ЩIыхуэ къэзыщтахэм щапшыныжыну пIалъэр хуагъэIэпхъуэ

Урысейм и ХъумапIэ банкым щIыхуэ къэ­зыщтахэм ар щапшыны­жыну пIалъэр яхуигъэ­Iэпхъуэнущ коронавирус уз зэрыцIалэм и зэран зэкIахэм.
COVID-19 коронавиру­сым игъэсымаджахэу потребительскэ, ипотекэ кре­дит Урысейм и ХъумапIэ банкым къыщызыщтауэ щытахэм ар щапшы­ныжыну пIалъэр мазихым щы­щIэдзауэ илъэсым нэсыхукIэ хуагъэIэпхъуэнущ. Абы щыгъуэми ахъ­шэр и чэзум зэрыхамылъ­хьэфам къыпэкIуэ къуэ­дыхэр тралъхьэнукъым. Апхуэдэ Iуэхутхьэбзэ хуа­щIэнущ коронавирусыр къеуалIэу ягъэхъужахэм, нэгъуэщI къэрал къикIыжауэ карантиным щыIахэм, COVID-19-р и щхьэу­сыгъуэу ахъшэ къыпэ­мыкIуэу курортхэм ща­гъэIахэм­рэ лэжьапIэр зы­фIэ­кIуэдахэмрэ.
ЩIыхуэр щатыжынур хуа­гъэIэпхъэун папщIэ Уры­сейм и ХъумапIэ банкым и клиентхэм къа­гъэ­лъэ­гъуэн хуейщ ар щапшы­ныжынум и пIалъэм щIы­фIагъэкIам и щхьэусы­гъуэм щыхьэт техъуэ ­дэф­тэрхэр: больничнэ лис­тымрэ (электрон теплъэкIи хъунущ) COVID-19-м и диагнозыр зэры­хуа­гъэувар къэзы­гъэлъагъуэ документыр, коронавирусым и зэранкIэ IэнатIэм зэрыIуагъэкIар е лэжьыгъэмрэ улахуэмрэ зэрызахъуэжар зэрытха трудовой книжкэр е абы щыхьэт техъуэ официальнэу щыт нэгъуэщI тхылъымпIэр.
АдэкIэ, кредит каникул хуа­гъэувыну зэрыщIэ- ­­лъэ­Iу­ анкетэр банкым и сайтым и «Кредиты - Реструктуризация» Iыхьэм иралъхьэн хуейщ, и сурэтымкIэ е и паспортым теха сурэтымкIэ (е хэтми къэзыгъэлъагъуэ нэ­гъуэщI документкIэ) щIигъэбыдэжу. Банкым къищта унафэм апхуэдэхэр щигъэгъуэзэжынущ.
«Дэ къыдгуроIуэ ди щIыхуэ зытелъхэр иджыпсту зыIуувэну гугъуехьхэр зыхуэдизыр. Шэч хэлъкъым абыхэм ящыщ куэ­дыр кредитымкIэ я къалэнхэм зэры­пэмы­лъэ­щыфынуми. Абы къыхэ­кIыу дэ зэхэтлъхьащ кредит каникулхэр тыншу икIи псынщIэу илъэс ныкъуэкIэ щызыIэрагъэ­хьэфыну Iэмалхэр. Дэ тлъэкI къэдгъэнэнукъым ди клиентхэм мы зэман хьэлъэм защIэдгъэкъуэн папщIэ. Ар нэхъ псынщIэу зэфIэкIынущ, коронавирусым и зэран къазэре­кIам щыхьэт техъуэ документхэр и чэзум къы­дахьэлIэмэ, армырауэ ­лъэ­Iу­хэр гъэзэщIа хъу­фы­нукъым», - жеIэ Урысейм и ХъумапIэ банкым и вице-президент Дегтярёв Максим.

Хьэтау Ислъам.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.