагъэлъа­гъуэу, щыIэ хэкIыпIэхэр утыку кърахьэу. Литературэбзэхэм я пэжырытхэр зэтехуэ щIыным пыщIа Iуэху зыбжанэм унафэ тращIыхьын ­щахузэфIэкIащ абы. Лъэныкъуэхэр арэзы ­техъуащ адыгэ псори къызэреджэфын бзэ диIэн икIи ар зэхэлъхьэным лъабжьэ къыхузэгъэпэщын зэрыхуейм. А жэрдэмыр иджы япэу жаIауэ аращ щIэныгъэ интеллигенцэм        и лIыкIуэхэм. А Iуэхур дэгъэкIыныр зи нэIэ щIэтыну лэжьакIуэ гуп къызэгъэпэщыным ­теухуа унафи къащтащ. Абы къыдэкIуэу теп­сэлъыхьащ адыгэбзэр еджапIэхэм щегъэ­джыным пыщIа гугъуехьхэми.
ДАХ-м и нэIэ тету къызэрагъэпэщ икIи ­йокIуэкI фестивалхэр, зэпеуэхэр. Апхуэдэу егъэджакIуэхэми сабийхэми икъукIэ яфIэгъэщIэгъуэну хэтщ «Си бзэ – си псэ, си дуней» зэпеуэм, къытщIэхъуэ щIэблэм и анэдэлъхубзэр, къызыхэкIа лъэпкъым и щэнхабзэр, и тхыдэр куууэ егъэджыным хуэгъэпсам. Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я зэфIэкIыр къэгъэнэIуэным хуэунэтIа «Шэрджэс дуней» республикэ зэпеуэ-фестивалым илъэс куэд хъуа-уэ хуэфащэ увыпIэ щиIыгъщ республикэм щекIуэкI щэнхабзэ Iуэхухэм.
Хасэм и Уставым зэрыщыубзыхуам тету, ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупымрэ Хасащхьэмрэ     я зэIущIэхэр йокIуэкI. Хасэм и зэхыхьэхэр шэрджэсхэр нэхъыбэу щыпсэу къэралхэми щы­зэхэтшащ. Абыхэм кърикIуахэм къызэ­ра­гъэ­лъэгъуащи, апхуэдэ зекIуэхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ икIи икъукIэ сэбэпынагъышхуэ къашэ.
ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым и апхуэдэ зэ-хуэс щекIуэкIащ Краснодар крайм щыщ Ла­заревскэ къуажэм. Абы и лэжьыгъэм хэтащ Сочэ къалэм и Iэтащхьэ Пахомов Анатолий. Я жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лэжьыгъэр зэ­рызэтегъэпсыхьам теухуауэ абы къыщыпсэ­лъащ тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм Iус шапсыгъхэм, Краснодар, Армавир къалэхэм щыIэ Адыгэ Хасэхэм я унафэщIхэр. Абыхэм я лэ­жьыгъэм кърикIуахэр зэхэтлъхьэжащ, 2018 гъэм зэрылэжьэну щIыкIэр дубзыхуащ, ДАХ-м и зи чэзу Конгрессым зэрызыхуэдгъэхьэзырыну щIыкIэм и гугъу щытщIащ, Сирием щыпсэу шэрджэсхэм я Iуэху зыIутым, ахэр зыхэт гугъуехьхэм, хэкужьым къэкIуэжа ди лъэпкъэгъу-хэм защIэгъэкъуэным теухуауэ утыку кърахьа Iуэхухэм зэпкърыхауэ дыщытепсэлъыхьащ. ­Гулъытэ нэхъыбэ зыгъуэтахэм ящыщщ анэ­дэлъхубзэр хъумэнымрэ абы зегъэужьыным-рэ, щIыпIэм, крайм я унафэщIхэм дадэлэ­жьэнымкIэ щыIэ Iэмалхэр. УзыщыгуфIыкIын Iуэхуу къыхэзгъэщынут тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм Iус шапсыгъхэм защIэгъэкъуэным хуэгъэпса программэ хэха крайм илъэс куэд ­хъуауэ зэрыщыIэр. Ар хъарзынэу мэлажьэ, шапсыгъ унагъуэхэм щыщ сабийхэм я анэ­дэлъхубзэр ирагъэдж, къуажэхэм дэт егъэ­джэныгъэ, щэнхабзэ IуэхущIапIэхэм я мылъку-техникэ лъабжьэм зеужь, щэнхабзэ, цIыху куэд зыхэт спорт дауэдапщэхэр къызэрагъэпэщ. ЩIым унафэ тещIыхьыным теухуа лэжьыгъэри хъарзынэу йокIуэкI, щIыдэлъху лъэпкъыр нэхъыбэу щып­сэу Сочэ, ТIуапсэ щIыналъэхэм я инфраструктурэми псынщIэу зегъэужьынми зэдогугъу. ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупыр Лазаревскэ щIыналъэм зэрыщыIэнум теухуа программэм хэтт шапсыгъ къуажэхэм зыщытплъыхьынри, абы щыпсэухэм даIущIэнри. ЗэIущIэр иуха нэужь, абы щызэфIэгъэкIа хъуахэр зэхэтлъхьэжащ, дяпэкIэ дызэрызэдэлэжьэну щIыкIэхэри дубзыхуащ.
ГъэзэщIакIуэ гупым нэгъуэщI щIыпIэ щригъэкIуэкIа и етIуанэ зэхуэсыр Германием, ­Остердамме щIыпIэм, къыщызэрагъэпэщат. Абы щызэпкърахащ Шэрджэс щэнхабзэ зэгухьэныгъэхэу Европэм щыIэхэм я федерацэм и лэжьэкIэр, Сирием щыпсэу ди лъэпкъэ­гъу­хэм я Iуэху зыIутымрэ УФ-м къэIэпхъуахэм защIэгъэкъуэнымрэ, анэдэлъхубзэр хъу­мэ­нымрэ абы зегъэужьынымрэ хуэгъэпса ко­митетым и лэжьэкIэм, хамэ къэрал щыпсэу ­адыгэ щIалэгъуалэм УФ-м и еджапIэ нэхъыщ­хьэхэм щIэныгъэ щызрагъэгъуэтыным, адыгэ хьэрфылъэр зы щIыным, ДАХ-м и архив къы­зэгъэпэщыным, нэгъуэщI куэдми. ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэр Германием щы­щыIам ирихьэлIэу абы щекIуэкIащ адыгэ щэнхабзэм и дунейпсо фестиваль, Европэм щыпсэу шэрджэсхэм я федерацэм къызэригъэпэщауэ. Абы и мурад нэхъыщхьэр Европэм щызэбгрыдзауэ ис ди лъэпкъэгъухэр зэщIэгъэуIуэнырт, ахэр зэрыгъэцIыхунырт, анэдэлъ­хубзэкIэ зэгъэпсэлъэнырт.
Фестивалым хыхьэу екIуэкIащ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэм я зэпсэлъэныгъэхэр, шэрджэсхэр зы европей зэгухьэныгъэм щызэгъэуIуным тегъэпсыхьа жэрдэмхэр къыщыхалъхьащ. Европэм щыпсэу шэрджэс­хэм я федерацэм къызэщIеубыдэ европей къэралхэм ис адыгэхэр: абыхэм яхэтщ Урысейм, Тыркум, КъуэкIыпIэ Гъунэгъум хыхьэ къэралхэм икIахэр. IэщIагъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, ЕС-м хыхьэ къэралхэм щопсэу адыгэхэм къахэкIа цIыху минищэ хуэдиз. Федерацэм и пащхьэ ит къалэн нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщщ адэжь хэкум егъэджэныгъэ, щэнхабзэ IэнатIэхэмкIэ пыщIауэ щытыныр, я анэдэлъхубзэр яхъумэжыныр.
2018 гъэм и бадзэуэгъуэм и кIэм ДАХ-м и ­Хасащхьэм и зэIущIэр щызэхэтащ Тыркум, ­Анкара километр 15-кIэ пэжыжьэу щыс, Нарт-Къалэ зыфIаща жылэ цIыкIум. А зэхуэсым ­къриубыдэу Хасэм и лIыкIуэхэр щыIащ Тырку Республикэм и къызэгъэпэщакIуэ Кемаль Мустэфа (Ататюрк) и мавзолейм икIи абы и фэеплъым деж удзэ гъэгъахэр щагъэтIы­-лъащ. Абдежым апхуэдэ дауэдапщэхэр щыщ­рагъэкIуэкIыр мыхьэнэшхуэ зиIэ, пщIэ ­хэха зыхуащI Iуэхухэр къыщызэрагъэпэщым дежщ. Мы зэм а хабзэхэм ебэкъуащ, я цIыху бжыгъэкIэ къапщтэмэ, Тыркум ещанэ увыпIэр щызыIыгъ адыгэ лъэпкъым и хьэтыркIэ. Апхуэдэуи хьэщIэ лъапIэхэм я псалъэхэр зратхэ тхылъми дэри ди тхыгъэ иттхащ.
ДАХ-м и Хасащхьэм хэтхэм ягъэлъэпIащ Хьэткъуэ (Ары) Аслъэн - Тыркум щыпсэу ­шэрджэсхэм я зэгухьэныгъэхэм я нэхъ ин дыдэм - КАФФЕД-м и къызэгъэпэщакIуэхэм ящыщ зыр. Тхьэмадэм фIыщIэ хуащIри, ­         ДАХ-м и ЩIыхь тхылъымрэ и дамыгъэ нэхъ ­лъапIэ дыдэмрэ иратащ.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и лэжьыгъэм мы­хьэнэшхуэ щызиIэ унэтIыныгъэхэм ящыщщ шэрджэс лъэпкъым и щэнхабзэ, псэкупсэ ­къулеигъэхэр къэгъэщIэрэщIэжынымрэ зе­гъэу­жьынымкIи щIэгъэкъуэн хъуныр. Илъэс къэс фокIадэм и 20-м йокIуэкI Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэм теухуа дауэдапщэхэр. Абы ирихьэлIэу къызэрагъэпэщ гуфIэгъуэ пшыхь-хэр, концертхэр, Налшык ипподромым щрагъэкIуэкI шыгъажэхэр, КъБР-м и Лъэпкъ музейм къыщызэIуах гъэлъэгъуэныгъэхэр. А гуфIэгъуэхэм хэтщ, ди щIыналъэм и мызакъуэу, хамэ къэралхэми Урысейм и нэгъуэщI щIы­пIэхэми къикIа уэрэджыIакIуэхэр, къэфакIуэ гупхэр.
Иужьрей илъэсихым шэрджэс щэнхабзэм       и фестивалхэр щокIуэкI Тыркумрэ Израилымрэ, Мэздэгу, Ставрополь къалэхэм. Абы­хэм хэтащ КъБР-м, Адыгейм, КъШР-м щыщ уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ гуп цIэ­ры­Iуэхэр. А зэхыхьэ дахэхэм я мурад нэхъыщхьэр - ди щIалэгъуалэр адыгэхэм я хабзэ щыпкъэхэм щIэпIыкIынырщ, Тыркум хыхьэ Мараш, Къайсэр щIыналъэхэм, Израилым и Кфар-Камэ, Рихьэние къуажэхэм, Мэздэгу щыIэ Азэней, Аваловэ жылэхэм, Ставрополь къалэм щып-сэу ди хэкуэгъухэр я адэжьхэм я щIыналъэм щызэрахьэ хабзэхэм, я зэхэтыкIэхэм я щапхъэхэм щыгъэгъуэзэнырщ, щэнхабзэмрэ ­гъуазджэмрэ щыдиIэ ди зэфIэкIхэр ядгъэлъагъунырщ.
Мамырыгъэр, лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ гъэбы­дэ­ным, социальнэ, лъэпкъ, нэгъуэщI зэныкъуэкъухэр къэмыгъэхъуным хуэунэтIауэ ДАХ-м зэфIигъэкI лэжьыгъэми мыхьэнэшхуэ иIэу къыдолъытэ.
Урысейм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIы­налъэм щыIэм и хэщIапIэу Псыхуабэ къалэм дэтым 2018 гъэм и мэлыжьыхьым щекIуэкIащ ДАХ-м и лIыкIуэхэри зыхэта зэхуэс. Абы щытепсэлъыхьащ КИФЩI-м хыхьэ щIыналъэхэм мамырыгъэмрэ лъэпкъхэм яку дэлъ зэгурыIуэныгъэмрэ щыгъэбыдэным, лъэпкъ, дин зэныкъуэкъухэр къэмыгъэхъуным, ДАХ-м и мурадхэмрэ къыпэщыт къалэнхэмрэ, Хасэм къыхилъхьэу пхагъэкIа, ягъэзэщIа проектхэм. ЗэIущIэм хэтахэр къытеувыIащ зэгухьэныгъэм и лэжьыгъэм зыщыIууэ гугъуехьхэм, ахэр зэфIэха зэрыхъуну, адэкIи зэрызэдэлэжьэну щIыкIэхэми тепсэлъыхьахэщ.
Дызриплъэж лъэхъэнэм зэгъэхъулIа хъуа-хэм ящыщщ «Лъэпкъхэр, динхэр зэгурыIуэу ­зэдекIуэкIынымкIэ граждан жылагъуэ институтхэм ягъэзащIэ къалэнхэр», «Урысей къэралыгъуэр зэфIэувэным шэрджэсхэм хуащIа хэлъхьэныгъэр», «Лъэпкъхэм яку къыдэхъуэ зэныкъуэкъухэр къызэнэкIынымкIэ къэралымрэ жылагъуэмрэ яIэ мыхьэнэр» щIэны­-гъэ-практикэ конференцхэр къызэрагъэпэ-  щу зэрырагъэкIуэкIар. Абыхэм хэтащ тхыдэм, социологием, политологием, къэрал зэхущытыкIэхэм, демографием, психологием, философием, экономикэм пщIэ щызиIэ щIэныгъэлIхэр, IэщIагъэлIхэр, аспирантхэр, сту­дентхэр, къэрал къулыкъущIапIэхэм, лъэпкъ-щэнхабзэ центрхэм, Кавказ Ищхъэрэм и дин IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр, апхуэдэуи Тыр­-кум, Сирием, Иорданием, Европэм щыпсэу    ди лъэпкъэгъухэм ящыщхэр.
ДАХ-м и Хасащхьэм и лIыкIуэхэр хэтащ ­Урысей къэралыгъуэр зэфIэувэным хэлъхьэ­ныгъэшхуэ хуэзыщIа Черкасскэ пщы лъэп­къым и фэеплъ пхъэбгъу Москва къалэм и ­Новоспасскэ къулъшырыфым къыщыщызэ­Iуахым ирагъэблэгъа гупым.
Дунейпсо Адыгэ Хасэр мызэ-мытIэу утыку ихьащ зэрызыхуагъазэ зэмылIэужьыгъуэхэр     и щхьэусыгъуэу. Ахэр ятеухуауэ щытащ Си­рием щыIэ щытыкIэм, шэрджэс лъэпкъыр ­хэкум къэшэжыным, анэдэлъхубзэр зыIууэ ­гугъуехьхэм, апхуэдэуи ди лъэпкъым и псэу­кIэм ехьэлIа нэгъуэщI Iуэхугъуэхэм.
Къэралым, щIыналъэм я хъыбарегъащIэ ­IэнатIэхэм хэIущIыIу ящI хамэ къэрал щып­сэухэми, Хэкужьым къэзыгъэзэжа ди лъэп­къэгъухэми дазэрыдэлажьэ щIыкIэр. «Адыгэ псалъэ», «Адыгэ макъ», «Черкес хэку», «Кабардино-Балкарская правда» газетхэм яIэщ «Хэхэс дуней», «Щикъухьащ адыгэр дунеи­жьым», «Дунейпсо Адыгэ Хасэ», «Ди зэп­ы­щIэныгъэхэр», «Ди хэкуэгъухэр» рубрикэхэр, «Россия 1» ВГТРК-м, «1 КъБР»-м, «НОТР» телеканалхэм къагъэлъагъуэ «Хэхэс адыгэхэр», «Ди хабзэ дахэхэр къыдогъэщIэрэщIэж», «Зэманым и лъэужьхэр», «Пшыналъэ», «Анэ­дэлъ­хубзэ», «БлэкIамрэ къэкIуэнумрэ зэпызыщIэ», «Ди псэлъэгъухэр» нэтынхэр. Апхуэдэ дыдэщ КъБР-м, КъШР-м, Адыгейм я радиохэри. Абыхэм къат хамэ къэралхэм щыхэхэс ди лъэпкъэгъухэм я щыIэкIэ-псэукIэр, апхуэдэуи адэжь щIыналъэм къэ­Iэпхъуэжахэр къызэ­рытхэзэгъэж щIыкIэр.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Интернет-сайтым сыт щыгъуи идолъхьэ ДАХ-м и лэжьыгъэр ­къы­зыхэщ хъыбарыщIэхэр, хабзэм теухуа дэфтэрхэр, КъБР-м, Адыгейм, КъШР-м щIэуэ къыщыхъуахэм, едгъэкIуэкI Iуэхугъуэхэм ятеу­хуа тхыгъэхэр.
А псом къадэкIуэу, къэлъытапхъэщ ДАХ-м      и ГъэзэщIакIуэ гупымрэ Хасащхьэмрэ я лэ­жьыгъэр нэхъри зэредгъэфIэкIуапхъэр. АдэкIэ дэ дыхущIэкъун хуейщ, щыпсэу щIыпIэхэм емылъытауэ, адыгэ псори зы дыхъужыным тхуэфэщэн хэлъхьэныгъэ хуэтщIыным.
ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым, Хасащхьэм ­хэтхэр, абы жыджэру къыдэлажьэхэр нэхъ щIэх-щIэхыурэ яIущIапхъэщ хамэ къэрал щыпсэу ди хэкуэгъухэм. ЛэжьыгъэкIэ, ныбжьэгъугъэкIэ нэхъри быдэу зызэпытщIэн хуейщ.
Методикэ щхьэхуэ зэхэлъхьэн хуейщ, сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ адыгэбзэр зрагъэ­щIэным дезыгъэхьэхын, щэнхабзэр хъу­мэ­-ным-рэ абы зегъэужьынымрэ хуэлэжьэну Iэ­мэп­сымэуи увыфын, лъэпкъ зэхущытыкIэхэри ­иригъэфIэкIуэфын хуэдэу.
IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм мызэ-мы­тIэу захуэдгъэза пэтми, къэзыгъэзэжхэр пIалъэкIэ щыпсэуну, е илъэс бжыгъэкIэ щыIэну хуит зыщI дэфтэр, е Урысей Федерацэм и цIыхуу зэрыщытым щыхьэт техъуэ тхылъхэр къыдэхыным пыщIа Iуэхухэр кIыхьлIыхь мэхъу.
Дэ дыщыпсэу щIыпIэхэм емылъытауэ дызыхуейр зэтохуэ: ДАХ-р адэкIи яужь итын ­хуейщ дуней псом шэрджэсу щыпсэур зэкъуэгъэувэжыным, ди щэнхабзэ щIэинхэр къэгъэщIэрэщIэжынымрэ хъумэнымрэ, ди хабзэхэр, бзэр хъумэжыным, дунейпсо зэгухьэныгъэм хэтхэм я сэбэп зыхэлъхэр хъумэнымрэ абыхэм къащхьэщыжынымрэ, адыгэхэр адэжь щIыналъэм къэIэпхъуэжыным хэлIыфIы­хьы­ным. Шэч къытесхьэркъым: ДАХ-м зыщиу­жьыну Iэмал щиIэр УФ-м и закъуэщ икIи Урысейм и ныкъуэкъуэгъухэм ди къэралым къы­хуаIэ я гужьгъэжьхэр пхагъэкIын мурадкIэ ­зыкърагъэгъэсэбэпынукъым Кавказым щып­сэухэм.
А Iуэхухэм телэжьэн хуейщ Дунейпсо Адыгэ Хасэм хыхьэ Адыгэ Хасэ псори.
Си къэпсэлъэныгъэм и кIэухыу мыр къыхэзгъэщыну сыхуейт. Дэ дрогушхуэ ди лъэпкъым къыхэкIауэ нэгъуэщI щIыналъэхэм исхэм я къэралхэм, я правительствэхэм, IэщэкIэ зэ­щIэ­узэда я къарухэм, полицэм, нэгъуэщI IэнатIэхэми къулыкъу лъагэхэр зэрыщаIыгъым. Абыхэм яхэтщ дуней псом щыцIэрыIуэ щэнхабзэм и лэжьакIуэхэр, тхакIуэхэр, щIэныгъэлIхэр, Нобель и саугъэтыр зыхуагъэфэщахэр, Олимп чемпионхэр. Абыхэм щIэныгъэфI ябгъэдэлъщ я адэжьхэм я щIыналъэм теухуауэ икIи дуней псом щагъэлъагъуэ адыгэхэм я лъапIэныгъэ нэхъыщхьэхэр - хабзэр, щыпкъагъэр, лъэпкъыр дыкъызэрацIыху пщалъэхэр. А псом къикIыращи, хамэ къэрал щыпсэу шэрджэсхэр щытщ лъэпкъыр зэзыгъэуIужыфынкIэ узыщыгугъ ­хъуну, дызэзыпхыж лъэмыжу, Урысей Феде­-рацэм дунейм щиIэ Iулыджыр нэхъри зыгъэбыдэфыну къарууэ. Дэ дяпэкIи дытелэжьэнущ хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм яхудиIэ пыщIэныгъэр нэхъри гъэбыдэным. Ахэр ди къэралми, Адыгейми, КъБР-ми, КъШР-ми щыпсэу лъэпкъхэм я сэбэп зы­хэлъхэм хуэлэжьэным, мамырыгъэм и лIыкIуэ тхуэхъуным дыщыгугъынущ.
ПщIэ зыхуэсщI ныбжьэгъухэ! Мыбдеж нобэ къыщызэхуэсахэм, ДАХ-м и лэжьыгъэм мы илъэсищым хэта псоми фIыщIэ фхуэсщIу зыфхуэзгъэзэну сыхуейщ шыIэныгъэ фхэлъу, хасэм и пщэ дэлъ, кърихьэжьэ Iуэхухэр дэгъэкIынымкIэ сэбэп фыхъуу фыкъызэры­ткъуэтам папщIэ.
ФыкъызэрызэдэIуам папщIи фIыщIэ фхузощI.

 

 

Налшык къалэ, 2018 гъэм фокIадэм и 19-м.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)